Урок-зэIуха "Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар".
методическая разработка (4 класс)
Предметым ехьэлIауэ ящ1апхъэхэр (образовательные):
- IуэрыIатэр зищIысымрэ ар къызэрежьа щIыкIэмрэ теухуауэ еджакIуэхэм ящIэмкIэ зыкъегъэпщытэн; зыщыгъуазэр къэхутэн.
-зэджа текстыр зэпкърахыфу сабийхэр егъэсэным елэжьын.
Зыужьыныгъэ ягъуэтыным и лъэныкъуэкIэ(развивающие)
-адыгэ IуэрыIуатэм и гъэпсыкIэм, ар удихьэхыу гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхугъуэхэм сабийхэр щыгъэгъуэзэн,гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэр ягурыгъэIуэн.
- Хъыбарым къыщыгъэлъэгъуа пэжымрэ шыпсэмрэ зэхагъэкIыфу, зэджа текстыр зэпкърахыфу сабийхэр егъэсэным елэжьын.
Гъэсэныгъэ ягъуэтыным и лъэныкъуэкIэ (воспитывающие).
-бзэр фIыуэ ялъагъуу, ар шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.
IуэрыIуатэм теухуа проектхэр зэгъусэу ягъэзэщIэфу, гупым хэту здэлэжьэфу еджакIуэхэр гъэсэн.
Скачать:
| Вложение | Размер |
|---|---|
| 44.03 КБ |
Предварительный просмотр:
АнэдэлъхубзэмкIэ урок зэIуха е 4-нэ «Б» классым
Темэр: «Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар» (Нарт хъыбар).
Мурадхэр:
Предметым ехьэлIауэ ящ1апхъэхэр (образовательные):
- IуэрыIатэр зищIысымрэ ар къызэрежьа щIыкIэмрэ теухуауэ еджакIуэхэм ящIэмкIэ зыкъегъэпщытэн; зыщыгъуазэр къэхутэн.
-зэджа текстыр зэпкърахыфу сабийхэр егъэсэным елэжьын.
Зыужьыныгъэ ягъуэтыным и лъэныкъуэкIэ(развивающие)
-адыгэ IуэрыIуатэм и гъэпсыкIэм, ар удихьэхыу гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхугъуэхэм сабийхэр щыгъэгъуэзэн,гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэр ягурыгъэIуэн.
- Хъыбарым къыщыгъэлъэгъуа пэжымрэ шыпсэмрэ зэхагъэкIыфу, зэджа текстыр зэпкърахыфу сабийхэр егъэсэным елэжьын.
Гъэсэныгъэ ягъуэтыным и лъэныкъуэкIэ (воспитывающие).
-бзэр фIыуэ ялъагъуу, ар шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.
IуэрыIуатэм теухуа проектхэр зэгъусэу ягъэзэщIэфу, гупым хэту здэлэжьэфу еджакIуэхэр гъэсэн.
Урокым еджакIуэхэм къыхахыпхъэр, щагъуэтыпхъэр( планируемые результаты).
-IуэрыIуатэм цIыхум и гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къагурыIуэн, лъэпкъыбзэр хъумэнымкIэ абыхэм зэфIагъэкI къалэнхэм щыгъуэзэн, IуэрыIуатэр бзэм къыщагъэсэбыфын, абыкIи сабийхэм я бзэм, гупсысэм зегъэужьын.
-адыгэ IуэрыIуатэмрэ нэгъуэщI лъэпкъхэм ейхэмрэ я гъэпсыкIэкIэ зэралъытыфын.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:Тхылъыр , интерактивнэ доскар, презентацэ, карточкэхэр, псалъалъэ, «Нартхэ» тхылъыр, тхылъ выставкэ- Iуэры1уатэр зэрыт, Бэдынокъуэ теухуа пшыналъэр, музыкальнэ Iэмэпсымэхэм я сурэт.
Урокыр зэпха предметхэр: адыгэ литературэм, урысыбзэм, музыкэ, дыкъэзыхъуреихь дунейм.
