Фольклорно-этнографический праздник "Бажэ пшынэ"
материал (подготовительная группа)

Шханукова Зарема Славиковна

Фольклорно-этнографический праздник "Бажэ пшынэ"

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл bazhe_pshyne.docx34.43 КБ

Предварительный просмотр:

Ф1эхъус салам!                                                     Сатаней

Ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Ди жюри нэ жанхэ!

Нобэрей ди зэ1ущ1эм еплъыну  къэк1уахэр

Гуапэу фыкърегъэблагъэ Малкэ къуажэм 2 садым щыщ гупым.

Дыкъэк1уащ дэ нобэ дыфпеуэну,

Девгъэблагъэт хьэщ1эхэр, жюри,

Фымыщхьэх 1эгу т1эк1у фыкъытхуеуэну

Дэ фи гукъыдэжыр къэт1этынщ.

Фыкъеблагъэ зи бзэр псэм пэзыщ1хэр.                     Бэлэ

Зи псэм ипэ хабзэр изыгъэщхэр.

Ар лъэпкъ набдзэу къэзыбж псори

Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ.

Ди зэпеуэм и щ1эдзап1эу

Дэ дыкъохьэ тхьэры1уап1эм.

Егъэджак1уи, ди ади, ди ани

Ди ныбжьэгъуи къыдэплъ псоми,

Псалъэ быдэ дэ фыдот:

«Тек1уэныгъэр т1эщ1эк1 хъуми                            Псоми

Ди ц1ыхугъэр здэтхьыжынщ».

Си Хэку

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, си лъахэ, си гущап1э!           Камиллэ

Си адэжь щ1ыналъэу, си гугъап1э

Утхуэпсэу 1ущагък1э псом уаф1эк1ыу.

Хьэлу 1ыхьэ дыбгъэшхар дгъэпэжу,

Уи ц1эр нобэ хуэдэу лъагъэу, лъап1эу,

Си Хэку уардэ!

Къэрэлыгъуэ лъэщу

Мы дунейм удзыпэ къыщык1ыхук1э

Утетыну нобэ сыпхохъуахъуэ.

                                  АНЭ                                            Щхьэныкъуэ Иринэ

Щы1эу къыщ1эк1ынкъым сабий гущэ

Анэм щ1игъэхъаем нэхъ нэхъ тынш,

Маблэ маф1эр 1эджэк1э нэхъ гуащ1эу

Анэм щызэщ1игъэстам и деж.

 Къэбгъуэтын, и1ыгъыу уи гущэкъур.

 Анэм къыбжи1ам нэхъ уэрэдыф1

 Пшхауэ п1эрэ уэ зэгуэрым щ1акхъуэ

 Анэм пхуигъэжьам нэхърэ нэхъ 1эф1?

Щ1ылъэм теткъым анэм нэхъ гумахэ

Щ1ылъэм теткъым анэм нэхъ бэшэч

Анэр, нурыр къыщхьэщихыу, дахэщ.

Къытомыхьэ уэ абыхэм шэч.

 Анэм и быдзышэр уэрк1э лъап1эщ

 Уигу ихункъым- илъэс мини псэу!

 Анэм и 1эм хуэдэу щабэ, гуапэ

 1э къытебгъуэтэнкъым дуней псом!

Псалъэжьхэр

  1. Акъылым уасэ и1экъым, гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым.      Камилэ
  2. Нэхъыжьыф1 зи1э нэхъыщ1эф1и и1эщ.           Даянэ
  3. Сабий макъ зыщ1эмы1ук1 унэр бэнщ.              Сатаней
  4. Сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ.           Динэ
  5. Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э.   Бэлэ
  6. Уи адэ-анэм яхуэпщ1 намысыр уи быным къыпхуащ1ыжынщ. Лаура
  7. Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ.   Иринэ
  8. Сабий зыгъасэ хасэм хок1ыж.                Лянэ
  9. Сабий насып къыдок1уэ.                        Элинэ.

