Адыгэбзэм и махуэ
методическая разработка (подготовительная группа)
Предварительный просмотр:
Зыгъэхьэзырар: Хъуэк1уэн Марьят
«Бзэрабзэ си адыгэбзэ!»
Адыгэбзэм и махуэм ехьэл1а пшыхь.
Мурадхэр: сабийхэм адыгэбзэмк1э ящ1эм хэгъэхъуэн,я бзэм зегъэужьын, лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ ящ1эр егъэбыдыл1эн.
Зэрек1уэк1ынур:
Макъамэ къоуэ гъэсак1уэхэр утыкум къохьэ.
Гъэсак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ! «Бзэр тебзэщ, Хабзэр абы и щ1эбзэщ». Дыщывгъэпсалъэ ди бзэ дахэмк1э ди унагъуэхэм, уэрамхэм, дэтхэнэ 1уэху щ1ап1эми. Адыгэбзэк1э дывгъатхэ! Ди бзэмк1э дэтхэнэ зы адыгэ зэхыхьэри зэхэдвгъашэ! Адыгэбзэм дривгъэпсэу! Бзэр бзэху, лъэпкъри нэхъ лъэщ мэхъу! Адыгэбзэ - Адыгэпсэ!
Гъэсак1уэ: Адыгэбзэм махуэ псори ей пэтми, ди бзэми махуэ хэха иlэу догъэлъапlэ нэхъ лейуэ. Махуэшхуэр зытеухуар 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм япэрей адыгэ Хьэрфылъэ тхылъ къэзэрыдэкlарщ. Зи lэдакъэщlэкlыр Бырсей Умарт, хьэрып тхыбзэмкlэ зэхэгъэуват.
Гъэсак1уэ: Адыгэбзэ, анэдэлъхубзэ! Мы псалъэхэр ди гум къохуэбыл1э, дегъэин. Абы дэ зэхыдегъащ1э къыддалъхуа , ди гум щыдгъаф1э бзэ лъап1э дызэри1эр. Зи бзэр ф1ыуэ зымылъэгъуж , ар зымыщ1э ц1ыхум къыщалъхуа лъэпкъыр ф1ыуэ хуэлъэгъунукъым. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.
(«Хъуромэ» джэгузэхэшэр жа1э. Сабийхэр утыкум къохьэ).
Уэ хъуромэ, хъуромэ,
- Уо, уо!
Уэ хъуроми токъу,
-Уо, уо!
Токъмакъ зи 1эщэ.
- У о, уо!
Зи 1эщэрилэ,
- У о, уо!
Елэн къэгъэши,
- У о, уо!
- Чышыр зи уанэ,
- Уо, уо!
Уанэ лъэгубгъуэ.
- У о, уо!
Хъан и губгъуэ дивгъэхьэ,
- У о, уо! Девгъэджэгуажьэ!
- У о, уо! Дызэпевгъауэ!
- Уо, уо!
Сабий: Нобэ Щ1ышылэм _________ди сабий садым щыдогъэлъап1э ди бзэ дахэу Адыгэбзэм и махуэ лъап1эр.
Сабий: Гъагъэ си Хэкуу, адыгэ жьэгу!
Ди гъащ1э 1эф1ыр уи насып лъащ1эу,
Гъагъэ, щ1эращ1э, адыгэ Хэку!
Сабий: Ф1эхъус апщий! Ди Хэку лъап1э!
Фи махуэ ф1ыуэ!
Сэлам гуапэ фыдох!
Сабий: Дэ адыгэ щ1эблэм ди къалэнщ къыдалъхуа бзэр, ди адэшхуэхэм къащ1эна хабзэ дахэр тхъумэну, ипэк1э дгъэк1уэтэну, лей къытедмыгъэхьэну.
Сабий:
Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж
Си гукъыдэж, си гурыф1ыгъуэ,
Узи1эу зыми семыфыгъуэ
Узи1эу зыми семыиж.
Си анэдэлъхубзэ, уэ улъэщщ,
Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ
Ц1ыхугу дэтхэнэри къот1эщ1
Уэ ущагъабзэк1э 1эрыхуэу.
Сабий:
Уэ уаф1эжьгъейми къэбгъэщ1ащ
Зэрыдунейуэ зэджэр «Нартхэр»
Гъэ минхэр, си бзэ уэ бгъэщ1ащ
Иджыри мащ1экъым уи нат1эр.
Си лъэпкъым щ1эблэ къыщ1эхъуам
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу
Я нэхъ тхьэмыщк1э ущыхъуам
Уре1э уэ, си адыгэбзэ
Уэрэд жа1э: __________
Сабий: Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ.
1. Зи бзэ зымыщ1эж лъэпкъыр хэк1уэдэжащ.
2. Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э хъунущ.
3. Хьэщ1эр гъаф1э, ц1ыхуф1ыр лъытэ.
4. Уи анэ къыбжиӀэм едаӀуэ, уи адэ къыбжиӀэр гъэзащӀэ.