Урокыр зэрекIуэкIынур
I. Пэублэ псалъэ.
Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! Фи махуэ фIыуэ, ныбжьыщ1э цIыкIухэ!
Ди уэзджынэри къеуащ-
Урокыми щIэддзащ.
ДыкъэкIуащ деджэну,
Дымыщхьэхыу дылэжьэну!
II.Хэзышэ лэжьыгъэ. ЕгъэджакIуэм и псалъэ.
Нобэ цIыкIухэ, ди урокыр хьэлэмэту зэхэлъынущ. Урокым дэ зэман куэдкIэ дызэIэбыкIыжынущ.Уеблэмэ, ди лъэпкъым и ныбжьым хуэдиз зиIэ IуэрыIуатэу ныбжьышхуэ зиIэм и деж дыщыхьэщIэнущ.
III.Урок блэкIахэм яджар къэпщытэжын.
Дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым, цIыкIухэ, зи IуэрыIуатэ зэзымыгъэпэща, ар зимыIэ, ар зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, лIыгъэри.
ЛIэщIыгъуэ минкIэрэ цIыхубэм къигъэщ1ащ IуэрыIуатэр, лъэпкъым гъуэгу кIыхь дытетащ. Пасэрей цIыхум и гупсысэхэмрэ гурыгъугурыщIэхэмрэ ираIуэтащ. Ц1ыхубэмрэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэмрэ я фIыгъэк1э ди нобэм къэсащ IуэрыIуатэр мыкIуэдыжу. Апхуэдэ щIэныгъэлIхэщ: КъардэнгъущI Зырамыку, МафIэдз Сэрэбий , Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, IутIыж Борис , Нало Заур нэгъуэщ1хэри.
ЕгъэджакIуэ:ЦIыкIухэ, фэ IуэрыIуатэ псалъэр дауэ къывгурыIуэрэ? Сыт абы теухуауэ къыджефIэфыну?
ЕджакIуэ: IуэрыIуатэ псалъэр къызэрыщIидзэ «Iуэ» Iыхьэм «жыIэ» къикIыу аращ. IуэрыIуатэр цIыхубэм зэхилъхьащ, тхыгъэ зэрыщымыIам къыхэкIкIэ ахэр зэхуаIуэтэжурэ ди деж къэсащ.
ЕджакIуэ: IуэрыIуатэм къыхощыж цIыхухэм я гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэр, яку дэлъа зэхущытыкIэхэр здынэсу щытар, яхэлъа хабзэр, хьэл-щэнхэр, хъуэпсапIэу яIахэр.
ЕгъэджакIуэ: ЗэрыжытIащи, цIыкIухэ, дунейм зы лъэпкъи теткъым IуэрыIуатэ зимы1э. Фэ адрей лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм фыщыгъуазэу пIэрэ?
ЕджакIуэ: Дэ литературнэ чтениемкIэ деджащ «Устное народное творчество» жыхуиIэ Iыхьэм. Абы иджыри инджылыз бзэм къыхэкIа псалъэ «фольклоркIэ» йоджэ. Ди IуэрыIуатэмрэ устное народное творчествэмрэ я жанрхэмкIи зыщхьэщыкIыныгъэшхуэ ямыIэу зытохуэ.
ЕгъэджакIуэ: Пэж дыдэщ. ЦIыхухэ, дэ иджыпсту джэгукIэ цIыкIу дыджэгунущ,гупищу зыдгуэшынурэ.ДыщыджэгукIэ дэ сэбэп къытхуэхъунущ ди слайдым щытлъагъу жыгыр. Феплъыт ди жыг дахащэм! Сыт и фIэщыгъэцIэ пщIы хъуну мы жыгым, дауэ фегупсысрэ?
ЕджакIуэ: IуэрыIуатэ жыг- фIэтщ хъунущ.
ЕгъэджакIуэ: ФIэщыгъэцIэ дахэ ди жыг хьэлэмэтым фIэфщащ, цIыкIухэ. Иджы, ди джэгукIэр едгъэжьэнщ.
