Местоимения. Три лица местоимения
план-конспект урока на тему

Ц1эпапщ1эм  теухуауэ къащ1ар еджак1уэхэм егъэбыдыл1эн. Щхьэ ц1эпапщ1эхэр щыуэ зэрызэщхьэщык1ым  щыгъуазэ щ1ын. Текстым къыхагъэщыфу егъэсэн. Сабийхэм я бзэм зегъэужьын я щ1эныгъэм хэгъэхъуэн.

 

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

I.            Къызэщ1эзыкъуэ дакъикъэ.

II.             Къабзэрытхэ дакъикъэ. (Доскам къитхапхъэщ : Махуэр, класс лэжьыгъэ, Сэ-Эс)

Урок блэк1ам елэжьыжын:

Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу

Гъущ1 гъуэгушхуэм сытехьакъым,

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым.

Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,

Си анэм и бзэр сэри сфIэфIт.

Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми-

Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм,

Ар уэрэду зэхызохыр,

Къурши губгъуи къыдэушу.

Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,

Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,

Ар сымыщIэу щытыгъатэм,

КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.

Си анэм и бзэу си нэм хуэсхь,

Уэ къыптехуэр схуохъу удын. (К1ыщокъуэ Алим)

III.           

Словарнэ лэжьыгъэхэр: 1. Доскам къыщыгъэлъэгъуа   псалъэхэм я цIэхэр тетрадым итхэн,хьэрф дэгъэхуахэр  дэгъэувэжын, ударенэ трегъэгъэувэн:

Б.ракъ,    б.стей,  б.лътоку,   б.лыджэ,  п.мидор,  хъ.рбыз.

2.Псалъэ гуп: Дохутыр,  мэлажьэ, плъыжь, къэк1уэжащ, щхьэгъубжэ, лъагэ.

3.     Заур хьэлъэзешэ машинэм дэсу мэлажьэ. … лэжьак1уэф1щ.  Гъуэгубгъум жыгеишхуэ итщ.  ….  и  щ1агъым ц1ыхухэм зыщагъэпсэху.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл adygebze_otkrytyy_urok_3_klass.docx27.93 КБ

Предварительный просмотр:

Темэр: Ц1эпапщ1э.  Щхьэ ц1эпапщ1эхэр.

Мурадыр: Ц1эпапщ1эм  теухуауэ къащ1ар еджак1уэхэм егъэбыдыл1эн. Щхьэ ц1эпапщ1эхэр щыуэ зэрызэщхьэщык1ым  щыгъуазэ щ1ын. Текстым къыхагъэщыфу егъэсэн. Сабийхэм я бзэм зегъэужьын я щ1эныгъэм хэгъэхъуэн.

Урокым и ек1уэк1ык1эр:

  1. Къызэщ1эзыкъуэ дакъикъэ.
  2.  Къабзэрытхэ дакъикъэ. (Доскам къитхапхъэщ : Махуэр, класс лэжьыгъэ, Сэ-Эс)

Урок блэк1ам елэжьыжын: 

Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу

Гъущ1 гъуэгушхуэм сытехьакъым,

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым.

Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,

Си анэм и бзэр сэри сфIэфIт.

Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми-

Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм,

Ар уэрэду зэхызохыр,

Къурши губгъуи къыдэушу.

Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,

Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,

Ар сымыщIэу щытыгъатэм,

КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.

Си анэм и бзэу си нэм хуэсхь,

Уэ къыптехуэр схуохъу удын. (К1ыщокъуэ Алим)

Словарнэ лэжьыгъэхэр: 1. Доскам къыщыгъэлъэгъуа   псалъэхэм я цIэхэр тетрадым итхэн,хьэрф дэгъэхуахэр  дэгъэувэжын, ударенэ трегъэгъэувэн:

Б.ракъ,    б.стей,  б.лътоку,   б.лыджэ,  п.мидор,  хъ.рбыз.

2.Псалъэ гуп: Дохутыр,  мэлажьэ, плъыжь, къэк1уэжащ, щхьэгъубжэ, лъагэ.

