Литературнэ хьэщ1эщ. Темэр: «Адыгэ лъэпкъым и нып»
классный час (4 класс)
Егъэджак1уэм и пащхьэм иригъэувэж къалэнхэр (мурадхэр):
1. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын дунейм тет лъэпкъыу хъуам езыхэм я лъэпкъ дамыгъэ, адрейхэм къазэрыщхьэщык1 нагъыщэ зэра1эжыр, апхуэдэ нагъыщэщ бзэр, хабзэр, дуней тетык1эр, ит1анэ ныпыр зэрыщытыр.
2. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун адыгэ ныпыр ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэри1эр, адыгэ лъэпкъыу хъуар мамырыгъэм хущ1экъуу псэун зэрыхуейр.
3. Ц1ык1ухэр егъэсэн, адыгэ ныпым пщ1э хуащ1ыфу, дунейм зы нып дахэ тетмэ, етIуанэр ди адыгэ ныпращи, Хэкум, лъэпкъым я напэм хуэфащэу псэун зэрыхуейр.
Скачать:
| Вложение | Размер |
|---|---|
| 400.83 КБ |
Предварительный просмотр:
Литературнэ хьэщ1эщ
«Адыгэ лъэпкъым и нып»
Езыгъэк1уэк1ар: Къэсмокъуэ Л.М.,
4 «А» класс.
Литературнэ хьэщ1эщ.
Темэр: «Адыгэ лъэпкъым и нып»
Егъэджак1уэм и пащхьэм иригъэувэж къалэнхэр (мурадхэр):
1. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын дунейм тет лъэпкъыу хъуам езыхэм я лъэпкъ дамыгъэ, адрейхэм къазэрыщхьэщык1 нагъыщэ зэра1эжыр, апхуэдэ нагъыщэщ бзэр, хабзэр, дуней тетык1эр, ит1анэ ныпыр зэрыщытыр.
2. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун адыгэ ныпыр ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэри1эр, адыгэ лъэпкъыу хъуар мамырыгъэм хущ1экъуу псэун зэрыхуейр.
3. Ц1ык1ухэр егъэсэн, адыгэ ныпым пщ1э хуащ1ыфу, дунейм зы нып дахэ тетмэ, етIуанэр ди адыгэ ныпращи, Хэкум, лъэпкъым я напэм хуэфащэу псэун зэрыхуейр.
Зэ1ущ1эр зэрек1уэк1ар.
1. Хэзышэ псалъэмакъ.
Егъэджак1уэм и псалъэ: Сэлам гуапэ фызох псоми. Нобэ псоми ди махуэшхуэщ. Нобэ дэ ди гуф1эгъуэшхуэщ. 2010 гъэм къыщыщ1эдзауэ мэлыжьыхь мазэм и 25- нэ махуэр «Адыгэ ныпым и махуэу» дэнэ щ1ып1и щагъэл1ап1э.Дэри нобэ ди адыгэ ныпым дытепсъэлъыхьыну, дгъэлъэп1эну аращ.
Еджак1уэм и псалъэ:
Гъащ1эм и фэ! НЫП удзыфэ!
Шабзэшищыр зи дыщафэ.
Лъэпкъ пщык1ут1ыр игъэбжьыф1эу,
Вагъуэ лыдхэр зи щыхьэт!
2.Егъэджак1уэм и псалъэ: Дунейм тет лъэпкъыу хъуам езыхэм я лъэпкъ дамыгъэ, адрейхэм къазэрыщхьэщык1 нагъыщэ я1эжщ. Апхуэдэ нагъыщэщ бзэр, хабзэр, дуней тетык1эр, ит1анэ ныпыр. Адыгэм теухуауэ жып1эмэ псоми доц1ыху илъэс куэд щ1ауэ къыддэгъуэгурык1уэ ныпыр.