5.Фащэм я нэхъ дахэр укӀытэщ.
6. И к1эм упытми, гупым яхэт.
7. Жьант1эм ущ1эмыкъу, пхуэфащэмэ, къыплъагъэсынщ.
8. Мащ1эр ф1ыщ1э зымыщ1ым куэдри ф1ыщ1э ищ1ыркъым.
Сабийм: Ди бзэм теухуа усэ адэк1э фыкъеда1уэ.
Сабийм:
Сэ си нанэр папэ янэщ,
И псэр адыгэпсэщ.
Сэ си дадэр папэ ядэщ,
И бзэр адыгэбзэщ.
Адыгэпсэ- нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ- дадэ и бзэ,
Сыту убзэ дахэ!
Фщ1эрэ фэ а бзэм и л1ыгъэр?
Ар йопсалъэ дыгъэм.
Сыту ф1ыщэт уэ ди дыгъэр
Узэрыадыгэр!
Сабийм:
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1эу
Пхуахъумам ар пэщ1.
Я фэеплъщ адэжьхэм
Бзэм я нэхъ къулейр.
Зи бзэ зымыдэжхэм
Зэй уадэмыплъей.
Сабийм:
Зи бзэ хуэмеижхэр
Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.
Бзэр 1эщ1ыбмэ-йобэ,
Мэхъу тэджыжыгъуей.
Ар хъумэныр нобэ
1ущагъ псом ялейщ.
Адыгэбзэр гуапэщ,
Лант1эщ ик1и лъэчщ.
Дыгъэ налъэу хуабэщ.
Уи псэм и дэнлъэчщ.
Сабийм:
Си бзэр насыпышхуэщ,
Ижь-ижьыж бзэщIэжщ.
Хэкущ, жьэгу пащхьэщ, хышхуэщ,
Хабзэ зэтещIэжщ.
Ар си адэ-анэщ,
Си къэрэгъул бжыхыщ.
Тхыдэщ, гъуэгущ, гъуэгуанэщ,
Сабийм:
Ар насыпырыхыщ.
Си бзэр ущиякIуэщ,
Лъэпкъым и уэчылщ.
Ар ди узэщIакIуэщ,
Ди хьэл-щэн акъылщ.
Ар къурш щхьэпэлъагэщ,
Ар хъер-хъыбарыжыц.
Лъэпкъыр зэрыпагэщ,
Бэшэч угъурлыжьщ.
Сабийм:
Ар усыгъэщ, тхыгъэщ.
Лъэпкъ мыгъэкIуэдыжщ,
Ем фIыр щызыхъумэ
ГуащIэ щымысхьыжщ.
Си бзэр псэущ, псэунущ,
ПлъапIэм Тхьэр итыху!
Зы адыгэ псэууэ
Мы дунем тетыху!..
Сабийм:
Уэ бзу ц1ыку1м
Адыгэбзэ
Хэт уэзыгъэщ1ар?!
«Псы сыхуол1э, т1у»,-
Жып1эфу
Сэ къызэрысщ1ар
Сылъэтэным хуэдэу,
Гуапэ,
Гуапэ къысщыхъуащ.
Урикъухук1э
Псынэпс щ1ы1э
Ефэ,
Къыпхуэсхьащ!
Сабийм:
Си бзэ дахэу Адыгэбзэ,
Си бзэ дахэу Уэ си нэху!
Уэращ Си анэдэлъхубзэр
Сф1эбэмащ1эщ Сыпсэлъэху!
Си насыпти Уэ узи1эщ,
«Нур» журналым Сыкъоджэф!
Дади нани Сопсэлъэф!
Сабийм:
Эй, адыгэ къафэу ди гум щыдгъаф1э,
Зи фащэ ек1ур дыгъэм пэлыд.
Лъэпкъ хабзэр, л1ыгъэр къызыхэщ къафэр,
Утыку ихьащи лъапэр щолыд.
Къафэ____________
Гъэсак1уэ: Дэтхэнэ зы лъэпкъым ещхьу ди адыгэ лъэпкъми дамыгъэ ди1эщ. Ц1ык1хэ дызэгъусэу дывгъэщ1ыт ди адыгэ бэракъыр (ягъэзащ1э,мэкъамэ къоуэ)
Сабийм, хъуэхъу псалъэ:
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Пшэрыхьыр вгъэвэфу.
Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!
Узыншэу фыщытхэ!!!
Гъэсак1уэ: Дадэрэ нанэрэ я гъэф1эн ц1ык1ухэ, мамэрэ папэрэ я дыгъэщыгъэхэ, ди гугъап1э, ди плъап1э 1эф1хэр зэпха, ди щ1эжьей дыщэ ц1ык1ухэ, фыпсэухэ, дахэ дыдэу, жыджэру фыхэтащ ди махуэшхуэм.
По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Конспект НОД по Краеведению "Адыгэ фащэм и махуэ"
Занятие направленно на формирование у детей региональной культуры.https://vk.com/wall822012111_8...

