Бозий Лудин
презентация к уроку

1

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл boziy_ludin.docx25.94 КБ

Предварительный просмотр:

Хэку зауэшхуэм и зэман хьэлъэр Бозий Лудин и «Лонэ и зы махуэ» рассказым къызэрыхэщыр

1. Урокым хуэзыгъэхьэзыр дакъикъэ.

Егъ. Фыузыншэм, ц1ык1ухэ!

Нобэрей ди дерсым щ1эддзэн и пэ къихуэу зы видео-теплъэгъуэ фезгъэплъынут. Сыт хуэдэ лъэхъэнэу п1эрэ теплъэгъуэм къыхэщыр?

- Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэрщ.

Фэ, ц1ык1ухэ, тхыдэмк1э дерсхэр фи1эщ. Мы лъэхъэнэм теухуауэ сытхэм фыщыгъуазэ? Сыт къызжеф1эфын?

- Хэку зауэшхуэр щыщ1идзар сощ1э, Сыт щыгъуэ?-1941гъэрщ.

- Илъэсипл1к1э ек1уэк1ащ.

- Хэку зауэшхуэр къыщыхъеяр гъэмахуэт.

- Нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэр ди хэкум къытеуащ Июным и 21-м.

- Псоми зэрытщ1эщи,хабзэ тхуэхъуауэ илъэс къэс ди гимназием зэхьэзэхуэшхуэ щок1уэк1. (Будем знакомы) Сытыт зытеухуауэ щытар?

- Политинформацием. Информация- хъыбар, информацэ.

- Хъыбархэр щызэхуэфхьэсым, къыщыфлъыхъуэм сыт къэвгъэсэбэпар? Интернетыр, комп. Телефон.

Иджыпсту хъыбар зэхуэхьэсыным гугъу лъэпкъ дыдехьыркъым. Зэрыфщ1эщи ипэк1э апхуэдэ Iэмалхэр щыIакъым. Абы щыгъуэ радиор, телевиденэр, республикэм къыщыдэк1 газетхэрщ хъыбарегъащ1эу щытар.

Адэк1э Левитан и макъым йодаIуэ.

Иналрэ, Шамилрэ ягъэхьэзыра хъыбархэм дедэ1уэнщ.

- Дауик1 хъыбар гуузщ, ц1ык1ухэм къытхуа1уэтар. Сыт хуэдэ стиль зэрытхар мыхэр къызэджа хъыбархэр?

- ПУБЛИЦИСТИЧЕСКЭ стильщ!!!

- Иджыри сыт хуэдэ стилхэр щы1эу фщ1эрэ? 1уэху зэрызэрахьэ стиль, научнэ стил, жьэры1уатэ стил, художественнэ стил.

Дэр нобэ зауэм и бэлыхь мыухыжхэр балигъми сабийхэми я фэм зэрыдэк1ар художественнэ произведенэм къызэрыщыгъэлъэгъуам щызэпкърытхынщ.

Сыт хуэдэ мурадхэмрэ къалэнхэмрэ щызыхуэдгъэувыж хъуну тхыгъэщ1э щыдджыну дерсым?

Тхыгъэм дыкъеджэнщ.

Зэпкърытхынщ.

Хэт персэнажхэр зэдгъэц1ыхунщ.

Тхыгъэм зи гугъу ищ1 лъэхъэнэм, зэрытха бзэм игугъу тщ1ынщ.

Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

Ц1ык1ухэ. Нобэ дызэджэну тхыгъэр зи Iэдакъэ къыщ1эк1а Бозий Лудин и творчествэм пэщ1эдзэ классым щыдджащ къэтщ1эжынщ

Бозий Лудин – 1933гъ.

- 1952гъ.

- 1956гъ.

- 1959гъ.

- Лудин сабиигъуэ дахэ щIимыIам и щхьэусыгъуэр къызыхэк1ар сыту п1эрэ?

Егъ. Фыпсэу, ц1ык1ухэ япэ лэжьыгъэр къывэхъул1ащ.