ГУЩЭХЭПХЭ

Адыгэ хабзэм ипкъ итк1э унагъуэм щызек1уэ хабзэхэр 1уэхугъуищым  ехьэл1ауэ плъытэ хъунущ. Абы теухуауэ мыпхуэдэу жа1э: «Дэтхэнэ ц1ыхум щхьэк1э лъэпкъыр щэ зэхохьэ: къыщалъхуам деж,  и хьэгъуэлыгъуэм щыгъуэ,  дунейм щехыжк1э». Мы 1уэхугъуищым щыщу дэ дыкъытеувы1эну дыхуейт  сабийм к1элъызэрахьэ хабзэхэм. Нэгъуэщ1 зы лъэпкъи щы1экъым сабийм  ехьэл1ауэ апхуэдиз хабзэ зи1э. Дыхуейт дыкъытеувы1эну гущэхэпхэм.

ГУЩЭХЭПХЭ

Гуащэ –              Мэшыкъуэ Даянэ

Думэсарэ-          Джэдмышх Элинэ

Лацэ-                  Шк1ахъуэ Лианэ

Нысащ1э-           Хъуран Бэлэ

Благъэ фыз-      Теувэжыкъуэ Динэ

Благъэ фыз-      Хьэжнэгъуей Сатаней

Гъунэгъу фыз-   Яхъул1э Лаурэ

Гуащэ-

-Нобэ ди гуф1эгъуэшхуэщ. Нобэ ди махуэ лъап1эщ.

Си нэм и нэхуу си псэм и хъуахуэу си къуэрылъху ц1ык1ум хузощ1 гущэхэпхэ.

-А нысащ1э, ей хъыджэбз, хьэщ1э ихьэгъуэ хъуащ. Псори хьэзыр тщ1ауэ п1эрэ? Тхьэ сымыщ1э мыпхуэдизу сыщ1эгузавэри.

Нысащ1э

-Умыгузавэ, нанэ, псори хьэзырщ.

-Мыпхуэдизу умып1ейтей. Дызэф1ыхьа хуэдэщ.

Гуащэ

-Уа, Лацэ, гущап1эр, гущап1эр дэнэ щы1э?

Лацэ

-Мис 1ей, на гущэ, нанэ, псори хьэзырыпсу уи пащхьэ нэхум ити.Сытуи1ейуэ угузавэрэ. Къыпщыщ1ар сыт?

Гуащэ

-Фыпсэу, си псэр зышхынхэ, Азэлыхь ди хьэщ1эхэри къэса си гугъэм.

Фык1уэт фапежьэт, къевгъэблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэр.

Лацэ

-Фыкъеблагъэ. Зэрыжа1эщи,адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. Фынак1уэт,

фыныдыхьэт. А1ей,Хьэлимэт, Тхьэ дыдэ уэ угъунэгъуу умыщ1эну. Сыту 1ейуэ зыкъытхуэбгъэхьэщ1эрэ.

Хьэщ1эхэм

-Ф1ым дихуиблагъэ.

Гуащэ

-Фыкъеблагъэ, си псэр зэзгъэшхынхэ. Фыкъыдыхьэ. Нобэ сигуф1эгъуэшхуэр

къыздэзы1этхэм яхуэзмыщ1эн сыт щы1э. А1ей, Гуащэгъагъ, ныдыхьэ жьант1эмк1э жыхафэгум ущымыт1ысу. Хьэмэрэ си напэ техын уи пщэ къихуауэ ара?

-А сымыгъуэщ, мыбыхэми щхьэ фыхэта1ей. Тхьэ дыдэ сывгъэук1ытам.

Псоми

-Апхуэдэу жумы1э 1ей. 1энэщ1 дыдэу дыкъэк1уэфынутэкъым.

Гуащэ

-Гуф1эгъуэк1э Тхьэм фхузигъэщ1эж. Къызыхэфх ныкъуэ мыхъуу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу.

-Нт1э псори дызэхуэса хуэдэщ, Думэсарэ. Адэк1э 1уэхур уи пщэ изолъхьэ.

-Лацэ, нысащ1э, фэри жыжьэу фыщымыту фыкъэк1уатэт. Нобэрей

дауэдапщэр фэращ зэтщ1эк1ыр.

-Къафщтэт си дуней нэхуу си псэ т1эк1ур зэзгъэшхын си къуэрылъху ц1ык1ур.

Хьэщ1эхэм

-Пу, пу мэшэлэхь.Мазэм ухуэди,1еижь ц1ык1у.

