Проект "Кабардинские народные игры"
проект (подготовительная группа)
Предварительный просмотр:
МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБЩЕОРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖЕНИЕ
«СРЕДНЯЯ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛНАЯ ШКОЛА »
с.п. ШОРДАКОВО ЗОЛЬСКОГО РАЙОНА КБР
Проект« Кабардинские народные игры»
Елэжьахэр: сабий садым и лэжьак1уэ гуп
2022год
Уджэгунумэ, къеблагъэ
Сабиигъуэ дахэ, сабиигъуэ 1эф1! Ар 1уэхугъуэ гъэщ1эгъуэнхэмк1э гъэнщ1а ц1ыху гъащ1эм и 1ыхьэ нэхъыф1 дыдэхэм ящыщ зыщ. Зэманыр ук1элъыщ1эмыхьэу мажэ, гъащ1эри и п1э иткъым. Сэ слъэк1амэ, ар т1эк1у къызэтезгъэувы1энти, абы и ф1ыгъуэ псоми зылъэзгъэ1эсынт.
Зи гугъу сщ1ы 1уэхугъуэхэм хохьэ ди адыгэ сабий джэгук1эхэр. Сыту хьэлэмэтыщэ-т1э ахэр! Абыхэм ди гупсысэм зрагъэужь, щхьэхынэ къытхэмыту, ц1ыху жыджэру дыщытыным дыхуагъасэ, адыгагъэрэ ц1ыхугъэрэ тхэлъу дыкъагъэтэдж.
Псом хуэмыдэу гъэщ1эгъуэну щытащ ди адэшхуэ-анэшхуэхэм я зэманым щы1а сабий джэгук1эхэр. Абыхэм ящыщщ «Чыбжэ зэпекъу» жыхуи1эр. Я къарук1э зэхуэдэу щ1алэ ц1ык1уит1 къыхэк1ырти чыбжэр яубыдырт, щ1ым тратхъа сатырым зыр адрейм щхьэдилъэфэхыну хэтт. Ар къызэхъул1эр тек1уэрт. Чыбжэм и п1эк1э баши къагъэсэбэпт. Абы щыгъуэ башыр зыр зым къы1эщ1и1уэнт1ык1ырт. Чыбжэ зэпекъу гупуи джэгурт: т1ум чыбжэр зэпаубыдырт, мыдрейхэм я бгыр зэры1ыгъыу зэпекъурт. Апхуэдэ щ1ык1эк1э ц1ык1ухэр гупит1у гуэша хъурт.
Чын джэгук1эми ириджэгур щ1алэ ц1ык1ухэрат. Чыныр былым бжьакъуэм е пхъэ быдэм къыхащ1ык1ырт. Чын щагъэджэрэзк1э щ1алэ ц1ык1ухэр зэхуеплъырт зэ щ1опщ уэгъуэк1э чыныр дапщэрэ джэрэзми, хэт «шыгъушэ» нэхъ жыжьэ к1уэфми, хэт уэсхэпщ нэхъыф1у ищ1ми. Чынхэр зэжьыхагъауэрт, здагъалъэрт. А джэгук1эм щ1алэ ц1ык1ухэр дихьэхырт ик1и куэд дыдэрэ хьэуа къабзэм хэтхэт,бэшэч, узыншэ ищ1у.
Икъук1э гъэщ1эгъуэнт щ1ымахуэм зэрызэтрагъэууэ щыта «Дэ еуэ» джэгук1эри. Пхъэ шынакъ я1убырти, ягъэт1ылъырт, пхъэидзэ ящ1ырт е зызэпабжырти хэт и дэр япэу абы трилъхьэнуми зэхагъэк1ырт. Мыдрейхэр, зэрызэгуры1уэм елъытауэ, лъэбакъуитху хуэдизк1э къы1ук1уэтхэрти абы дэк1э е мывэк1э къраудыхыну еуэрт. Ар къызэхъул1эм дэр ей хъурт, мыдрейм шынакъым аргуэру дэ трилъхьам адк1э еуэрт.
Зым тригъэсауэ адрейр еуэрэ къыхуемыудыхамэ, дэр тезыгъэсар езым и дэм еуэрт. Абы тригъэхуамэ, и дэр къихьэхужырти, ит1анэ мыдрейм и дэ тригъэсын хуей хъурт. Апхуэдэурэ зым и дэр иухыху джэгухэрт. Зэдэджэгухэм языхэзым дэ псори ф1ахьэхуамэ, ар зыхьэхуам дэ щ1ыхуэ къы1рихырт, зыгуэр къихьэхужын хуэдэу, ауэ ар къыщехъул1и къыщемыхъул1и щы1эт.
Зэдэджэгухэр ц1ыхуит1 нэхърэ нэхъыбэ хъумэ, зи пхъэ къик1ам къык1элъык1уэм и дэр къриудыхмэ, ещанэм и дэр пхъэ шынакъ 1убам трилъхьэрт,ари къриудыхам, епл1анэм ейр,… Тримыгъэхуэфмэ, дэм зи чэзур еуэрт.
Мы джэгук1эмк1э гъэмахуэми щ1ыбым щыджэгухэрт. Абы щыгъуэ дэр мывэм тралъхьэрт.
Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 жэщым сабийхэр мыжейуэ илъэсыщ1эм техьэн щхьэк1э, дэ къегъэжэх джэгухэрт. Унэ лъэгум щхьэнтэ е пхъэбгъу егъэзыхыгъуэу иралъхьэрти, абы упщ1э траубгъуэжырт. Ит1анэ джэгухэм абы гъуэрыгъуэурэ дэшхуэ кърагъэжэхырт. Ар унэ лъэгум илъ дэ гуэрым жъэхэуамэ, дэ къезыгъэжэхам къихьэхуауэ арат. Абы аргуэру дэ къригъэжэхырт, нэгъуэщ1 дэм жьэхэуэхунк1э. Ар зыми жьэхэмыуамэ, къык1элъык1уэм и дэр къригъэжэхырт. Дэ нэхъыбэ къэзыхьар илъэсыщ1э къихьам насыпыф1э дыдэ хъуну жа1эрт. Мы джэгук1эм нэхъыжьхэри щыхыхьэ щы1эт.
Жьы зыщ1эт ц1ыхуу ущытыным ухуэзыгъасэт «Къуак1эдэнэ» джэгук1эри. Бгы лъабжьэм е къуак1эм дэувэхэрти, псоми зэдыжа1эрт:
Къуак1э, къуак1э,
Къуак1эдэнэ,
Къыдэнэр
Шыдык1э.
Абы и ужьк1э псори къыщ1опхъуэри бгым къыдож. Япэ къищыр ток1уэ.
Гъэщ1эгъуэнт «К1элътырыгу» джэгук1эри. Зы мывэ е пхъэ тыкъыр ягъэт1ылъырти абы зэпрыууэ пхъэбгъу к1апэ тралъхьэрт. Пхъэбгъум и зы к1апэр щ1ым е1усэу егъэзыхауэ шытт, адрейр къэт1ейрт. Щ1ым телъ лъэныкъуэмк1э джэгум хэту хъуам я чымпэ зырыз тралъхьэрт. К1элътырыгум и хъумак1уэу зы ц1ыху пхъэидзэк1э е зэпабжурэ хахырт. Абы хъурейуэ къижыхьурэ зыри к1элътырыгум къригъэ1усэртэкъым, ик1и абы зыгуэр къиу1амэ, езыр джэгум хыхьэрти, къиу1ар хъумак1уэ хъурт. Ауэ увы1эгъуэ зимы1эу къэзыжыхь мыдрей джэгуак1уэхэм ар ягъэбэлэрыгъырти, пхъэбгъу къэт1ей лъэныкъуэм тепк1эрт, чымпэрхэри драхуейрт. Иракъухьа чымпэхэр хъумак1уэм къищыпыжу пхъэбгъум трилъхьэжын хуейт, апщ1ондэху псори хэт пы1эк1э, хэти 1эгук1э къеуэхэрт, къык1эщ1эп1аск1уэрт, къе1унщ1урэ ягъэджалэрт . Апхуэдэурэ ахэр хъумак1уэм зэран хуэхъурт, чымпэхэр псори тримылъхьэжауи джэгум пащэртэкъым. Мис апхуэдэ щ1ык1эк1э набдзэгубдзаплъэу щытыным, зэры1ыгъыу 1уэхур гъэзэщ1а зэрыхъуным хуагъасэрт сабийр.