Ди IуэрыIуатэ (слайд2) жыгым тет тхьэмпэхэр чэзуурэ къыпыфчынщ.. Гуп къэс къаIэрыхьа тхьэмпэм тетым къеджэурэ абы теухуа ящIэр жаIэнщ , лэжьыгъэ игъусэри ягъэзэщ1энщ.
Япэ гупыр къуажэхьхэм къытхутепсэлъыхьынщ. Къуажэхьхэр псоми фIыуэ долъагъу, зэрыфщIэщи цIыкIухэ, урокхэми куэдрэ къыщыдогъэсэбэп. КъащIэфыну пIэрэ къуажэхь слайдым итхэр гупым?
Япэ гуп: Къуажэхьхэм еузэщI цIыхум и гупсысэр. Балигъри сабийхэри дехьэх. Къуажэ псохэри щызэпеуэ къэхъут, хэт и къуажэхь нэхъ къэщ1эгъуейми, дахэми. Къуажэхь щIыфIащари щыджэгук1э къэзымыщIэфым къуажэ итын хуей хъурт, къуажэ нэхъыбэ къэзыхьыр текIуэу арат.
(Лэжьыгъэр гъэзэщIэн) Къуажэхьхэр къэщIэн.(слайд 4)
Бгырыпхыбгъуэ лIыбгъуэ кIэщI (чей).
Быныр зыгъашхэу шхалъэм дэпкIэж. (бжэмышх).
Ди бжыхь джабэ хьэ дзакъэрей кIэрысщ. (шыпсыранэ).
Ет1уанэ гуп: Псалъэжьхэр. Псалъэжьхэр лъэпкъ акъылым , гупсысэм, зэхэщIыкIым и IэдакъэщIэкIщ. Псалъэжьхэр цIыхум и нэгу щIэкIа, гурэ псэкIэ зэхищIэ, лIэщIыгъуэкIэрэ зыкIэлъыплъа Iуэхугъуэ гуэрхэм ехьэлIащ.
(Лэжьыгъэр гъэзэщIэн) Псалъэжьхэр нэгъэсыжын. (слайд5)
Бгъуэ егъапщи, зэ пыупщI.
Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ.
Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым.
ЕгъэджакIуэ: Псалъэжьхэр бзэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. ЦIыхум ар нэхъыбэрэ къыщIагъэсэбэпри арщ. Псалъэжь зимыIэ лъэпкъи зыри щыIэкъым. Ди хэкум, лъэпкъ Iэджэ щопсэу, зэрыфщIэщи. Сыт хуэдэ лъэпкъхэр фцIыхурэ фэ?
ЕджакIуэ: Ди къэралым щопсэу: урысхэр, къумыкъухэр, тэтэрхэр, осетинхэр, шэшэнхэр. Псори зэхэту ди къэралым щыпсэу лъэпкъыгъуэхэр 180 щIегъу.
ЕгъэджакIуэ: Иджыри зы упщIэ фхузиIэщ, цIыкIухэ. Дэ мы слайдым ит псалъэжьхэм хуэдэ литературнэ чтением дыщрихьэлIащ мы мыхьэнэ дыдэхэр яIэу, сыт хуэдэ псалъэжьт ахэр?
ЕджакIуэ: Семь раз отмерь, один раз отрежь. Птицу возносят крылья, а человека ум.
ЕгъэджакIуэ: Нт1э цIыкIухэ, акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым – жыхуиIэ псалъэжьыр дауэ къывгурыIуэрэ фэ?
ЕджакIуэ:Акъыл уиIэныр, ар нэсу къыпхуэгъэсэбэпыныр ар фIыщ. Гъэсэныгъэ пхэлъыныр пщIэшхуэщ. Акъылымрэ гъэсэныгъэмрэ зэкъуэшитIщ.
