Адыгэ хабзэм и зы къудамэ- адыгэ шхыныгьуэ.
план-конспект занятия (старшая группа)

Мазихова Оксана Викторовна

Ди адыгэ шхыныгъуэхэм берычэтым и мызакъуэу къэуатышхуэ щ1элъщ, сэбэпынагъи пылъщ.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл nod_adyge_habzem_i_zy_kudame-_adyge_shhynygue.docx20.26 КБ

Предварительный просмотр:

Ц1ык1ухэр группэм къыщ1охьэ.

Гъ. Ц1ык1ухэ феплъыт нобэ хьэщ1э куэд къытхуэк1уащ. Ф1эхъус гуапэк1э зэхуэдывгъэгъазэт.

Ц1. Фи махуэ ф1ыуэ ди хьэщ1э лъап1эхэ. Ди гупэу фыкъыдоогъэблагъэ.

Гъ. Махуэф1к1э тхьэр зыхуэупсэн, насыпым и бжэр зэ1уех, 1уэхуф1ф1, 1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум ижьант1эщи, хъуэхъуф1 зылъысын тхьэм фищ1.

Зигур къабзэу дэ къытхуэк1уар

Гурэ псэк1э догъэблагъэ,

Ину псоми фэ

Фыкъыдогъэблагъэ.

Хьщ1э махуэм къеблэгъахэм,

Ди махъсымэр зэ1увгъахуэ.

Ди лъэпкъ дахэм тхуэф1 тхуэхъуну,

Нэхъыжьыф1хэр фытхуэхъуахъуэ.

Гъ. Ц1ык1ухэ нобэрей ди зэ1ущ1эм иджыри зы хьэщ1э лъап1э къытхуэк1уэну дыпоплъэ, къэсам си гупэщ. (макъамэр къоуэ Адииху къыщ1охьэр).

А. Фи  махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ!

Ц1. Махуэф1 тхьэм къуит,Адиииху , къыблагъэ!

Гъ. Ди гуапэщ нобэ ди зэ1ущ1эм укъызэрырихьэл1амк1э,Адииху.

А. упсэу! Нобэ зэ1ущ1э дахэ фи1эну зэхэсхри, си гуапэу зыкърезгъэхьэл1ащ. Сэ зэрызэхэсхамк1э фэ адыгэбзэ, адыгэ хабзэм, адыгэ шхыныгъуэм фытепсэлъыхьыну аращ.

Гъ. Упсэу, Адииху, къыдыхьэ къэт1ыс.

А. упсэу.

Гъ. Ц1ык1ухэ. Къедгъэблэгъа щхьэк1э т1ысып1э дыхурикъуркъым, сыт дэ тщ1энур? (зы сабий къотэджрии т1ысып1эр хуит ещ1).

С. Къэт1ыс,адииху си т1ысып1эм деж.

Гъ. Ц1ык1ухэ мы Адииху щыгъ бостей дахэм гу лъыфта? И ц1эр сыту п1эрэ?

Ц1. Адыгэ фащэ.

Гъ. Къызжеф1эт т1э Адиииху сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэк1ауэ п1эрэ?

Ц1. Адыгэ лъэпщ.

Гъ. Пэж дыдэщ.

Гъ. Ат1э къызжеф1эт иджы, фэ сыт хуэдэ лъэпкъ фызыщыщыр.

Ц1. Адыгэ лъэпщ.

Гъ. Фызэрыпсалъэр сыт хуэдэбзэ?

Гъ. Фыпсэу пэж дыдэщ.

А. Адыгэбзэр фщымыгъупщэн папщ1э, ф1ыуэ дрипсэлъэн папщ1э, сыт хуэдэ лэжьыгъэхээр евгъэк1уэк1рэ?

Ц1. Усэхэр, уэрэдхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, къужэхьхэр зыдогъащ1э.

Гъ. Ат1э, ди бзэм теухуауэ усэ ц1ык1ухэм федгъэдэ1уэну сыхуейт.

Абгъуэм ик1ыу бгъэр лъэтэным,

Хуейкъэ дамэр ишэщ1ын.

 Ц1ыхур ц1ыхуу илъытэным,

Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын.

Ц1ыхуу щы1эм я1эщ я бзэ.

Зэра1эжым хуэдэу я псэр.

Сэри си1эщ апхуэдэбзэ.

Хэлъу дади, нани я псэм.

А сэси бзэр адыгэбзэщ,

Пшынэ 1эпэу схуэбзэрабзэу

Нарзаныпсым ещхьыркъабзэу

Къобргъук1ыр псынэ къабзэу.

Адыгэбзэр щыбзэрабзэм

Адыгэпсэр щымыжей.

Зымыщ1эжым анэм и бзэр

Гъащ1эм куэдрэ щогужьей.

Адыгэ уафэ адыгэ щ1ылъэ

Уэгум сихьамэ, щ1ылъэр си плъап1эщ.

