• Главная
  • Блог
  • Пользователи
  • Форум
  • Литературное творчество
  • Музыкальное творчество
  • Научно-техническое творчество
  • Художественно-прикладное творчество

Проектнэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ "Нало Заур"

Опубликовано Цагова Аминат Леонидовна вкл 12.04.2023 - 17:21
Автор: 
Тэмазэ Алинэ

Къэхутэныгъэр зытеухуар: Нало Заур и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ.

Мурадхэр:

  1.  Сыт хуэдэ ц1ыхуу щытауэ хъыбархэм къыхэщми Нало Заур къэщ1эн.
  2. Нало Заур и фэеплъу къэнар къэхутэн.
  3. Усак1уэ, тхак1уэ Нало Заур  и творчествэм нэхъ  куууэ нэ1уасэ хуэщ1ын, и  усэхэр ф1ыуэ ягъэлъагъун;
  4. Иужьк1э  къагъэсэбэп хъун лэжьыгъэ гъэхьэзырын.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл proektne_lezhyge_nalo_zaur.docx557.32 КБ

Предварительный просмотр:

Проектнэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ

"Нало Заур тхак1уэщ, усак1уэщ "

Къэрэгъэш курыт еджап1э № 1

Бэшорэ Хьэмид и ц1эр зезыхьэм

и епл1анэ классым щеджэ

Тамазэ Алинэ

Къэхутэныгъэр зытеухуар: Нало Заур и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ. 

Мурадхэр:

  1.  Сыт хуэдэ ц1ыхуу щытауэ хъыбархэм къыхэщми Нало Заур къэщ1эн.
  2. Нало Заур и фэеплъу къэнар къэхутэн.
  3. Усак1уэ, тхак1уэ Нало Заур  и творчествэм нэхъ  куууэ нэ1уасэ хуэщ1ын, и  усэхэр ф1ыуэ ягъэлъагъун;
  4. Иужьк1э  къагъэсэбэп хъун лэжьыгъэ гъэхьэзырын.

Темэр актуальнэу (ди зэманым къезэгъыу) щ1ыщытыр:

 Дэ псомк1и гуры1уэгъуэу щытын хуейщ  бзэ зимы1э лъэпкъым гъащ1э зэримы1энур, зэрык1уэдыжынур.  Лъэныкъуэ псомк1и еджа, гъэса дыхъун папщ1э, ди адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэр япэ идгъэщу, ди гупсысэхэр кърит1уэтэфу щытын хуейщ. Дэтхэнэрей цIыхури и лъэпIкъым и лIыкIуэщ, и напэщ, и акъылщ. Тщ1экъым, дэри къытхэк1ынк1э хъунщ бзэм хуэлэжьа ди щ1эныгъэл1хэм хуэдэ зы.C:\Users\Amina\Desktop\нало заур2.jpg

       Мы темэр къыщ1ыхэсхар:  Дэтхэнэри ц1ык1ухук1э  и бзэм дегъэхьэхын хуейщ. Дэ ди бзэр анэдэлъхубзэщ. Нало Заур ди бзэк1э итхащ хъыбархэр, усэхэр. Иджырей зэманым сабийхэм урысыбзэр нэхъ тыншу къащыхъуауэ адыгэбзэк1э мащ1эущ зэрыпсалъэр, языныкъуэхэри псалъэххэкъым, къагуры1уэми.   Нало Заур и тхыгъэхэм  сэ сыдехьэх. Мы лэжьыгъэмк1э ц1ык1ухэм къагурызгъэ1уэну сыхуейщ адыгэхэм усак1уэ, тхак1уэ куэд дызэри1эр. Абыхэм ящыщ зыщ Нало Заур. Ахэр ф1ыуэ тлъагъун, я тхыгъэхэм деджэн хуейщ.

  1. Нало Заур и гъащ1эмрэ и творческэ лэжьыгъэмрэ.