  1. Заур хьэлъэзешэ машинэм дэсу мэлажьэ. … лэжьак1уэф1щ.  Гъуэгубгъум жыгеишхуэ итщ.  ….  и  щ1агъым ц1ыхухэм зыщагъэпсэху.
  2.     Темэщ1эм хэгъэгъуэзэн: 

Ижь - ижьыж зэманым щы1ащ псэуащ зы жылагъуэ. А жылэм дэс псори ц1ыхуф1хэт ик1и лэжьак1уэшхуэхэт. Икъук1э жылагъуэ зэгуры1уэт ахэр ик1и къулейхэт. А щ1ып1эм пэмыжыжьэу, къуак1э- бгык1эхэм и деж, къырхэм щыпсэут  зы уд фызыжь. Ар яхузэгуэпт а  жылагъуэм, ахэр зэрызэгуры1уэм. Куэдрэ егупсысащ: «а жылэм сыт хуэдэу зэран сахуэхъун?» - жи1эу. Ик1эм –ик1эжым, къигупсысащ ищ1энур… къипхъуатэщ  и удыгъэ башыр, теуэщ, тепк1эри жи1ащ: «Ящрегъупщэ мы жылэм  я бынхэм,  я адэ- анэхэм,  езыхэм я ц1э дыдэри , къэзыхъурейхь псоми я ц1эр!» Уд фызыжьым гуф1эгъуэшхуэ къыхуэхъуащ, и гухэлъхэр къехъул1ащ…Жылагъуэм зыгурымы1уэныгъэр къахыхьащ. Ц1ыхухэр нэщхъей,  псалъэмакъылъэ хъуахэщ. Псоми я ц1эр, ящыгъупщэжат. Жа1эну зыхуей псом и ц1эр ящ1эжтэкъым. Ахуэдэу ек1уэк1ыурэ,  ц1ыхухэм къагуры1уащ къэхъуар: я  бынхэм, я адэ – анэхэм, къэзыхъурейхь  псом я ц1эр зэращыгъупщэжар. Ящ1энур ямыщ1эу  къек1уэк1ыурэ… Зы махуэ гуэрым а жылагъуэм къыдыхьащ 1ущыжьк1э еджэу зы л1ыжь жьак1эху. Ц1ыхухэм  зэхахат а л1ыжь губзыгъэм и 1ущагъымрэ и къарумрэ и хъыбари къыбгъэдыхьэурэ къелъэ1ухэрт: я ц1эр къащ1эжынымк1э къадэ1эпыкъуну, я зэгуры1уэныгъэр я зэхуаку къыдилъхьэжыну…«Хъунщ , фи лъэ1умк1э сэбэп сыфхуэхъунщ, фи ц1эхэр,фыкъэзыхъурейхь предметхэм я ц1эри къывэзгъэщ1эжынщ. Ауэ  зэк1э фэстынущ сэ псалъэ гуп, фи ц1э уд фызыжьым къыф1ихахэм ип1эк1э!  А псалъэхэр къэвгъэсэбэпурэ фызэпсалъэфынущ, фызэгуры1уэфынущ. Псалъэм папщ1э, фи щхьэ фытепсэлъыхьмэ – СЭ - жыф1э, куэд фыхъумэ – ДЭ_ жыф1э, зыгуэрым зыхуэвгъазэмэ – УЭ -  жыф1э, ахэр куэд хъумэ – ФЭ – жыф1э, »- жи1ащ 1ущыжь. «Иджыри зыщывмыгъэгъупщэ АР,АБЫ АХЭР, МЫР,МОР, МЫ, МО – ахэри сэбэп къыфхуэхъунущ». СЭ,УЭ, ДЭ, ФЭ,АР,АБЫ,АХЭР, АБЫХЭМ – ЩХЬЭ Ц1ЭПАПЩ1ЭХЭЩ. Ахэр ц1эхэм я п1эк1э къок1уэ. Ц1эпапщ1эхэр псалъэ лъэпкъыгъуэщ. «Мис иджы псалъэщ1эхэр къыщыфщ1ак1э сэ уд фызыжьыр къэслъыхъуэнщ- жи1ащ 1ущыжь. – Ар сэ къэзгъуэтыхук1э фэ лэжьыгъэ зыбжанэ вгъэзащ1эн хуейщ. Узыншэу фыщытхэ! ». 

Лэжьыгъэ  1.

  1. Фыкъеджэ. Сыт хуэдэ ц1эпапщ1эхэр дэгъэхуа?

... си анэм срогушхуэ.  … лэжьэк1уэф1щ, ц1ыхуф1щ.   … дохутырщ.  …и лэжьыгъэр ф1ыуэ елъыгъу.

