Урок по родной литературе "Береги хлеб".
методическая разработка по чтению (3 класс) по теме

Урок по родной литературе в 3 классе "Береги хлеб"

Скачать:

Предварительный просмотр:

ТемэщIэр джын.

I.Урокым и темэр яжеIэн.

(ЩIакхъуэр доскам деж щIэхъумауэ салфеткэм телъу доскам деж шэнтым тетщ).

-Нобэ дэ ди урокыр тедухуэнущ ирыскъыуэ дунейм тетым я нэхъыщхьэм.

Адыгэхэм абы папщIэ мыпхуэдэ къуажэхь жаIэ:

Хьэуазэ и къуэ щIыбыбгъуэ.

-Тэмэмщ. Ар щIакхъуэщ. Адыгэхэм я мызакъуэу дунейм тет лъэпкъ псоми щIакхъуэм пщIэ хуащIыр. Ар мылъку лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Уеблэмэ, пасэ зэманым щIакхъуэм сэкIэ еIусэхэу щытакъым. Ар IэкIэ зэпачти яшхэт, сэкIэ зэпыбгъэжмэ зегъэгусэ жаIэти.

-Сыт апхуэдизу щIакхъуэр щIагъэлъапIэр, сыт апхуэдиз пщIэ щIиIэр?

Дауэ къыфщыхъурэ?

(сабийхэм я жэуапхэр)

-Фэ жыфIахэри тэмэмщ, ауэ нэхъри нэхъ кууэ упщIэхэм дэ урокыр екIуэкIыхукIэ жэуап еттынщ.

2.Еджэныгъэ.

Япэ щIыкIэ нэIуасэ зыхуэтщIынщ Хьэгъундокъуэ Рэмэзан и усэм «Хуэсакъ щIакхъуэм»

Хьэгъундокъуэ Рэмэзан Мыхьэмэт и къуэр I926 гъэм къыщалъхуащ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм.

Рэмэзан и къалэмыпэм къыщIэкIащ сабийхэм щхьэкIэ итхауэ усэ куэд. Ахэр зэрыт «Лэгъупыкъу» тхылъ гъэщIэрэщIар I987гъэм Черкесск деж хьэзыр щыхъуащ. А тхылъыр мис дэ ди библиотекэми хэлъщ, псоми фIыуэ ди нэIуасэщ икIи къыдогъэсэбэп.

Хьэгъундокъуэ тхакIуэуи, усакIуэуи, журналистуи, зэдзэкIакIуэ Iэзэуи цIэрыIуэ щыхъуащ ди адыгэ литературэм.

ТхакIуэр дунейм ехыжащ I986 гъэм.

Иджы нобэ дэ нэIуасэ зыхудощI сабийхэм щхьэкIэ итха усэхэм щыщ зым.

б)ЕгъэджакIуэр къоджэ.

в)Словарнэ лэжьыгъэ.

гъуамэ-жыхуиIэ псалъэр дауэ къывгурыIуэрэ?

ЦIыху Iей, цIыху мыгъасэ

Езыр апхуэдэ псалъэ Iей доскам къыкIэрыслъхьэну сыхуейкъым.

Ауэ адрей псалъэр хуабжьу си гуапэу къыкIэрызолъхьэ.

мэкъумэшыщIэ-губгъуэм илэжьыхь цIыху, гуэдз Iузыхыж, комбайн,нартыху, кIэртIоф къезыхьэлIэж цIыхухэр. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ - лэжьакIуэщ.

г)Сабийхэм ягъэхьэзыра усэм «Мэкъумэш»къоджэ.

е)Сабийхэр къегъэджэн.

3.Зэджам тепсэльыхьын.

-Сыт нанэ къилъэгъуар гъуэгум здрикIуэм?

-Дауэ къыщыхъуа ар нанэ, сыт жиIар?

-Сыт апхуэдэу щIыжиIар?

Хэчыхьа еджэныгъэ.

Иджы фыкъысхуеджэну сыхуейщ ещанэрей сатырым и къыщIэдзапIэм.

(Щакхъуэм пщIэуэ иIэр зыщIэм

Ину уасэ абы хуещI).