- Адэк1э тхыгъэм сэ еджэн щ1ызодзэ фык1элъыплъ фэри къыпыфщэнущи.

Егъ 1. Ц1ык1ухэ, Тхыгъэр зытеухуар къыжыф1эт. – Зауэ зэманым ц1ыхухэр гугъу зэрехьам, Лонэ сабий пэтрэ зэрихьа л1ыгъэм.

Егъ 2. Тхыгъэр зытеухуар къыщытщ1ак1э,дыщыпхырыплъак1э сыт хуэдэ мурадхэмрэ къалэнхэмрэ зыхуэдгъэувыж хъуну къэфлъытэрэ?

- Тхыгъэр зэпкърытхынщ. Тхыгъэр зэрытха бзэр, хэт персонажхэр, къыхэщ лъэхъэнэм и гугъу тщ1ынщ.

Егъ. НтIэ, ц1ык1ухэ япэ щ1ык1э словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ынщи адэк1э тхыгъэм делэжьынщ.

Фи пащхьэ илъ таблицэхэм ит псалъэхэм я лексическэ мыхьэнэр и лъабжьэмк1э къыщыхьащи зыхуэвгъэк1уэж, абыхэм синоним къахуэфхьи пыфтхэж.

Щохуарзэ, IурыуфIыцIык1ын, псым адрыщ1к1э

И нэпсхэр къелъэлъэхащ, и гур щ1огъу.

Щхьэхьу, яф1эмы1эф1ыжу, нэхъ к1ащхъэ хъуат

Егъ. Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэм къарык1ыр?

Егъ. К1эщ1у хэт тхутепсэлъыхьыжын рассказым?

СЛАИД Тхьэм фигъэпсэу! Тхыгъэр къэзы1уэтэжыр хэт? (Лонэ)

Егъ. Гъэм и сыт хуэдэ зэман тхыгъэм зи гугъу щыща 1уэхугъуэр къыщыхъуар? Бжьыхьэт Тхыгъэм къыщыфлъыхъуэ.

Егъ. Лонэ зи гугъу ищ1ыж 1уэхугъуэр фэрэ дэрэ иджыпсту дызыхэпсэук1 лъэхъэнэр арауэ п1эрэ къыщыхъуар? Сыт хуэдэ лъэхъэнэт Лонэ зи гугъу ищ1ыж 1уэхугъуэр къыщыхъуар? ЗАУЭ ЗЭМАНЫРЩ Тхыгъэм къыщыфгъуэти фыкъеджэ.

Едж.

.

Егъ. Зауэм ц1ыхухэм я псэм дилъхьэ гузэвэгъуэмрэ хьэзабымрэ къызыхэщ 1ыхьэм фыкъеджэ, фытепсэлъыхь.

Едж. Хэт псом хуэмыдэу мы рассказым къыхэщыжхэм ящыщу фигу нэхъ зыщ1эгъур?

Егъ. Хэт сымэ иджыри рассказым зи гугъу ищ1хэр? (Рассказым къыхэщ л1ыхъужь нэхъыщхьэхэр: (АНЭ, АДЭ, Лонэ, Жорэ, САЛИМ,1эминат, Къарней. ГЪУНЭГЪУХЭР))

Л1ЫХЪУЖЬ НЭХЪЫЩХЬЭХЭМ ХАРАКТЕРИСТИКЭ ЕТЫН

Егъ - Анэм и теплъэр дауэ фи нэгу къыщ1ыхьэрэ? Авторым сыт хужи1эр? Анэр дэ1эпыкъуэгъуншэт

Егъ.- Анэм и хьэл-щэным сыт хужыф1эфын? Дуней сыт хуэдизу мышынагъуэми ар и быным яшхын ахэр имыгъэмэжэл1н щхьэк1э хьэжыгъэ шэж щхьэлым к1уат..

Авторым сыт жи1эр?

Жорэ теухуауэ

Салим теухуауэ…

Сабийхэм я адэм теухуа псалъэмакъ щ1ызыхэдмыхым и щхьэусыгъуэр.

Гъунэгъухэр сыт хуэдэ?

