Конспект занятия на кабардино - черкесском языке «Гъэм и зэманхэр»
план-конспект занятия по окружающему миру (подготовительная группа)

Катханова Жанна Анатольевна

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке «Гъэм и зэманхэр»

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл ts1yk1uhe.docx19.92 КБ

Предварительный просмотр:

МКДОУ «Детский сад №3»

Конспект занятия в подготовительной группе №2

«Гъэм и зэманхэр»

                         Учитель кабардино – черкесского  языка

                                   Катханова Ж.А.

                                   Воспитатель Муссова З.Ч.

                                   

г.о. Нальчик

Ц1ык1ухэ, нобэ сэ письмо  къысхуэк1уащ . Абы уэс сурэт дэлъщ. Сыту п1эрэ абы къик1ыр. Ар зы зэман гуэрым теухуащ. Къызжеф1эт гъэм и сыт хуэдэ зэманыра уэс къыщесыр.

Ц1ык1ухэм Щ1ымахуэращ.

Ик1и мы конвертым тетщ таурыхъ жи1эу.

Къэтщ1энщ мыбы зыщызыгъэпщк1уа таурыхъыр . Еуэщ –е1эри гъэм зэману пл1ы и1эт –Щ1ымахуэ, Гъатхэ,Гъэмахуэ,Бжьыхьэ. Ахэр зэгуры1уэ- зэдэ1уэжу псэухэрт, псори зэк1элъык1уэу къак1уэрт. Апхуэдэу ек1уэк1ыурэ щ1ымахуэм къыщыхъуащ, ар псом нэхърэ нэхъыщхьэу ик1и гъатхэр и зэманым  къигъэк1уакъым.

Гъатхэм  же1э  -Къуалэбзухэм уэрэд жа1эжкъым, ц1ыхухэм унэхэр ягъэплъурэ езэшащ.

Бжьыхьэ –Дауэ дадэ1эпыкъуну мыбыхэм .

Гъатхэм же1э –Фымыгузавэт, Сэ си1эщ а щ1ы1эм ,тек1уэн гъэщ1эгъуэн.

Ц1ык1ухэ, мы конвертым дэлъщ сурэт ц1ык1ухэ, дэ къэтщ1эн хуейщ сыт хуэдэ   телъыджэра гъатхэм зи гугъу ищ1ыр .

Уэздыгъэ, маф1э, дыгъэ.

Ц1ык1ухэ,  ди дыгъэр пшэхэм щ1ауфащ ,къедгъэут1ыпщыжынумэ  лэжьыгъэ ц1ык1ухэ дгъэзэщ1эн хуейщ .

Аращи щ1ыдодзэ япэ лэжьыгъэм .

Ди лэжьыгъэм зэреджэр  Зэгъапщи къыжы1э.

Дыгъэр гъуэжьщ,къэрабэм ещхьщ.

Дыгъэр хъурейщ, топым ещхьщ.

Дыгъэр хуабэщ, Мамэ и1эхэм ещхьщ.

Ет1уанэ лэжьыгъэр усэ къуажэхьхэщ ,ар гъэм и сыт хуэдэ зэмаными къэтщ1эн хуейщ.

Нэм къиплъыхьыр псори

Уэск1э и1а хъуащ

Жыги, уни, бгыи, мэзи

Дохутыр  фащэ  щат1эгъащ (щ1ымахуэ)

Бжьыхьэ пщ1ант1эм

Ф1ыгъуэр дэзщ

Бжьыхьэ  матэм

И  фо изщ

Жыгым  пызыр мы1эрысэщ

Гъуэжь  хъужахэр  кхъужь1эрысэщ  (бжьыхьэ)

Жыгхэр  къэт1эп1арэ  

Удзхэр къыщыгъагъэм

Хуед анэм ипхъу  нэхъыщ1эм

Бостей  щ1эрыпсыбзэ (гъатхэ)

Соплъ-къызоплъ   къызоплъ  гуф1эжу

Дыгъэ къыщ1эк1ар

Губгъуэм шылэхъару

Телъщ удз  гъэгъар  (гъэмахуэ)

Ари ф1ы  дыдэу  къэфщ1ащ .

Ещанэ  лэжьыгъэм щ1ыдодзэ .

А  лэжьыгъэр  къуалэбзухэм теухуащ. Дэ  иджыпсту дедэ1уэнщ  къуалэбзухэм  я макъ.  Дэ  къэтщ1эн  хуейщ  сыт хуэдэ  къуалэбзум  и макъыми.  Фыпсэу, ц1ык1ухэ ,ф1ы  дыдэу  къэфщ1ащ .Адэк1э,  къуалэбзухэм я  сурэт  къафщти , щ1ымахуэр  ди деж щизыххэмрэ, щ1ып1э хуабэм  лъэтэжхэмрэ зэхуэдывгъэхьэс .

Адэк1э усэ къуалэбзухэм  теухуауэ къытхуеджэнщ  ди ц1ык1ухэр.

Хьэрхьуп . Бзу  ц1ык1у.

Епл1анэ лэжьыгъэ .

Псалъэхэр  зэгъэзэнк1ауэ  къыжыдо1эж.

