Сценарий праздника ко дню матери: " Анэ,теткъым уэ пхуэдэ дунейм"
методическая разработка (подготовительная группа)

Материал празднования к дню матери в подготовительной группе.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл ane_ue_phuede_tetkym_duneym.docx13.74 КБ

Предварительный просмотр:

                           

                             «Анэ,уэ пхуэдэ теткъым дунейм!»

 

Мурадыр:

 1. Анэхэм теухуауэ адыгэ усакIуэхэм ятха усэхэм щыгъуазэ щIын.

2. Усэхэм анэм иIэ пщIэр, нэмысыр, гуапагъэр, дахагъэр, гу щабагъэр къызэрыщыгъэлъэгъуам, езы усакIуэхэм фIы лъагъуныгъэкIэ анэхэм зэрыхуэусэм кIэлъыгъэплъын..

 3. Удихьэхыу, гум дыхьэу къеджэфу егъэсэн.

Ек1уэк1ык1эр:

-Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ!

-. Фыкъытхуеблагъэ ди нэхъыжьыфIхэ, ди гъэсак1уэхэ, ди анэ лъап1эхэ!

-Сэрмакъ къуажэ дэт курыт еджап1э ещанэм и сабий сад къудамэм и гъэсэн нэхъыжьхэм, анэхэм папщ1э ягъэхьэзыра нэтыныр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ!. -

Тезадэ А и «Анэ…..» уэрэдымкIэ ди зэIущIэри къызэIудох.

 

- Анэр дунейм и дыгъэщ.

 Анэр дунейм и мазэщ.

 Анэр дунейм и жылэщ.  А псалъэхэм купщIэшхуэ хэлъщ, арауи жыпIэ хъунущ цIыху гъащIэр пызыщэр.. . ДевгъэдаIуэт анэм и макъыр къызэрытщыхъум

 «Анэм и макъыр» усэм къытхуеджэнущ ….

 Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэкIэ,

 КъысфIощI си Хэкур къэзгъуэтыжа.

 ЖызмыIэфыни анэдэлъхубзэкIэ

 Къысщохъур зыри къэмынэжа.

 Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэкIэ,

 Бзухэм я усэр сфIощI ефэгъуэкI.

 ГъащIэ, зыгуэркIэ укъысхуэупсэмэ,

 Анэм и макъым сыпомыгъэкI. .

- « Анэр бынхэм сыткIэ ящыгугърэ?» усэ. 

Анэр быным сыткIэ ящыгугърэ?

 ЖысIэнщ пэжи куэди ар хуэмей

Илъагъу закъуэу щытмэ бын гуфIэгъуэ,

 Къыщохъу абы дуней фIыгъуэр ей.

 Я нэщIэбжьэ бынхэм имылъагъумэ

 Плъыжь дэмыхъумэ псэкIэ къигъэщIам

И жьы хъугъуэм фIыуэ тIэкIу къалъагъумэ

 КъыхуащIыну псори къыхуащIащ.

  «Си анэ» - уэрэдым драгъэдэIуэнущ …( Кумыщ Атмир)

 

  - КъысхуэгуфIэт уэ си анэ

   Мазэ нуру пыгуфIыкI

   Ей си анэ уезэшамэ

   Сэ уэрэдкIэ пщхьэщысхынщ.

  УщыгуфIэм деж си анэ

  Си гур уэ къыпщогуфIыкI

  Сыхэбгъэлъу щытми данэ

 Уэ уи IэплIэр йохуэбэкI

  Iейуэ щыIэкъым зы ани

  Я нэхъ дахэри аращ

 Сахэдэжми сэ итIани

Къахэсхынури уэращ.

 - Демыгупсысу жытIэ псалъэ жагъуэр анэм и гум зэреуэр, ар абы зэрызэхищIэр къыдегъащI иджыпсту къызэджэну усэ «Псалъэ жагъуэ». 

Зэгуэрым семыгупсысу

 Зы псалъэ къызжьэдэкIат

Ар мамэ игущIэм нэсри

 И нэпсхэр къыщIигъэкIат.

 КIиякъым мамэ схуэшхыдэу

Зы псалъи къызжимыIат

И IэлъэщI кIапэм щэху дыдэу

 И нэпсхэр кIуэцIигъэпщкIуат.