Хьэлимэт

-Пу, пу,гъуамэжь ц1ык1у. Дыгъэм ухуэди,Гъуамэжь ц1ык1у.

Думэсарэ

-Нт1э си т1асэхэ, мы лъэпкъ 1умахуэм я гуф1эгъуэшхуэр ядэт1ыгъыну

дызэхуэсауэ аращ нобэ. Сыхуейщ хъуэхъуф1к1э 1уэхур сублэну.

Хъуэхъу

Сыхуейщ хъуэхъу псалъэк1э зыфхуэзгъэзэну

Фи дунейр нэхъ дахэ хъуну.

Сабийхэр зыми хуэмыныкъуэу,

Жьы хъуамкъемы1эу ц1ыху гу щ1ы1э.

Къалъхуам гуф1эгъуэ етщ1эк1ыфу

«Тек1ыжым» и пщ1э игъуэтыжу.

Зыхуэзэм ц1ыхухэр зэхуэгуф1эу.

Гуапагъэм щ1ылъэр дэщ1эращ1эу.

Блэк1ар ди тхыдэм ихъумэфу.

Къэк1уэнум ф1ыгъуэ къытхуздихьу.

Мы дуней дахэ дызытетым

Ц1ыху зэхэщ1ык1ыр нэхъ жан хъуну.

Зэзауэ зэи щымы1эну,

Лейзехьэ дунейм темытыну,

Мэкъумылэр щ1ылъэм темык1ыну,

Гуэн нэщ1 зы ц1ыхум имы1эну,

Жьэгу пащхьэр нуру къытхуэблэну,

Щ1эблэ узыншэ къытщ1эхъуэну,

Нэмысыр нуру тхуагъэблэфу,

1уащхьэмахуэ хуэдэу фи пщ1эр лъагэу,

Абы телъ уэсым хуэдэу фи напэр хужьу,

Абы къыщ1эж псынэм хуэдэу фи гур къабзэу

Дунейм куэдрэ фытетыну

Нобэ мы гущэхэпхэм кърихьэл1а псоми

Сынывохъуэхъу.

Псоми

1эмин. Тхьэм жи1э.

Думэсарэ

-И1эт т1э иджы, нысащ1эхэр гъунэгуу фыкъек1уэтал1э. Щ1эддзэнщ.

Иджы, си т1асэхэ, мы гущэр къызэрыгуэк1 гущэкъым. Пхъэм я нэхъ угъурлы дыдэм –хьэмк1ут1ейм –къыхэщ1ык1ащ мыр. Сэ мыбы бынибгъу ирисп1ащи, уи къуэрылъху ц1ык1ум тыгъэ хузощ1.

Гуащэ

-Е ф1ыгъуэ нэхур зыхуищ1эн. Дыбгъэунак1э Тхьэ пхузо1уэ.

Думэсарэ

-Дэнэ щы1э джэду гъуабжэжьыр. Хэвгъэгъуалъхьэт.

К1ущэ нагъуэу, щабэрык1уэм Уи жей 1эф1ыр гущэм къинэт.

Ат1э,си т1асэхэ, сабийр гущэм хэпхэнипэ и бынжэ ц1ык1ур гъущамэ

еплъын хуейщ.Щыхэппхэк1э и п1эщхьагъыр лъахъшэ пщ1ымэ,

щхьэдэгъэзейуэ, щхьэукъэу къэнэнущ; п1эщхьагъыр лъагащэмэ, дамэ гуэлэл хъунущ; и 1ит1ыр к1эщ1эбгуэмэ, пщагуэу, дамэдууэ къэнэнущ; и лъакъуэ ц1ык1ухэр зэпкъузыл1ащэмэ, лъэгуажьэ к1энауэ (лъэгуажьэ зыщыхъуэ) хъунущ; лъапэ гущэпсыр къэбгъэт1асхъащэмэ,

лъакъуэ 1ушэ ищ1ынущ.

