Театр для детей
Театрализованная деятельность среди детей старшего дошкольного возраста "Бажэм и хьэщ1эхэр"
Скачать:
| Вложение | Размер |
|---|---|
| 23.35 КБ |
Предварительный просмотр:
ДУО МКОУ «СОШ» с.п. Шордаково
Театрализованная деятельность
«ЛИСИЧКИНЫ ПОТЕШКИ»
среди детей дошкольного возраста
Воспитатели : Зухова Н.Т.
Татарканова Л.М.
Музыкальный руководитель:
Долова Р.М.
Хэтхэр:
Къуанщ1э
Аслъэн
Дыгъужь
Мыщэ
Бажэ нанэ
Бажэ шырхэр
Къуанщ1э: Хьэблэ махуэ хъун, фыкъэда1уэ. Фыкъэда1уэ ,хьэблэ махуэ хъун. Бажэ нанэ и пхъурылъху ц1ык1ухэр и хьэщ1эщ. Губзыгъагъэу , 1ущагъыу, намысу анэш нанэ ахэр зыхуигъэсар фигъэлъэгъуну аращ. Бажэм нобэ фыхуеблэгъэну къывэлъэ1ужащ.
Хьэк1экхъуэк1эхэ: Уэлэхьи , дынэк1уэнмэ, зыхущ1эдгъэхьэнмэ.
Бажэ нанэ : Ат1э, си шыр ц1ык1ухэ фэ фызэфэну псыр къэжэн щ1идзэ къудейуэ аращ, нышэдибэ вжес1ахэр зыщывмыгъэгъупщэ. Ахэм щыщу сыт фэ зыхэфлъхьахэр?
Бажэ шыр 1 : Сэ къызгур1уащ ,нанэ, псом нэхърэ нэхъ къарур зэрыакъылыр.
Бажэ шыр 2: Пэжщ, зи 1уэ ит нэхърэ, зи щхьэ ит.
Бажэ шыр 3 : Сэ къызгуры1уащ , нанэ , зэзэмызэ мыхъуу , сыт щыгъуи акъыл къызэрыгъэсэбэпын хуейр. Аращ щ1ыжа1эр «Акъылрэ щ1эныгъэрэ уасэншэщи, гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ гъунэншэщ.
Бажэ шыр 1: Ныт1э, нанэ, сэ къызэрызгур1уамк1э, бажэхэр псом нэхърэ нэхъ губзыгъэщ. Ахэр зэи щыуэркъым , зыми къагъэпц1эфыркъым , ара нанэ?
Бажэ нанэ: Хьэуэ, си шыр ц1ык1ухэ: 1эджэри дыщыуащ. Куэдри дыкъагъэпц1ащ. Фэ зыми жевмы1эж сэ хъыбар зи1э псалъэжьит1 бажэхэм ятеухуауэ вжес1энщ.
Мыр къызыщыщ1ар си адэшхуэращ. «Бррржьей щхьэ жызмы1арэт».
Ещак1уэурэ бажэжь ц1ык1ум зы ныбгъуэ къиубыдат.
- Сошхри сошх, ауэ сыщыпшх махуэр къызже1э,- жи1эри ныбгъуэ ц1ык1ур бажэм елъэ1уащ.
- Бэрэжьей! – щыжи1эм «Тррр» жи1эу ныбгъуэр лъатэжащ.
- «Бррржьей «щхьэ жызмы1арэт !- жи1эри Бажэм и дзэр зэтрикъузащ.
Бажэ шырхэм : А ныбгъуэм и ц1ык1уагъымрэ и бзаджагъымрэ еплъыт. Ит1ани дэ дыбзаджэу жа1эр.
Бажэ нанэ: Мыдрейр жызы1эжар си анэращ. «Ди фэхэр бэзэрым щызэхуэзэжынщ».
Бажэ анэжьым и шыр ц1ык1ухэр и гъусэу щак1уэхэм яхуурэ гъуэгущхьиблыр щызэхэк1ым щынэсым:
- Щхьэж и занщ1эк1э фызэбгырыж !- къыджи1ащ ди анэм.
- Дэнэ дыщызэхуэзэжын, ди анэ ? – жыт1эу дыщеупщ1ым.
- Ди фэр бэзэрым щызэхуэзэжынщ,- къыджи1эри дигу ф1ы ищ1ыжащ.
Бажэ шырхэр : сыту хъыбар дахащэ къыджеп1ыжа ,нанэ
Къуанщ1э (хьэщ1эхэр къоблагъэр). Хъуромэ макъ къо1у
Уо хъуромэ,хъуромэ
Уо-уо
Уэ хъуромэ токъу
Уо – уо
Токъмакъ зи 1эщэ
Уо – уо
Зи 1эщэрилэ
Уо – уо
Елэн къэгъэши
Уо – уо
Хъан и губгъуэ дивгъыхьэ
Уо – уо
Девгъэджэгуажьэ
Уо – уо
Бажэ нанэ Хьэщ1эхэр къэсащ, фык1уи ахэр къевгъэблагъэ.