-Дауэ къыфщыхъурэ, сыт хуэдэ уасэ щIакхъуэм

иIэр?

-Абы и жэуап къызэфтынум и пэкIэ сыкъыфхуеджэнщ зы хъыбар.

4. Чтение рассказа «Iущ цIыкIу»3кл.

-Сыт щIалэ цIыкIум тешанкIэм уасэу хуищIар?

-УмэжалIэмэ, дыщэм уи ныбэ из ищIынукъым.

ЩIакхъуэр дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ. – повесить на доску

-Сыт къулеижьым щIалэ цIыкIум жиIар щIыфIэделэгъар?

-Аращ, тIэ цIыкIухэ, адыгэхэм щIыжаIэр:

Уи ныбэ измэ щIакхъуэри цIынэщ.

МэжащIалIэм тепсэлъыхьын.

-А беижьым зэи илъэгъуакъым гъаблэ жыхуаIэр. Абы и ныбэ изу сыт щыгъуи псэуащ.

Ауэ а зэманым щыIэт щIакхъуэ такъыр ямыгъуэту мэжалIэм, гъаблэм ихь цIыху куэд.

Аращ нанэ хуабжьу къыщIэгубжьар, щIакхъуэм пщIэ хуамыщIыу щилъагъум.

Ленинград музейм иджыри къэс щIэлъщ а махуэхэм и фэеплъу Iэпхъуамбэ цIыкIум хуэдизу зы щIакхъуэ гъур такъыр.

Зи анэхэр гъаблэм ихьауэ, я адэхэр фронтым хэкIуэдауэ, сабий куэд Ленинград кърашри нэгъуэщI къалэ, къуажэхэм яшауэ щытащ.

А сабийхэм ящыщ къашауэ щытащ ди Хьэбэз районми. Беслъэней къуажэм къашащ 32 сабийуэ.

Ди адыгэ цIыхухэм езыхэм я сабийхэм ирагъэшхын яхуримыкъу пэтми, къащтащ а сабийхэр икIи япIащ зыкIи езым я сабий дыдэхэм къыщхьэщымыкIыу.

(использ. материал из газет о детях Ленинг., особенно «Черкес Хэку» за 2002г. (открытие памятника людям, приют детей Лен.в а.Бесленей (есть в музее))

-А гъэхэм цIыхухэм щIакхъуэ такъыр ямыгъуэту я гъащIэм щыхэкIыжым, щIакхъуэм уасэ хуащIар дыщэкъым.

ЩIакхъуэм уасэ хуащIар цIыхум и гъащIэрщ.

Ахэр беижьхэм ягъэпщылIырт, беижьхэм я ныбэ изу шхэрт, мыдрейхэм яшхын ягъуэттэкъым. А тхьэмыщкIагъэр илъэгъуащ нани и сабиигъуэм. ЕщIэж нанэ цIыхухэр гъаблэм ихьу зэрыпсэуар.

Ауэрэ беижьхэр, пащтыхьыр традзри, цIыхухэр яшхын ягъуэту псэууэ хъужа нэужь, ямыщIэххэу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къатеуащ.

ЕщIэжыр нанэ Хэку зауэшхуэм щыгъуи цIыхухэр хуабжьу ныбэкIэ гугъу зэрехьар, ещIэжыр щIакхъуэ бзыгъэ цIыкIу къылъысын папщIэ цIыхухэр махуэ псом чэзум хэту зэрыщытахэр.

Псом хуэмыдэу а гъэхэм гугъу ехьащ Ленинград дэса цIыхухэр.

Къалэр нэмыцэхэм къаувыхьри дэ ди сэлэтхэр дамыгъыхьэу мыдрейхэри имыкIуэту махуэ 900-кIэ къалэм цIыху ирагъэкIуэлIакъым.

А зэманым зы щIакхъуэ такъыр закъуэ яшхамэ, къелыну, ар ямыгъуэту,цIыху куэдым я гъащIэм хэкIыжащ.

Мис аращ ЩIакхъуэр гъащIэщ щIыжаIэр .(Доскам пылъэн)

-Апхуэдэ нэщIэбжьэ алыхьым зэи димыгъэлъагъужкIэ, ауэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ар.

