" Бажэ пшынэ"
материал (подготовительная группа)
Сценарий к фольклорно - этнографичекскому празднику. Национальный обряд кабардинцев укладывания ребенка в люльку.
Скачать:
| Вложение | Размер |
|---|---|
| 14.11 КБ |
Предварительный просмотр:
МКОУ"СОШ№3" с.п.Сармаково
Районный
фольклорно - этнографический
фестиваль
" Прекрасный мир народного
творчества"
в номинации " Бажэ пшынэ"
Воспитатели:
Хашкулова Э.И.
Махова Л.С
" Бажэ пшынэ"
Нобэ гъатхэпэ махуэм и т1ощ1рэ щым " Бажэ пшынэ" зэ1ущ1э зэ1утхар
Тхьэм угъурлы тхуищ1.
Адыгэ Хэкур вэгъ- зэгъ унагъуэрэ
Зэгъунэгъуит1ыр дызэхуэзэшу
Акъылу ди1эм хэдгъахъуэу
Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу
Мураду ди1эр къыдэхъул1эу
Ф1ыгъуэу ди1эр зэдэдгуэшу
Ет1энэгъэ п1алъэ тхьэм ф1ыгъуэк1э дынигъэс.
Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм и ещанэ курыт еджап1эм и къудамэ сабий садым и гъэсэнхэм фагъэлъагъунщ адыгэ хабзэм и зы теплъэгъуэ дахэ " Гущэхэпхэ".
Нобэ ди гуф1эгъуэщ
Ди гъунэгъухэр къысхуэвжыхь
Хьэблэм дэсхэм псоми жеф1э
1ыхьлы зыри къэвмыгъанэ
Къуажэ- жылэ фыкъызэхуэс
Нобэ ди гущэхэпхэщ
Къэрдэн лъэпкъым хэхъуэ я1эщ. Абыхэм къахэхъуащ хъыджэбз гуащэ, дыгъэ-щыгъэ ц1ык1у.
Адыгэхэм щыпэлъхуу хъыжэбз ц1ык1у я1эмэ, унагъуэр насыпыф1эу ябжырт.
Сабийр гущэм хэпхэн хуей щыхъур и бынжэ гъуща иужьт.
Сабий япэ дыдэу гущэм хэпхэн хуей щыхъум деж, абы дауэдапщэ ц1ык1у иращ1эк1ыу щытащ гущэхэпхэк1э еджэу.
Нт1э, нобэ зэрыжыт1ащи Къэрдэнхэ унагъуэ насыпыф1э дыдэщ, я хэхъуэм теухуауэ гущэхэпхэри зэ1ухащ.
Сабийхэр ст1олым мэт1ыс.
Игъащ1э лъандэрэ зэрыжа1эщи сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ жа1э.Алыхьым къыфхэхъуар гущэпс быдэ фхуищ1.
Сабий макъ зыщ1эмы1ук1 унэр бэнщ жа1э.Псэ быдэ ц1ык1у тхьэм фхуищ1, фи хъыджэбз ц1ык1ур.
Сабийм насып къыдок1уэ жа1э, фи насып нэхъыбэ ухъу.
Ц1ыху зып1 ц1ыху уасэ хон жа1э,узыншэ, насыпыф1э тхьэм тхуищ1.
Гущэр къагъэуври жа1э:
Мы ди гущэр къызэрыгуэк1къым, ат1э хьэмк1ут1ей жыгым, пхъэ угъурлым къыхэщ1ык1ащ.
Хьэмк1ут1ейм къыхэщ1ык1а гущэм хап1ык1а сабийхэр нэхъ узыншэу,угъурлыхэу, насыпыф1э ц1ык1ухэу ябжырт.
Гущэм сабийр япэу хэзыпхэр ц1ыхубз нэхъ 1эк1уэлъак1уэу, быныф1эу щытрат.Гущэр жылэм ипщэ лъэныкъуэмк1э щагъэувырт. Сабий хапхэн ипэк1э гущэм джэду ирагъэт1ысхьэу щытащ. Ар апхуэдэу щ1ащ1ым и мыхьэнэр, сабийм и гущап1эр щабэу, тыншу щытыну ялъытэрт.
Мэз псэущхьэхэр гъэджэгун зэшыгъуэ щыхъури бажэр къуажэм къыдыхьащ, Къэрдэнхэ я гущэхэпхэм кърихьэл1ащ.
Бажэр кьафэурэ къыдохьэ, пшынэр и1ыгъыу.
-Къеблагъэ бажэ ц1ык1у.
-Фи еблагъэ куэд ухъу. Си гуапэ дыдэу сынеблэгъэнщ тхьэ.