Еджак1уэхэм я псалъэ: Адыгэ ныпым тет шабзэхэм, вагъуэхэм мыхьэнэ куу я1эщ. Япэрауэ, ныпыр сыт щ1эудзыфэр? Адыгэхэм ижь - ижьыж лъандэрэ къэзыухъуреихь дунейм пщ1э хуащ1у щытащ. Дунейм и берычэтым и нагъыщэ нэхъыщхьэр удзыфэращ. Арауэ жа1эр ныпыр щ1эудзыфэр.
Еджак1уэхэм я псалъэ: Бэракъым тет вагъуэ 12-р черкес лъэпкъ инхэм я зырызщ. Вагъуэ 12-м адыгэ лъэпкъыр къызэщ1еубыдэ.
Абы ирихьэлIэу сабийхэр лъэныкъуитIымкIэ (хырыхыу) къоуври лъэпкъ 12-м топсэлъыхьыр.
1) Сэ сы-Абазэхэщ. Абазэхэхэр курыт л1эщ1ыгъуэхэм адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщ зыуэ дыщытащ, иджы адыгейк1э дызэджэхэм хыхьэ зы гупщ. Абазэхэ адыгэхэр нобэ куэд дыхъужыркъым. Дэ дыщопсэу Адыгей Республикэм хыхьэ Хэкуринэхьэблэ, Мамхэгъ жылэхэм.
2) Сэ сы-Беслъэнейщ. 19 л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэм беслъэнейхэр ди бжыгъэк1и, ди псэук1эк1и адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщ дыхъуат. Мы зэманым беслъэнейхэр дыщопсэу Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Беслъэней, Вак1уэжылэ къуажэхэм. Зэрыхуагъэфащэмк1э, беслъэнейхэр ц1ыху мини 10-м дыноблагъэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и беслъэней диалектым дропсалъэ, шэрджэсу датх.
3) Сэ сы-Бжьэдыгъущ.. Дэ дыкъэгъуэгурык1уащ т1ууэ гуэшауэ – хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. Иджыпсту бжьэдыгъухэр зэу1уу дыщопсэу Адыгей Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум. Бжьэдыгъухэр адыгеибзэм иропсалъэ, адыгэу ятх.
4) Сэ сы-Жэнейщ. Дэ дыщыпсэуащ Псыжь и ижьырабгъу бгъуэщ1ым. Истамбылак1уэм иужьк1э жэней адыгэхэм щыщу дыкъэнар мащ1эщ. Зэгуэр лъэщу щыта жэней лъэпкъым щыщу дыкъэнахэм я жылэр Пщыщ псым 1ус Чэрэней и закъуэщ. Дэ адыгэу датх, адыгей литературэбзэм дропсалъэ.
5) Сэ сы-К1эмыргуейщ. К1эмыргуейхэм ди бзэр тенджыз Ф1ыц1эм 1ус адыгэхэм я псэлъэк1эм нэхъ ещхьщ, къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ игъащ1эми нэхъ дапыщ1ауэ дыкъэгъуэгурык1уэми. К1эмыргуейхэр нобэ дыщопсэу Адыгей Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум, Сирием, Иорданием. Адыгей литературэбзэм и лъабжьэщ к1эмыргуей диалектыр.
6) Сэ сы-Мамхэгъщ. Мамхэгъхэр Щхьэгупщэрэ Куржыпсымрэ я зэхуаку щимэу дэлъ щ1ы 1ыхьэм дыщыпсэуащ. Языныкъуэхэм дэ абазэхэхэм дыщыщу дабжырт, ауэ езым апхуэдэу къэтлъытэртэкъым. Зауэ к1ыхьхэм, уз зэрыц1алэхэ 1ейхэм, Истамбылак1уэм ди лъэпкъ ц1ык1ум и бжыгъэр ягъэк1уэщ1ащ, къэнар хуэмурэ дызыхэс адрей адыгэ лъэпкъхэм дыхэшэпсыхьэжащ.