- Егъ. Къэрней л1ыжьымрэ Лонэ ц1ык1урэ къалъыкъуэк1а л1ыгъэм фытепсэлъыхь Сыт а т1ур шынагъэ ямыщ1эу езыхужьар?

Егъ.- Лонэ и анэм зэрылъыхъуамрэ абы и гум щыщ1ахэмрэ къызыхэщ щ1ып1эм фыкъеджэж.

Урокым и темэм пыщэн.

Егъ. Ц1ык1ухэ, нэмыцэ кхъухьлъатэ къащхьэщылъэта пэт Лонэ ц1ык1у и анэм и лъыхъуак1уэ ежьат жыво1э Сыту пIэрэ апхуэдэ гузэвэгъуэм къыхэк1ыу ар и анэм щ1ык1элъык1уэфар?

Егъ.- Жорэрэ Салимрэ щхьэ яхузэф1эмык1арэ я анэхэм я лъыхъуак1уэ ежьэн? Фэ ахэр вгъэкъуаншэрэ?

Едж.- Зи гур иуда щ1алэ ц1ык1ухэм я щхьэм занщ1эу къит1эсакъым хьэжыгъэ шэж щхьэлым к1уа анэм и лъыхъуак1уэ Лонэ зэрежьар.

Иджыри сыт хужи1эр авторым Жорэрэ Салимрэ? « ц1ыхухэм я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, ягури зэхуэдэкъым»ч

Егъ.- Сыт нобэр къыздэсым балигъ хъуа Лонэ и гущхьэм телъыр?

ГУП ЛЭЖЬЫГЪЭ КЪЫЗЭГЪЭПЭЩЫН.

Егъ. Гуп лэжьыгъэ къызэдгъэпэщынщ ц1ык1ухэ. Языныкъуэхэр доскам, адрей гупыр Интерактивнэ ст1олым, адрейхэр тхылъымп1э фэстахэм фыщылэжьэнущ.

Лэжьыгъэр зэрек1ук1ынур. Гу зэрылъыфтащи пычыгъуэ фэстахэм псалъэ зыбжанэ къэтщ. Псалъэухахэр зэвгъэзэхуэжын папщ1э пычыгъуэхэм я лъабжьэм къыщыхьа лэжьыгъэхэр вгъэзэщ1эн, упщ1эхэм жэуап ефтын хуейщ. Фыкъак1уэ. Псалъэухахэр зэвгъэзэхуэжа иужь пычыгъуэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къыжыф1эн хуейщ.

Гупсысэ нэхъыщхьэхэр. 1) Быным анэм хуи1э лъагъуныгъэм, анэр быным щхьэк1э зэрылъап1эр.

2) Лонэ ц1ык1у сыт хуэдиз гугъуехь имылъэгъуами махуэ псом балигъ хуэдэ мыгъыу и анэ зэрылъыхъуар. Зауэ угъурсызым

3) Быным анэм хуи1э лъагъуныгъэм.

Егъ. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр зэрык1а псыр сытым иригъэщхьа Шариф?

Едж. Мывэ хужьхэм щ1эж псы къабзэр шыдыгу шэрхъым игъэутхъуа иужь Шариф иригъэщхьащ ар анэм къак1элъихьа шыгъум. Псым ик1ыу къыщызэплъэк1ыжам, псыр къабзэт, нэхутхьэхут, нэщхъыф1эт.

ЕДЖ. ПЫЧЫГЪУЭР ЗЭХУЭХУСАУЭ АБЫ И ГУПСЫСЭ НЭХЪЫЩХЬЭР А ПЫЧЫГЪУЭМ КЪЫХЭХЫН.

Егъ. Арати дыкъыдэк1ащ, жыхуи1эм щыщ1эдзауэ, сигук1э ауан сощ1 а

гупсысэхэр, жыхуи1эм нэс фыкъеджи гупсысэ нэхъыщхьэр а пычыгъуэм къысхухэфх.