Бажэ шырхэр : Фыкъеблагъэ, ди хьэщ1эт лъап1эхэ,фыкъэт1ыс
(Хьэщ1эхэр мэт1ыс)
Мыщэ :Бажэу си шыпхъужь
Гъатхэ къэхъурэ
Уафэр щхъуант1э
Джэдхэр къакъэу
Къуртхэр гъуалъхьэу
Кърашхэм фахэмыну
И бын,и быныжк1э тхьэм куэдрэ фигъэпсоу.
Бажэ нанэ :Жьыщхьэмахуэ ухъу, мыщэ
Мыщэ: Дэ укъыщ1ыдэджари къыдгур1уащ,уи шыр ц1ык1ухэми тыгъэ къахуэтхьащ.Мы си бэлтокум к1уэц1ыз псынщ1эрыпсалъэ къыфхуэсхьащи зэвгъащ1э,абыхэм ящыщ вжес1энущи,жыф1эжыфыну п1эрэ?
Бажэ шырхэр:Ныт1э,Мыщэ,къыдже1эт.
Мыщэ: Пыжь пызу пыту иту жыг.
Мыщэ: Иджыри зы вжес1ыжынщ,жыф1эжыт.
Щак1уэ щ1акъуэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1ахъуэ ныкъуэ щ1элъу ехь.
Бажэ нанэ :1ейуэ сэбэп укъытхуэхъуащ ,Мыщэжь,къак1уэ къыдыхьи къэт1ыс, удихьэщ1э лъап1эщ.
Дыгъужь : Сэри чысэ къыфхуэсхьащ. Абы илъхэм щыщ зы къуэжыхьи вжызо1эри,къафщ1э
Бажэ шырхэр: къыдже1эт ,Дыгъужьыжь.
Дыгъужь: Вагъуэм зэпымыууэ пшэ къытрелъафэ трелъэфыж.
Бажэ нанэ :Къыфхуэщ1эну п1эрэ,си шыр ц1ык1ухэ?
Бажэ шыр 1: Сыт вагъуэм ирагъэщхьыр?
Бажэ шыр 2:Ааа,нэ,нэ дахэр вагъуэм ирагъэщхь.
Бажэ шыр 3: Ныт1э ,вагъуэр нэуэ щытмэ, пшэр нап1эщ.
Дыгъужь : Пэж дыдэщ, къэфщ1ащ.
Бажэ шыр 3: Чысэм идмылъхьауэ дэри зы къуажыхь ди1эщи къэфщ1эн?
Дыгъужь : жы1эт т1у. уэлэхьи къэтщ1энмэ.
Бажэ шыр 3: гъудэ щхьэлажьэу , къилэжьыр къызы1ах.
Дыгъужь : 1эу,къысхуэщ1эркъым
Бажэ шыр 1: къыпхуэмыщ1эмэ къуажэ къыдэт ,Тхьэмадэ.
Дыгъужь : Мэзкуу фызот.
Бажэ шыр 2: Мэзкуу ф1ыгъуэу дэлъыр къэзышх. Гъудэ щхьэлажьэу , къилэжьыр къызы1ахыр «Бжьэщ».
Бажэ нанэ : Упсо Дыгъужьыжь, жьыщхьэмахуэ ухъу, узихьэщ1элъап1эщи къыдыхьэ, къэт1ыс.
Аслъэн : Сэ си матэм илъу джэгук1э къыфхуэсхьащи, фыкъыздэджэгуну бажэ шырхэ?
Бажэ шырхэ : Ныт1э- ныт1э, тф1эф1ейщ джэгуныр.
Аслъэн : Ат1э , дызэрыджэгуну джэгук1эм и ц1эр «Пы1э къуэдзэщ». Зэрыджэгури вжес1энщ. Псом япэ къебжэк1к1э къыхыдох джэгуак1уэр. Ак1э хъурейуэ джэгунухэр мэт1ысри, я нэхэр зэтырап1эр. Къебжэк1к1э хаха джэгуак1уэр хъуреягък1э къик1ухьурэ пы1эр зыхуейм к1эщ1елъхьэр, мэкъамэр къэувы1эмэ псори зо1эбэк1ри, пы1эр зык1эщ1элъыр щ1опхъуэри джэгуак1уэр къеубыд. Пы1эр зык1эщ1элъам и т1ысып1э нэщ1 хъуам мэт1ысри, адрейр джэгуак1уэ мэхъу. Ныт1э иджы къебжэк1к1э джэгуак1уэр къыхэдвгъэх.
Инэ , инэ, инэ коп
Коп задэ , задэмыщ1э
Къапщ1ий лъэбыдэ
Бадий, чыщт.
( Джэгук1эм 3 мэджэгу)
Къуанщ1эм: Ныт1э джэгу т1эк1у тщ1ынукъэ?
Бажэ нанэ: Алыхь тщ1ынум, къэфэнухэр фыкъэув
Джэгу
Бажэ нанэ: Сыту ф1ыуэ фыкъысхуэк1уат. Си пхъурылъху ц1ык1ухэр вгъэгуф1ащ, вгъэджэгуащ, губзыгъагъэ куэди къевгъэщ1ащ.
Псоми: Фи махуэ ф1ыдыдэ ухъу.