    2. Къифтхык1.  Точкэхэм  я  п1эк1э  дэтын  хуей  ц1эпапщ1эр дэфтхэ.

Лэжьыгъэ 2.Карточкэхэм ит псалъэухахэм хуэфэщэн ц1эпапщ1эр хэвгъэувэ: СЭ, УЭ, ДЭ, ФЭ, АР, АБЫ, АХЭР, АБЫХЭМ.

1ущыжь  къик1ухьурэ,  къыр ф1ыц1эжьым ис  уд фызыжьыр къигъуэтащ.Ар елъэ1уащ абы ц1ыхухэм я ц1эр яритыжыну. Арщхьэк1э уд фызыжьым жи1ащ: -  Си упщ1эхэм жэуап къептыфмэ естыжынщ, армырамэ укъысщымыгугъ….

IV. Зыгъэпсхугъуэ дакъикъэ:

V. Егъэбыдыл1эжыныгъэ:

Лэжьыгъэ 1. Гупурэ зывгуэши фи ст1олым телъ ц1эпапщ1эхэр хэту псалъэуха 1 зэхэфлъхьэн:

  1. щхьэ

СЭ

ДЭ

  1. щхьэ

УЭ

ФЭ

  1. щхьэ

АР

АБЫ

http://festival.1september.ru/articles/550407/img1.gif

 АБЫХЭМ

Хъарзынэу зэхэфлъхьащ псалъэухахэр! Иджы ет1уанэу уд фызыжьым  и унафэщ  мы псалъэхэр зи щ1ысыр къэфщ1эну: СИ, СЫСЕЙ, УИ, УУЕЙ,  ДИ, ДЫДЕЙ, ФИ, ФЫФЕЙ, И, ЕЙ, Я, ЯЙ, ЗИ, ЗЕЙ

-1ущыжь ищ1эркъым мыхэр зищ1ысыр… Хэт ищ1эрэ?

Уд фызыжьым и упщ1э псоми жэуап еттыфащ. И удыгъэр к1уэдыжащ. Жылагъуэ хьэлэмэтым я ц1эхэр яритыжащ, псори и п1э иувэжащ, зэгуры1уэныгъэр ц1ыхухэм я зэхуаку къыдыхьэжащ..  Ауэ 1ущыжь къахуигупсыса псалъэхэр ягу апхуэдизк1э ирихьати ахэри къагъэсэбэпыну къагъэнэжащ. «Ц1эпапщ1э» – ф1ащащ. (Ц1эм папщ1э).

Абдежым  «Ц1эпащ1э» жылагъуэм я деж экскурсыр къыдоух. Куэди къэтщ1ауэ сэ къысщохъу.

VI. Урокыр къызэщ1экъуэжын:

  •  Сыт фымыщ1эу нобэ къэфщ1ар?
  • Сыт нэхъ къывэгугъуэк1а?
  • Сыт нэхъ куууэ къэфщ1эну фыхуейт?

VII. Унэ лэжьыгъэр:н.71, л. 103. Правилэхэр къэпщытэжын.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Опорный конспект по теме "Местоимение"

Подготовлен для повторения материала студентами самостоятельно...

Урок английского языка "Указательные местоимения" 2 класс к учебнику Кауфман К. "Happy English. ru"

Методическая разработка урока по английскому языку во 2 классе к учебнику Кауфман К. "Happy English.ru" с использованием компьютерной презентации....

Тестовые задания по русскому языку по темам "Имя числительное. Местоимение"

Тестовые задания составлены для быстрого диагностирования знаний учащихся по основным темам программы по русскому языку. Их можно использовать, как проверочную работу в конце изучения темы. Тесты ...

«Серия косметики для жирной кожи лица.Уход за жирной кожей лица».

Урок-презентация "Серия косметики для жирной кожи лица. Уход за жирной кожей лица" . Цель урока: ознакомить учащихся с основными приемами по уходу за кожей лица. Развить навыки косметическог...

Урок-презентация "Серия косметики для сухой кожи лица. Уход за сухой кожей лица"

Данный материал способствует развитию у учащихся культуры здоровья, личностных качеств, способствующих его сохранению и укреплению. прививает навыки соблюдать правила гигиены, правильно подбирать косм...

Урок по теме: "Местоимение как часть речи. Разряды местоимений и их особенности"

Разработка урока по теме: «Местоимение как часть речи. Разряды местоимений и их особенности» ...