Ц1ыхур лэжьыгъэм хуэгъэсэным, лэжьыгъэм щ1эп1ык1а хъуным ехьэл1ат «Аркъэн» жыхуа1э джэгук1эри. Мыбы щ1алэ ц1ык1ухэрат хыхьэр . Аркъэн ямыгъуэтмэ, к1апсэ л1эужьыгуэ гуэр къагъэсэбэпырт. Нэхъыжьхэм лэ1ук1э зыхуагъэзамэ, джэгук1эм сабийр 1эпщ1элъэпщ1агъэм зэрыхуигъасэм къхэк1ыу,арэзы хъухэрти аркъэныр къратырт.
Щ1алэ ц1ык1ухэм лъэбакъуипщ1-пщык1утху хуэдизк1э япэжыжьэу бжэгъу хаук1эрти, абы гъуэрыгъуэурэ аркъэныр ирадзырт. Ар къызэхьэлъэк1ым к1апсэ лэрыгъур яшыхьурэ ядзу е чыбжэ бжэгъу щхьэк1эм ф1агъэхуэфу зрагъасэрт. Абы иужьк1э мэл е бжэн къаубыдыфу, ит1анэ шы 1эсэхэм аркъэныр ирадзрэ къаубыдыфу загъасэрт.
«Дамэгъэв» джэгук1эми 1ущу, бэшэчу, къарууф1эу узэрыщытыным ухуигъасэрт.
Зэхуэдэ щ1алэц1ык1уит1ым пхъэидзэ ящ1ырти, зэхагъэк1ырт хэт япэ «шэсынуми». Зи пхъэ къик1ыр адрейм и пщэдыкъым дэт1ысхьэрт, и лъакъуит1ыр «шым» и гупэмк1э едзыхауэ. Пщэдыкъым дэсым зи пщэдыкъым дэсым и щхьи, и дами, и блыпкъи иубыд хъунутэкъым, ауэ адрейр хуеймэ дэлъейрт, къелъыхырт, бгъук1э зигъэхъейрт и пщэдыкъым дэсыр къридзыхыну хэтт, ауэ дэ1эбейуэ 1эк1э е1усэну хуиттэкъым. Пщэдыкъым дэсыр зи пщэдыкъ дэсым и гупэмк1э и лъакъуэхэр щызэридзэу хэттэкъым, ауэ и блэгущ1ит1ымк1э щ1ихыу и щ1ыбагъымк1э щызэригъэубыд хъунут.
Пщэдыкъым дэсыр бзаджагъэ хуек1уэу къезыгъэхуэхар и джэгуэгъум и пщэдыкъым дэт1ысхьэрти адэк1э пащэрт.
Егъэлеяуэ псынщ1агъэ къыпхэзылъхьэт «Гъуэзэрыж» джэгук1эр. Ди зэманми, дунейр т1эк1у хуабэ къызэрыхъуу, щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи щ1ыбым дызэрыщ1охри гъуэзэрыж доджэгу.
Джэгум хэту хъуам зым ф1эк1а къэмынэу гъуэ ц1ык1у къатхъыхьри ирагъэувэ.Пхъэидзэк1э е зэпабжурэ гъуэншэр къащ1э, иужьк1э гъуэ зылъысар я гъуэхэм йоувэ, лей къэхъуам топыр къещтэ. Гъуэ зи1эхэр зохъуажэхэр, абы щыгъуэ гъуэншэу къэнар абыхэм топк1э яхоуэ. Къиу1ар гъуэншэ мэхъури мыдрейр абы и гъуэм йоувэ. Ауэ гъуэншэм нэщ1 хъуа гъуэр псынщ1эу имыубыдмэ, къиук1ам топыр къипхъуатэу аргуэру мыдрейр къиу1эжынк1э хънущ.
Гъуэзэрыж щащ1к1э 1эпэтэрмэшк1эузэгуры1уэн хуейщ. Зы гъуэм т1у иувэну хуиткъым. Апхуэдэу къэхъумэ, гъуэншэр жэрти гъуэ нэщ1ым ивэрт, гъуэншэу къанэр абы иубыда гъуэ нэщ1ыр зеярщ. Гъуэм итыр зыгуэр едэмэпкъауэу и гъуэм иридз хъунукъым. Зэхъуажэфынур гъуэ зэбгъурытхэм я закъуэкъым, ат1э дэтхэнэр хэт гуры1уэми йохъуажэ. Гъуэ псори нэщ1у къыщынэ щы1эщ. Гъуэншэм и топыр хэт техуэми, гъуэншэ мэхъу, езыми япэу къыхуэзэ гъуэр еубыдыр, мыдрейхэми гъуэ нэщ1хэр зрагъэгъуэт. Гъуэ зимы1эу къэнам топыр къещтэри джэгук1эм пащэр.
Хъыджэбз ц1ык1уи щ1алэ ц1ык1уи «Пы1эзэф1эх» джэгуу щытащ, нэхъыбэу джэгур щ1алэ ц1ык1ухэрат. Джэгуак1уэхэм гупит1 защ1ырти я щ1ы 1ыхьэр зэхигъэк1ыу нэпкъыжьэ тращ1эрт. Абы къыбгъэдэк1ыу гуп къэс лъэбакъуэ пл1ыщ1 хуэдэ къапщырти и к1апэм баш хат1эрт, пы1э ф1адзэрт.
Дэтхэнэ гупым хэтри хущ1экъурт адрей гупым я пы1эр жэрыгъэк1э к1уэуэ къыф1ахьыным. Пы1эр зейхэм яхъумэрт. Пы1эр къаф1ихьыну я щ1ы 1ыхьэм къилъэдар къау1эмэ, ар къыщау1ам деж къыщынэрт, пы1эр къищтэну хунэсамэ, къы1ахыжрти башым ф1адзэжырт. Абыхэм иджы пы1эри къау1ари ф1ыуэ яхъумэн хуейт.
Къау1ар и гъусэхэм ящыщ гуэрым иришыж хъунут.Ар нэпкъыжъэр зэпиупщ1у, къыщау1ам деж къэсу, а къау1ам 1эк1э е1усэрэ езыми зыкъримыгъэу1эу ик1ыжмэ, и гъусэр хуит ищ1ыжауэ арат. Мы джэгук1эм щытек1уэр пы1эр адрей гупым нэхъыбэрэ къыф1эзыхъырат.
«Пы1экъуэдзэ» джэгук1эр япэм щыгъуэ имызакъуэу, иджыпстуи къыдогъэсэбэп. Хъыджэбз ц1ык1уи щ1алэ ц1ык1уи джэгуу хъуар хъурейуэ йот1ысэк1, зы ф1эк1а къэмынэу. А зым пы1э и1ыгъщ. Ар хуеймэ жэк1э, хуейми лъэбакъуэк1э щысхэм я щ1ыбым къыщек1ухь . Апхуэдэурэ здек1уэк1ым пы1эр зыгуэрым и къуагъым къуедзэ . Пы1эр зыкъуадзам къызэрищ1эу къыщолъэтри пы1эр къыкъуэзыдзар ирехужьэ . Лъэщ1ыхьэу къыхуэу1эфрэ - хъарзынэщ, идзу тригъэхуэфрэ - ари хъунущ, ауэ пы1эр къыкъуэзыдзар къыхуэмыу1эу ар пы1э зыкъуадзам и т1ысып1э нэщ1 хъуам нэсрэ т1ысрэ, абы щыгъуэ пы1эр къыхуэнащи, нэгъуэщ1 зыгуэрым къуидзэн хуейуэ аращ .
Пы1эр зыкъуадзам къимыщ1эу ар къуэзыдзам зэ хъурейуэ къик1ухьрэ абы деж къэсыжмэ , пы1эр къещтэри ар зыкъуэлъам т1эу-щэ йоуэ, ит1анэ абы пы1эр иретри езыр а т1ысып1э нэщ1 хъуам мэт1ыс.
