«Адыгэбзэ си бзэ дахэ»
план-конспект занятия (средняя группа)
Мурадхэр:
Сабийхэм я бзэмзегъэужьын;
псалъэщ1эхэр зэдгъэц1ыхун;
псалъэхэр гъэхуауэ къэпсэлъын;
Дгъэзэщ1эн хуеир:
Адыгэбзэм и макъхэр нэкъусэныгъэншэу къапсэлъыным егъэсэн,
Псалъэмакъ ек1уэк1хэм хэтыфу, упщ1эхэм жэуап иратыфу егъэсэн.
Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр;
Гъэсак1уэм и псалъэ
Ц1ык1ухэ нобэрейди хьэщ1эхэм салам гуапэ дахэу, ек1уу едвгъэх.
Дыгъэ ц1ык1ур къэушащ
Уафи щ1ылъи зи1этащ
Динэ ц1ык1ухэр зэтыдох
Ди 1э ц1ык1ухэр 1эгу догъауэ
Лъакъуэ ц1ык1ухэр тыдогъауэр
Дот1ысэхри дотэджыж
дау фыщытхэ нывжыдо1э .
Сабийхэр мэт1ысыж, гъэсак1уэм и псалъэ.
Нобэ ди пшыхьыр зытеухуар, ДиАдыгэбзэ си бзэдахэрщ.
Нобэ ди бзэр дгъэбзэрэбзэну мурад тщ1ащ, усэк1э, псалъэщ1эк1э, уэрэд дахэ ц1ык1ук1э, таурыхъ гъэщ1эгъуэнк1э.
Ди адыгэбзэм ирилажьэу тхак1уэ 1ущ куэд ди1эщ, я тхыгъэ дахэ куэди дыщырохьэл1э.
Псалъэм папщ1э: псынщ1эрыпсалъэ ди бзэр зезыгъэукъуэдий, псалъэ пэж куэд 1ущынагъэ хэлъу, псалъэжьхэр ди акъылыр зезыгъэужь, къуажэхьхэр ди щхьэр зыгъэгупсыпсэр. Абы нэмыщ1ауэ усэ, псысэ, гушы1э, уэрэд, таурыхъ зыбжанэхэри ди1эщ.
Дисабийхэмфагъэлъэгъунущнобэди тхак1уэхэм я тхыгъэ.
Псом япэу къызжеф1эт, мэзпсэущхьэхэм я ц1эхэр.
Сабийхэм я жэуап
Сурэтеплъхэурэя ц1эр жы1эн; дыгъужь, мыщэ, дзыгъуэ, хьэндыркъуакъуэ,бажэ,тхьэк1умэк1ых.
Адэк1э ц1ык1ухэм зи ц1э къыра1уа псэущхьэхэм я сурэт къутар зэхуэхьэсыжын.
Гьэсак1уэм и псалъэ.
Адэк1э дэ дыхуещ ди сабийхэм зырагъэщ1а усэ ц1ык1ухэм федгъэдэ1уэну
Сабийхэм я усэ:
ДзэмыхэИслъам
Къопщэ папщэ папщэу къопщэ,
Удзхэр жыгхэр егъэсыс.
И нэкъырэм фийуэ йопщэ, зыдэкъикъи тхущымыс.
И щхьэрхуарзэу кърехьэк1уеджэ щхьэк1и къемыплъэк1
Кхъужь1эрысэ
Мыз Ислъам
Кхъужь1эрысэ 1эрысей
Сэжыг щхьэк1эм сыдок1уей.
Щытми дадэ и пк1элъейр
Арыншауи сыдопщей.
Сыхуейщ кхъужь1эрысэм –щхьэк1э дыдэм ф1эсым.
Чыл Адель
Ди 1эуа
Нит1э-нит1э,
Ц1ык1унит1э,Нит1э-нит1э,
Ди 1эуа,Мамэ и псэ,
Папэ и псэ.Сыт ущ1эгъыр,
Хэткъоуа?
Мэж уи бжьэфыр, сэ зыц1ык1ум
Ар зыц1ык1у Езмыта!….
Мамэ, сэри сыщыц1ык1у
Нит1э хуэдэу сыщыта ?
КъумыкъуЛанэ
Дыгъэеджэ
Дыгъэ,дыгъэ,
Мыдк1э къак1уэ,
Жьауэжьауэ адк1э к1уэ!
Плъыжьзэрыхъуу
Щ1ымэрак1уэр
Мэрак1уашхэ дэ дык1уэнщ !..
КъуэдзокъуэИлинэ
Гъэрэ щ1ырэ зэхок1ыр
Ажэгъуэмэр къыхок1ыр,
Гъэрэ щ1ырэ зэхок1ыр,
Ажэгъуэмэрмэгъагъэ,
Уэсутелъырегъагъыр.
Гъэсак1уэм и псалъэ
Гъуэзэджэщ дахэщ,иджы зы уэрэд дахэ ц1ык1у жедвгъа1эт мы ди хьэщ1эхэм.