ЕгъэджакIуэ: Ещанэ гупыр псынщIэрыпсалъэхэм къытхутепсэлъыхьынущ. ЕджакIуэ: ПсынщIэрыпсалъэхэр зэхуэдэ макъ зыхэт псалъитIу , е я къэпсэлъыкIэкIэ гугъуу зэпха псалъэ гупу къокIуэ. ПсынщIэрыпсалъэхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэм зеужь.
(Лэжьыгъэр гъэзэщIэн)ПсынщIэрыпсалъэхэр къэпсэлъын.(слайд6)
Шыбжииплъ- псы плъыжьыбзэ.
Пыжь пызу пыту щыту жыг.
Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIыкIу.
ЕгъэджакIуэ: Ещанэ гупым псынщIэрыпсалъэ къэфпсэлъам хэт псалъэ- «пыжьыр» зиIысыр псоми фщ1эуэ пIэрэ? Сыт хуэдэ урокым дыщрихьэлIа дэ абы?
ЕджакIуэ:Пыжьыр- (терн)- метритI – щы хъу жыг цIыкIущ. Мэзхэм, псыхъуэхэм къыщокI. Узыфэ куэдым и хъущхъуэ къыхащIыкI абы . Дыкъэзыухъуреихь дуней (окружающий мир) урокхэм дрихьэлIащ.
ЕгъэджакIуэ: Япэ гупым нэщэнэхэр къалъысыжащ. КъыкIэлъыкIуэ слайдым доплъ. ДедэIуэнти,абы жаIэм!
ЕджакIуэ: Нэщэнэхэр нэхъыбэу къыхэкIащ цIыхум къыфIэщIымрэ абы игъэунэхуа Iуэхугъуэхэмрэ. Iуэхугъуэ гуэрым и дамыгъэу, и нагъыщэу ягъэувауэ цIыхухэм къадэгъуэгурыкIуэ.
(Лэжьыгъэр гъэзэщIэн)Нэщэнэм и кIэухыр къэгъуэтын. (слайд7)
Уэсыр куумэ, уэлбанэ кIыхьщ.
Щыблэ уэмэ, ужеину фIыкъым.
Дыгъэ къухьэм гъэр фIы мэхъу.
ЕгъэджакIуэ: Пэж дыдэу вгъэзэщIащ. Ауэ зы упщIэ фхузиIэщ. ЦIыкIухэ, сыт хуэдэ гъэм и зэман мы нэщэнэхэр щIыжаIэр?
ЕтIуанэ гуп: Псысэ. Псысэхэр нэхъыбэу псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм , къэкIыгъэхэм ятеухуащ. Ауэ псысэхэм лъабжьэ яхуэхъуар цIыху гъащIэрщ.
Ахэр хьэлэмэту зэхэлъщ, купщIафIэщ, наIуэщ, шэрыуэщ.
Псысэ зэджахэр къебжэкIыжын.(слайд8 )
« ЛIымрэ жыгымрэ», « Мыщэ и къуэ Батыр», « ПцIащхъуэ цIыкIу».
ЕгъэджакIуэ: Хъарзынэу къэфщIэжащ. А псысищым щыщу дэтхэнэр нэхъ фигу къинэжа? СыткIэ нэхъ фигу ирихьа ар?
Ещанэ гуп: Таурыхъхэр. Таурыхъхэр нэхъ зытеухуар цIыхухэрщ, абыхэм я хьэл – щэнхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэщ. Абыхэм сытым щыгъуи пэжыр пцIым, фIыр Iейм токIуэ.
(Лэжьыгъэр гъэзэщIэн) Сыт хуэдэ таурыхъ фызэджам щыщ мы пычыгъуэр(слайд 9)
Ауэ щIалэм щIыIэу игу къокIыж адэм и уэсятыр. Къотэдж, зегъэкъаб
зэри , псы Iуфэм Iуту дрегъэзей. (ЩIалэм и насып).
ЕгъэджакIуэ: Насыпым, нэмысым теухуауэ адыгэ псалъэжьхэр къэдвгъэщ
Iэжыт?