1эрыхуэу, гукъэк1 я1эу, набдзэгубдзаплъэу ц1ык1ухэр гъэсэнымк1э мыхьэнэшхуэ и1эт «Зэгъул» джэгук1эм. Нэхъыбэу джэгур хъыджэбз ц1ык1ухэрат. Мывэк1эщхъ 1эмыщ1э, джэш е нартыху къащтэри зы хъыджэбз ц1ык1ум щэ-пл1э дредзейрт, зэм 1э гупэк1э, зыми 1э щ1ыбк1э къыхуэубыдым хуэдиз къиубыдурэ. Ит1анэ къыхуэна бжыгъэр езыми имыщ1эу и 1эгум иригъапщк1уэрти и гъусэм еупщ1рт: «Зэгъул хьэмэрэ зэмыгъул ?» Зэупщ1ам жи1эрт : е зэгъулщ,е зэгъулкъым. Абы и ужьк1э нартыхур дэзыпхъеям и 1эгум илъхэр т1урыт1у кърихыу щ1идзэрт . Псори зэпэбжу т1урыт1 хъурэ, зэгъулщ , зы гуэгъу имы1эу къанэрэ, абы щыгъуэ зэгъулкъым.
Къэзыщ1эм и чэзущ . Къимыщ1эфурэ и гъусэм щэ дэпхъеигъуэ дрипхъеямэ, къэзымыщ1эфар е псыхьэ игъак1уэрт, е пхъэ къригъэхьырт , е бжэ1упэр иригъэпхъэнк1ырт.
«Атэн-атэн» джэгук1эри ди зэманми къэдгъэсэбэп джэгук1эхэм ящыщ зыщ, ауэ абы зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэри и1э хъуащ.
Щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи зэхэту джэгухэрт. Джэгун щхьэк1э гупит1 защ1ырт.Ит1анэ гупхэр зэпик1уэтырт лъэбакъуэ щэщ1 хуэдизк1э, я 1эхэр быдэу зэры1ыгъыу зы гупым хэтыр адрей гупым пэувырт. Абы иужьк1э зы гупыр адрейм хэтхэм йоджэ:
- Ал- мэлэч!
-Ал-чэрим!-жэуап къатыж адрейхэм.
-Атэн-атэн!- маджэ япэхэр аргуэру.
-Атэн дыгъужь!-къыпадзыж абы.
-Дыгъужь зэман, - жа1э япэрейхэм.
-Атэкъыни, мэтэкъыни,
Зигъэназэу,зигъэзууэ
Мурат кърежи зэпреуд!- жа1э мыдрей гупым.
Абы и ужьк1э зи ц1э ира1уэ щ1алэ ц1ык1ур (е хъыджэбз ц1ык1ур) зэриф1эщк1э жэурэ адрей гуп зи 1эхэр быдэу зэры1ыгъхэм яжьэхолъадэ, абы нэхъ зэпиудыфыну къыщыхъум деж зэхуегъазэри.
1ит1 зэры1ыгъыр хузэпымудмэ, гупыр къеджэу жа щ1алэ ц1ык1ур абы яубыдауэ арати,и гъунэ щытым и 1эр иубыдырти ябгъурыувэрт. Иджы ар зубыдахэм я чэзущи маджэхэр. Апхуэдэурэ гъэр нэхъыбэ къэзубыдыфхэр ток1уэ. Гупхэм я тхьэмадэхэр гъэру яубыдыркъым. Абы и заъкуэ къэнауэ жэ нэужьк1э, я 1эхэр я1этри щ1агъэж: «Л1ы закъуэ шущ»,-жа1эри.
«Нат1э ет1ыркъ» джэгук1эми щ1ымахуэ жэщ к1ыхьым дэ тхуэдэ сабийхэр тригъэурт. Ахэр ц1ыху зытхух зэрагъэхъумэ ,зым и нэр щапхэрт, ит1анэ мыдрейхэм ящыщ гуэр абы бгъэдыхьэрти, и нат1эм ет1ыркът. Зи нат1э ет1ыркъам хъыданыр и щхьэм къыф1илъэфыжырти, къет1ыркъар къиц1ыхуну псоми къахэплъэрт.
Мис апхуэдэ джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэр къагъэсэбэпу щытащ япэм щыгъуэ. Нобэ сэ зи гугъу сщ1ар абыхэм ящыщ зыбжанэхэращ, ауэ ахэр икъук1э куэд дыдэ мэхъу. Абыхэм ящыщ, зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр ягъуэтами, ди деж къэсыжащ. Куэдрэ жа1э: «Сабийм и джэгук1эм ещхьщ балигъ хъуа и ужък1и и лэжъэк1э хъунур». Абы къыхэк1ыу дэ ахэр зэи 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым.
Ди зэманым зыужъыныгъэ нэхъ зыгъуэтахэм ящыщщ техникэр. Нобэ сабий куэдым компьютерым бгъэдэск1эрэ я зэш трагъэу, абы къыхэк1ыу ахэр унэм нэхъ щ1эубыда хъуауэ къысщохъу. Компьютерыр икъук1э сэбэпщ, ауэ абы къик1ыркъым махуэ псок1э укъы1умык1ыу у1усын хуейуэ.
Сэ сыхуейт гъэсэныгъэф1къытхэзылъхьэ, ди узыншагъэр езыгъэф1ак1уэ, ди гупсысэм, акъылым зыужъныгъэф1 езыгъэгъуэт ди адыгэ сабий джэгук1эхэр абыхэм ягу къэзгъэк1ыжыну.
САБИЙ ДЖЭГУК1ЭХЭР Адэ-мыдэ узогъаплъэ
Илъэсит1 –щым (2-3).
Т1урыт1у зэдоджэгу. Зыр нэхъыжьы1уэщ, адрейр ц1ыкущ. Нэхъыжьым нэхъ ц1ык1ур, къигъапц1у, жыхуи1эмк1э игъэплъэну хэтщ. Абы щхьэк1э 1эджэ щхьэусыгъуэ къегупсыс: уи ижьырабгъумк1э шындырхъуо къопщ, уи щхьэщыгумкЬ бэдж къоджых, уи щ1ыбымк1э хьэ щэхурыпхъуэ къопхъуэ, н. Зыхуейр къехъул1у зэригъэплъэк1а иужьк1э, абы щ1энак1эу нэхъыжьым же1э:
Адэ-мыдэ узогъаплъэ, Гъуаплъэ гуэным уизыдзэ,
Хьэжьыр къодзакъэ, Сэ сынодзэкъэж.
Мыбы ещхьщ «Уи щхьэм шхий телъщ»,
е «Уи гъуапэм хьэп1ац1э допщей»,
е «Уи щ1ыбым ят1э к1эрылъщ» жа1эурэ я джэгуэгъухэр къыщагъапц1эр.
1эбэдзыуэ
Нэхъ ины1уэ гуэрым ц1ык1ухэм я 1эщ1ы1ур, еп1эск1у щ1ык1эу, 1эпит1к1э яубыдурэ я 1эхэр зыр зым и щ1ы1у тету зэрегъэубыд, ит1анэ мыр жа1э:
1эбэдзыуэ,
Дзыуэ, дзыуэ.
1эбэдзыуэ,
Дзыуэ, дзыуэ.
«Тыр-р», жи1эу лъэтэжащ.
Ар здэлъэтэжауэ нэхъыжьы1уэм къигъэлъагъуэмк1э ц1ык1ухэр плъа иужьк1э, джэгук1эм хэлъ «бзаджагъэр» зыщ1хэм ар зымыщ1эхэр ягъэк1ыл: к1ыл-к1ыл, жа1эурэ.
Мэл щохъу
Илъэс-илъэсит1 нэхъ мыхъуа сабийм и 1э лъэныкъуэ ц1ык1ур я1ыгъыу и 1эгудыгъуэм, и 1эпэхэм гъуэрыгъуэу те1эбэурэ жа1э: «Мыбдеж мэл щохъурэ, мыбдеж хъурей щоджэгурэ, мыбдеж нак1уэ-къак1уэ, мыбдеж дывгъэк1уэж, мыбдеж т1эк1у дымышхэу дык1уэжын? Еуэ, еуэ, пщаф1э ц1ык1у, еуэ, еуэ, пщаф1э ц1ык1у...»
