План- конспект урока
план-конспект урока (4 класс)

усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр сабийхэм ягурыгъэIуэн, гъэхуауэ еджэным елэжьын;

лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым епха псалъэжьхэмкIэ я бзэм зегъэужьын;

лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэн.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл План-конспект урока22.47 КБ
Файл Презентация475.22 КБ
Файл Лекция38.59 КБ

Предварительный просмотр:

Темэ: Дэбагъуэ Мухьэмэд «ПхъащIэ цIыкIу».

(усэ)

Мурадыр:

усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр сабийхэм ягурыгъэIуэн, гъэхуауэ еджэным елэжьын;

лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым епха псалъэжьхэмкIэ я бзэм зегъэужьын;

лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэн.

Урокым ехьэлIапхъэр: пхъэм къыхэпщIыкI хъу предметхэм я сурэт, ИКТ

Урокым и екIуэкIыкIэр

  1. Пэублэ псалъэ

I)Фи махуэ фIыуэ, цIыкIухэ!

2)Урокым къыщыдгъэсэбэпыну хьэпшыпхэр фи партащхьэм къытефлъхьэт.

  1. Унэ лэжьыгъэу яIар къэпщытэжын

#1059;пщIэхэм жэуап ират:

I)Сыт, цIыкIухэ, нобэ унэ лэжьыгъэу фиIар?

  • КIэмыргуей Толэ и усэ «Лэжьыгъэ урок» зыфIищам гъэхуауэ дыкъеджэфу, упщIэхэм жэуап еттыжыфу зедгъэсауэ, сурэт е пластилиным къыхэщIыкIауэ предмет зэмылIэужьыгъуэхэр тщIауэ урокым дыкъекIуэлIэн хуеящ.

НтIэ, псори фыхьэзыру къыщIэкIынщи, си упщIэхэм щIэздзэнщ.

2)Усэм къывгурымыIуауэ псалъэ хэта? А псалъэхэр зэпкърыдвгъэхыт.

3)Сыт хуэдэ гупсысэ нэхъыщхьэ щIэлъу къыфщыхъуа мы усэм?

4)Усэр хэт къиIуэтэжу тха?

5)Сыту пIэрэ егъэджакIуэм и гур щIыхэхъуэр?

6)Сыт хуэдэ хьэпшыпхэр цIыкIухэм ящIауэ жиIэрэ усакIуэм?

7)Фэ вгъэхьэзырахэми девгъэплъыт. Мыхэр фщIыну сыт нэхъ къыщIыхэфхар?

Усэм фыкъызэреджар къэдвгъэпщытэ.

АдэкIэ темэщIэм дыхыхьэн ипэ къихуэу ди Iэпкълъэпкъхэм тIэкIу зедгъэгъэпсэхунщ.

Ди нанэ нэгъуджэм Iуэху Iэджэ ирещIэ:

Щытхэнум- ар къещтэ, щеджэнум- ар къещтэ,

Щыбзэнум- ар къещтэ, щыдэнум- ар къещтэ.

СиIатэм нэгъуджэ Iуэху Iэджэ сэ сщIэнут

ИтIани сеIусэу нэгъуджэм ямыдэ.

  1. ТемэщIэм хэшэн

#1048;джыпсту зы усэ пычыгъуэ фыкъезгъэджэнущи доскамкIэ фыкъаплъэт.

( Мы пычыгъуэм фыкъыщеджэкIэ гу лъыфтэт дэгъэхуа псалъэм)

Хъызыр ………………….. зрегъасэр

Абы ещIэр пхъэм и уасэр,

Уэрэд жиIэу гуэщым щIэтщ,

Пхъэпс иIыгъыу пхъэм бгъэдэтщ.

ЕщI бзу абгъуэ, ещI шэнтжьей,

ЕщI щхьэгъубжэ, кхъуафэжьей,

И ныбжьэгъухэм ядогуашэ,

И шыпхъу цIыкIум хуещIыр гуащэ.

Хъызыр школыр къиухыхукIэ

Хьэл-щэн дахэ зэхилъхьэнщ.

Балигъ хъуху ар………….. IуэхукIэ

И адэшхуэм лъэщIыхьнщ.

#1044;ауэ феплърэ, цIыкIухэ, сыт хуэдэ IэщIагъэу пIэрэ мы усэ цIыкIур зытепсэлъыхьыр? А псалъэр дэгъэхуащи дэтхэжын хуейщ.