ЕджакIуэ:Нэмыс зиIэм, насып иIэщ. Нэмысыншэр насыпыншэщ. Насып щIэкъуныр – арщ насыпыр. ШыIэ зиIэм , насып иIэщ.
ЕгъэджакIуэ: Зы актерым и театр. Таурыхъ къэ1уэтэжык1э хабзэм тету хэт къытхуеджэн ц1ык1ухэ, пычыгъуэ игу ирихьам?
ЕгъэджакIуэ: Иджы ди жыгым къыпына тхьэмпэхэм тетым
дыкъевгъаджэт ,цIыкIухэ?
ЕджакIуэ: Уэрэд, хъуэхъу, къебжэкI, хъыбар.
ЕгъэджакIуэ: IуэрыIуатэм и жанр къэнахэм дяпэкIэ адрей урокхэм псоми щыгъуазэ зытщIынущ, дджынущ. Нобэ дызэджэну темэри абыхэм щыщщ.
IV.Темэщ1эм хэзышэ лэжьыгъэ . Яджыну темэщIэр еджакIуэхэм уэрэд зэдэIуэмкIэ къегъэщIэн.
ЕгъэджакIуэ: Нобэ дджыну урокыщIэм и темэр пшыналъэм федаIуэм къэфщIэнущ, цIыкIухэ. ДевгъэдаIуэт?
(Слайд10)
ЕгъэджакIуэ: ЦIыкIухэ, сыт хуэдэ псалъэхэр фигу къина уэрэдым щыщу? Хэт ар зытеухуар? А пшыналъэр япэкIэ зэхэфха?
ЕджакIуэ: Нарт Бэдынокъуэ теухуащ. Дэ абы дедэIуащ музыкэ урокым.
ЕгъэджакIуэ: Пэж дыдэщ. ФызэдэIуар нарт Бэдынокъуэ и пшыналъэщ. Феплъыт, нарт Бэдынокъуэ и сурэтхэм. (слайд10) Нобэ нарт хъыбархэм щыгъуазэ зытщ1ынущ. Хъыбархэм нэхъыбэу зи гугъу ящIыр лъэпкъым щыщу зи лIыгъэкIэ, акъылкIэ, IущыгъэкIэ нэхъ пажэу щыта цIыхухэрщ, абы я IуэхущIафэхэрщ. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрахьащ уэрэдхэм зэрыдежьу, пшыналъэхэр зэрагъэзащIэ музыкальнэ Iэмэпсымэ зыбжанэ. Ахэр хэт кърибжэкIын?
Еджак1уэ: Бжьамий, шыкIэпшынэ, пшынэдыкъуакъуэ, пшынэкъэб (слайд11)
V.Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.
КъебжэкI зэдгъэщIар жытIэурэ, абы зыдэтщIурэ зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ едгъэкIуэкIынщ, цIык1ухэ.
Дыгъэкъэшэж.
Дыгъэ,дыгъэ, къепс,къепс!
Дыгъэ нур, къепс,къепс!
Уи псыр хъушэм ирафыр,
Уи шыгъу фалъэр яшхыжыр,
Дыгъэ,дыгъэ, къепс,къепс!
Дыгъэ нур , къепс,къепс!
Ди псыр тхуэгъэхуабэ,
Губгъуэр тхуэгъэдахэ.
VI.ТемэщIэм елэжьын.
ЕгъэджакIуэ: Хъыбарыр бзэ гугъукIэ тхащ,цIыкIухэ.
Псалъэ гурыIуэгъуейхэм делэжьынщ. Словарнэ лэжьыгъэ едгъэкIуэкIынщ. (Слайд12)
Бжьы-Iэщэ лIэужьыгъуэ.
Самыр- щакIуэхьэ.
IэкIуэцI ижыну гъэпсащ-псыгъуэщ.
Хьэгъуэхугъуэ- Iус хэплъыхьа.
Укъэмызджэ-укъэмышынэ,укъэмыдзыхэ.
