Открытое мероприятие праздника весеннего равноденствия «ВАК1УЭ ДЭК1»
план-конспект занятия (старшая группа)

ПОЗНАКОМИТЬ ДЕТЕЙ С ПРАЗДНИКОМ « ДЕНЬ ВЕССЕННЕГО

РАВНОДЕНСТВИЯ»

 

РАССКАЗАТЬ О НАРОДНЫХ ТРАДИЦИЯХ ПРАЗНОВАНИИЯ ЭТОГО ДНЯ

ОБ ИГРАХ И РАЗВЛИЧЕНИЯХ

 

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл stsenariy1.odt19.2 КБ

Предварительный просмотр:

 Открытое мероприятие праздника весеннего равноденствия          

                                    «ВАК1УЭ ДЭК1»

  ЦЕЛЬ: ПОЗНАКОМИТЬ ДЕТЕЙ С ПРАЗДНИКОМ « ДЕНЬ ВЕССЕННЕГО                              

   РАВНОДЕНСТВИЯ»

    РАССКАЗАТЬ О НАРОДНЫХ ТРАДИЦИЯХ ПРАЗНОВАНИИЯ ЭТОГО ДНЯ

    ОБ ИГРАХ  И РАЗВЛИЧЕНИЯХ

ЗАДАЧИ : РАЗВИВАТЬ  У  ДЕТЕЙ ЭМОЦИОНАЛЬНЫЙ ОТКЛИК ВЕСННИЕ ПРОЯВЛЕНИЯ ПРИРОДЫ,  ЭСТЕТИЧЕСКИЕ ЧУВСТВА.

ВЕД: УЭ ЖЫЛЭ МАХУЭУ ТХЬЭМ  И НЭФ1 ЗЫЩЫХУЭНХЭ!

ЗЭХЭЗХЫР ФЫКЬЭДА1УИ,АДРЕЙХЭМ   ТХУАЖЕФ1ЭЖ.

 НОБЭ ДИ ГУФ1ЭГЬУЭШХУЭЩ.

НОБЭ ДИ ЗЭХУЭСЫШХУЭЩ

ФЫКЬЫТХУЕБЛАГЬЭ

УЭ ДЭ ДИ ТХЬЭУ ТХЬЭШХУЭ

ДИ ТХЬЭ ЗАКЬУэ

1УЭХУ КЬЕДГЪЭЖЬАМ

Ф1ЫГЬУЭ КЬЫДЭГЪАК1УЭ

ПСЫНЩ1Э ТЕ1УЭ

Ф1Ы  те1уатэ

 Ц1ык1ухэм жа1э «Хъуромэ»

уэ хъуромэ хъуромэ

уо уо

уэ хъуромэ токъу

уо уо

токъмакъ зи 1эщэ

уо уо зи 1щэрилэ

уо уо

махуэщ1 гъэльап1э

уо уо

ей дывгьэджэгухэ

уо уо

ей дывгъэхъуахъуэ

уо уо

Къафэ.бэракъыр къырахьэ

Вед: Ижь ижьыж льандэрэ Кавказ льэпкьхэм гулььытэшхуэ хуащ1 щ1эблэр лэжьак1уэу гьэсэным. А кьэлэныр я гьэзащ1эт

гуащ1эдэк1ым епха хабзэхэми. Псальэм папщ1э : вэн-сэным,гьавэ кьехьэл1эжыным.1эщ.бжьэ гъэхъуным.цыщым.

Псом хуэмыдэу хабзэ гъэщ1эгъуэн куэд епхат вэным.

Ахэр зыбжанэу зэк1элъык1уэт:вак1уэдэк1.вак1уэихьэж,бэракь.

Нобэ дэ нэ1уасэ фыхуэтщ1ыну дыхуейщ  вак1уэдэк1ым ехьэл1ауэ щыта хабзэхэм. Ар ягьэлъап1эу щыта гьатхэпэм и 22 махуэм.А махуэщ1ым Маф1эщхьэтыхьк1э йоджэ.Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 жэщым унагъуэм ису хъуар жейкъым. ужейуэ  илъэсыщ1эр кьибгъэхьэныр мыф1у къалъытэт Мыжейнхэ щхьэк1э джэгухэрт. «Дэ къегъэжэх»

нэхъыбэ къызылъысым и 1уэхур нэхъыф1 хъуну жа1эрт. А махуэи и пщэджыжьым уэлбанэу е уэс къесу нэху кьек1ыу.шэджагъуэ нэужьым дыгъэ къепсыжмэ « Гъэмрэ щ1ымрэ зэзауэри .гъэр теук1уащи  гъэр бэв хъуну жа1эр.

А псалъэжьым ехьэл1ауэ хъуэхъу куэди къыдогъуэгурык1уэ

Аделина хар; жьыщхьэ махуэ хъуну ди адэшхуэхэ!

Амир ; зинэмыс льагэ хъуну ди анэшхуэхэ!

Аделина ;дэм хуэду ди адэхэ!

Нэм хуэду ди анэхэ!

Псоми; Вак1уэдэк1 махуэм.адыгэ идъэсыщ1эм и ц1эк1э къыдаха махуэшхуэм иц1эк1э псоми дынывохъуэхъу;

 Фи гур зыхуэпхъэм

фи 1э  нэсыну

гъэ бэв тхьэм къыдитыну!