« Еуэ, еуэ», - щыжа1эк1э, сабийм и 1эпхъуамбэжьак1эр яубыдри абык1э езым и 1эгудыгъуэ ц1ык1ум иуэж хуэдэу, пщаф1э хуэдэу ящ1. Абы сабийр егъэдыхьэшх.
Си хьэм бажэ къеубыд
Зы сабий нэхъыжь е балигъ гуэрым ц1ык1уит1ым я 1эр еубыд. Зым и 1э сэмэгур, адрейм и 1э ижьыр. Зыр бажэщ, адрейр хьэщ. Хьэм бажэр ирехужьэ. Сабийхэм я 1эр зы1ыгъым: «Си хьэм бажэ къеубыд, си хьэм бажэ къеубыд», - жи1эурэ зым адрейр кърырегъэхуэк1, езыми задигъазэурэ.
Хьэм бажэр къиубыдамэ, я 1эхэр яхъуэжри адэк1э пащэ, бажэу щытар хьэ хъуауэ.
Зытхыжар Маф1эдз Сэрабийщ
(4-5) лет САБИЙ ДЖЭГУК1ЭХЭР
Зу-зу, баринэ
Губгъуэм е пщ1ант1э удзыпц1эм я 1эхэр я бгъуит1ымк1э шияуэ псынщ1эу загъэк1эрахъуэурэ мэджэгу. «Зу-зу, бэринэ, къыдэгъэж, бэринэ», - жа1эурэ. Зи щхьэ унэзар щ1ым мэт1ыс зегъэук1урийри и нэхэр еуф1ыц1, ит1анэ къыщыщ1ыр, дунейр къызэрыщыхъур же1э: щ1ым зеублэрэк1, псори мэк1эрахъуэ, сыщ1е1убэ, сыщхьэпредз! Апхуэдэу сабийхэр, псом хуэ-мыдэу щ1алэ и,1ык1ухэр, зэпеуи мэхъу. и щхьэр унэзауэ мыджапэу хэт нэхъыбэрэ щытын, хэт нэхъ захуэу к1уэуэ п.п. жыгым е1усэн.
Бажэ
Хъыджэбз ц1ык1уи щ1алэ ц1ык1уи мэджэгухэр. Я ныбжьк1э зэхуэмыдэми ягъэ к1ынукъым. Илъэсих-блы хъуахэри нэхъыжьхэри хэтщ. Джэгухэм зы бажэ хах. Ар, дауи, нэхъ жэрщ. Мыдрейхэм псоми я к1эр зэры1ыгъыу е 1эпэк1э зэрыубыдауэ, зы я пашэу къак1ухь.
Пашэм же1э:
- Къаз-къаз.
Псоми жа1э:
- Хъуак1уэ док1уэ.
Пашэм: ...
- Къаз-къаз.
Псоми;
- Дыкъок1уэж.
Апхуэдэурэ къыздак1ухьым, къыздажыхьым, бажэр къахолъадэри и ужь дыдэ итыр пеху. Ит1анэ адэкЬ пащэ, гупым щыщу зы къазрэ пашэмрэ ф1эк1а къэмынэжыхук1э. Абы и ужьк1э пашэр бажэ мэхъу, бажэр гупым яхохьэжри щ1эрыщ1эу къыщ1адзэж.
Дзыгъуэ-джэду
Щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи мэджэгу. Япэщ1ык1э зы дзыгъуэрэ зы джэдурэ хах. Мыдрейхэм псоми я 1эхэр зэроубыдри хъурейуэ мэув. Дзыгъуэр утыкум йохьэ, джэдур зэры1ыгъхэм я щ1ыб дэтщ. Джэдум дзыгъуэр къиубыдын хуейуэ аращ. Зи 1э зэры1ыгъхэм ар утыкум ирагъэхьэркъым: мэт1ысхэ, къыщопъэтыж. Джэдум джэгухэм я 1эр иубыду зэ-питхъыну хуиткъым. Ар е 1э зэры1ыгъхэм щ1эпщын хуейщ, е зыгуэрурэ зи 1эхэр зэры1ыгъыр игъэбэлэрыгъыу ахэр ет1ысэха иужьк1э занщ1эу елъэн хуейщ.Джэдум 1эмал хилъхьэрэ утыкум яф1ихьэмэ, абы дзыгъуэр къож. Абы щыгъуэми дзыгъуэм зыри зэран къыхуэхъуркъым, уеблэмэ псоми я 1э зэры1ыгъхэр я1этри щ1агъэж, ит1анэ джэдур утыкум къимыжыжын щхьэк1э, занщ1эу ирахьэхыж.
Дзыгъуэр къаубыдамэ, щ1эрыщ1эжу нэгъуэщ1 дзыгъуэрэ джэдурэ хахри адэк1э пащэ.
Жьынду ц1ык1у
Ц1ык1ухэр хъурейуэ къоувэк1, зыр и кум йоувэ. Ар - жьынду и,ц1ык1уращ. Мыдрейхэр - хэт хьэндырабгъуэщ, хэт ц1ыв ц1ык1ущ, хэти бзущ. Джэгур езыгъэк1уэк1ым же1э: «Нэху мэщ» Хъурейуэ къеувэк1ахэр «къоуш», хьэндырабгъуэм, ц1ывым, бзухэм зыпащ1ыжу щ1адзэ, жьындур «мэжей».
Джэгур езыгъэк1уэк1ым: «Жэщ мэхъу!» - щыжи1эк1э, псори я п1эм йожыхьри «мэжейхэр», жьындур къоушри яхэплъэу щ1едзэ. Зызыгъэхъейр, дыхьэшхыр, къыхешри и гъуэм (къэтхъыхьам и кум) ирегъэувэ. Ахэр жьынду ц1ык1у мэхъури, «жэщ хъумэ» зэгъусэу мэщак1уэхэр. Апхуэдэурэ псори къаубыда нэужь, джэгуныр яух.
Зытхыжар Маф/эдз Сэрэбийщ
(5-6 ЛЕТ)
САБИЙ ДЖЭГУК1ЭХЭР
Чыбжьэ зэпекъу
Джэгур щ1алэ ц1ык1ухэрт. Я къарук1э зэхуэдэу щ1алэ ц1ык1уит1ым чыбжьэр яубыдырти щ1ым щратхъа сатырым щхьэдалъэфэхыну хэтхэщ. Ар къызэхъул1эр тек1уэрт.
Чыбжьэм и п1эк1э баш е дамэкъуэ къагъэсэбэпуи щытащ. Абы щыгъуэ нэгъуэщ1 зэпеуэкъухэри щы1эт: башыр е дамэкъуэр зым адрейм къы1эщ1и1уэнт1ык1т. Чыбжьэ зэпекъу гупуи джэгурт, т1ум чыбжьэр зэпаубыдауэ, мыдрейхэм я бгыр зэры1ыгъыу зэпекъуу. Мыбы щыгъуэ ц1ык1ухэр къызэрылэрти гупит1у загуэшырт.
Пы1э хуэжэ
Гупит1у зэдэджэгурт, хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри хэту. Псом япэрауэ, пы1эм и тет хахырт. Ар пы1эр и1ыгъыу утыкум иувэрт. Ит1анэ абы и бгъуит1ымк1э к1уэуэ лъэбакъуэ т1ощ1-т1ощ1 хуэдиз къыпачырт. Абы тур тращ1эрт: мывэ ягъэт1ылъырт, баш хат1эрт. Иджы гупит1ым хэт псори а турхэм я щ1ыб къыдэувэрт. Абы гуп къэс зырыз къыхэк1ырти а турым деж увырт, пы1эм и тетым я нэр къытемык1ыу.
