Конспект занятия на кабардино - черкесском языке "Бжьыхьэр идогъэжьэж"
учебно-методический материал по окружающему миру (подготовительная группа)

Катханова Жанна Анатольевна

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке "Бжьыхьэр идогъэжьэж"

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл zhyg_shch1agym_k1eph_ts1yk1ur_k1eshch1esshch_gyue.docx292.06 КБ

Предварительный просмотр:

МКОУ "СОШ №27" ДСП №3


Согласовано                                                                                                          Утверждаю

Заведующая ДСП №3                                                                      Директор МКОУ "СОШ №27"

__________М.М. Шортанова                                                         _______________М.А. Шериева

       

Конспект

непосредственной образовательной деятельности

в подготовительной группе

"Бжьыхьэр идогъэжьэж"

                                             Учитель кабардинского языка Катханова Ж.А.

                                              Дата проведения: 04.12.2018 год.

da63e92af48ebe96a6535a1e851acb66.jpg

КБР г.о. Нальчик

      Жыг щ1агьым к1эпхъ ц1ык1ур к1эщ1эсщ гъыуэ, абы и гъы макъыр тхьэк1умэк1ыхьым зэхихащ , ик1и къэхъуар зригъэщ1эну дэ1эпыкъуну къыбгъэдыхьащ.

Тхьэк1умэк1ыхьым: Сыт апхуэдизу гукъутэу щхьэ угьрэ? Сыт къэхъуар ?

К1эпхъым: Дауэ сымыгъынырэ? Дыгъуасэ гъатхэ махуэу щытащ , сэ жыг къудамэхэм къыщызжыхьу шхыныр пэрыхьэту згъуэту щытащ, иджы нобэ щ1ымахуэ къихьауэ нэху дыкъек1ащ. Сэ щ1ымахуэ шхыни згъэхьэзыракъым 1эгъэбэгуи, дэи , зыри си1экъым .

Тхьэк1умэк1ыхьым: Умыгъ ,нак1уэ мыщэм и деж дык1уэнщи, абы къыджи1энщ сыт тщ1энуми. Ахэр гъуэгу тету к1уэхук1э гугъу ехьащ, жьыр къыкъуэурэ уэсыр кърихьэк1ыу ,дыгъэр къыкъуэк1ырэ хьэндырабгъуэхэм къалъэтыхьу. Тхьэк1умэк1ыхьымрэ ,к1эпхъымрэ мыщэм и гъуэр къалъэгъуащ.

Тхьэк1умэк1ыхьым: Нак1уэ к1эпхъ ц1ык1у мыщэжь и деж дыщ1ыхьэнщи деупщ1ынщ , куэд щ1ауэ щопсэу ар мы мэзым ,гъэм и зэманхэр зэк1элъык1уэу къыщ1эмык1уэ сытыми.Бжэм тоу1уэ , мыщэр къыщ1ок1 ,фыкъеблагъэ же1эри.

  Уэху , си щхьэр си жагъуэщ ,сыкъэушыжа къудейуэ, аргуэру щ1ымахуэм къытригъэзащ , си щхьэр зызохьэ сыныбаджэщ .

К1эпхъ ц1ык1ум же1э: Дэ мыщэжь къэтщ1эну дыхуейт ,гъэм и зэманхэр зэк1элъык1уэу къыщ1эмык1уэр сыт ?

Мыщэм: Ар 1уэхугъуэф1щ ,фынак1уэ, а зэшыпхъухэм я деж.Здэк1уам ящ1ыбыр зыхуэгъэзауэ щысхэщ .

Гъатхэм щ1ымахуэм жре1э :Удужэгъуащ уэ щхьэхынэр, уэ жейнэдыр щ1ыр уогъэщтыр ,ц1ыхухэр щ1ы1эм ибогъэс , аращ узыхуэф1ыр.

Гъэмахуэм бжьыхьэм жре1э :Уэ псынщ1эу сыбохуж ,кърухэр бгъэлъэтэжурэ пшэхэр къэбгъэгубжьурэ ,псори сымаджэ бощ1ыр , усыт хуэдэ дыщафэ уэ?

Бжьыхьэм: Уэ гъэмахуэм хьэндырабгъуэ уещэрэ, тенджызым зыщыбгъэпск1ымэ ,зыри ухуейкъым .Псоми зэрызехьэу щ1адзэ :хьэндырабгъуэхэм къалъэтыхь, борэн къохъу , хьэндырабгъуэхэр уэсым игъэшынауэ йолъэтык1ыж. Мыщэр мэтхьэусыхэ , дапщэщу п1эрэ зыщызгъэпсэхунур. К1ыф1 къохъу, псори щымщ.