1уэху зи 1уэху,1уэху хуозэри,
Шхэн зи1уэху- шхэн хуозэ жыхуи1эращи, моуэ къет1ысэх,узырихьэл1эр шхыныф1щ жа1э. Ди хъуэхъуи къеда1уи уи хъуэхъуи зэхэдгъэх.
Тхьэ сф1эф1 дыдэу сыныфхэт1ысхьэнымэ....
Бажэр яхот1ысхьэ.
Къэфхьыт ди хъыджэбз гуащэр, едгъэлъагъунщ бажэжь ц1ык1ум гущэхэпхэ.
Я1элыхьышхуэу ф1ыщ1эри щытхъури зей, ди дыщэ к1анэу щ1эблэ кьытхэхъуам, нобэ япэу зыхэгъуалъхьэ гущап1эр угъурлы хуэпщ1ыну,гущап1э тынш щыпщ1ыну дыхуохъуахъуэ.
Зэрыхабзэщи гущэхэпхэм нэхъыбэу анэ щ1алэр щагъасэу щытащ.
Къаплъэ нысащ1э, къэда1уэ, нэм илъагъу – 1эм ещ1эж жыхуа1эращ.
И 1ит1ыр и лъакъуит1ыр шэщ1ауэ хэпхэн хуейщ, и лъакъуэ зэхуакум хъыдан п1ащ1э дэлъхьэн хуейщ, сабийм и щхьэми хуэсакъын хуейщ, п1эщхьагъыр лъагэ хъу хъунукъым. Сабийм ц1ыбэ далъхьэу щытащ, ар гъущэу,тыншу жеин папщ1эк1э. Сабийм 1эщабэ-1ущабэу е1усэн хуейщ, бзэ щабэк1э сабий зыщ1эжейк1ын дзапэ уэрэд ц1ык1у жеп1эн хуейщ.
Уэрэд:
Жей, си 1эф1 си ф1ыгъуэ
Жей си гурыф1ыгъуэ
Щабэщ уи гущап1эр,
Тыншу зыгъэпсэху
Жей, си нэху си дыгъэ
Жей, си насып щыгъэ
Гъэ зэрытехьэхэу, лъапэк1э зежэн.
Бажэм:
Фи хъыджэбз ц1ык1ум гъащ1э к1ыхь и1эну
Махуэ жагъуэ имыщ1эну
Фи1э ф1ыгъуэр игъэбагъуэну
Лъэк1ыр ищ1эу и пщ1эр уэру
Зымахуэр и насыпищэу
Намысыф1эу нэхъыжьым пщ1э хуищ1ыу
Хъуэхъур и куэду фызыхуейм хуэдэ фхуэхъуну сынывохъуэхъу
Хъыджэбз ц1ык1у къыфхэхъуар
Къарэкъатинэу, бэрэт1инагъуэу,
Дэнагъуэ 1упэу, щхьэцыпэ дыкъуакъуэу
Щхьэнтэм тесым тхьэрыкъуэу, зиукъуэдиямэАслъэну
Аслъэн сокур и щхьэцу, щхьэцыдзэ к1ыхьу
Хьэл-щэныф1эу, ф1ыгъуэ нат1эу
Куэдрэ узыншэу Тхьэм фхуигъэпсэу.
Бзур зы1этыр дамэщ.Ц1ыхур зы1этыр акъылщ жа1э.
Аращи фи хъыджэбз гуащэр акъылыф1э тхьэм фхуищ1.
К1адэ дащхьэ, Гущхьэ лъынэ
Нанэ и гуащэ нэху
Хужьурэ 1эф1, ф1ыр зыдэбагъуэ.
Зи узыгъуэр к1уэдын.Нанэ хъухук1э псэун тхьэм фхуищ1.
Сабийр гущэм хапхащ, хъуэхъу дахэ куэди хужыт1ащ.
Ди пщащэ 1ущабэ дахэхэм къафэну утыкур хуит яхудощ1.
Хъыджэбз къафэ.
Хьэщ1эр гъаф1э
Ц1ыхуф1ыр лъытэ жыхуи1эращи,
Нобэ пщ1э къысхуэфщ1а, си нэгу зевгъэужьащ, хабзэ дахи сывгъэлъэгъуащ.
Нобэ сыту ф1ыщэу сыкъырихьэл1ат мы фи гущэхэпхэм.
Мы сабийм хъуэхъуу хужа1ар тхьэм къылъигъэс, фи унагъуэм тхьэм къыринэ.
Нобэ фэдгъэлъэгъуа гущэхэпхэм хуэдэ куэд зи унагъуэ, зи лъэпкъ щезыгъэк1уэк1ын дэтхэнэ зы мыбдеж къеблэгъари тхьэм фищ1.
По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Фольклорно-этнографический праздник "Бажэ пшынэ"
Фольклорно-этнографический праздник "Бажэ пшынэ"...