Пы1эм и тетым къызэщ1ипхъуэтырти пы1эр дридзейрт. Абдежым турым деж щыт щ1алэ ц1ык1уит1ыр е хъыджэбз ц1ык1уит1ыр къыщ1эц1ывэрти пы1эм и тетым къыхуэжэрт. Зей япэ къэс гупыр а къызэдэжэгъуэм тек1уэрт. Апхуэдэххэурэ гупит1ым хэт псори лъэныкъуэ зырыз щытми, зыхуэжэурэ къызэдэжэрт. Нэхъыщхьэр, дауи, къажэхэм я жэрагъырщ, ауэ мыхьэнэшхуэ и1эт пы1эр щыдрадзейм утемыплъэкъук1ыным.
Пы1э зэ1эпых
Щ1алэ ц1ык1ухэри хъыджэбз ц1ык1ухэри джэгурт. Гупит1 защ1а иужьк1э, зэпэмыжыжьэу мывит1 ягъэт1ылъырт е башит1 хаук1эрт. Абы къапэщыту лъэбакъуэ т1ощ1 хуэдизк1э нэгъуэщ1 башит1и хаук1эрт е мывит1 къагъэт1ылъырт. Иджы гупхэр зыбгъэдэт я баш зырызым пы1э ф1алъэрт.
Джэгук1эр зэрек1уэк1ыр мырат: къыщ1эзыдзэ джэгуак1уит1ым пы1эхэр башхэм къыф1апхъуэтырти адрей башхэм нэс яхьырт, абы ф1адзэрти псынщ1эу къагъэзэжырт. Ахэр къызэрысыжу нэгъуэщ1ит1 (гуп къэс я зырыз) щ1эц1ывэрти, пы1эхэм нэсырт, ахэр къыф1апхъуэтырти къахьыжырт, япэм ещхьу башхэм ф1алъхьэжырт. Пы1эр башым къыф1эхужамэ, ягъэзэжу ф1алъхьэжын хуейт. Апхуэдэурэ япэ ищ гупыр тек1уэрт.
Къру-къру
Сабий гупым я 1эр зэрубыдырти, я пашэм зэрызищ1ым хуэдэу защ1урэ къажыхьырт, к1уэ пэтми нэхъ псынщ1э хъуурэ жэрыгъэм хуэк1уэрт. Абы щыгъуэми пашэм щ1эмычэу к1ийурэ жи1эрт: «Къру-къру, гублащхьэдэсэ зыщ1». Джэгухэм я 1эр зэрызэры1ыгъым хуэдэу дыкъуакъуэ защ1ыну хэтт. Адэк1э пашэм жи1эрт: «Къру-къру, блащхъуэжьейм зегъэш». Сабийхэм зэрызэры1ыгъыу за1уант1э-зашант1э хуэдэу зэщ1ырт. «Къру-къру, блащхъуэжьейм зешэщ!». Псоми аргуэру захуэу къажыхьу щ1адзэжырт. Апхуэдэххэурэ, пашэм зэрыжи1эм хуэдэурэ защ1ырт, гупым къак1ухьырт, къажыхьырт щыуэу е псынщ1э зыщащ1к1э як1эщ1эмыхьэжу я 1эхэр зэрут1ыпщыжыхук1э. Пашэм сыт жи1энуми хуитт: «Къру-къру, шыр щ1акъуэ хъуащ», «Къру-къру, лъакъуэпц1эрыхь зыкъэф1щ1», «Къру-къру, бажэр къытхолъадэ».Нэгъуэщ1 1эджэхэри. Бажэр е дыгъужьыр къахэлъадэмэ, зэрыгуры1уэгъуэщи, псори зэбгрыжын хуейт.
Лъэф
Щ1ы джафэм лъэбакъуэ щырыщ я зэхуаку дэлъу сатырищ тратхъэрт. Джэгухэм я щ1ы-быр зэхуагъазэрт, зэрыубыдырти ику ит сатырым тету зэпекъуу щ1адзэрт, зыр зым езым и дежк!э илъэфыну хэту. Зи гъусэр къыпэщыт сатырым нэс зылъэфыфыр тек1уэрт. Ар щ1ым къытричу, и лъакъуэхэр щ1ым иримыгъэ1усэу залымыгъэкЬ ихьынуми хуитт, хузэф1эк1ыу щытмэ. Япэк1э мыхъуу щ1ыбк1э зэныкъуэкъуу щызэпеуи щы1эт. Зэрызэгуры1уэт. Ет1уанэм щыгъуэ тек1уэр зи гъусэр иригъэк1уэтурэ и гупэм и1э сатырым щхьэпрызыхуфырт. Зэрыгуры1уэгъуэщи, «Лъэф» хъыджэбз ц1ык1ухэр джэгуртэкъым.
Гъуэрыгъуапщк1уэ
Лъэпкъ куэдым зэрызэщхьэщык1ыщэ щымы1эу я1эщ, ц1ык1ухэр дихьэхыу мэджэгу. Хъыджэбз ц1ык1уи щ1алэ ц1ык1уи зэгъусэу, зэхэту ироджэгу, я ныбжьк1и зэхуэмыдэну 1эмал имы1эу щыткъым. Япэрауэ, гъуэуэ я1энур ягъэбелджылы: унэ блыным мыбы къыщыщЬдзауэ мобы нэс, мо жыгым и хъуреягък1э, гуэщыбжэр, н. жа1эри зэгуро1уэ. Ит1анэ «Инэ-инэ, инэ мыкъуэ...» жа1эурэ зызэпабжри и ужь дыдэ къинэр гъуащхьэтет мэхъу. Гъуащхьэтетыр и щ1ыбыр къэгъэзауэ унэ блыным е жыгым йоувал1эри и нэхэр еуф1ыц1, ит1анэ т1ощ1ым нэс мабжэ. Абы и нэр къигъэплъэн и пэк1э жи1эн хуейщ: «Хъуа-мыхъуами, сынок1уэ, гъуащхьэм итыр п1ырегущ».
Бжэк1эм нэхъ бзаджэ хэхъухьахэм к1эщ1 зыщрагъэщ1и щы1эщ: «Хьэмык1у, пщымык1у, пщык1уий, пщык1умбгъу, т1ощ1, хъуа-мыхъуами сынок1уэ, гъуащхьэм итыр п1ырегущ»,-жи1эу. Ауэ ар тэмэму псоми къалъытэркъым, джэгун щ1амыдзэ щ1ык1э зэгурымы1уауэ щытмэ. Аращи, гъуащхьэтетыр бжэрэ и нэхэр къигъэплъэжа нэужь, зызыгъэпщк1уахэр къилъыхъуэну йожьэ.
Зызыгъэпщк1уахэм я къалэнщ гъуащхьэтетым зыкърамыгъэу1у, абы япэ гъуэм къэсу а щ1ып1эм те1эбэну.
Гъуащхьэтетым япэ къиу1ар гъуащхьэтет мэхъури, псори хунт мэхъуж, джэгум аргуэру щ1адзэж.
Зэкъуэт
Сабийхэр куэд хъумэ, т1урыт1у, мащ1э нэужьк1э - зырызу хъурейуэ увхэрт. Абыхэм зы хьэрэ зы бажэрэ хахырт. Хьэм упщ1э бгырыпх е пы1э и1ыгът. Бажэр япэ иту хъурейуэ зэхэтхэр къижыхьырт, утыкум имылъадэу. Хьэм ар кърихуэк1ырт. Лъэщ1ыхьэрэ бгырыпхымк1э е пы1эмк1э къиу1эмэ, зызэрахъуэк1. Бажэм къау1энк1э гузэвэгъуэ къык1эщ1эзэрыхьамэ, дэтхэнэ зэкъуэтми япэ къиувэну хуитт. Ит1анэ и щ1ыб хъуар (т1урыт1у зэкъуэтмэ, ещанэр, зырызмэ, абдеж щытыр) бажэщи, арат хьэм кърихуэк1ын хуейр. Хьэм зыгуэр къимыу1ауэ тек1 и1этэкъым.