Тхьэк1умэк1ыхьыр къохьэри же1э, мисс аращ фи къаугъэм къихьар. Ц1ыхухэри, псэущхьэхэри иджы гугъу ехьынущ .

Егъэджак1уэм: Ц1ык1ухэ, мы зэшыпхъухэр зэщыхьэжащ ,дадэмы1эпыкъуу хъунукъым, зэдгъэк1ужынщ, мыдэ зыгуэр къытоу1э.

Ар мэзхъумэ-дадэщ.

Егъэджак1уэм : Уа, дадэ уэ мэзыр бохъумэ , бощ1э, гъэм и зэманхэр зэк1элъык1уэу къэмык1уэм къэхъунур, псори гугъу зэрехьынур .

Мэзхъухъмэ-дадэ: Ц1ык1ухэ, дыздэ1эпыкъунщи мы зэшыпхъухэр зэдгъэк1ужынщ.

Сэ усэ-къуажэхьхэ къыфхуэсхьащи фыкъеда1уэт, къэфщ1эфыну п1эрэ, сыт хуэдэ зэману п1эрэ ар зытеухуар?

Нэм къиплъыхьыр псори

уэск1э и1а хъуащ

жыги, уни, бгыи, мэзи,

дохутыр фащэ щат1эгъащ

Сабийр усэ къоджэ:

Щ1ылъэ-нанэ и гуф1эгъуэщ

Уэс-уэсыщ1э къытесащ

Дунейр тхуэхъуркъым т1эупк1эгъуэ

мис щ1ымахуэр къэсыжащ

Ф1ы дыдэу къэфщ1ащ

Адэк1э фыкъэда1уэт

Жыгхэр къэт1эп1арэ

Удзхэр къыщыгъагъэм

Хуед анэм ипхъу нэхъыщ1эм

бостей щ1эрыпсыбзэ

Сабийр къоджэ усэ

Гъатхэ, гъатхэ. гъатхэ,

къак1уи къытхуеблагъэ

утщ1ынщ нэхъри дахэ

плъагъунщ ди 1эщ1агъэ

Ари ,ф1ы дыдэу къэфщ1ащ ,адэк1э фыкъэда1уэт.

Соплъ –къызоплъ гуф1эжу

дыгъэ къыщ1эк1ар

Губгъуэм шылэхъару

телъщ удз гъэгъар

Сабийр усэм къоджэ:

Сыту ф1ыщэ гъэмахуэр

зыдогъэпск1 махуэ къэс

дыгъэм ф1ыц1эу дисауэ

ц1ык1ухэр псыхъуэм дыдэсщ

Пэж дыдэщ гъэмахуэщ

Адэк1э фыкъэда1уэт

Гъэм и бэвыр тхуэзыгуэшым

зегъэиныр,зегъэуардэр

берычэт 1энэм ар бгъэдэсу хэт и

жьант1и щотхьэмадэ

Сабийр усэм къоджэ:

Бжьыхьэ мазэр къытхуихьащ

пшагъуэр щ1ыгум къытехьащ

къуалэбзухэр мэлъэтэж

щ1ып1э хуабэхэм мэк1уэж

губгъуи мэзи хуэгъуэбжафэщ

бжьыхьэ махуэр уэлбэнафэщ

Мэзхъумэ-дадэ:Ат1э, ц1ык1ухэ, фэ дауэ феплъырэ гъэм и сыт хуэдэ зэман къедгъэблэгъэн хуейр?

Ц1ык1ухэм: Бжьыхьэщ .

Бжьыхьэр къыщ1охьэ.Ц1ык1ухэ, сэ зыплъыхьак1уэ фыкъызогъэблагъэ, сэ куэд мыщ1у сык1уэжынущ,си сурэт къыфхуэзгъэнэну сыхуейт.Ауэ сыт къэхъуар сурэт ц1ык1ухэмя п1эк1э тхьэмпэ ц1ык1ухэр къэхутащ.Мы тхьэмпэ ц1ык1ухэр къызэрыгуэк1къым,ат1э абыхэм лэжьыгъэ гъэщ1эгъуэнхэ итщ.

Егъэджак1уэм: Сурэт ц1ык1ухэр зэхэтлъхьэн щхьэк1э лэжьыгъэхэр дгъэзэщ1эн хуейщц1ык1ухэ.

Япэ тхьэмпэ ц1ык1ум итщ- бжьыхьэ мазэц1эхэр къыжы1эн хуейщ ( фок1адэ, жэпуэгъуэ, щак1уэуэгъуэ).