Уэрэд Пк1ауэ ц1ык1у
Гъэсак1уэм и псалъэ
Нобэрей ди пшыхым зы таурыхъ дахэ ц1ык1у хэдгъэхьащ. Таурыхьы рпсоми доц1ыху, тлъэгъуащ, деплъащ ,зэреджэр
Унэ Ц1ык1ущ
Тэурыхъымкъеджэр гъэсак1уэ КужДианэщ
Хэтынухэр:
Белэ-Дзыгъуэ
Ланэ-Хьэндыркъуакъуэ
Айшэ-Тхьэк1умэк1ыхь
Адель-Бажэ
Кимран-Дыгъужь
Ислъам–Мыщэ
Къыздик1ари къыздихуари къахуэмыщ1эу губгъуэшхуэм зыунэ ц1ык1у къыщыхутащ.
Унэмпэгъунэгъуу зы Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1у блэж пэтрэ, къэувы1эри, щ1эупщ1ащ:
- Унэ ц1ык1у, унэ ц1ык1у! Хэтуидежщыпсэур?
Зыми жэуап къыщимытыжым, Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1ум мурад ищ1ащ унэмщыпсэуну.
Зы Хьэндыркъуакъуэ-джэрей ц1ык1у пк1эм -лъэурэ, унэм пэгъунэгъу къыхуэхъури,
Щ1эупщ1ащ:
- Унэ ц1ык1у, унэ ц1ык1у! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэращ ар, Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1уращ! Уэухэт?
- Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрейудзыфэ ц1ык1ущ!
- Къак1уэ, зэгъусэудыпсэунщ.
Хьэндыркъуакъуэр унэм щ1эпк1ащ. Арати, а т1ум зэгъусэу псэун щ1адзащ.
Унэм пэгъунэгъуу Тхьэк1умэк1ыхь-къэжыхьрейр блэжпэтрэ, къэувы1ауэ, щ1оупщ1э:
- Унэ ц1ык1у, унэ ц1ык1у! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1ущ.
- Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрейудзыфэ ц1ык1ущ. Уэ у хэт?
- Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьрейщ.
- Къак1уэ, дигъусэу упсэунщ!
Тхьэк1умэк1ыхьыр гуф1эжу унэм ц1ык1ум щ1элъэдащ. Щыри зэгъусэу псэууэ щ1адзащ.
Зы Бажэ ц1ык1у унэм гъунэгъу дыдэу къек1уал1эри, щхьэгъубжэм теу1уэри щ1эупщ1ащ:
- Унэ ц1ык1у, унэ ц1ык1у! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1ущ.
-Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей ц1ык1ущ.
- Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ. Уэухэт?
- Сэ сы-Бажэ ц1ык1ущ.
- Къак1уэ, дигъусэу упсэунщ!
Бажэ ц1ык1ур, зыхуеиххэр арати, унэм щы1хьащ. Пл1ыми зэгъусэу псэууэ щ1адзащ.
Дыгъужь гъуабжэр унэм къежал1эри бжэмк1э щ1эплъэурэ щ1эупщ1ащ:
- Унэ ц1ык1у, унэ ц1ык1у! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1ущ.
-Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ удзыфэ ц1ык1ущ.
- С эсы-ТхьэкумэкІыхь-къэжыхьырейщ.
- Сэ сы-Бажэ ц1ык1ущ. Уэухэт?
- Сэ сы-Дыгъужьгъуабжэщ .
- Къак1уэ, дигъусэуупсэунщ!
Дыгъужьгъуабжэмунэм зыщ1игъэхуащ.Арати, тхури, зэгъусэу, зэгуры1уэ-зэдэ1уэжу
псэун щ1адзащ. Зэгъусэууэрэд жа1э, Іуэху я1эм зэгъусэу зэдащ1э. Апхуэдэу ек1уэк1ыурэ
зымахуэгуэрымМыщэ-лъэбышэ унэмк1э блэк1рэ пэт, уэрэдзэхех, къоувы1эри мэк1ий,
мэгуо:
- Унэ ц1ык1у, унэ ц1ык1у! Хэтуидежщыпсэур?
- Сэсы-Дзыгъуэ-гъуэрыс ц1ык1ущ.
-Сэсы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей ц1ык1ущ.
- Сэсы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ.
- Сэсы-Бажэ ц1ык1ущ.
- Сэсы-Дыгъужьгъуабжэщ .Уэухэт?
- Сэсы-Мыщэ-лъэбышэщ.
- Къак1уэ, дигъусэуупсэунщ!
Мыщэм, унэм щ1ыхьэну е1эм-е1эурэ щыщ1эмыхьэфым, жи1ащ:
- Сэ фи унащхьэм сыщыпсэунщ.
- Унэ ц1ык1ур пкъутэнщ!
- Хьэуэ, скъутэнкъым
- Ат1э, къыдэпщей.
Унащхьэм дэпщея къудейуэ, щыт1ысым - бых! – жи1эу унэр зэхикъутащ. Унэм щ1эса
Псори лажьэ лъэпкъ ямы1эу къелахэщ. Ахэр зэхуэсыжри, Мыщэ лъэбышэри яхэту, щхьэж
хузэф1эк1ыр ящ1эурэ, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу япэрейм нэхърэ нэхъыф1ыжу унэ ящ1ри ЩІЭТІЫСхьэжахэщ. Мес, уплъэмэ, уолъагъу.
Гъэсак1уэм и псалъэ.
Пшыхьым и к1эух
Нобэ сыт тщ1ахэр?сабийхэм я жэуап
сыт нэхъ фигу дыхьар? Сабийхэм я жэуап
Сыт хуэдэпсэущхьэхэм я ц1э къит1уа?
Таурыхъым хэтахэ сыт хуэдэ хьэк1экхъуэк1эхэ?