Пы1экъуэдзэ
Хъыджэбз ц1ык1уи щ1алэ ц1ык1уи джэгуу хъуар удзыпц1эм деж хъурейуэ ет1ысэк1ырт, зы ф1эк1а къэмынэу. А зым пы1э и1ыгът. Ар хуеймэ жэк1э, хуеймэ лъэбакъуэк1э щысхэм я щ1ыбым къыщик1ухьырт. Апхуэдэурэ здек1уэк1ым пы1эр зыгуэрым и къуагъым къуилъхьэрт е къуидзэрт. А щ1алэ ц1ык1ум е хъыджэбз ц1ык1ум пы1эр къызэрыкъуадзар занщ1эу къищ1ар къыщылъэтырти пы1эр къыкъуэзыдзар ирихужьэрт. Лъэщ1ыхьэу къыхуэубыдыфрэ — хъарзынэт, идзу тригъэхуэфрэ — ари хъунут, ауэ пы1эр къыкъуэзыдзар къыхуэмыу1уэу ар пы1эр зыкъуадзам и т1ысып1э нэщ1 хъуам нэсрэ т1ысмэ, абы щыгъуэ пы1эр къыхуэнати, нэгъуэщ1 зыгуэрым къуидзэн хуейуэ арат.
Пы1эр зыкъуадзам къимыщ1эу ар къуэзыдзам зэ хъурейуэ къик1ухьрэ абы деж къэсыжмэ, пы1эр къищтэрти ар зыкъуэлъам т1эу-щэ еуэрт, ит1анэ абы пы1эр иритырти езыр а т1ысып1э нэщ1 хъуам т1ысырт.
(6-7 лет)САБИЙ ДЖЭГУК1ЭХЭР
Кърущ1эш
Джэгухэр т1урыт1у я 1эхэр зэры1ыгъыу 1этауэ увхэрт. Абы я ужь дыдэ итит1ым я 1эхэр зэрагъэут1ыпщырти, зи 1э зэры1ыгъыу 1этахэм я лъабжьэм щ1эк1ырт. Здэк1уэм абы дэтхэнэ я джэгуэгъум хуейми гъусэ здищ1ырти, здыщ1ишырт. Мыдрей гъусэншэу къэнар джэгухэм я к1эмк1э жэрти, зи 1э 1этахэм я лъабжьэм зигъэщхъырти, къыщ1ыхьэрт. Абыи зэры1ыгъит1 гуэрым я гуэгъур щ1ашырти, а къыщ1ашамрэ езымрэ я 1эр зэрубыдыжырти, псом япэ иувэрт. Арыххэурэ зыр адрейм щ1ишу джэгухэрт.
Дэ къегъэжэх
Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1жэщым сабийхэр мыжейуэ гъэм, илъэсыщ1эм техьэн щхьэк1э, унэм щыджэгурт. Ц1ык1ухэм я нэмыщ1ауэ, абы нэхъыжьхэри хыхьэ хъурт, уеблэмэ дихьэхыу джэгурт. Джэгук1эм щхьэк1э унэ лъэгум щхьэнтэ е пхъэбгъу егъэзыхыгъуэу иралъхьэрти, абы упщ1э траубгъуэжырт. Ит1анэ джэгухэм гъуэрыгъуэурэ абы дэшхуэ кърагъэжэхырт. Дэ кърагъэжэхар унэ лъэгум илъ дэ гуэрым жьэхэуамэ, ар дэр къезыгъэжэхам къихьэхуауэ арат. Зи дэ адрейм ейм ет1ыркъыу къэзыхьэхуам аргуэру къригъэжэхырт, жьэхэуэхунк1э. Зыми жьэхэмыуакъэ - абы щыгъуэ къык1элъык1уэм и дэр къригъэжэхырт. Зэрыджэгум нэмыщ1ауэ дэ нэхъыбэ къэзыхьэхур илъэсыщ1э къихьам 1умахуэ, насыпыф1э хъуну ялъытэрт.
Бжьэдыгъу
Хъыджэбз ц1ык1ухэри щ1алэ ц1ык1ухэри мэджэгу. Япэщ1ык1э зы бжьахъуэ, зы бжьэдыгъу, бжьахъуэм ейуэ хьит1 хах. Мыдрейхэр псори бжьэ матэщ. А бжьэ матэхэр пщ1ант1эм е губгъуэм зэпэмыжыжьэурэ щот1ыс, бжьэ зыдэс матэм ещхьу ву хуэдэу защ1у. Хьит1ым матэхэр яхъумэ. Бжьэдыгъур (языныкъуэ жылэхэм ар мыщэу жа1э) къыщык1уэк1э бжьахъуэм жей нэпц1 зещ1. Ар бжьэ матэхэм къащыхыхьам деж бжьахъуэр къыщолъэтри бжьэдыгъум хьэхэр иреушт.
Бжьэдыгъур хьэхэм къаубыдыфмэ, бжьэдыгъуу (мыщэу) нэгъуэщ1 хах. Къамыубыдыфу езыр матэ зы-т1ум е1усэмэ, зэ1усахэр и ужьым иту ешэ, хьэхэр зылъэщ1эмыгъэхьэу. И гъуэм нэсыжамэ, хьэхэм зыри яхузэф1эк1акъыми, къагъэзэж. Апхуэдэурэ хьэхэм бжьэдыгъур щэ яф1эк1уэжмэ, хьэхэр зэрахъуэк1. Хьэхэм къаубыдын хуейр бжьэдыгъурщ, армыхъумэ бжьэ матэ абы здишэхэркъым. Бжьэдыгъум шынагъуэр къыщ1эзэрыхьамэ, зы матэми емы1усэу щ1эц1ывэж хъунущ.
Лъэтеувэ
Джэгук1э дахэ ц1ык1ущ. Адыгэхэм хабзэу я1ащ сабийр къызэф1эувэу езыр-езыру япэ лъэбакъуэр щичам деж хъуэхъу, тхьэлъэ1у хуащ1у, хьэлыуэ 1энэ хуаубэрэ ар сабийхэми балигъхэми ирагъэшхыу. Мис абы кърихьэл1а щ(алэ ц1ык1ухэри хъыджэбз ц1ык1ухэри хъурейуэ увхэрти, лъэтеувэ зыхуащ1 сабий утыкум итым щхьэк1э зэщ1эжьыуэжу жа1эрт:
Сэ сок1уэ,
Сэ сожэ,
Щытхэм сахолъадэ,
Абы сахэбгъадэмэ...
Псори къызэрыщыгуф1ык1ым тригъэгушхуауэ утыкум ит сабийр зыгуэрым бгъэдыхьэрти, абы е1усэрт. Ар зэ1усам щхьэк1э мыдрейхэм жа1эрт:
- Мурат къыхызохыр!
Абы и ужьк1э а Муратыр утыкум къихьэрти, адэк1э пащэрт. Дунейр уэф1мэ, хуабэмэ, щ1ыбым щыджэгурт, уэлбанэмэ, унэ к1уэц1ым.
Шыхъуэ щ1акъуэ
Джэгухэм зы шыхъуэ хах. Лъэбакъуипщ1 нэс и кум къик1ыу зы гъуэ къатхъыхь. Псори абы итщ. Шыхъуэр щ1акъуэщ. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, лъакъуэпц1эрыхьу ф1эк1а къижыхь хъунукъым. Ауэ шыхэри щ1акъуэщ. Абыхэми лъакъуэпц1эрыхьущ къызэражыхьынур. Гъуэм имык1ыу шыхъуэм шы щ1акъуэхэр къиубыдыну хэтщ. Дауи, модрейхэм зыкърамыгъэубыдыну 1уопк1, лъакъуэпц1эрыхьу къажыхь. Шыхъуэ щ1акъуэм къиубыдахэр абы и дэ1эпыкъуэгъу мэхъухэри, мыдрейхэм зэгъусэу йощэ. Псори къаубыдмэ, нэгъуэщ1 шыхъуэ хахри, адэк1э пащэ.
Щ1ак1уэкьуэплъ
Пшапэр зэхэуауэщ щыджэгуу щытар. Щ1алэ ц!ык!ухэм гупит! защ1. Абы 1эдамэкъуэк1э е пхъэидзэк!э къащ!э техьэнумрэ темыхьэнумрэ. Техьахэм я тхьэмадэр щ1ак!уэ щ(агъым (упщ!эми зы хъыдан гуэрми хъунущ) щ1агъэт(ысхьэ. Упщ1э сыт ямыЬмэ, и нэхэр щапхэри бжыхь джабэм деж е жыг лъабжьэм т1ысып1э щыхуащ1. А тхьэмадэм и гупыр зы къэмынэу абы и плъырщ, и хъумак1уэщ.