ТХЫГЪЭМ И БЗЭР

Егъ.-Тхак1уэм тхыгъэм и бзэр нэхъ щ1эщыгъуэ, къулей ищ1ын папщ1э сыт хуэдэ ходожественнэ изобразительнэ 1эмалхэр къигъэсэбэпа?

Едж.- (Метафорэ, эпитет, олицетворенэ, фразеологическэ оборотхэр, зэгъэпщэныгъэхэр, жы1эгъуэхэр)

Егъ Жы1эгъуэм и гугъу щыфщ1ак1э сыт хуэдэ жы1эгъуэхэр къигъэсэбэпа тхак1уэм?

Едж.- «Ц1ыхухэм я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, ягури зэхуэдэкъым.», « Куэд зымыгъащ1эу куэд зылъэгъуа»

Егъ. Сыту п1эрэ щ1ыжи1эр зыхужи1эри тхак1уэм «ц1ыхухэм я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, ягури зэхуэдэкъым.?

Егъ.- «Куэд зымыгъащ1эу куэд зылъэгъуа» жы1эгъуэр тхак1уэм щитхыр къэвгъуэти и к1эм нэс фыкъеджэ. Фкъызэджам и гупсысэ нэхъыщхьэр къыжыф1э.

Едж.- Быным анэм хуи1э лъагъуныгъэр. Мамыр гъащ1эм нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр.

Едж. Анэр гъащ1эм и къежьап1эщ.

Егъ.: Ф1ы дыдэщ. Иджы, ди лъэпкъ 1ущыгъэхэм щыщу и гугъу тщ1ынщ адыгэ псалъэжьхэм. Абыхэм сыт сабэпынагъыу я1эр?

Едж.: Псалъэжьхэр чэнджэщэгъу къытхуохъу, дагъэ1ущ, даущий, щыуагъэм

дыщахъумэ.

Егъ.: Иджы гуп- гуп лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ынщ. Япэ гупым мы тхылъымп1эм ит псалъэжьхэм и пэр къегъэжьащи, ар ик1эм нагъэсынщ, и мыхьэнэри къыджа1энщ.

Псыр ………….. псэхэлъхьэжщ

Псым езым……. езым и жап1э къегъуэтыж

Псы жап1эжь…… унэ томыщ1ыхь

Псы куэд зэхэлъэдэжмэ………….тенджыз мэхъу

Егъ. Ет1уанэ гупым мы псалъэухар тэмэму фтхыжынщи къыхэк1ыр ди

Егъ. Пэжщ. Мы дунейм утетыхук1э анэм хуэдэу укъэзыгъэпэжыфын ц1ыху тету къыщ1эк1ынкъым. Си гуапэ хъунт ар зэй фщымыгъупщэу фигу илъмэ.

Едж . (зы еджак1уэ рассказым ик1эм къоджэ

Анэмрэ мамырыгъэмрэ зык1и зэгуихкъым тхак1уэм.

Егъ. К1эух псалъэу сынывэупщ1ыну сыхуейт,

а) Тхыгъэм фи жагъуэ хъууэ, фигу хигъэщ1у хэтхэр къыжыф1эну.

Б) Фигу ирихьауэ, фыдэзыхьэхауэ сытым и гугъу фщ1ынт?.

В) Фэ езым сыт щыфхъуэжынт?

Г) Фхуэмыхъуэжыну, ф1эк1ып1э зимы1эу сыт хэту къыфщыхъур?

Д) Сыт къыхэфха нобэрей ди псалъэмакъым?

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ.: Хъарзынэщ, ф1ы дыдэу фылэжьащ. И к1эм жыс1эну сызыхуейращ. Мы

дунейм анэм дежк1э быным нэхърэ нэхъ лъап1э щы1экъым. Дэнэк1э фымыгъазэми, дэнэ щ1ып1э фыщымы1ами, уеблэмэ иджыпсту мы школым фыздэщы1эм фи анэхэм ягури я псэри фи гъусэщ нэрмылъагъуу, апхуэдабзэу фи анэхэр фщ1ыгъунущ, абыхэм я дежк1э сыт щыгъуи сабийуэ фыщытынущ. Си гуапэ хъунущ нобэрей урокым иужьк1э фи анэхэм нэхъри нэхъыф1ыжу фахущытмэ, нэхъ гумащ1э фахуэхъумэ. К1эщ1-к1эщ1урэ жеф1э: «Мамэ сыту удахащэ», «Мамэ,зыгуэр къоузрэ?»; А фи псалъэ гуапэхэм анэ псоми я пкъыр нэхъ жан ещ1, гукъыдэж къарет.