Ц1ык1ухэр усэ къоджэ        

Бжьыхьэ пщ1ант1эм

Ф1ыгъуэр дэзщ

Бжьыхьэ матэм

И фо изщ

Жыгым пызыр мы1эрысэщ

Гъуэжь хъужахэр

Кхъужь1эрысэщ

1эщ1эвыщ1эр

Пщ1ант1эм дэзщ

Лъагэу щытыр

Ди мэкъу 1этэрщ

Мы ди пщ1ант1эр

Къуажэ пщ1ант1эщ

Мэкъумэшыщ1эм ар и пщ1ант1эщ

Дэнк1и плъэ дыщафэщ

Иджы нэм къы1уидзэр

Щ1ым тетщ зеиншафэ

Удзыфэжкъым удзыр

Мэзыр хъуащ ц1ырхъыбзэ

Уолъагъу мывэ хэлъыр

Кьыпф1ощ1 къурш

уэс нэк1ури

Нэхъ гъунэгъу къэхъуауэ

Гъунэгъу къуажэ ц1ык1ури

Т1эк1ук1э къэ1эпхъуауэ

Пэж дыдэу жыф1ащ. Ат1э , ц1ык1ухэ ,ди сабий садым пхъуантэ хьэлэмэт ц1ык1у ди1эщ. Дэ, абы щызэхудохьэс псалъэ пэжхэ , псалъэжьхэ. И1эт, дывгъэуви къыжыдывгъэ1эт.

Бжьыхьэр бейщ .

Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ .

Гъэф1ым умыгъуэтар гъейм бгъуэтыжыркъым .

Бжьыхьэр къок1уэ, иужь иту уэшх къошх.

Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым .

Гъатхэр удз гъэгъак1э ф1ыщ , бжьыхьэр дэлэн 1эф1к1э ф1ыщ .

Бжьыхьэм къигъазэу гъэмахуэм къэк1уэжынукъым.

Узэгугъур къогугъуж, узэл1ал1эр къол1эл1эж .

Зэхьэзэхуэр мэунэри, зэижит1ыр мэунэхъу .

Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд .

Ет1уанэ тхьэмпэр къыдощтэ, мыбы псалъэхэр зэгъэзэнк1ауэ къыжыдо1эж топыр хъурейуэ къедгъэк1уэк1ыурэ.

Уафэ- щ1ылъэ ,махуэ- жэщ, гъэмахуэ –щ1ымахуэ, пщэдджыжь –пщыхьэщхьэ,хужь-ф1ыц1э, ин-ц1ык1у, щ1ы1э –хуабэ,лъагэ-лъахъшэ,бгъуэ- бгъузэ,жыжьэ-гъунэгъу, щабэ-быдэ,дыгъэпс-уэшхырилэ,нэху-к1ыф1.

Ат1э, ц1ык1ухэ, иджыпсту мы псалъэухахэм псалъэ лей хэтыр къэтщ1эфыну п1эрэ?

Уафэр къащхъуэщ, дахэщ, 1эф1щ, къабзэщ.

Сыхьэтыр мак1уэ, мэп1ащ1э, къэукъубеящ,мэбу.

Тенджызыр хуабэщ, щымщ, къэукъубеящ, мэбу.

Фыпсэу, ц1ык1ухэ ф1ы дыдэу къыжыф1ащ .

Тхьэмпэ ц1ык1у къык1элъык1уэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ къытхуихьауэ п1эрэ?

Мы тхьэмпэ ц1ык1ум ,псэущхьэ ц1ык1ухэм я сурэт итщ. Хэт тепсэлъыхьын ?

Бажэмрэ тхьэк1умэк1ыхьымрэ я сурэт .

Бажэм ик1эр инщ, бацэщ, тхьэк1умэк1ыхьым и к1эр дапхуэдэ?

Тхьэк1умэк1ыхьым и к1эр к1эщ1щ, ц1ык1ущ. Бажэм и тхьэк1умэр ц1ык1ущ. ауэ и джэдыгур дыщафэ дахэ ц1ык1ущ, тхьэк1умэк1ыхьым ейр сыт хуэдэ ?

Тхьэк1умэк1ыхьым и джэдыгу ц1ык1ур гъэмахуэм гъуабжэщ, бажэм и джэдыгур ихъуэжрэ  щ1ы махуэм?

Бажэм и джэдыгур нэхъ 1ув ц1ык1уу щ1ымахуэм къыток1э .

К1эпхъымрэ цыжьбанэмрэ я сурэтыр къащтэ тепсэлъыхьыну .

К1эпхъыр ц1ык1ущ, к1э баринэщ,цы щабэ ц1ык1у тетщ.Цыжьбанэм и щ1ыбым цы щабэм и п1эк1э банэхэ тетщ.

