"Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ыр"
методическая разработка (подготовительная группа)

Ануся Юрьевна Малаева

Сценарий театрализованной постановки на основе одноименного повествования из устного народного творчества кабардинского народа

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл teatr.docx19.42 КБ

Предварительный просмотр:

Методическая разработка.

Сценарий в рамках муниципального конкурса   театрализованных постановок к Году дошкольного образования «Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ыр» (Къэбэрдей 1уэры1уатэм и хъыбарым тещ1ыхьауэ)

         14 апреля 2026 года                                                    Автор: Малаева А.Ю.

1уэхур сценэм къыщок1уэк1.

       (Макъамэ къоуэ, хъыджэбзымрэ щ1алэмрэ лъэныкъуэ зэрызымк1э къыкъок1хэри къоувхэр).

Щ1алэм: Жылэ махуэ хъунхэ! Фыкъаплъэ,фыкъэда1уэ! Дэ дыадыгэщ, адыгэхэм хабзэ дахэ куэди ди1эщ. Адыгэхэм ди хабзэми къежьап1э зэрыз я1эщ. Сэрмакъ курыт еджап1э ещанэм и сабий сад къудамэм и гъэсэнхэм фи пащхьэ итлъхьэну дыхуейщ, ди хабзэф1хэм щыщу зы – нэхъыжьым пщ1э зэрыхуащ1.

Хъыджэбзым: Нартхэм зы хабзэжь яхэлъащ, зи ныбжь куууэ хэк1уэтахэр, зи къару зыщ1эмылъыжхэр тажьджэм ирагъэт1ысхьэрти нарт жылэм дашт, жъыгъэибг дырашерти нэпкъым щадзыжт. Ар хабзэ нэхъыф1хэм ящыщу къэслъытэркъым, ауэ ди1ащ щ1алэ, а хабзэр ф1ык1э зэрихъуэк1ын хузэф1эк1ауэ. Абы и ц1эр Бэдынокъуэщ. Жылэ махуэ хъунхэ!  Фыкъэда1уэ! Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ым и пычыгъуэм феплъ.

(Макъамэ къеуэурэ т1ури йок1ыжхэ.Бэдынокъуэ унэм щ1эсщ, ц1ыхубзым 1энэр къегъэув, щ1алэ ц1ык1умрэ хъыджэбз ц1ык1умрэ дадэм и 1эблэр я1ыгъыу кърашэ).

Бэдынокъуэ и адэм къыпожьэри же1э: Сыту ф1ыт, ди адэ нобэ укъызэрытэджыфар. Дауэ ущыт ди адэ?

Бэдын: Хуэмурэ, си щ1алэ, хуэмурэ.Пшэрыхь сеуэну схузэф1эк1ыжкъым, мэкъу 1эмбатэ зэтеслъхьэжыфкъым, шым сышэсыжыфкъым, ауэ си1эмрэ си жьэмрэ зэхуок1уэ, ерыскъы 1эф1 щы1эмэ зы1узгъэхуэфыну сыкъегъэгугъэ.

Унэгуащэм: Хъарзынэщ дадэ, 1эф1 хъуауэ п1эрэ нобэ пхуэспщэф1ахэр? Зы1угъахуэ.

(Бэдынрэ Бэдынокъуэрэ 1энэм пэрысщ, унэ гуащэм 1энэ зэрехьэ, щ1алэ ц1ык1умрэ хъыджэбз ц1ык1умрэ я щ1ыбагъым къыдэтщ)

Шхэуэ здэщысхэм Бэдын и къуэм йоупщ1:

-  Сыт уи 1уэху си щ1алэ?

Бэдынокъуэ: губгъуэ лэжьыгъэщ си 1уэхур, ди адэ.

Бэдын: Ар тэмэмщ. Уи къарур тхьэм пигъэлъэщ. «Зи мэкъу 1уврэ зи мэш бэврэ гузавэркъым» - жа1эу ауэ сытми жа1акъым.

Т1эк1у машхэри Бэдын же1э: Упсэу, си нысэ, сыбгъэтхъащ. Ерыскъы 1эф1 дыдэ с1убгъэхуащ. Уи ерыскъыр убагъуэ. Унагъуэ лъэщ, унагъуэ бей тхьэм фищ1хэ.

                        Фшхын фщ1эн вгъуэту куэдрэ тхьэм фигъэпсэухэ.

Унэгуащэм: Уи хьэлэлщ, щэрэ лырэ тхьэм пхуищ1.

Бэдын: Сешащ, сыщысыжыфкъым, си п1эжь сэвгъэгъуэтыжамэ арат.

Щ1алэ ц1ык1умрэ хъыджэбз ц1ык1умрэ: Ныт1э дэ утшэжыфыркъэ дадэ.