Мыхъу-мыпцIэ- щIыпIэм и цIэщ.
Къимыдэу- пшэплъ къимыщI щIыкIэ.
-«Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар» хъыбарым къеджэн, чэзуурэ. къыщеджэкIэ псалъэ гурыIуэгъуейхэм елэжьын.
ЕгъэджакIуэ: Хъыбар фызэджар гъэщIэгъуэн фщыхъуа? Иджыпсту дытепсэлъыхьыжынщ хъыбарым. Хэт къыщIидзэн?(Зэпыудауэ Iыхьэ кIэщI цIыкIуу тегъэпсэлъыхьыжын).
VII.Яджар егъэбыдылIэн.
-УпщIэхэм жэуап етын.
1.Бэдын нартхэр къызэщIигъэшэсэну сытыт щIежьар, сыт гузэвэгъуэ нартхэм къащIэхъуар?
- Нарт хэкум чынтыдзэр , «ижь- ижьыж лъандэрэ нартхэ я бийр» къатеуащ.
2. Сыт Бэдынокъуэ и анэм зэи дунейм къытемыхьа и къуэр къыщIытришар?
- Бэдынокъуэ и анэм и лъэрэ и гурэ зэрымыубыдауэ къыфIэщIт, бийм хуэмыхьэзыру къыщыхъут.
3. Сыт хуэдэ егъэлеиныгъэм гу лъыфта, цIыкIухэ, бэдынокъуэ уафэм щыдэплъэям?
-Бэдынокъуэ и нэр апхуэдизкIэ жанти, дыгъэпс махуэм уафэгум ит вагъуэхэр къилъэгъуащ.
4.Бэдынокъуэ чынтыдзэм сыт хуэдэ хъыбар яригъэщIар?Сыт хуэдэ цIыхуу къыфщыхъуа ар?
-Бэдынокъуэ чынтыдзэм езэуэну зэрыкIуэр хъыбару яригъэщIащ. «Зывгъэхьэзыр, сывэзэуэну сынокIуэ» - жи1эри. Ар хахуэщ, пэжщ.
5. « Пхуэфащэ щауэу къэбгъэзэжа?» - анэм и упщIэм Бэдынокъуэ иритыжа жэуапыр къэвгъуэти фыкъеджэт.
-«Сэ сщ1эни щызгъуэтакъым, нарт ищIэни къэзгъэнакъым сыздэбгъэкIуам, зы закъуэ къэнати, хъыбарегъащIэу сутIыпщыжащ» - жреIэ.
6. Нартхэм я сыт хуэдэ Iэщэ-фащэхэр къыщыхэщрэ нарт хъыбарым?
-Бэдынокъуэ Iэщэ-фащэу иIыгъахэщ: джатэр, маисэр,шабзэр, бжьы.
7. Сыт хуэдэ адыгэ хабзэ къыщыгъэлъэгъуа хъыбарым , цIыкIухэ. ФырихьэлIауэ пIэрэ абы, фыщыгъуазэу пIэрэ?
-Пасэм щыгъуэ , щIалэ яIэмэ атэлыкъым ирату щытащ. атэлыкъыу сабийр зратыр яцIыху унагъуэт. Абыхэм адэ анэм хуэдэу сабийр ялъагъурт икIи ягъасэт. Зэман дэкIым,сабийр лIы хъум,ар адэ-анэм иратыжырт.
8. Макъамэ къызэрыкI сыт хуэдэ Iэмэпсымэ анэр зэуэр Бэдынокъуэ щригъажьэкIэ?
-Анэр фэлъыркъэб пшынэм йоуэ? Пшыналъэр жиIэурэ.
9.Чынтыдзэм сыт ярищIар Бэдынокъуэ? Дауэ ятекIуа ар бийм?
10.Сыт хуэдэ хъыбар хуиIуэтэжар Бэдын зауэм къыщикIыжам и гуащэм ?
11. Сыт хуэдэ зауэлIу зыкъигъэлъэгъуа Бэдынокъуэ, цIыкIухэ? Сыт хуэдэ хьэл-щэным къигъэлъэгъуа?