Адрей гупыр лъэбакъуэ 30-40 хуэдизк(э 1уок1ри я гъунапкъэм зы тур гуэр тращ!э, абы къыф!эмык1ыну. Иджы мы темыхьахэм я тхьэмадэм и унафэкЬ щ!алэ ц1ык1уит( къахок!ри адрейхэм я деж хьэщ1ап!э е зек!уэ мак!уэ. Ахэр къыщалъагъукЬ, плъырхэр къогуо: «Хэт къак!уэр?» - жа1эри.
Мыдрей т!ум заущэхуауэ ик!и жамыЫауэ адэк!э к!уатэ хъунущ, плъырхэр дапщэрэ къэмыгуоуами. Ауэ зэ къызэтеувы!ауэ адэк!э щ!адзэжу к!уатэу хэткъым.
Щ1алэ ц1ык1уит!ыр зыри жамы!эу лъэбакъуэ ныкъуэ нэхъ мыхъуми ячурэ к!уэтэхук!э, плъырхэми абы я бгъуит!ыр я!ыгъыу, ауэ абыхэм лъэбакъуитху-хык!э япэжыжьэу и щ(ыб защ1, ик!уэтурэ. Щ1алэ ц1ык!ухэр щык1уатэк!э плъырхэр абы я щ!ыбагъым къыдэнэу хэткъым.
Зек1уэ къэк(уахэр къэпсалъэ нэхърэ я лъакъуэхэр т1эк1у-т1эк!уурэ ягъэк!уатэурэ техьа гупым я тхьэмадэм нэхъри гъунэгъу зыхуащ!мэ, нэхъ къащтэ. Ар л!ыгъэу ялъытэ. Лъэбакъуэ зытхух нэхъ къэмынэу ахэр тхьэмадэм щыбгъэдыхьам деж, плъырхэр нэхъри зэрогъэк!ий: «Хэт къэк!уа, хэт къэса?» Ауэ тхьэмадэр къемыупщ!ауэ хьэщЬхэм (зек1уэл!хэм) зыри жа!эр-къым, плъырхэми, псалъэ, зэрыгъэк!ий мыхъумэ, зыри ящ1эркъым.Сытми щ1ак!уэм къыкъуэппъ тхьэмадэм хьэщЬхэр къэк1уэтэхук!э щ1эмыупш,1эурэ ахэр гъунэгъу зыхуещ!, ауэ къэувы!ауэ щилъагъук!э щ1оупщ1э:
- Хэт фыхъуну, дэнэ фыкъик!а?
Дэ дыхьэщ1эщ, - жа!э щ!алэ ц1ык1уит1ым, зэрыхъук1э я макъыр яхъуэжри. Адэк1э абы пащэ!аркъым, нэхъ мащ!эрэ зэрыпсэлъэным хэту.
Хэгъэрейхэр, тхьэмадэри яхэту, я ужь итщ хьэщЬхэр къагъэпсэлъэну. Абы 1эджэ жра!э чэнджэщират, йоупщ!хэр:
- Ди хьэщ1эщыр фц!ыхуркъэ? Феблагъэ абык!э, пщ!ант1эм хьэ дэпъкъым... Нэгъуэщ! Ьджэхэри кърагъэк!уэк1.
Ик1эм ик!эжым хьэщ!эхэм зэпеуэу жа!эн хуейщ: дэ дыхьэщ!экъым ик!и дызек!уэкъым, мыр Дыгъужыц, сэ сы-Мыщэщ, е мыр абрэджщ, сэ сышыдыхъуэщ. Абы и ужьк!э щ1ак!уэ щ!агъым щ!эс тхьэмадэр, ахэр я макък!э къыхуэц!ыхуами къыхуэмыц!ыхуами зэхэгъэж имы!эу, къогуо:
- Дыгъужьыр е абрэджыр Лэкъумэнщ, Мыщэр е шыдыхъуэр Ахьмэдщ. А т!ури я макък!э тхьэмадэм къиц!ыхуфамэ, зыкъагъэк!эрахъуэри псынщЬу къыщ1оц1ывэжхэ, плъырхэм зыкърамыгъэубыдыным хэту зыщ1адз-зыкъыщ1адзу. Мыщэмрэ дыгъужьымрэ къалъэщ1эмыхьэ!ауэ турым деж къэсыжамэ, абы я гъусэхэм я Ьхэр зэрубыдауэ хъурейуэ щытщи, т!ум я 1эр зэроут!ыпщ (куэбжэ ящ1ри), къэсыжахэр пщ!ант1эм дагъэлъэдэжыну.
Къэхъунк1э мэхъу ахэр к1эщ1у къэзыху плъырхэм ящыщи щ!ихьэу а пш,1ант!эм къыдэху-тэу. Абы щыгъуэ ар езыр гъэр хъуауэ аращ.
Щ1ак1уэ щ!агъым щ!эс тхьэмадэм щ!алэ ц1ык1уит!ым я зыр къиц!ыхуу адрейр къыхуэ-мыц1ыхуамэ, плъырхэм закъримыгъэубыдыну къыщ1эц1ывэжыр къиц1ыхуарщ. Адрей къимыи,1ыхуам езыр зэгуак!уэр (дауи, абы къыхишыр плъырхэм ящыщу нэхъ жэр, и гупым щхьэкЬ нэхъ шынагъуэу илъытэрщ) гъусэ ещ!ри гъэру къешэ. Турым къэмысыжу плъырхэм яубыдар абы я гъэрщи, яшэри пъэхъуэщым щ!адзэ - тхьэмадэ ш,1ак!уэм щ1эсым и щ1ыбк!э ягъэт!ыс.
Ауэ мыдрей гупым я пщ1ант!эм дэлъэдауэ гъэр ящ!ар ягъэт!ысыркъым, ат!э яхэту зда-гъэджэгу, ауэ хьэщ1ап1э, зек!уэ ягъак!уэркъым. 1_Ц1ак1уэ щ!агъым щ!эс тхьэмадэм къыхуэ-мыц!ыхуа хьэщ!эм къишар аращ мыдрей гупым лъэхъуэщым «ирадзэр». Апхуэдэурэ зы гупым тхьэмадэм ф1эк!а къэмынэжыхук!э гъэр ящ!амэ, дауи, а гупыр хонэ, техьа-темыхьами. Т1ум щыгъуэми гупхэм зызэрахъуэк!ри джэгум щ!адзэж.
Пы1эзэф1эхь
Хъыджэбз ц!ык1уи щ!алэ ц,1ык!уи джэгуу щытащ. Ауэ нэхъыбэрэ джэгур щ!алэ ц1ык!у-хэрт. Псоми гупит! защ1. Ит1анэ губгъуэ сэтей щыджэгунур къыхах. Абы гупит!ми я щ!ы 1ы-хьэр зэхигъэк1ыу нэпкъыжьэ тращ!э, тур трагъэувэ. Нэпкъыжьэм къыщыш,1эдзауэ гул къэс езым и щ!ы 1ыхьэмк1э к!уэуэ пъэбакъуэ 40-50 хуэдэ къапщри абы и к!апэм деж баш хат!э, ит!анэ а башым зыгуэрым и пы!э ф!адзэж.
Иджы дэтхэнэ гупым хэтри хущ!окъу адрей гупым я пы!эр жэрыгъэк!э к!уэуэ къыф!а-хьыну. ПыЬр зейхэм, дауи, яхъумэ, абы ф!эк1а 1уэ"ху имы!эу ппъыр ирамыгъэувалЬ щхьэкЬ. Ик1и пы!эр къафЫхьыну я щ1ы 1ыхьэм къилъэдар е пы!эм нэмысауэ, е къигъэзэжауэ къау!эмэ (абы зыгуэр е!усэмэ), ар къыщау!ам деж къыщонэ, пы!эр и!ыгъамэ, къы!ахыжри башым ф!адзэж.