C:\Users\Amina\Desktop\нало заур.jpg

Нало Заур, Мыхьэмэт и къуэ - адыгэ тхакӀуэ, усакӀуэ, еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакӀуэ. Филологие щӀэныгъэхэм я кандидат, «КъБР-м щӀэныгъэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ», «Абхъаз Республикэм культурэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ» цӀэ лъапӀэхэр зиӀэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэу щытащ.

1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.

1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.

1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.

1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.

1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.

C:\Users\Amina\Desktop\нало заур1.jpgC:\Users\Amina\Desktop\обл-нало-1.jpgC:\Users\Amina\Desktop\5528.jpg

2.Нало Заур и усэ «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ»

Лъэпкъ сабий литературэр зэрызэфIэувар, абы къикIуа гъуэгуанэр, лъэхъэнэ

зэхуэмыдэхэм сабийхэм псэемыблэжу хуэлэжьа тхакIуэ пажэхэр ящыщщ Нало Заур.

Дахагъэр, анэдэлъхубзэм и IэфIыр ныбжьыщIэм зыхегъэщIэным хуэгъэпсауэ иужь илъэсхэм къыдэкIа сабий тхылъхэр ящыщщ Нало З. и тхылъыр «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ».

C:\Users\Amina\Desktop\усэ нало з.jpg

 

 

 

Нало Заур сабий тхакIуэу лъэпкъ литературэм къыхыхьащ, а къалэным япэ иригъэщи щыIакъым. Абы щыхьэт тохъуэ «нанэ и псэ дахэмрэ дадэ и бзэ дахэмкIэ»  Нало-тхакIуэм къигъэщIа художественнэ тхыгъэ телъыджэхэр,

Нало-щIэныгъэл1ым и сабий щэнгъасэ лэжьыгъэхэр.

       Дэ дджащ Нало Заур и усэ «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ»-р 3 классым. Ди школым сабий щеджэхэм упщ1эу ястат:

- Фщ1эжу п1эрэ гук1э Нало Заур и усэ «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» жыхуи1эр?

Сызэупщ1ахэм нэхъыбэм ящ1эжт, т1эк1у къыщыуэми.

3.К1эух псалъэ.

 

Нало Заур и тхылъ щэныкъуэм нэблагъэ (щIэныгъэ лэжьыгъэми, художественнэ тхыгъэ ярытми) къыдэкIащ.   Зыри кIэрымыхуу, лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI фIыгъуэр къэхутэн, зэуIу щIын, дяпэкIи егъэфIэкIуэн – аращ Нало Заур и гъащIэр зытриухуауэ щытар. ИкIи а лэжьыгъэ щхьэпэм псэемыблэжу бгъэдэтащ – удзгъэкI гумызагъэм и гъэфIэн цIыкIухэр сакъыу зэрызэрихьэм ещхьу – елIалIэу, егугъупэу, зыщымысхьыжу.  

        Я блэк1аи я къэк1уэни ц1ыхухэм тхыгъэхэр къагъэсэбэпк1эрэ къагъэлъэгъуэф. Абыхэм щ1ып1эшхуэ щаубыд ц1ыху гъащ1эмрэ  тхыдэмрэ. Тхыгъэхэм я ф1ыгъэк1э ц1ыхухэм яф1эмык1уэду я хабзи, я 1уэхущ1афи, я зэф1эк1и, я щ1эныгъи ди зэманым къэсыфащ.

« ЕкIуу псалъэ нэхъыбэ пщIэхункIэ уи бзэри нэхъ йофIакIуэр».- жи1ауэ щытащ Нало Заур.

Сыхуейт си лэжьыгъэр  къагъэсэбэпк1эрэ ди тхак1уэ усак1уэ Нало Заур ц1ыхум я гум илъыну, и тхыгъэхэр щ1аджык1ыну.


Поделиться:

Анатолий Кузнецов. Как мы с Сашкой закалялись

Ледяная внучка

Вокруг света за 80 дней

Никто меня не любит

Снежная книга