Адыгэ уафэ адыгэ щ1ылъэ,

Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.

Уи къалэщхьиблым зыкърагъэщхьу,

Вагъуэ зэшиблыржэщк1э зэщ1облэ.

А блым еянэу нэхъ ебжьыф1эк1ыу

Си гурыф1ыгъуэр адыгэ хэкукъэ.

Уи губгъуэ куэщ1ыр пшэплъу хадык1ыр, тэрч къызэпрок1ри псыдзэ зэхешэ

Шы сыгъэшэси дэни сыгъак1уэ,

Вагъуэ жып1амэ, дыгъэ къэсхьынкъэ.

Уи нэр зыдэплъэм уи лъэр лъо1эсыр,

Къырым илъ дани улъэ1эсакъэ.

Гъ. Адэк1э къыпытщэнщ псынщ1эрыпсалъэхэр.

  1. Бдзапц1э пц1анэ

Бдзапц1э ц1ынэ,

А гъущ1 ц1ынэр

Хъун гъущ1 1унэ.

  1. 1эжьэ лъэгур ежьалъэм елъахъэр

1эжьэкъур екъуным екъутэр.

  1. Псылъэр псык1э ялъэсащ

Псалъэр псынщ1эу къапсэлъащ.

  1. Джэдыгу гъуру

Ущыдыгъуэр дэнэ щхъуэжьыр.

  1. Пхъэр сошэр

Пхъыр сошхыр.

  1. Лацэ лэпсыр зэ1ещ1э

Луцэ лэпсыр зэрещ1э.

  1. Мо шк1э бур ди шк1э,

Мошк1э бур ди шк1э.

  1. Гъущ1ым гъук1эр йопэщэщ,

Гъущ1ым хъуаск1эр къыпощэщ.

Гъ.  Псалъэжьхэр.

  1. Ущысыпэ нэхърэ пэщащэ.
  2. Ф1ыуэ плъаггъу 1уэхум 1эр хуэпсынщ1эщ.
  3. Хуэмыху унафэ щ1ынк1э 1эзэщ.
  4. Хьэрычэтым берычэт хэлъщ.
  5. Ц1ыхум иуасэр лэжьгъэщ.
  6. Щхьэхынэм и махуэр к1ыхьщ.
  7. Щ1ым зы ептым щы къуетыж.
  8. 1эщ1агъэзи1эм 1эужь и1эщ.
  9. Джатэ ищ1агъ нанэ щы1экъым.
  10. Уи хэкур лъэщмэ урогушхуэ.
  11. Акъылыр нэмысщ, былымыр насыпщ.

Гъ. Къуажэхьхэр.

  1. Адэкъэк1эу къэгъэшауэ пшагъуэм хэт.
  2. Абрэмывэ зегъазэри, купрзуз къыщ1ок1.
  3. Адрыщ1ым шыуан ц1ык1у къыщовэ.
  4. Бгъэныщк1у пэтми хэмыз, ныбэ изи пхуэмыхъу.
  5. Бжьыхьэм ягъэт1ылъу гулъ къыщищ1ым къащтэж.
  6. Блыным зыщигъазэц зэман пыбжык1.
  7. Быныр зыгъашхэу, шхалъэм дэпк1эж.
  8. Дэнэ ук1уэми пк1эрымык1.
  9. Вак1уэ дэк1ым к1элъыдок1, къаджэ- наджэу къек1ухь.
  10. Джэдыгу зэгъэнзэк1а гъэпц1ак1уэ.

Гъ. Ц1ык1ухэ, ат1э нобэ ди зэ1ущ1эм и щхьэусыгъуэ нэхъщхьэр адыгэ хабзэм и зы къудамэ- адыгэ шхыныгхуэрщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми и1эжщ езым и хабзэ. И  бзэ, и фащэ, и шхыныгъуэ. Адыгэхэри ящыщ абыхэмк1э нэхъ къулей дыдэхэм.

Ц1. Ди адыгэ шхыныгъуэхэм ди лъэпкъыр дуней псомц1эры1уж щащ1ащ. Ижь- ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъыр абы иригушхуэу, ирипагэу къок1уэк1ыр. Хэт зымыц1ыхур ди джэд лыбжьэр, тхьэмщ1ыгъуныбэр. Ди 1энэм и фащэ дахэу джэдык1эрыпщымрэ, хьэлыуэмрэ. Аращи, ц1ык1ухэ, дэ нобэ къэтпщытэжынщ адыгэхэр ерыскъык1э хьэлэлу зэрышытар.

Сыт хуэдэ шхыныгъуэхэр щы1эу фщ1эуэ п1эрэ фэ? (хьэлыуэ, лэкъум, хьэлыуэ, п1астэ, жэрумэ, тхьэмщ1ыгъуныбэ, мэжаджэ, мэрэмысэ, лы ц1ык1у лыбжэ….).