Сабийм и лъакъуэ зэхуакум пл1ащ1эу зэк1уэц1ылъу хъыдан щабэ

далъхьэрти, быдэу япхэрт. Сабийм и лъэтхьэмпэхэр укъуэдиярэ шэщ1ауэ хэпхамэ, и лъэгудыгъуэхэр куу мэхъу. Зи лъэгудыгъуэр куу ц1ыхум зек1уэк1э дахэ и1эщ. Лъэгубгъуэм зек1уэк1э дахэ къищтэркъым, ар бабыщым хуэдэу зеуалэущ зэрызек1уэр. 1эмал хъэрзынэу къагъэсэбэпхэм ящыщщ ц1ыбэри.

Мэл лъэдий къупщхьэм къыхэхауэ и кур гъэкъэбзауэ и щхьэбгъум гъуанэ хуэщ1ыжауэ сабийм дыболъхьэри абы и ф1ыгъэк1э гущэм гъущэу хэлъщ.

Сабийр щыбгъашхэк1э зы лъэныкъуэк1э ует1ысыл1э зэпытмэ, ар

щхьэп1ащ1э пф1эхъунк1э мэхъу. Абы къыхэк1ыу зэ зы лъэныкъуэмк1э, ет1уанэ гъэшхэгъуэм адрей лъэныкъуэмк1э ет1ысыл1апхъэщ. Сабийр

гущэм къыхэпха иужь уэншэкум ф1ыуэ жьы щ1егъэхун хуейщ.

Мы зыри къыжы1апхъэщ. Хъыджэбз ц1ык1ум и 1эм

щызэк1уэц1ахам деж лэныстэ, е дэрбзэр 1эрык1 гуэр 1эщ1алъхьэрт, 1эпщ1элъапщ1э хъун папщ1э, щ1алэ ц1ык1умкъамэ ек1эрахъуэ1эщ1алъхьэрт, хахуэ хъун щхьэк1э.И1э, иджы си дыгъэ щыгъэ лэу, лэу щ1ы. Быдзышэ жей нок1уэрэ.

Гуащэ

-А нысащ1э, сабийр жеяк1эщ.

Ижы,си хьэщ1э лъап1эхэ, зывмыусыгъуэджэу фыкъек1уэтал1эт. Си къуэрылъху ц1ык1ум и ц1эк1э зы гуэгушыхъушхуэ

фхуэзук1ащи зыдвгъэгъэтхъэжыт.

УЗЫНШЭ ФЫХЪУ

Къурш уардэу дыжьын щ1ы1у-бгырыпхым        Камилэ

Сеплъыху солъагъу ди адыгэпхъухэр,

Жызо1э апщ1эндэху: «Си шыпхъухэ,

Ди анэхэ, узыншэ фыхъухэ!»

Уэлбанэ щыблэр гум къигъык1ыу                      Сатэней

1эгуауэ щ1эту джэгу ек1уэк1ыу

Щрашэм унэм джэгу зэблэк1ыу,

Жызо1э сэ: «Узыншэ фыхъухэ!»

Гухэлъ нэф1ыц1эм къыщ1элъэлъу,                   Динэ

Ущеплъым пшэплъу нэк1ур ф1эплъу,

Ди пщащэр щыхъум нэмыс пщалъэ

Жызо1э сэ: «Узыншэ фыхъухэ!»

Нэпс гуауэр нэк1ум и мыщыгъэу                       Лаурэ

Гуф1эгъуэм нит1ыр щижьыщ1ыгъэм,

Къытхыхьэм ди бзэр щиуэздыгъэм

Жызо1э сэ: «Узыншэ фыхъухэ!»

Ахын гъущыху, диихук1э дыгъэр,                      Псоми

К1уэдыху ди 1уащхьэмахуэ и бгъэр

Псэуну ди бзэр, хабзэр, л1ыгъэр

Хущ1экъухэр псори фыхъу узыншэ!

Ди зэ1ущ1эр и к1эм нэблэгъащи                       Лаура

Нобэ зэман къыдэзыгъахуэу,

Ди дэрэжэгъуэр къыддэзы1ыгъыу,

ди зэ1ущ1эм къеблэгъахэ

Ину Берычэт Бесын- вжыдо1э!

Узыншэу фыщытхэ!


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Сценарий семейного фольклорно – этнографического праздника в ДОУ «САБАНТУЙ»

Поволжье- многонациональный регион.Каждый народ славен своей культурой,традициями,праздниками.Познакомить с одним из народных праздников-Сабантуем вы сможете на спортивном семейном празднике....