Рефлексие

Егъ.- « Куэд зымыгъащ1эу куэд зылъэгъуа» жыхуи1э псалъэхэм къыщыщ1эдзауэ тхыгъэм и к1эм нэс хэт къысхуеджэн.? Ц1ык1ухэ хэту п1эрэ Лонэ?

Зауи дыхуэмей

Iэщи дыхуэмей

Мамыр гъащ1эм зреузэщ1!

Текстхэр

Бгыщхьэм къыщхьэпрылъэтыкIа кхъухьлъатэхэм къуажэм бомбэ къыдадзащ. ЦIыхухэр зэхэзожэ, лъэныкъуэ зрагъэз. Зауэ къэхъум зэрыпщхьэн щIыунэ зымыгъэхьэзырахэр гъунэгъухэмкIэ зэрохь. Тутей щIагъым щIэса цIыкIухэр щIыунэм ипщхьэну щызэрехьэжьэкIэ, Лонэ цIыкIу абыхэм къахожри ищхъэрэкIэ еунэтI. Зи гур иуда цIыкIухэм я щхьэм занщIэу къитIасэкъым хьэжыгъэ шэж щхьэлым кIуа анэм и лъыхъуакIуэ Лонэ зэрежьар.

Шыгур зэрызэщIэщIауэ шыгухум и бжэIупэм къыIуанэри езыхэр щхьэхьу мэкIуэж. Къэрнейхэ я щIыунэм ихьэмэ, езыхэм я лъыхъуакIуэ ежьа лIыжьымрэ сабиймрэ ягъейри фызитIыр щIыунэм исщ. Жорэрэ Салимри, я анэхэр къэзыгъуэтыжар езыхэра хуэдэ, заудыгъуауэ анэ кIэ къуагъым къуэсщ. Лонэ ахэр щилъагъум, махуэ псом зэтриIыгъа и нэпсыр, джэшым хуэдэу къелъэлъэхащ, мащIэуи зэщыджащ.

Пшапэр щызэхэуэм, макъ къо1у: «Нэмыцэр къэсащ! Нэмыцэр къыдыхьащ!» Мис ар пэщ1эдзэ хуэхъуат илъэсий зи ныбжь Лонэ и гугъуехьым. Ауэ сыт хуэдиз гугъуехь имышэчами, анэм и гузэвэгъуэм щрихужьа махуэ закъуэр а псоми къахэщу къыщохъу.

Сэ рассказым и пэщIэдзэм сурэт хуэсщIынт. ЦIыхухэр нэщхъейуэ, гужьеяуэ заплъыхьу, щIагъуэу зэдэмыуэршэру.

Сэри сщIынур сурэт нэщхъейт. Кхъухьлъатэм кърадзыха бомбэм дуней псор кIыфI ищIауэ.

Сэ си нэгу къыщIэувэр Лонэ цIыкIущ. Лонэ гъур цIыкIуу, псынщIэу жэуэ, Iей дыдэу гужьеяуэ.

Сэ сурэту сщIынт щIыунэм ис цIыхухэм я нэгум кърих тхьэмыщкIагъэр, гузэвэгъуэр.

Сэ сщIыну сурэтым Лони Къэрней лIыжьри къощ. Щхьэлым къыщикIыжым шыгум къикIауэ зэрыкIуэжыр. Лонэ мэшынэ, псынщIэу кIуэну хуейщ, ауэ лIыжь ешар и закъуэ къигъанэркъым доIэпыкъу.

Сэ сурэту сщIынт рассказым и кIэухыр. Зауэр иухауэ, ди сэлэтхэр къэкIуэжауэ, псори гуфIэу.