  • Мы усэр зытепсэлъыхьыр пхъащIэрщ.

#1058;эмэму къэфщIащ. КъызжефIэт, сыт а гупсысэм фыхуэзышар?

  • Усэм къыхэщ хьэпшыпхэр псори къыхэзыщIыкIар пхъэрщ. Пхъэм елэжьыр пхъащIэрщ.

#1058;эмэмщ. Пэж дыдэуи дэ нобэ дызэджэну, зэпкърытхыну усэми и фIэщыгъэцIэр «ПхъащIэ цIыкIу» жиIэу аращ. Мыр зытхар Дэбагъуэ Мухьэмэдщ. Ауэ мы усэр зэпкърытхын ипэ къихуэу план ди урокым хуэдгъэувын хуейщи, девгъэплъыт ар зэрытхузэфIэкIынум. Сыт псом япэ тщIэн хуейр?

#1057;абийхэм я гупсысэр къаIуатэ, иужькIэ егъэджакIуэм ейхэри абы хелъхьэжри урокыр зэрекIуэкIынум и план зэхагъэувэ.

#1045;гъэджакIуэр усэм зэ къоджэ.

#1059;сэм хэт псалъэ гугъухэр доскам къретхэ икIи зэгъусэу зэпкърах.

#1059;сэм хэлъ гъэсэныгъэ Iэмалхэм гу лъатэ.

#1057;абийхэри чэзууэрэ усэм къоджэ.

  1. ТемэщIэр егъэбыдылIэн

#1055;салъэжьхэр къагъэсэбэпурэ усэр къазэрыгурыIуар къэпщытэн.

IэщIагъэфIыр былымщ.

Лэжьыгъэм уегъэлъапIэ, щхьэхынагъэм уегъэпуд.

IэщIагъэншэм и шэрхъ лъэныкъуабэщ.

Узэгугъур къогугъуж.

ПхъащIэ Iэзэм мэзыр и благъэщ.

#1052;ы псалъэжьхэм щIэлъ гупсысэр къазэрыгурыIуар жегъэIэн, езыхэми лэжьыгъэм теухуауэ нэгъуэщI псалъэжьхэр ящIэм жегъэIэн.

#1052;ы псалъэжьхэр нобэ дызэджа усэм и закъуэ хьэмэрэ унэ лэжьыгъэу диIа усэми епхьэлIэ хъуну?

#1040;нэдэлъхубзэ тхылъым и дэIэпыкъуэгъу тетрадыр къафщти нап.38-39-м ит лэжьыгъэхэр зэгъусэу дывгъэщIыт.

  1. Урокым и вывод егъэщIын

Нобэ дызэджа усэщIэми къэтпщытэжа усэми дэ дызыхурагъасэр зыщ: лэжьыгъэр фIыуэ тлъагъуу, пщIэ хуэтщIу дызэрыпсэунырщ. Урокым дгъэзэщIэну мурад тщIахэр къыдэхъулIауэ къызолъытэ. Фэри упщIэ гуэрхэр фиIэмэ къызэфт.

  1. Оценкэ яхуэгъэувын
  2. Унэ лэжьыгъэ етын: анэдэлъхубзэ тхылъымкIэ нап.92-93-м ит усэ «ПхъащIэ цIыкIу» Дэбагъуэ Мухьэмэд зыфIищам гъэхуауэ фыкъеджэфу зевгъасэ.


Предварительный просмотр:


Подписи к слайдам:

Слайд 1

Темэ : Дэбагъуэ Мухьэмэд «Пхъащ1э ц1ык1у». ( усэ )

Слайд 2

Мурадыр : усэм и гупсысэ нэхъыщхьэр сабийхэм ягурыгъэ1уэн, гъэхуауэ еджэным елэжьын ; лэжьыгъэм , гуащ1эдэк1ым епха псалъэжьхэмк1э я бзэм зегъэужьын ; лэжьыгъэр ф1ыуэ ялъагъуу гъэсэн .

Слайд 3

Ди нанэ нэгъуджэм 1уэху 1эджэ ирещ1э : Щытхэнум - ар къещтэ , щеджэнум - ар къещтэ , Щыбзэнум - ар къещтэ , щыдэнум - ар къещтэ . Си1атэм нэгъуджэ 1уэху 1эджэ сэ сщ1энут Ит1ани се1усэу нэгъуджэм ямыдэ .