-Бэдынокъуэ зауэлI щхьэмыгъазэщ. Шынэ иIэкъым, лIыгъэкIэ псыхьащ. ЛIы ткIийщ.
VIII.Яджар егъэбыдылIэн.
ЕгъэджакIуэ: ЦIыкIухэ, иджыпсту дэ синквейн зыхэтлъхьэнщ. Синквейн нэгъуэщI урокхэми зэхэтлъхьащ. Хэт къыджиIэжын ар зэрызыхалъхьэр?
-Синквейн тхын Бэдынокъуэ теухуауэ.
Сыт хуэдэ? ----------,-----------.КъарууфIэ, хахуэ.
Сыт ищIэр?------------, --------------,-----------.Ехъумэ, доIэпыкъу, елъагъу.
Адыгэхэм я дежкIэ Бэдынокъуэ щапхъэ зытрах лIыуэ щытщ.
Нарт лIыхъужьщ.
- Зэгъусэу гъэлэжьэн. Партэ къэс зэданэр етын.
- ЦIыкIухэ, дэ нарт лIыхъужь куэд зэдгъэцIыхуащ . Иджыпсту нарт лIыхъужьхэр къызэрыфцIыхур къэтщIэнщ. ЩытыкIэр иту сэ напэ фэстынщ, фэ лIыхъужьыр къафщIэу и цIэр пыфтхэн хуейщ.
1.Нарт Хъымыщрэ испы гуащэмрэ я къуэщ, нартхэм зэрыжаIэщи, «гууузищэу зэкIуэцIылъщ». (Батэрэз).
2.Нарт лIыхъужь нэхъыщхьэщ, лIы фIыцIэ гъущIынэщ, «зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI, дыгъэр зи пыIэ щыгу» хужаIэ. (Сосрыкъуэ)
3.Мы нартым чынтыр и ныкъуэкъуэгъущ, « и шабзащхьэ мэзышхуэ хуэдэщ, и дамэ ижьым дыгъэр къыщопс, и дамэ сэмэгум уэсыр къыщос.»(Бэдынокъуэ)
VIII.Яджар къызэщIэкъуэжын.
ЕгъэджакIуэ: ЦIыкIухэ, ди урокыр и кIэм нэдгъэсащ. Сыт нэхъ гъэщIэгъуэн фщыхъуа мы урокым ? Сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр къывэхъулIауэ къыфщыхъурэ?
IX.Унэ лэжьыгъэ.
Бэдынокъуэ теухуа хъыбархэм къеджэн. Нап.36-41 «Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар» хъыбарым къеджэн, тепсэлъыхьыжын, иллюстрацэ хуэщIын.
ЕгъэджакIуэм и иужьрей псалъэ.
Адыгэ IуэрыIуатэр къулейщ, зэмыфэгъущ, и щIэм унэплъысыфыркъым. Тхыбзэ ямыIами, адыгэхэм куэдыкIейуэ къагъэщIащ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ, таурыхъ зэмылIэужьыгъуэхэр, пасэрей хъыбарыжьхэр, хъуэхъухэр, псалъэжь Iущхэр, псалъэ шэрыуэхэр. Урокыр нэдгъэсами, согугъэ ц1ыкIухэ, IуэрыIуатэр зэгъэдгъэщ1энымкIэ лэжьыгъэр щэддза къудейуэ.
Тхылъ выставкэ тщIам псоми щыгъуазэ зыфщIыну фыкъыдогъэблагъэ!
Школ библиотекэми фыкIуэу феплъ хъунущ адрей махуэхэми псори. «IуэрыIуатэ» зи фIэщыгъэцIэ разделыр нэдгъэсмэ дджын, ди мурадщ краеведческэ музей Налшык дэтым дыкIуэнуи , псоми вжыдоIэ, гъусэ зыкъытхуэфщIыми ди гуапэ хъунущ.
Узыншэу фыщыт!