Уэрэд- къфэ ц1ык1у»Дэ хадэшхуэ ди1эщ»

Вед; вэным и п1алъэр кьыщыск1э вак1уэхэр зэгухьэти губгъуэм дэк1хэт.зыхуэйну хъуар ящтэти. (вак1уэ дэк1хэр йожьэр)

пщы1э ящ1ти вэн яухыху тесхэт.Вэным хэт дэхэнэ зыми и лэжьыгъэр убзыхуат.а псоми нэхъыжь я1эжт вак1уэпщ еджэу.Вак1уэ тхьэмадэм и пщы1э бжэ1упэм нып щыхат1эрт Ныпыр гъуэжьт гьавэ хъуам и плъыфэу. Ныпыр ядыгъуну кьещэхэрт пщы1э гъунэгъухэр.зыдыгъуам и гъавэр нэхъ бэв хъуну къаф1эщ1т.абы папщ1э ныпым хъмак1уэ и1эт. Вэн щ1адзэнумэ ныпыр я1этт,загьэпсэхунумэ ирахьэхт.Абык1э вак1уэ пщым унафэ ищ1т.

Вед: Игъащ1эмяи  жа1э адыгэм,сабийм и тхьэлъэ1ур алыхьым ещтэ жэуэ.

Амир: Я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ

             тыгъэшхуэ зи 1эрык1

              гьэрэ щ1ырэ тхузэхъуэк1

              вац1уэ махуэм

Ренат; я дэ ди тхьэ тхьэшху

             телъыджэр зи 1эужь

              едгъэжьа 1уэхур гъэбагъуэ.

Къуажхьхэр: Вак1уэдэк1ым к1элоджэ къаджэ наджэу кък1ухь

                                                                          \хьэрэхьуп\

                   хьэ хужьит1 зэрошх

                                  \дзэ\

1эф1р зыгъэдыдж.дыджыр зыгьэ1эф1\

                                                 \шыгъу\

хьэ къарит1 зэгъунэгъу

                        \нэ\

хьэщ1эр зыгъашхэу шхалъэм дэпк1эж

                                              \бжэмышх\

уеплъмэ гъуджэ,уеджэмэ дэгу

                                     \мыл\

Вед; Вак1уэ тхьэмадэр хъуахъуэу гъунэ иралъа нэужь вэнэ щ1адзэрт.

Иджы ц1ык1ухэм къывжа1энщ лэжьэным епха псалъэжьхэр.

Хар.Аделина; Дыщэр дыщэ зыщ1ыр пщ1энт1эпсщ.

Рустам; емызэш и 1эху къыдохъу

Ренат;Мылажьэ щхьэусыгьуэ  икуэдщ.

Аделина хак :Уэсэпс хэмыхьэ 1ыхьэншэщ

Аслан;Гьатхэм жейр,бжьых.эи мэгъ

Адк1э ди ц1ык1ухэм кьавжа1энщ вак1уэдэк1ым и уэрэд ц1ык1ур

        гъатхэ пасэр къытхуихьащ

         губгъуэ 1уэхухэр къэблэгъащ

        вакк1уэ гупыр къызэхуэсри

         губгъуэм вак1уэ ныдэк1ащ

 

       п1уп1у п1уп1 п1уп1у п1уп1 маджэ хьэрэхьупыр

       п1у п1у п1уп1 вак1уэдэк1 маджэ къытригъазэу

     

    зэш ямыщ1эу вак1уэ гупым

    вагъэр зъпагъазэ

     гъавэ бэвыр къахъул1эным

     псори хуогузавэ  

 Вед; Тхьэмахуэ к1ыхьагтьым вэхэрт. Мэрем махуэм загъэлсэхут. Выхэри щ1ат1ык1ырти зырагъэхъэпсэхут.

Лэжьэнымрэ гушы1эмрэ зэщ1этт. А зэманым щы1ащ адыгэ сабий джэгук1эхэр «пы1экъуэдзэ», «льэфъ», «къыру- къыру»,

«дзыгъуэ-джэду» ахэм ящыщ мыхэри.

Иджы дыкъевэплъыт мы ди сабийхэр зэрыакьылжанхэм.

Адэшхуэм дызэреджэр

блэк1а махуэм дызэреджэр

къэк1уэну махуэм дызэреджэр

мзкъамэ къызэрык1 1эмэпсымэ

щ1ып1э хуабэм лъэтэжым ящыщ къуалэбзу

    /макъхэр\ за кулисам1

1 къок1уэжхэр        2 къэсыжахэщ   3псынщ1эу фапежьэ

4 къевгъэблэгъэж ди вак1уэ пэрытхэр

Вак1уэ къик1ыжа ди вак1уэ пэрытхэм щхьэк1э къывагъэлъэгъунщ ди къафэ дахэр «Удж»

Вед: Хэкум и щ1ылъэм

ди тхыдэр куурэ ди хабзэр къек1уу

Лъэпкъ къуэпсыр гуащ1эу

щ1ылъэр щ1эращ1эу,деф1ак1уэ зэпыту

дылажьэу дышхэжу

гъавэ бэвыр 1утхыжу

пщ1эуэ ди1эр вагъуэбэу

бын узыншэр ди щ1эблэу

хабзэ нэмысым дытету

бжьыпэр дэни щыт1ыгъыу

ди жьэгу маф1эншэ зэи мыхъуу

дызэхэзыхыр къыдэхъуапсэу

тхьэм куэдрэ дигъэпсо!


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Сценарий открытого мероприятия "ПРАЗДНИК РУССКОГО ПЛАТКА"

Сценарий и фотоотчёт проведения  фольклёрного праздника "Праздник русского платка" в разновозрастной группе МКДОУ Озёрский детский сад...

Открытое мероприятие "Праздник пап"

На мероприятии дети поздравляют пап, дедушек, читают стихи, поют песни, участвуют с папами в различных конкурсах....

Сценарий народного праздника весеннего равноденствия «Жаворонки» в подготовительной группе.

Сценарий народного праздника весеннего равноденствия «Жаворонки» в подготовительной группе....

Открытое «Сороки – день весеннего равноденствия»2022

Открытое ООД с детьми младшей группы «Сороки – день весеннего равноденствия»...