Цыжьбанэм и фэр гъуабжэщ, к1эпхъым и фэр сыт хуэдэ фэ? К1эпхъым и фэр гъэмахуэм дыщафэщ, щ1ымахуэм гъэт1ылъыгъэхэ ещ1, цыжьбанэм щ1ымахуэм зыхуигъэхьэзырырэ? Цыжьбанэм гъэт1ылъыгъэ ищ1ыркъым, ар щ1ымахуэм мэжей.

Зыгъэпсэхугъуэ зэман.

Дэ дыщысурэ дешащ ди 1э ц1ык1ухэр езэшащ

дэтхьеящ ,етхьэхащ, зэблэтхащ,зэблэтхащ

дыт1ысащ, дытэджащ , бзу ц1ык1у

хуэдэу дылъэтащ .

Къык1элъык1уэ тхьэмпэ ц1ык1ум ,гъэм и зэманхэр сурэтк1э зэхалъхьэ.

Гъэм и зэман къэск1э мазэц1эхэр къыжа1э. (щ1ымахуэ дыгъэгъазэ, щ1ышылэ, мазае)

(гъатхэ-гъатхэпэ, мэлыжьыхь, накъыгъэ) (гъэмахуэ-мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэ1у) (бжьыхьэ-фок1адэ, жэпуэгъуэ, щак1уэуэгъуэ).

Етхуанэ тхьэмпэ ц1ык1ум, сыту п1эрэ къытхуихьар?  Бзу макъ зэхыдох, сыт хуэдэ бзу зи макъ зэхэтхыр ? Ц1ык1ухэм къыжа1э.

Жьынду, тхьэрыкъуэ,къуаргъ, уэсбзу ,бзубзэрабзэ,псыхэуэ, губгъуэ бабыщ,цыжьдадэ, къыу-къаз.

Сыт хуэдэ къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм лъэтэжырэ ? (бзубзэрабзэ,къыу –къаз, псыхэуэ,губгъуэ бабыщ).

Сыт хуэдэ къуалэбзухэм ди деж щ1ымахуэ щрахырэ? (жьынду, тхьэрыкъуэ, къуаргъ, уэсбзу,цыжьдадэ ).

Ст1олым и деж щызэхадз гупит1у загуэш.

Мы иужь къина тхьэмпэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ къытхуихьар? Девгъэплъыт, сыт хуэдэ щыгъынхэ щат1агъэрэ ц1ыхухэм?

Гъуэншэдж, вакъэ хуабэ, цыджанэ,курткэ,пы1э,пл1э хуабэ, бэлъто,1эщхьэншэ, 1элъэ.

Джэгук1э: «Сыт зызыхъуэжар?»

Сурэтыщ1ым сыт зыхигъэхьэзэрыхьар?

Къуалэбзухэм уафэгум къыщалъэтыхь,бдзэжьейхэр псым хэсщ.

Жэщым дыгъэ къепскъым,жэщым мазэ къыкъуок1.

Гъэмахуэм уэс къескъым, уэс къыщесыр щ1ымахуэщ.

Гъэсак1уэм:Ц1ык1ухэ, ди тхьэмпэ ц1ык1ухэр псори зыщ1эткъуэжащ, девгъэплъыт сурэт ц1ык1ухэм, рассказ ц1ык1у зэхэдывгъалъхьэт.

   Бжьыхьэр къихьащ . Дунейр уэшхырилэ хъуащ . Псэущхьэхэм щ1ымахуэм захуагъэхьэзыр. Жыгхэм тхьэмпэ ц1ык1ухэр   къощэщэхыж.  Къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм мэлъэтэж. Ц1ыхухэм щыгъын хуабэхэр щат1эгъащ.

Ц1ык1ухэ, нобэ ди еджэгъуэм сыт гъэщ1эгъуэну къыщытщ1ар ?

Гъэм и зэманхэр зэк1элъык1уэу къызэрык1уэн хуейр, бжьыхьэм къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм мэлъэтэж, псэущхьэхэм щ1ымахуэм зыхуагъэхьэзыр.

Бжьыхьэм тыгъэ ц1ык1ухэр къарет,ц1ык1ухэм сэлам яхыжри щ1ок1ыж.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке «Гъэм и зэманхэр»

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке «Гъэм и зэманхэр»...

Рабочая программа по изучению кабардино - черкесского языка по всем возрастным группам

Рабочая программа по изучению кабардино - черкесского языка по всем возрастным группам...

Конспект занятия по НРК "Моя Кабардино- Балкария"

Занятие проведено на районном семинаре...