7) Сэ сы-Мэхъуэшщ. Ди бжыгъэк1и, щ1ыналъэк1и мэхъуэшхэр адрей адыгэ лъэпкъхэм нэхърэ дынэхъ мащ1эщ. Дэ беслъэнейхэм я гъунэгъуу къуэк1ып1э лъэныкъуэмк1э дыщыпсэуащ, Хуарзэ, Псыхур, 1эл псыхэм я т1уащ1эхэр т1ыгъыу. Мэхъуэшхэр адыгейуэ датх, адыгей литературэбзэм дропсалъэ. Мэхъуэшхэм уащыхуозэ адыгэ диаспорэ здэщы1э къэралхэм.
8) Сэ сы-Натыхъуейщ. 19-нэ л1эщ1ыгъуэм и япэ 1ыхьэм ди бжыгъэк1э натыхъуейхэр (натхъуэджэхэр) адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм дыщыщащ. Зэрыхуагъэфащэмк1э, дэ ди бжыгъэр мин 240-м нэсырт. Нэтыхъуейхэр «адыгейуэ» датх, адыгей литературэбзэм дропсалъэ.
9) Сэ сы-Убыхщ. Убыхк1э зэджэ адыгэ лъэпкъ мыиныр тенджыз Ф1ыц1эм и 1уфэм дыщыпсэуащ, иджырей Сочи къалэр здэщытым деж. Убыххэм езыхэм ди бзэ къыпыщхьэхук1ауэ, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ яку дэту, ди1эжт. Нобэ убыхыбзэм ирипсалъэ щы1эжкъым – ар к1уэдыжащ.
10) Сэ сы-Хьэтыкъуейщ. Хьэтыкъуейхэр нэхъыбэу Лабэ, Псыжь, Пщызэ, Щхьэгуащэ псыхэм я аузхэм дыщыпсэуащ: къулейуэ, зыхуей дгъуэту дыкъэгъуэгурык1уащ. Иджыпсту хьэтыкъуейхэр нэхъ зэу1уу дыщопсэу Адыгей Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум.
11) Сэ сы-Шапсыгъщ. Нобэ дэ дыщопсэу Адыгей республикэм, Краснодар Крайм, Урысей Федерацэм и нэгъуэщ1 щып1эхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием.
12) Сэ сы-Къэбэрдейщ. Къэбэрдейхэр нобэ адыгэ лъэпкъ нэхъ инхэм дащыщщ. Урысей Федерацэм къэбэрдей адыгэхэу мин 530-м щ1игъу дисщ, абы щыщу мелуан ныкъуэр зыщыпсэур Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Апхуэдэу, Къэбэрдей адыгэхэр дыщопсэу Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь куейхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, СНГ-м хыхьэ къэралхэм, нэгъуэщ1хэми.
Еджак1уэхэм я псалъэ: Зи пэр дэгъэзея шабзищ зэблэдзар зауэр гъэувы1эным мамырыгъэр гъэувыным , зэгуры1уэныгъэм и дамыгъэт.
Еджак1уэхэм я псалъэ: Адыгэ зауэл1ыр зауэ 1уэху игу имылъу щак1уэ щык1уэк1э къыздищтэу щытар шабзищщ. Адыгэ зауэл1 нэсым нэхъыбэ шабзэшэ хуейтэкъым пшэрыхь щ1эк1уар хигъэщ1эн щхьэк1э.
Еджак1уэхэм я псалъэ: А псор зэщ1эбыубыдэжмэ, адыгэ ныпым мыпхуэдэ мыхьэнэ и1эщ : адыгэ лъэпкъыу хъуар мамырыгъэм хущ1экъуу псэун хуейщ.
Еджак1уэхэм я псалъэ: Ныпыр – напэщ. Ныпыр къэралым, абы и ц1ыхухэм,лъэпкъым пщ1э зыхуищ1у и1э лъап1эныгъэ псоми я дамыгъэщ. Аращ абы ину пщ1эрэ щ1ыхьрэ щ1ыхуащ1ри, хуэпщ1ыну щ1ыхуэфащэри.