Мэрэмысэ, хугу хьэнтхъупс

Псыхьэлвэ к1эрт1оф шыпс

Сыт фыхуейми фэдгъэшхынщ

Я 1эф1агъым федгъэплъынщ.

П1астэ хуабэ, дзажэ пщтыр

Телъу 1энэм тедгъэуващ.

Лы гъэвам джэд лыбжьэр щ1ыгъуу

Мисс фи пащхьэм къидгъэуващ.

Джэдык1э нэкъыжыр шхын щ1эщыгъуэщ.

Унагъуэм щ1эсхэм тшхыну тф1эф1щ.

Тхьэмщ1ыгъуныбэр, бжьыныху шыпсыр

Ерыскъым хэмыт нэхъ 1эф1.

Лы гъур гъэжьам адыгэ 1энэр

Берчэт сыт щыгъуи ещ1

1эшыры1ыр,  кхъуей дэлэныр

Сф1эф1щи нанэ куэду схуещ1.

Гъэшк1э 1эф1у 1эджэ щы1эщ

Къыхащ1ык1 кхъуей жьапхъэ 1эф1

Шху хьэнк1эл. Жэмыкуэ жып1эми

Ди шхыныгъуэр ящ1 нэхъ 1эф1.

Хэт джэш лыбжьэр зыф1эмыф1ыр?

Мыр адыгэ шхыныгъуэф1щ.

Хэт жэруми зымыщ1ыфыр?

Фыщ1эупщ1и зэвгъэщ1эф.

Тхъурыжь 1эф1ым сытым щыгъуи

1энэр икъук1э егъэдахэ,

Мы хьэлыуэ дыубари

Фыкъэк1уати зэ1увгъахууэ.

Лы ц1ык1у лыбжьэр ди адыгэм

Зыпищ1 лъэпкъ дунейм темыт,

Тхьэмщ1ыгъуныбэр, бжьыныху шыпсыр

Ерыскъым нэхъ 1эф1 хэмыт.

Мы чыржыныр зэрысщ1ынур

Нанэ сэ сригъэсащ,

Лэкъум хуабэ зэрагъажьэм

Сык1элъыплъурэ къэсщ1ащ.

Гъ. Ди адыгэ шхыныгъуэхэм берычэтым и мызакъуэу къэуатышхуэ щ1элъщ, сэбэпынагъи пылъщ.

Псалъэм папщ1э:

Ц1. Къундэпсор зи лъатэ узхэм дежк1э сэбэпщ, гунэщ1у стакан зэрызу уефэмэ.

Ц1. Аббыхэм ящыщ нартыху хьэжыгъэри. Абы ерыскъы 1эф1 къыхащ1ык1, узыншагъэмк1и сэбэпышхуэ мэхъу.

Гъ. Иджы ц1ык1ухэ сыхей1т Адиихуи, ди хьэщ1э лъап1эхэми ядгъэлъэгъуну адыгэ шхыныгъуэхэм щыщу лэкъум зэрытпщыфыр.

Гъ. Хэт дигу къигъэк1ыжын лэкъумым и тхьэвыр зэрагъэхьэзырыр.

Ц1. Шэ, псы, шыгъу, фошыгъу, дрожжи, сода, джэдык1э халъхьэ.

Гъ. Ат1э, ц1ык1ухэ ди 1эхэр къабзэу ттхьэщ1ынщщ, к1эпхын ц1ык1ухэр зэ1утпхэнщ. Сэри си тхьэвыр тэджа щ, лэкъумыр тхунщ, сыт хуэдэ 1эмэпсымэ къагъэсэбэпрэ тхьэвыр щахук1э?

(лэкъум яху).

Гъ. Ди лэкъумыр хьэзырщ, пщэф1ап1эм едгъэхьынщи, едгъэгъэжьэнщ, ди хьэщ1эхэми лэкъум пщтыр ядгъэшхынщ. Ди лэкъумыр хьэзыр хъуху зыдгъэпсэхунщ, ди хъыджэбз ц1ык1ухэм зы къафэ фагъэлъэгъунщ.

(лэкъумыр къыщ1ахьэж)

Гъ. Ди зэ1ущ1эр ик1эм ноблагъэ. Дэтхэнэ зы1ухугъуэми лъаббжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гупэу гумми псэми къыбгъэдэк1ыу дыхуейщ  нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.

А. хъуэхъу.

Фыкъеблагъэ, хьэщ1э лъап1эхэ

Адыгэ шхын зэ1увгъэхуэнщ,

Мы берычэту къэт1этахэр

Зэращ1 фыхуеймэ фэдгъэщ1энщ.

Мы ди 1энэгум илъ хъугъуф1ыгъуэр,

Телъ ерыскъыу дгъэхьэзырам

Фыхэ1эбамэ хъунт ди гуапэ,

Ди нахъыжьыф1хэу къытхуэк1уам.