исследование история рода с1864 года по сей день .
Вложение | Размер |
---|---|
Гъущ1ынэ лъэпкъым я тхыдэм си еплъык1эр. | 55.02 КБ |
Слайд 1
Гъущ1ынэ лъэпкъым я тхыдэм си еплъык1эр.Слайд 2
Адыгэ лъэпкъым и хабзэм къемызэгъми , пасэу зи адэр зыф1эк1уэда зып1ын адэ къуэш зимы1э щ1алит1ыр анэ дэк1уэу Кыщбэч яшэ . Зэманыр 1ейт, я бынхэр щамып1ыжыф лъэхъэнэт , абы и щ1ы1ужым емынэ - тэлори ди щ1ып1эм щызек1уэрт. Щ1алэ ц1ык1уит1ым я анэм и ц1эр зыщ1ып1и щыдгъуэтакъым . Архивым ущылъыхъуэми зыри ц1ыхубзым теухуауэ щыбгъуэткъым , сыт щхьэк1э жып1эмэ бзылъхугъэм и ц1эр щхьэ бжыгъэу ф1эк1а ятхыу щытакъым . Зи анэм и гъусэу Абзокъуэхэ къаша щ1алит1ым я унэц1эр ират . Зэман куэдк1э абыхэм а унэц1эр зэрахьащ . Зэкъуэшит1ым я зыр сымаджэрилэт ик1и куэд дэмык1ыу мал1э. Абы и дежым Нану , Гъущ1ынэхэ я къуэпс ц1ык1ур и закъуэу къонэ , зи къуэж дыдэри имыщ1эу, Абзокъуэхэ я щ1эж и гугъэу къохъу , унагъуэу мэт1ысыж , быныф1э мэхъу . Сыт хуэдэ лъэхъэнэми щы1эщ гуузлыуз зимы1э ц1ыхухэр. Щ1эныгъэм дихьэха , зыхэтхэм акъылк1э къахэщ зэкъушхэм къефыгъуми , къахузэгуэпми , хэт ищ1эрэ , кърахъуэн хамэ лъэпкъым зэрап1ыр . Абы и дежым мурад быдэ ящ1, зып1а лъэпкъыр ф1ыуэ ялъагъуми , къызыхэк1а лъэпкъыр , зыщыщыр къагъуэтыну . Ик1и Нурбий зэкъуэшхэм ещанэм я унэц1эр къарегъэщтэж , и къуэпсыр къыщежьар Псыхъурейуэ зэрыщытри зэрагъащ1эж.
Слайд 3
Мы лъэпкъ ц1ык1ум и къежьап1эр Псыхъурейми къуэпсищу зэкъуэжащ . 1.Псыхъурей , 2.Щхьэлыкъуэ, 3.Кыщбэч. Ар псэм ф1э1эф1 1уэхумэ, абы хуэдэу дахэ щымы1эу къыпф1ощ1. Ар пэжщ , ауэ ит1ани а лъэпкъым лъэныкъуэк1э уакъыхэплъэмэ , гу лъумытэу къанэркъым Нану и лъэужьым итхэр губзыгъэу , гъэсауэ , зэхэщ1ык1ышхуэ зи1э ц1ыху щэджащэхэу зэрыщытыр . Пасэу щ1эныгъэм дихьэхахэм ящыщщ Гъущ1ынэхэ я щ1алэхэр. Ерыщу лэжьыгъэми , унагъуэми , сыт хуэдэ 1уэхуми бгъэдэтщ ахэр . Нартхэ я ерыщыгъэр яхыболъагъуэ а лъэпкъым . Ц1ыху пэж ,тк1ий, ерыщ , гъущ1 нэщэнэхэр иджыри къэс щахэплъагъуэк1э Лъэпщ и зэман жыжьэм къыщежьауэ п1эрэ а лъэпкъым и щ1эдзап1эр , къуэпсыр ? Лъэпщ и лъэужьым щыщу п1эрэ? Гъущ1ынэ -гъущ1-нэ железный глаз, аращ а псалъэм къик1ыр.