Слайд 4

Хъызыр ……… . зрегъасэр Абы ещ1эр пхъэм и уасэр , Уэрэд жи1эу гуэщым щ1этщ, Пхъэпс и1ыгъыу пхъэм бгъэдэтщ . Ещ1 бзу абгъуэ , ещ1 шэнтжьей , Ещ1 щхьэгъубжэ , кхъуафэжьей , И ныбжьэгъухэм ядогуашэ , И шыпхъу ц1ык1ум хуещ1ыр гуащэ . Хъызыр школыр къиухыхук1э Хьэл-щэн дахэ зэхилъхьэнщ . Балигъ хъуху ар ………….1уэхук1э И адэшхуэм лъэщ1ыхьнщ.

Слайд 5

Пхъащ1э -плотник

Слайд 6

Пхъэпс-рубанок

Слайд 7

Бзу абгъуэ - гнездо

Слайд 8

Шэнтжьей-диван

Слайд 9

Кхъуафэжьей-лодка

Слайд 10

псалъэжьхэр 1.1эщ1агъэф1ыр былымщ . 2.Лэжьыгъэм уегъэлъап1э,щхьэхы- нагъэм уегъэпуд . 3.1эщ1агъэншэм и шэрхъ лъэныкъуабэщ . 4.Узэгугъур къогугъуж . 5.Пхъащ1э 1эзэм мэзыр и благъэщ .

Слайд 11

Унэ лэжьыгъэ : Анэдэлъхубзэ тхылъымк1э нап.92-93-м ит усэ «Пхъащ1э ц1ык1у» Дэбагъуэ Мухьэмэд зыф1ищам гъэхуауэ фыкъеджэфу зевгъасэ .



Предварительный просмотр:

Кавказ зауэм и адыгэ лIыхъужьхэр

C:\Users\Толик\Desktop\


  • Зауэ гуащIэ куэд я нэгу щIэкIащ адыгэ лъэпкъхэм. Ди тхыдэм щыгъуазэ ещIэ ди лъахэм и псэм къещэ зэрыпхъуакIуэхэм адыгэхэр зы махуи зырамыгъэтыншар – я хуитыныгъэмрэ я хэкумрэ папщIэ лъы ягъажэ зэпытащ адыгэхэм курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ.
  • Псом хуэдакъым Кавказ зауэкIэ зэджэр – илъэсищэм щIигъукIэ (1763-1864) екIуэкIащ ар. Адыгэ лъэпкъхэм лъапсэрыхыр къахуигъэкIуащ а зауэм, я щхьэри я хэкури халъхьащ. Кавказ зауэм и мафIэ лыгъэм хисхьащ адыгэ минищэ зыбжанэ, къелам я нэхъыбапIэм хэкур ирагъэбгынэри, дунейм текъухьа хъуащ. Адыгэхэм игъащIэкIэ ящыгъупщэнукъым Кавказ зауэм къахуихьа насыпыншагъэмрэ гукъутэгъуэмрэ - абыкIэ ахэр зыгъэкъуэншэфын щыIэкъым, ар гъэткIугъуафIэкъым.
  • Сыт Кавказ зауэм и щхьэусыгъуэр, щхьэ къатепсыхэн хуей хъуа ар адыгэ лъэпкъхэм – къэбэрдейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм, кIэмыргуейхэм, беслъэнейхэм? А упщIэм щIэныгъэлIхэм жэуап щрат: тхыгъэ, лэжьыгъэ куэд дунейм къытехьащ иужьрей илъэсхэм, дяпэкIи къытехьэнущ, сыту жыпIэмэ Кавказ зауэр Урысейми ди лъэпкъхэми я тхыдэм пхухэдзынукъым, ар щабзыщI зэманыр блэкIащ. ПцIы зыхэмылъыжыр зыщ: адыгэ цIыхубэми урыс цIыхубэми я фейдэ хэлъакъым Кавказ зауэм, тIуми я дежкIэ насыпыншагъэт ар; абы зи фейдэ хэлъар щIыгукIэ зызымыгъэнщI инэрал зауэшыхэрщ: адыгэхэми урысхэми ящысхьакъым ахэр.
  • Кавказ зауэм насыпыншагъэ куэд къыхурикIуащ ди лъэпкъым, ауэ адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIэуфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъузехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ.
  • А лIыгъэкIэ хахуагъэкIэ, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъыр хъумэжынымкIэ зи псэ емыблэжу дунейм щытахэщ:
  • БэматIэ Мысост – къэбэрдеипщщ. ЛъэпкъкIэ ХьэтIохъущокъуэхэ къахэкIащ. Къургъуокъуэ Мухьэмэд и къуэ нэхъыжьщ. И къарури и зэфIэкIышхуэри ирихьэлIэу щытащ КъэбэрдеищIым урысхэм иращIыхьа Мэздэгу быдапIэр Iуахыжын папщIэ. Мызэ-мытIэу урысеидзэм пэувурэ адыгэ зауэлIхэм я хахуагъэмрэ я зэфIэкIымрэ къагъэлъэгъуащ Мысост я пашэу. Ахэм ящыщ зыщ Нартсанэ здэщысым и гъунэгъуу 1769 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм щекIуэкIа зауэшхуэ дзэпщ БэматIэм лIыгъэшхуэрэ хахуагъэрэ къыщигъэлъэгъуар. Абы хузыфIэкIащ зауэ нэужьым и дзэр бгылъэхэм иришэу нэхъри зигъэбыдэн. ТекIуэныгъэ куэд къихьащ абы урысыдзэм щэхуу теуэурэ.
  • Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ дыдэщ Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ. КъызыхэкIар Къейтыкъуэхэ я пщы лъэпкъщ, аращ КушыкупщкIэ щIеджэр. ЛIакъуэкIэ къэбэрдейщ. Езыр шууей Iэзэу, IэщакIуэу щытащ. Лъахэм къитIысхьа къэзакъхэр яхуэмышэчу Псыжь адрыщI икIыу Беслъэнеймрэ Шэрджэсымрэ щызэуа адыгэхэм я унафэщIу щытащ. Е XIX лIэщIыгъуэм и 20-40 гъэхэм Къэбэрдей щIыналъэр зубыда зэрыпхъуакIуэхэм къатеуэурэ бэлыхьым хигъэтт, псэхугъуэ яримыту. Урысейидзэм и унафэщIхэр щышынэрт Кушыкупщ и шуудзэ гупым. И лIыгъэ-хахуагъэм къырикIуэу лъэпкъым уэрэд хуаусыжащ абы.
  • ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэ Кавказ зауэм хэта лIыхъужьщ. Къэбэрдеипщщ. Мысост Аслъэнбэч – лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэлI хахуэхэм ящыщ зыщ. Абы и къуэщ Мыхьэмэт-Iэшэ. ХьэтIохъущокъуэр 1825 гъэм Псыжь адрыщI адыгэхэм я гъусэу Солдатскэ тIысыпIэр зэтезыкъутахэм ящыщ – я зыпажэщ. Къэбэрдей щIыналъэм Урысейм щызэрихьэ мыхъумыщIагъэмрэ щIэпхъэджагъэмрэ игу темыхуэу Псыжь адрыщI зэпырыкIыжри теуэ къищIурэ псэхупIэ урысыдзэм къаримыту зэуащ. Ар еджагъэшхуэу щытащ. Хуиту урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ псалъэфырт, уэрэд дахэу жиIэрт, усэ зэхилъхьэфырт, шыкIэпшынэ еуэрт.