Махуэ-жэщ

Гъэмахуэ-щ1ымахуэ

Пщэдджыжь-пщыхьэщхьэ

Хужь-ф1ыц1э

Ин-ц1ык1у

Щ1ы1э-хуабэ

Лъагэ-лъахъшэ

Бгъуэ-бгъузэ

Жыжьэ-гъунэгъу

Щабэ-быдэ

Нэху-к1ыф1

Етхуанэ лэжьыгъэ .Псалъэухахэм псалъэ лейр къэвгъуэт .

Уафэр   къащхъуэщ, дахэщ, 1эф1щ, кабзэщ.

Сыхьэтыр мак1уэ, мэп1ащ1э, мэгуф1э.

Тенджызыр хуабэщ, щымщ, мэбу, къэукъубеящ.

Зыгъэпсэхугъуэ  дакъикъэ.

Еханэ  лэжьыгъэ .

Адэк1э  къык1элъык1уэ  лэжьыгъэм псэущхьэ ц1ык1ухэм я сурэт итщ.

Хэт  тепсэлъыхьын.

Бажэмрэ  тхьэк1умэк1ыхьымрэ  я сурэт .  Бажэм и к1эр  инщ, бацэщ, тхьэк1умэк1ыхьым и к1эр дапхуэдэ?

Тхьэк1умэк1ыхьым и к1эр  к1эщ1щ, ц1ык1ущ.

Бажэм и тхьэк1умэр  ц1ык1ущ , ауэ и джэдыгур  дыщафэ дахэ ц1ык1ущ , тхьэк1умэк1ыхьым ейр  сыт  хуэдэ?

Тхьэк1умэк1ыхьым и джэдыгу ц1ык1ур гъэмахуэм гъуабжэщ, бажэм и  джэдыгур ихъуэжрэ щ1ымахуэм. Бажэм и джэдыгур  нэхъ  1уву щ1ымахуэм къыток1э.

К1эпхъымрэ  цыжъбанэмрэ я сурэт.

К1эпхъыр ц1ык1ущ,к1э баринэщ цы щабэ ц1ык1у тетщ, цыжьбанэм и  щ1ыбым  сыт тетыр?

Цыжьбанэм и щ1ыбым цы щабэм и п1эк1э  банэхэ  тетщ.  Цыжьбанэм  и фэр гъуабжэщ, к1эпхъым  и фэр  сыт хуэдэ фэ? К1эпхъым и фэр гъэмахуэм  дыщафэщ, щ1ымахуэм  гъуабжэщ ,щ1ымахуэм  гъэт1ылъыгъэхэ ещ1, цыжьбанэм щ1ымахуэм зыхуигъэхьэзырырэ? Цыжьбанэм  гъэт1ылъыгъэхэ ищ1ыркъым , ар щ1ымахуэм мэжей.

Сыт  хуэдэ  псэущхьэхэ  щ1ымахуэм жейрэ ? (мыщэ , цыжьбанэ, уашхэ)  

Джэгук1э : «Пы1эзы1эпых» .

Ебланэ   лэжьыгъэ .

Гъэм  и  зэманхэр  зэрызэк1элъык1уэм  хуэдэу  сурэтк1э къэдгъэлъэгъуэнщ.

Сурэтхэр  ст1олым  телъу  зэхалъхьэ.

Мазэц1эхэр къыжа1эж :

Фок1адэ ,жэпуэгъуэ, щак1уэуэгъуэ-бжьыхьэ  мазэхэр

Дыгъэгъазэ,щ1ышылэ, мазае-щ1ымахуэ  мазэхэр

Мэкъуауэгъуэ,бадзэуэгъуэ,шыщхьэ1у-гъэмахуэ  мазэхэр

Еянэ лэжьыгъэ .

Дэ  ди пхъуантэ  хьэлэмэтым щызэхудохьэс  псалъэжь  гъэщ1эгъуэнхэ.

Апрелыр  мэлыжьыхьщ.

Бжьыхьэр  бейщ.

Гъатхэ  уафэ  гъуанэщ.

Гъэм и  зы  махуэм   щ1ымахуэм  уегъашхэ.

Гъэмахуэ  тхьэмахуэр , щ1ымахуэ  гъуэмылэщ.

Шылэм  ик1эм зеук1ыж.

Гъатхэм  жеяр  бжьыхьэм мэгъыж.

Фыпсэу, ц1ык1ухэ псори ф1ы  дыдэу вгъэзэщ1ащ. Дыгъэ  ц1ык1ури  къыкъуэк1ыжащ,  пшэхэри  дгъэк1уэдыжащ.

Ди  таурыхъ ц1ык1у гъэпщк1уари къэтщ1ащ, ар дыгъэр пшэхэм зэрагъэпщк1уа  жыхуи1э  таурыхъыращ.

Абдежым ди еджэгъуэ гъэщ1эгъуэныр дыухынщ , узыншэу фыщыт ц1ык1ухэ.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Конспект занятия по обучению русскому языку в старшей группе. Тема занятия: Формирование умения различать формы единственного и множественного числа имен существительных Тема для разговора «Игрушки».

Конспект занятияпо обучению русскому языку в старшей группеТема занятия: Формирование умения  различать формы единственного и множественного числа имен существительныхТема для разговора  &la...

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке "Бжьыхьэр идогъэжьэж"

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке "Бжьыхьэр идогъэжьэж"...

Рабочая программа по изучению кабардино - черкесского языка по всем возрастным группам

Рабочая программа по изучению кабардино - черкесского языка по всем возрастным группам...