Дадэр ирашыж.

Бэдынокъуэ: Дадэ фыхуэсакъыурэ и п1эм ефшэл1эж.

 ( ар жи1эурэ я ужьым итурэ йок1ыжхэр)

Унэ гуащжм: - Ди дадэ жи1а псалъэхэм  сыту купщ1э куу щ1элъ, ди дадэ сыту ц1ыху 1ущ, ар дэ сыт щыгъуи чэнджэщэгъу тхуохъу, 1ущыгъэ куэдым дыхуеущий.

«Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым» - жа1эу адыгэхэм ауэ сытми жа1акъым.

( мэгузавэ. 1энэм и 1уфэр къек1ухь).

- Си нэгу къыщ1эзгъыхьэркъым, Бэдынокъуэ къыпэщылъ 1уэхугъуэ хьэлъэр зэрыхузэф1эк1ынур.

Мыдей щыт тажьджэ урагъэт1ысхьэу удашыну! Мыдей щыт жьыгъэибг ущадзыну!

Бэдынокъуэ и щхьэр къыхуэмы1эту къохьэ.:

- Сыт ц1ыхубз зи гугъу пщ1ыр?

Унэгуащэм: Жыс1и щы1экъым, т1эк1у мы гъащ1эм сык1уэц1ырыплъри сыхэгупсысыхьащ.

Бэдынокъуэ: Сыхэгупсысыхьащ жып1а? Гупсысэм ихьыр сэращ. Си укъеуэр хэт хуэс1уэтэну, си гукъеуэр хэт зэхихыну, хэт чэнджэщэгъу схуэхъунур.

Унэгуащэм: «Узэчэнджэщын уимы1эм, уи пы1эр гъэт1ылъи ечэнджэщ» - жа1э игъащ1э лъандэрэ. Уи дзыхь къызэбгъэзмэ  чэнджэщэгъу сыпхуэхъунщ. « Ф1ым уеджэмэ ф1ы къок1уэ, мыгъуэ уеджэмэ мыгъуэ къок1уэ», ф1ым деджэнщ.

Бэдынокъуэ: Хабзэ къутэ сызэрыхъунум сыщ1огупсыс, ц1ыхум жа1энур зызогъэзахуэ, си адэм и 1уэхум сехь. Сыт си 1эмал- 1ущыр щэ мэчэнджащэ .Хэт чэнджэщэгъу схуэхъун?

Унэгуащэм: - «Чэнджащэ щыуэркъым» ауэ узыхуей чэнджэщыр , хабзэ къутэр къыбдэзы1ыгъын жылэм дэскъым. Къыпхуэнар зыщ, хабзэр бгъэзэщ1эн хуейщ.

Бэдынокъуэ: Си дей щыпэублэкъым ик1и щык1эухкъым, сыт сщ1эн хабзэр згъэзэщ1энщ, си адэр сигу къеуэми. ( т1ури нэщхъейуэ къок1ыжхэр)

( Ц1ыхухэр зэхэту щытщ. Нэщхъейхэщ)

Бэдынокъуэ: Икъук1э си гуауэщ си адэ. Жьыгъэибг гъуэгуанэр. Ауэ сыт сщ1эн, уэри уощ1эр хабзэжьыр тк1ийщ.

( Щ1алит1 гупым къыхок1ри Бэдынокъуэ къыбгъэдохьэр)

1 щ1алэм: Бэдынокъуэ уи деж къыщежьа хабзэкъым.

2 щ1алэм: Псоми  тщ1элъщ а гъуэгуанэр.

1 щ1алэм: Сэри згъэзэщ1ащ а хабзэр.

( Бэдынокъуэ гур ирешажьэ, здишэм гур мэуфэрэк1ри л1ыжьыр коху. Л1ыжьыр мэдыхьэшхыр)

Бэдынокъуэ: Сыт ущ1эдыхьэшхыр си адэ?

Бэдын: - Уэри жьы ухъурэ уи къуэм жьыгъэибг ущыридзыхк1э мы жыг лъэдакъэжьым уф1энэнк1и хъунущи аращ.

Бэдынокъуэ къэгубжьауэ же1э: - «Хэт сыт хуейми жырыре1э ик1и ирещ1э, ауэ сэ уэ мы бгым уездзыхыфынукъым».

Бэдын: - Узэрыф1эф1щ. сэри мы гъащ1эр сужэгъужыкъым, 1уэху щ1эн схулъэмык1ми гупсысэн слъэк1ынущ.

Бэдынокъуэ зеплъыхьри : Зыми сыкъилългъукъым, щыхьэт си1экъым.

- « Зи щхьэ илъым и щхьэ урилъытэнщ» - жыхуи1эращи нак1уэ си адэ, сэ зы т1ысып1э къыпхуэзгъуэтынщ.( ешэри мэзым и дей зы тйысып1э къыхуегъуэт).