  • Езыр псэууэ и уэрэд лъэпкъым зыхуаусахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэ.
  • Хъырцыжьыкъуэ Алэ – Жанхъуэт лъэпкъым къыхэкIащ, абазэхэщ. Зауэ хуэIу-хуэщIэм хуэхьэзыр Кавказ ипщэм щыпсэуа адыгэхэм ящыщщ.
  • Хъырцыжьыкъуэ Алэ теухуа хъыбар куэдым къаIуатэр ар лIы хахуэу, губзыгъэу, шынэ имыщIэу бийм зэрезэуар. И зауэлIхэм и гъусэу абы генерал Засс – адыгэ лъэпкъым я лъы хей куэд зыгъэжам – и пхъур къидыгъури адыгэ жылагъуэ гуэрым ягъэхьэщIэу щаIыгъащ икIи къыкIэлъыкIуэ махуэм генералым деж ныкъусаныгъэншэу яшэжащ. АбыкIэ Хъырцыжьыкъуэм къигъэлъэгъуащ адыгэхэр «зэримыхьэкIэкхъуэкIэр», «зэрымыцIыхуукIхэр», зыхущIэкъухэри мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, зэгъунэгъуагъ, зэныбжьэгъуагъым тет псэукIэу зэрыщытыр. Урысей генерал лъыгъэжэхэу зи щхьэм щIы къазэунрэ мылъку зэлъэфэлIэнымрэ фIэкI имылъхэм зей псэхугъуэ яримыту, ятеуэрэ зэтриукIыу ихъунщIэу, Псыжь адрыщI зэпырыкIрэ теуэ ищIу, зэрыпхъуакIуэхэр къыфIэлIыкIыу къыщымынэу щытащ Хъырцыжьыкъуэ Алэ.
  • Дыгъужьыкъуэ Къызбэч. ЛъэпкъкIэ къызыхэкIар шапсыгъ уэркъ унагъуэ ШырытлIыкъуэхэщ (1777-1840 гъ.гъ.) Адыгэ щIыналъэр щхьэхуит хъужынымкIэ зи гуащIэрэ зи зэфIэкIрэ псэ емыблэжу хэзылъхьа зауэлI пашэщ. ИпщэкIэ (къухьэпIэмкIэ) щыпсэу къэралыгъуэхэм я тхыгъэхэм абы и цIэр къыхощ «Шэрджэс Аслъэн» къыхужаIэу 1830 гъэм накъыгъэм и 30-м абы гуп цIыкIу и гъусэу Елизаветинскэ быдапIэр зэтрикъутащ. 1834 гъэм Абинэ и гъунэгъуу цIыху 700 фIэкI мыхъу шуудзэр и гъусэу ирихужьэжащ цIыху 14000 хъу дзэшхуэр. 1837 гъэм шу 900 и гъусэу зэтрикъутащ урысей пащтыхьым и дзэшхуэр, гъэрхэр къатырихыжри адыгэ къуажи 9-м я мылъкухэр яритыжащ.
  • И ныбжьыр зэрыхэкIуэтами, уIэгъэ хьэлъэ куэд зэрытелъми емыплъу Дыгъужьыкъуэр шапсыгъ шуудзэм и унафэщI Iущу, хахуэу щытащ. Кавказ зауаем и къуэхэр хэкIуэдащ. Езыр хьэжыщI Мэчэм щыIащ ауэ и гур нэхъ цIыкIу хъууэ щхьэхуитыныгъэ зауэр щигъэтакъым. ПщIэшхуэ и лIыгъэм, и хахуагъэм, и губзыгъагъэм, и Iущагъэм къыхуащIу щытащ зэрыпхъуакIуэ Адыгэ щIыналъэм къэкIуахэм.
  • Шырыхъукъуэ Дыгъужь къызыхэкIар нэтхъуей лъэпкъ уэркъ-лIакъуэлIэшщ. Адыгэ дзэ зешэ зи цIэр фIыкIэ Iуахэм ящыщщ. Шырыхъукъуэм и цIэр адыгэ тхыдэми адыгэ IуэрыIуатэми игъащIэкIэ къыхэнащ. Абы и хъыбар куэд ущрохьэлIэ урыс дзэпщхэм къызэрынэкIа тхыгъэхэми хамэ къэралхэм къыщыдэкIа тхылъхэми. Белл и тхылъым дыкъыщоджэ: «Шырыхъукъуэ Дыгъужьрэ Жамболэтрэ, я джатэр кърахри, сэлэт щитху хъу дзэм ебгъэрыкIуащ, хьэлэч зытращIащ, езы тIури хэкIуэда я гугъа щхьэкIэ, уIэгъи мыхъуауэ, мэзым щIыхьэжащ, бийм кIэ ирата нэужь».
  • Шырыхъукъуэ Дыгъужь и дуней тетыкIар и IуэхущIафэхэр и лIыгъэр зырагъэщхьыр инджылыз жорзехьэ Ричард I Аслъэныгущ

  • Дэ дигу къоуэ адыгэхэр зытекIуэда лъыгъажэ зауэм и пэжыпIэр тщIэныр, тIуэтэныр къыщытпаубыд къызэрыхъур. Ди тхыдэм зэIумыбз куэд хэлъщ, а псор хэIущIыIу хъуа нэужьщ цIыхум я акъыл щызэтехуэнур. Пэжыр щIэбуфэ хъунукъым, ар IэфIми дыджми. Пэжым цIыхухэр зэрешалIэ, пцIым зэблеш.
  • Адыгэхэр илъэсищэкIэ зыхэта лъыгъажэ зауэр геноциду къалъытапхъэу 1992 гъэм унафэ къищтауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, 1994 гъэм КъБР-м и Парламентым ар дыдэмкIэ зыхуигъэзауэ щытащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсымрэ Къэрал Думэмрэ. А лъэIухэм иджыри къэс зыри къикIакъым.