Апхуэдэу къау!ар изышыж хъунур и гъусэхэм ящыщ гуэрщ. Ар нэпкъыжьэр къызэпи-упщ!у, къыщау!ам деж къэсу, а къау!ам 1эк1э е!усэрэ езыми зыкъримыгъэуЬу ик!ыжмэ, и гъусэр хунт ищ!ыжауэ аращ. Абы къыхэк!ыу джэгухэм яхъумэр пы!эм и закъуэкъым, ат!э а къау!ахэми теплъэкъук!ыркъым, сыт щхьэкЬ жып!эмэ адрей гупым щыщ нэхъыбэ къау!ауэя лъэныкъуэмк!э итыхук!э, а гупыр нэхъ къарууншэ мэхъу ик!и абы я пы!эр къаф!эпхьыну нэхъ тыншщ. Аращ зи гъусэ нэхъыбэу къау!ахэм пы(э къэхьыныр 1эщ1ыб ящ(у я гъусэхэр хуит къащ!ыжыным я ужь щ!итыр. Зэ хуит хъужа щ(алэ ц1ык(ур и гъуэм къэмысыж щ1ык!э аргуэру къау!эжынри бетэмалщ. Ещхьыркъабзэу а ф!ыуэ зызыгъэпсэхуа щ!алэ ц!ык!у хуит къащ(ыжар пы!эмк!э жэуэ псори къак1эрыщ!ауэ пы(эр къаф1ихьынк!э хъунущ. ДжэгукЬм тек!уэр пы(эр адрей гупым нэхъыбэрэ къаф1эзыхьырщ.
Дэеуэ
Щ1ымахуэм сабийхэр, унэм къыщ(эмык1ыу, ириджэгуу щытащ. Я анэшхуэм къаритауэ дэшхуэ е дэ ц1ык(уми зытхух я!эмэ, унэ лъэгум деж пхъэ шынакъ я(убырти, ягъэт!ылъырт, ит!анэ зызэпабжырт е пхъэидзэ ящ(ырти, зэхагъэк!ырт хэт и дэр япэу пхъэ шынакъым трилъ-хьэнуми, хэт япэу еуэнуми, хэт къык1элъык(уэми. А щ1ык1эм тету зым и дэр шынакъым трилъ-хьэрти, мыдрейхэр абы дэк!э е мывэ ц1ык1ук(э еуэрт, къраудыхыну, Т1урыт1у джэгу нэужьк(э, япэ уэгъуэм тезыгъахуэм а дэр къихьэхуам и мызакъуэу, аргуэру еуэну хуит хъурт. Абы щхьэк!э, зэрыгуры!уэгъуэщи, дэ зыф!ахьэхуам аргуэру шынакъ (убам дэ трилъхьэрт.
Зым тригъэсауэ адрейр еуэрэ къыхуемыудыхамэ, дэр тезыгъэсар езым и дэм еуэрт. Абы тригъэхуамэ, и дэр къихьэхужырт. Ит1анэ мыдрейм и дэ тригъэсын хуей хъурт. Апхуэ-дэурэ зым и дэр иухыхук!э джэгухэрт. Къэхъурт зым и дэ псори ф!ахьэхуауэ, ар зыхьэхуам щ!ыхуэу дэ къы!ихыжу щызэдэджэгу, зыгуэр къихьэхужын и гугъэу. Языныкъуэм деж ар абы къыщехъул!эри щы!эт, ауэ щ(ыхуэу къищтари ф!ахьэхужыным къуэды и(этэкъым.
Т1урыт1 мыхъуу нэхъыбэ щызэдэджэгум деж зи пхъэ къик)ам къык1элъык!уэм и дэр къриудыхамэ, ещанэм и дэр пхъэ шынакъ 1убам трилъхьэрт, ари къриудыхамэ, епл!анэм ейр трилъхьэрт. Тримыгъэхуэфакъэ, дэм еуэр зи чэзурт - тезымыгъэхуэфам къык1элъык(уэу зи пхъэ къик!ар. Абыи тримыгъэхуэфамэ, адэк!э зи чэзур еуэрт.
Шынакъ (убам лъэбакъуэ дапщэкЬ пэжыжьэу увынухэми, джэгухэр зэрызэгуры!уэт, ауэ лъэбакъуитху нэхъ.гъунэгъуу увхэртэкъым. Дэ еуэ гъэмахуэми щ!ыбым щыджэгу хъурт. Абы щыгъуэ дэр мывэ джей гуэрым е пхъэкъутапЬм трагъэсырт.
Дыгъужьымрэ тхьэк1умэк1ыхьхэмрэ
Щыджэгуну щ1ып!эм зэпэщыту лъэныкъуит1ымк(и линэ иратхъэ, метр 15-20 я зэхуа-куу. А зэхуакур джэгупЬщ. Зы итхъам адэк!э тхьэк1умэк!ыхьхэм я псэуп!эщ, адреймк!э дыгъужьым и псэуп!эщ.
Тхьэк1умэк1ыхь ц1ык(ухэр джэгуп1эм къок(уэри щоджэгухэр, дыгъужьым и псэуп!эм нэс мак(уэ, мыпхуэдэу жа1эурэ: «Дыгъужьыжьыр щымы(эху, дыхуеихук!э дыджэгунщ». Дыгъужьым и псэуп!эм нэса нэужь, ахэр щ1оупщ!э:
- Укъэк1уэну, дыгъужь? Дыгъужьым же!э:
- Сэ иджыри сыкъэтэджакъым.
Тхьэк1умэк1ыхьхэр зэрыгъэк!ийуэ къы1уок(ыж, «Дыгъужьыжьыр щымы(эху, дыхуеихук!э дыджэгунщ», - жа(эурэ (уохьэжри щ1оупщ(э:
- Укъэк1уэну, дыгъужьыжь?
- Сэ сыкъэтэдж къудейуэ аращ, - же!э дыгъужьым. Апхуэдэурэ зихуапэу, зитхьэщ!у, шхэуэ жиЬурэ, иужьым:
- Сынок1уэ фыкъэзубыдыну! - же!эри, къыщ!опхъуэ. Тхьэк1умэк1ыхьхэр къы(уожыж, дыгъужьым зыгуэр къиубыдмэ, ар дыгъужь мэхъури, дыгъужьу щытар тхьэк(умэк1ыхьхэм яхохьэ.
По теме: методические разработки, презентации и конспекты
Народные игры по приобщению детей к русской народной культуре
«Бабка Ежка»Описание:В середину круга встает водящий – Бабка Ежка. В руках у нее «помело». Вокруг бегают играющие и дразнят ее:Бабка Ежка – Костяная ножкаС печки упала, ногу сломала,А потом и го...

«Приобщение детей дошкольного возраста к истокам русской народной культуры по теме: « Русские народные игры. Их виды, содержание, значение в воспитании детей дошкольного возраста»
В статье рассматривается вид деятельности дошкольников - игра, её виды, особенности, значение. Раскрывая данный вид деятельности, как средство самопознания, проявления лучших качеств личности че...

"Не забывайте народные игры" Приобщение детей к истокам русской народной культуры через народные игры.
В консультации представлено описание народных игр на Вятке....

Программа "Мы играем в кубанские народные игры" (использование кубанских народных игр в работе с детьми старшего дошкольного возраста)
Для эффективной реализации культурной направленности регионального компонента дошкольного образования, при отсутствии педагогических рекомендаций по методике использования кубанских народных подвижных...

Народная игра. Формы и виды народных игр. Планирование подвижных народных игр для проведения занятий в детском саду. Классификация игр по основным видам движения и возрасту
В этом материале дано определение понятию "Народная игра". Описаны формы и виды народных игр. Даны рекомендации для педагогов по планированию подвижных народных игр для проведения занятий в детском са...

МАСТЕР-КЛАСС «Русские народные игры: русские народные подвижные игры с гендерной направленностью»
Старший дошкольный возраст...

Инициативные игры для детей. Инициативные игры для взрослых (дидактические игры). Традиционно-народные игры. Русские народные игры.
Самостоятельная работа "Картотека игр". Игры первого класса.Инициативные игры для детей. Игры второго класса.Инициативные игры для взрослых (дидактические игры). Игры тр...