3.Егъэджак1уэм и псалъэ: Иджыпсту адыгэ ныпыр ди спортсменхэм дунейм псом къыща1эт, щагъэлъагъуэ, ирогушхуэ, хьэгъуэл1ыгъуэхэм, махуэ лъап1эхэм к1эрыпч мыхъун и 1ыхьэ лъап1э хъуащ.
Еджак1уэхэм я псалъэ:
Иугъащ1э къуэш шапсыгъхэр,
Анэгу щ1ылъэу беслъэней!
Уанэ махуэщ къэбэрдейхэр,
Къыддобжьыф1э абадзэх!
Догъэлъап1э к1эмыргуейхэр,
Иреф1ак1уэ еджыркъуейр!
Тхуребагъуэ хьэтыкъуейхэ,
Тхуэщ1эращ1э лъэпкъ натхъуэжъ!
Мамыр дыгъэщ къуэпс абазэр,
Ужьыхынкъым лъэпкъ убых!
Лъапсэ быдэщ къуэш абхъазхэр,
Иреф1ак1уэ лъэпкъ бжьэдыгъу!
Адэжь щ1эину Адыгэ нып!
Ди лъэпкъ дамыгъэу мамыр насып!
Щ1эблэр бгъэгушхуэу лъагэу уе1эт,
Уи жьауэм къыдже1э, - "АДЫГЭ, ФЫЗЭКЪУЭТ!"
4. Зэ1ущ1эр зэхуэщ1ыжын.
Егъэджак1уэм и псалъэ:
-Ныбжьэгъу лъап1эхэ! Ди зэ1ущ1эр абдежым зэхудощ1ыж. Дунейм зы нып дахэ тетмэ, етIуанэр ди адыгэ ныпращи, абы дыхуэфащэу Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу! Гъуэгу фызытехьэр гъуэгум я нэхъ дахэ ухъу! Тхурехъу адыгэ лъэпкъым и махуэшхуэр махуэ!Ирегъагъэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр!
По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Разработка урока по "Адыгэ хабзэ" по теме: Шъуашэм пшъэрылъэу ыгъэцак1эрэр.
Разработка урока по "Адыгэ хабзэ" по теме: Шъуашэм пшъэрылъэу ыгъэцак1эрэр....

Бзэр лъэпкъым ылъапс.
Лъэпкъым ыбзэ къызэриухъумэрэм, 1оф эрэдиш1эрэм, зэрэдэлажьэрэм елъытыгъ ащ инеущрэ мафэ зыфэдэщтыр.Тилъэпкъ ищы1эныгъэ ыпэк1э лъыдгъэк1уатэ тш1оигъомэ, къытк1эхъухьэрэ ныбжьык1эмэ ныдэлъфыбзэр зэрядг...

Бзэр лъэпкъым ылъапс.
Лъэпкъым ыбзэ къызэриухъумэрэм, 1оф эрэдиш1эрэм, зэрэдэлажьэрэм елъытыгъ ащ инеущрэ мафэ зыфэдэщтыр.Тилъэпкъ ищы1эныгъэ ыпэк1э лъыдгъэк1уатэ тш1оигъомэ, къытк1эхъухьэрэ ныбжьык1эмэ ныдэлъфыбзэр зэрядг...
Адыгэ литературэмк1э ублэп1э уплъэк1ун срез.
Адыгэ литературэмк1э ублэп1э уплъэк1ун срез....

Сценарий утренника "Адыгэ хэкур, сэлам осэхы! Приветствую тебя, моя Республика Адыгея!"
Сценарий утренника "Адыгэ хэкур, сэлам осэхы! Приветствую тебя, моя Республика Адыгея!"разработан ко Дню республики Адыгея на двух языках (русском и родном адыгейском), т. к. в ...

«Маф1ащхьэтыхь» ¬ адыгэ тхьэлъэ1у. (классщ1ыб лэжьыгъэ)
laquo;Маф1ащхьэтыхь» адыгэ тхьэлъэ1у. (классщ1ыб лэжьыгъэ)...