Слайд 4
Адыгэ алфавитым дыхэплъэмэ , а, э,ы , макъзешэхэрщ ( исконнэу ) игъащ1ми адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уауэ къалъытэр . Апхуэдэу щытмэ , Гъущ1ынэ, Гъуаплъащ1э,Гъуэщокъуэ, Гъук1апщэ, Гъук1эл1, Гъук1э… а псалъэхэр къыщежьа зэманыр зыщ , зэлъабжьэгъущ . Гъуы -, гъуа - , гъуэ - мы пычыгъуэхэр зы псалъэщ , зы мыхьэнэщ я1эр. Апхуэдэу щытмэ , гъу-м елэжь ц1ыху жи1эу аращ . Сыт а гъуы-р зищ1ысыр? Абы къегъэлъагъуэ мыхьэнэ зэхуэмыдэхэр . - Зыгуэрым и фэ : Гъуы - ху - хужь - (белый) Гъуа – плъэ ( ы )- плъыжь - (красный) Гъуэ-жьы - жьы - (старый ,жёлтый) - Фэ зэхуэмыдэхэр къагъэлъагъуэ къудейкъым , ат1э быдэ гуэрщ . Гъуы - гъуа - гъуэ - (высохнуть) (высох ?) (светло- рыжий) , ( нора) Быдэ , гъур , гъуэжь-сырыхуфэу щыт хьэпшыпу плъытэ хъунущ гъуы - псалъэр . Гъуху - (олово) Гъуаплъэ - (медь) Гъущ1 - (железо) Мы псалъэхэм псоми яхэтщ гъуы – пычыгъуэр , абыхэм псоми къагъэлъагъуэр гъущ1 хэк1щ. Абы къыхэк1к1э жыт1э хъунущ , а гъуы-р зыхэт унэц1эр зезыхьэ лъэпкъхэр псори , а зищ1ысыр къытхуэмыщ1э гъуы-м елэжьу щытауэ . Ат1э а гъуы-р урысыбзэм руда жыхуи1эр арауэ п1эрэ? Гъуыщ1ынэ - гъуыщ1- зыщ1, гъуыщ1 – нэ зи1э ц1ыху ( железный глаз). Гъущ1ынэ Къалмыкъым щыпсэухэм зэрыжа1эмк1э –смотрящий. А мыхьэнэр 1уэры1уатэм къыхощ . Лъагап1эм тету , жыгыщхьэм ф1эсу къак1уэхэр къэзылъагъу , хъыбар къезыгъащ1э ц1ыхуу.
Слайд 5
Гъук1апщэ - гъуы -к1э- пщэ гъущ1ым елэжьхэм я пщы , е я пщэ (железный царь, железная шея.) Гъуаплъащ1э-гъуа – плъыжь -зыщ1 – гъуаплъэм елэжь ц1ыху (медник). Гъуэщокъуэ – гъуэ - щ-къуэ щ - суффиксым къегъэлъагъуэ ар куэду здэщы1э щ1ып1э, п.п.джэдэщ , мэкъуэщ , дзыгъуэщ . Къуэ - пычыгъуэм абы и къуэ жи1эу аращ ( гъуэ куэду зи1эм и къуэ ). П.п. Бэдынокъуэ ( Бадын и къуэ , Сосрыкъуэ ( сос и къуэ – мывэм и къуэ )… Жыт1а псоми дриплъэжмэ , гу лъыдмытэу къанэркъым гъуы - р зыхэт унэц1эхэр псори гъущ1 л1эужьыгъуэхэм епхауэ зэрыщытыр,апхуэдэу щыщытк1э а гъуы-р (гъущ1, гъуаплъэ,гъуху ) къызыхащ1ык1 1эмэпсымэу зэрыщытым шэч хэлъыжкъым . Ахэр адыгэхэщ ик1и нэхъ ныбжьышхуэ зи1э лъэпкъхэм ящыщщ . А лъэпкъ дахэм , узыншэм и къежьап1эр дэнэ деж ? Гъу макъыр къыщежьар арамэ , лъэпкъым псэлъэн , псэун,гупсысэн щыщ1идзар ара ? Арамэ Л ъэпщ л1акъуэм хиубыдэу аращ !!! Адыгеибзэм щ1-м и п1эк1э к1-р къагъэсэбэп , апхуэдэу щыщытк1э Гъуык1э –унэц1эми къик1ыр ар дыдэрщ . Гъуыщ1-гъуы-щ1ын , Гъуык1э-(гъуы -к1ын, гъуы-щ1ын) гъуы-зыщ1 ц1ыху, Гъуык1эл1- ( гъуы –к1э- л1ы)- гъуы - зыщ1 л1ы. А псалъэхэм зы мыхьэнэ я1эу щыщытк1э гъущ1ым елэжьын щыщ1адза зэманым къыдежьа унэц1эу къыщ1эк1ынущ. Гъуыщ1ы - Гъуык1э ахэр зы лъабжьэм къызэрытек1ар къегъэлъагъуэ щ1ы- щ1э, к1ы-к1э (щ1алэ –к1алэ, щ1ын-к1ын…) гъущ1-гъук1- апхуэдэу щыщытк1э къэбэрдеибзэми , адыгеибзэми ди бзэр зыуэ , зэтехуэу щыщыта лъэхъэнэр я къежьап1эу плъытэ хъунущ .
Павел Петрович Бажов. Хрупкая веточка
Одеяльце
Астрономический календарь. Октябрь, 2018
Валентин Берестов. Аист и соловей
Нора Аргунова. Щенята