Бэдынокъуэ: Иджы  си адэ уэ мыбы щ1эс зыми укъимыщ1эу, сэ шхын къыпхуэсхьурэ узгъэшхэнщ.Унэм усшэжынут, ауэ нартхэм хабзэкъутэ къысф1ащынщи сагъэпсэункъым. ( Бэдынокъуэ унэм къок1уэж).

Зэ и адэм гъуэмылэ хуехьри егъашхэ.

Ет1уанэм зыри имыхьу мак1уэри нэщхъеуэ мэт1ыс.

Бэдын: Сыт ущ1энэщхъейр си щ1алэ?

Бэдынокъуэ: Нарт щ1ыналъэр гъейм ищтащ. Зыри къыпхуэзмыхьу сыкъэк1уащ. Сыкъыздэк1уэм мы1эрысищ къыпхуэсхьу уэзгъэшхыну сехъуэпсати , псым щ1эт1ысык1ащ, бзэхащ.

Бэдын: Ди япэк1э си щ1алэ уи щхьэр  1этауэ къэк1ухьи мы1эрысэ бгъуэтынщ.

Бэдынокъуэ и щхьэр 1этауэ къик1ухьурэ зы мы1эрысэрэ зы кхъужьрэ жыгым пыту къигъуэтащ, ар къыпичщ и жыпым ирилъхьэри и адэм хуихьащ.

Бэдын: Иджы мыр хьыжи и жылэр хэфси мы1эрысэрэ кхъужьрэ куэду къыфхуэк1ынущ.

Бэдынокъуэ и адэм зэрижи1ам хуэдэу ищ1ащ.

Аргуэру и адэм и дей мак1уэ Бэдынокъуэ , нэщхъейуэ мэт1ыс.

Бэдын: Сыт си щ1алэ иджыри щхьэ унэщхъей? Сытуи мащ1э дыдэ къысхуэпхьар. Сыкъэвужэгъуауэ ара?

Бэдынокъуэ: Хьэуэ, си адэ удужэгъуакъым. Нарт хэкум гузэвэгъуэшхуэ къихъуащ. Илъэсит1 мэхъури мэш къытхуэк1акъым. Жылапхъэ къудеи димы1эжу дыкъэнащ . Тщ1энур тщ1эркъым.

Бэдын: Ат1э си щ1алэ мыращ сэ си чэнджэщыр. Къызэда1уэ. Тхьэгъэлэдж и мэш зехьап1эмрэ и мэш зешап1эмрэ к1уэжи вэ, абы къытек1эр нарт хэкум жылапхъэ фхужхъунщ.

( щ1ыр явэу къагъэлъагъуэ), (матэхэр къагъэув кхъужь мы1эрысэ гуэдзхэр илъу).

Нартхэм я щыщ зым же1э: Къыдже1э Бэдынокъуэ , дауэ уэ плъэк1а мы1эрысэ кхъужь к1уэдыжахэр къэбгъэк1ыжын, жылэ томысэу мэш бэв къэбгъэк1ын?

Бэдынокъуэ: Сэракъым нартхэ, а лъэк1ыныгъэр зи акъылыр.

Нартхэм: Хэт т1э? Къыдже1э.

Бэдынокъуэ: Тхьэ къысхуэф1уэ вжес1эмэ фымыгубжьыну.

Нартхэм: Пхудо1уэр! Къыдже1э.

Бэдынокъуэ: Си адэ Бэдынщ. Си адэр псэущ, жьыгъэибг щыздзыжакъым. Ар згъэпщк1ури сык1элъык1уащ, згъэшхащ . «Зи 1уэ былым ит нэхърэ , зи щхьэ акъыл ит» - жыхуи1эрати си адэм и акъылк1э сыпсэуащ, чэнджэщхэм сытету жи1ар згъэзэщ1ащ. Гъейм дыкъезыгъэлар си адэращ.

Нартхэм я щыщ: « Акъылыр жьак1эм ежьэркъым» - зыхужа1эм хуэдэ щ1алэу укъыщ1эк1ащ Бэдынокъуэ. ( Бэдынокъуэ зыхуегъазэри же1э).

( Ц1ыхухэм закъыхуегъазэри же1э): Жылэ узыншэ хъунхэ! Фыкъыхузоджэ, нобэ щыщ1эдзауэ Бэдынокъуэ щапхъэ тедвгъэхыну, жьы хъуахэр Жьыгъэибг щыдмыдзыжу ди жьант1эм дэдгъэсыну, чэнджэщэгъу тщ1ыну. Сыт щхьэк1э жып1эмэ: «Гъащ1эр гъуэрыгъуэ шэнтщ».