 А напIэзыпIэм си псалъэм

СыкIэлъыпхъуэнут слъэкIам,

Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр

Къимыгъэзэж пIэщIэкIам.

 СымыщIэу сщIэнур, сыхэплъэу

 Сэ махуэ псор есхьэкIат

 Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэкIа?

 Сэ шыгъушыпсытIэм сыхэлъу

 Жэщ кIыхьри езгъэкIуэкIат

Зи псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым

 Сэ дауэ сегуэуэкIа?

 Анэгухэм нэхърэ нэхъ пIащIэ,

 Нэхъ махэ умыгъуэтын,

Зы мыхьэнэншэу къыпфIэщIри

 Яхуохъур ахэм удын.

 Анэм и быным лей къытримыгъэхьэн, ихъумэн папщIэ мафIэ лыгъэм хыхьэфынущ, хуей хъуми и псэр итыфынущ.

Анэ псалъэр алыхь-талэм и тыгъэ нэхъыфIхэм щыщу жыпIэ хъунущ, арауи къыщIэкIынщ мыпхуэдэ псалъэжьхэри хъыбархэри щIыщыIэр:

 Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.

 Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ.

 Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ. .

 Анэм и быным хуищIэр фIэмащIэщ. .

. Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ.

. Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.

 Анэхэм дапхуэдиз псалъэ дахэ хужыдмыIэми мащIэщ абыхэм я фIагъымрэ я IэфIагъымрэ къэтIуэтэну. «Быну щыIэм ягу сыкъипсэлъыкIыу» усэм къоджэ…

Быну щыIэм ягу сыкъипсэлъыкIыу

 Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузо1этыр

Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр

 Насып лъагэм фи щхьэр фигъэIэту.

 Анэ, анэ, анэ дыщэ

Быну щыIэр си щхьэм хузогъадэ

Фытхуэпсэу къепсыхукIэ щIылъэм дыгъэ

 Фи щхьэц тхъуахэр хурегуфIэ фIыгъуэм.

 Быну щыIэм ягу сыкъипсэлъыкIыу

Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузоIэтыр

 Бын гуфIэгъуэм напщIэр дыхэлъэту

 Жьыщхьэ махуэу бынхэм фащхьэщыту

 Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузотхыр

Сабийхэм ягъэзащ1эу къафэ

 Ди гъэсэн  цIыкIухэм нобэрей махуэшхуэм я анэхэм я гурыщIэ къабзэхэр хуаIуэтэну мурад я щIащ. Абыхэм утыкур хуит яхудощI! (Анэхэр зы лъэныкъуэмкIэ дыкъоув, сабийхэр бгъэдыхьэурэ зырызу къыдаш,сэугъэт ират)

Шал Хъу и уэрэдыр къоуэ. Псори утыку къихьа нэужь, «Си анэ» уэрэдыр зэгъусэу жаIэ) Дэтхэнэ Iуэхуми кIэ иIэщ. Ди зэIущIэри абдеж и кIэм нэсащ. Мы махуэ лъапIэмкIэ иджыри зэ ди анэхэм дынывохъуэхъу.

 Фи махуэр нэхуу,

 гуфIэгъуэр фи куэду,

 узыншагъэ быдэ фиIэу,

бын гуфIэгъуэ флъагъуу Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу!!!


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

8 марта в старшей группе. Сценарий "Любимые телепередачи" Праздник, посвященный дню 8 марта для детей старшего дошкольного возраста Описание материала: Предлагаю вашему вниманию сценарий праздника для детей старшего дошкольного возраста (5-6 лет), посвящ

8 марта в старшей группе. Сценарий "Любимые телепередачи"Праздник, посвященный дню 8 марта для детей старшего дошкольного возрастаОписание материала: Предлагаю вашему вниманию сценарий празд...

Сценарий праздника 8 марта в детском саду. Средняя группа Праздник 8 Марта в средней и старшей группах. Сценарий

1. Создание праздничной атмосферы для детей детского сада, родителей и педагогов.2. Формировать позитивное отношение к знаниям и школе....

Сценарий праздника осени в младшей группе.Сценарий праздника « Моя мама лучше всех».

laquo;Цель: создать праздничное настроение, способствовать становлению положительных детско-родительских отношений.Задачи:Воспитывать любовь и уважение к матери и побуждать детей сделать приятно...