Сказка "Теремок" "Унэ ц1ык1у"
материал

Баева Фатима Гисовна

Сказка "Теремок" на кабардино- черкесском языке "Унэ ц1ык1у"

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл skazka_teremok.docx15.88 КБ

Предварительный просмотр:

Унэ ц1ык1у

Губгъуэм итщ зы унэ ц1ык1у мыин дыдэу лъахъшэ ц1ык1у. Блож гъунэгъуу дзыгъуэ ц1ык1у. Зи к1э ц1ык1ур гъуабжэ ц1ык1у.

- Хэт- хэт унэ ц1ык1ум щыпсор? Хэт- хэт лъахъшэ ц1ык1ум щыпсор? Зыри щыпсокъым, жьыбгъэр щопсэу. Сэ дзыгъуэ ц1ык1ур мыбдеж сыщыпсэунщ.

Пк1эуэ- пк1эуэ къэсащ, хьэндыркъуакъуэ бжьакъуэжьей.

- Уакъ- уакъ, хэт- хэт унэ ц1ык1ум щыпсор, хэт- хэт лъахъшэ ц1ык1ум щыпсор.

-Ар сэращ дзыгъуэ ц1ык1у гъуабжэ ц1ык1ущ. Уэ ухэт?

-Сэ сыхьэндыркъуакъуэщ. Уигъусэу сыпсэуну сынэгъак1уэ.

-Къак1уэ- къак1уэ хьэндыркъуакъуэ, дызэгъусэу дыпсэунщ.

Жэмэ, лъеймэ унэ ц1ык1ум тхьэк1умэк1ыхьыр къы1упк1ащ.

- Хэт- хэт унэ ц1ык1ум щыпсор? Хэт- хэт лъахъшэ ц1ык1ум щыпсор?

-Ар сэращ дзыгъуэ ц1ык1у гъуабжэ ц1ык1ущ.

-Ар сэращ хьэндыркъуакъуэ бжьакъуэжьейщ. Уэ уыхэт?

-Ар сэращ, тхьэк1умэк1ыхь зи лъапит1ри псынщ1э ц1ык1ущ.

-Къак1уэ- къак1уэ тхьэк1умэк1ыхь ц1ык1у, дызэгъусэу дыпсэунщ.

Бажэ ц1ык1ум, зи лъэдийхэр псыгъуэ ц1ык1ум унэ лъахъшэр къилъэгъуащ. Я бжэ дахэм теу1уащ.

- Хэт- хэт унэ ц1ык1ум щыпсор? Хэт- хэт лъахъшэ ц1ык1ум щыпсоур?

-Ар сэращ дзыгъуэ ц1ык1у гъуабжэ ц1ык1ущ.

-Ар сэращ хьэндыркъуакъуэ бжьакъуэжьейщ.

-Ар сэращ, тхьэк1умэк1ыхь лъакъуэ псынщ1э ц1ык1ущ. Уэ ухэт?

-Сэ сыбажэ ц1ык1у, зи лъэдийхэ псыгъуэ ц1ык1ущ, сыныщ1эвгъыхьэ.

-Хъунщ, къыщ1ыхьэ, зэгъусэу дыпсэунщ, зэгуры1уэу дыщ1эсынщ.

Дыгъужьыжьым щхьэ гъумыжьым, блэк1ыу унэр къилъэгъуащ. Я щхьэгъумбжэм теу1уащ.

- Хэт- хэт унэ ц1ык1ум щыпсор? Хэт- хэт лъахъшэ ц1ык1ум щыпсоур?

-Ар сэращ дзыгъуэ ц1ык1у гъуабжэ ц1ык1ущ.

-Ар сэращ хьэндыркъуакъуэ бжьакъуэжьейщ.

-Ар сэращ, тхьэк1умэк1ыхь лъакъуэ псынщ1э ц1ык1ущ.

-Ар сэращ бажэ ц1ык1у зи лъэдийхэр псыгъуэ ц1ык1ущ. Уэ ухэт?

- Сэ сыдыгъужьыжыщ. Фи гъусэу сывгъэпсэу

- Къак1уэ- къак1уэ зэгъусэу дыпсэунщ.

Зым 1эпыхур, зым къищтэжыу, щхьэж и 1уэху игъэзэгъэжыу, зэгуры1уэу зэдэпсот.

Мыщэ ину лъэбыцэжьым, блэк1ыу унэр къыщилъагъум щ1эупщ1эну къэувы1ащ.

- Хэт- хэт унэ ц1ык1ум щыпсор? Хэт- хэт лъахъшэ ц1ык1ум щыпсор?

-Ар сэращ дзыгъуэ ц1ык1у гъуабжэ ц1ык1ущ.

-Ар сэращ хьэндыркъуакъуэ бжьакъуэжьейщ.

-Ар сэращ, тхьэк1умэк1ыхь лъакъуэ псынщ1э ц1ык1ущ.

-Ар сэращ бажэ ц1ык1у зи лъэдийхэр псыгъуэ ц1ык1ущ.

-Ар сэращ, дыгъужьыжьщ. Уэ ухэт?

-Сэ сы мыщэ лъэбыцэжьщ, сызыхэвгъыхьэ, сыздэвгъэпсэу.

-Хъунщ, ныщ1ыхьэ, неблагъэ.

Мыщэ плъагъур лъабыцэжьыр, бжэм щ1ыхьэну ар хуежьат, и 1эпкълъэпкъыр щыдэмыхуэм и щхьэм зы мурад къихьащ.

-Уей мы бжэм сыдэмык1ыф, фи унащхьэм сытесмэ нэхъыф1т.

-Ар дауэ дыхъуну, дыпп1ыт1ынщ.

-Фымышынэ фысп1ыт1ынкъым.

-Хъунщ ныт1э, дэпщей мыщэжь.

Мыщэр и щхьэм зэрыдэпщейуэ, унэ ц1ык1ур къэхъеящ. Щ1эсхэм я щхьэр къызэрыщ1ахыу, псынщ1э дыдэуи лъэлъащ.

-Дыгуф1эжу дыщ1эсыну, лъэбыцэжьыр къытхэхуэну, унэ быдэ, унэ лъагэ, дызэгъусэу дывгъэщ1ыж.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

конспект развлечения "Пальчиковая сказкаТеремок"

Цель: Формирование словаря:- пополнять и активизировать словарь…- активизировать употребление в речи названий предметов.- употреблять слова антонимы.- развитие навыков словообразования и словоизменени...