ЩIакхъуэм и гъуэгур.

I.Хэчыхьауэ къегъэджэн.

-Иджы усэм зыхудогъэзэж.

-Фыкъысхуеджэ е 4-нэ Iыхьэм.

«ЩIакхъуэр Iэнэм къытехьэхукIэ…»

2.-А щIакхъуэм и къежьапIэр фи пащхьэм илъщ.

-Сыту жыфIэрэ абы кIуэцIылъыр?

Ар къывжиIэнущ си къуажэхьым

Дыжьын цIыкIуу зэрылъэлъ,

Къилъэлъахэм дегъэгуфIэ. (гуэдз)

-А зы гуэдз хьэдзэ цIыкIум щызэхуэхьэсащ дыгъэри, щIыгури, цIыхум и гуащIэри.

3.Гербарий

А гуэдзхэр къыщыкIам деж мис мыпхуэдэ теплъэ яIэщ.

Мыбы зэреджэр щхьэмыжщ. 

4.Гуэдзым тепсэлъыхьын.

5. - АтIэ дауэ мис мы гуэдз хьэдзэ цIыкIухэр мис мыпхуэдэ щIакхъуэ гурыхь зэрыхъухэр?

-Сыт япэ щIыкIэ гуэдзым иращIэр?

6Таблицэм ирилэжьэн.

-явэ;

-удобренэ халъхьэ;

-хасэ;

-удзхэр, хьэпIацIэхэр ягъалIэ;

-Иджы къэкIащ, дахэ дыдэу итщ. Сытым ещхь? (дыщэм)

6.Усэ «Гуэдз хьэсэм»(къоджэ ученик)(см.прилож.)

-Iуахыж

-токым яшэ

-яхьэж

-ягъажьэ

8.Механизаторхэм къытепсэлъыхьын.

-Хэт фэ фи гъунэгъуу, фи Iыхьлыуэ трактористу лажьэу фщIэрэ?

(Учитель дополняет материал из музея . Рассказ усеника о заслуж. механиз.России Хапсирокове Фуаеде.)

8.-Фэр фэру фегупщыс, цIыху дапщэ ялэжьрэ а щIакхъуэр ди Iэнэм къытехьэным ипэкIэ?

(хэзысам, комб., трактористым, щхьэлым лажьэхэм, щIакхъуэгъажьэхэм и т.д.)

-Аращ псалъэжьым щIыжиIэр («ЩIакхъуэ псынщIэ щыIэкъым»)-(повесить на доску)

9.Сценка «Щхьэмыж»(«Сабий щэн гъасэ»)

-ЩIакхъуэ пшхыну ухуеймэ, умымэжэлIэну ухуеймэ, сыт пщIэн хуейр?(улэжьэн хуейщ)

-АтIэ иджы абы теухуауэ зы сценкэ цIыкIу деплъынущ.

Беседэ.

-Сыт дзыгъуэ цIыкIухэм щIакхъуэ къащIылъымысар?(лэжьахэтэкъми)

Лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэр.

-Мис мыбдеж сэ сыхуейщ лэжьыгъэм теухуауэ фи унэм вгъэхьэзырыну псалъэжь.

КъызэщIэкъуэжыныгъэ.

I.-Иджы, цIыкIухэ, урокыр щыщIидзам фэста упщIэм зыхуэзгъэзэжыну сыхуейщ.

-Сыт щIакхъуэр псом нэхърэ щIэнэхъ лъапIэр?

(-щIакхъуэншэу ущхэфынукъым

-щIакхъуэм лэжьыгъэ куэд кIэрылъщ.)

-АтIэ,апхуэдизу гугъуехь пылъу къалэжьа щIакхъуэм дауэ ухущытын хуей?(ответы детей)

3.ЩIакхъуэм узэрыхущытын хуей хабзэхэм къеджэн.

I. ЩIакхъуэр иумыкъухь.

2.Пшхыфынум нэхъыбэ щIакхъуэ къыумыщтэ.

3.ЩIакхъуэ ныкъуэшх къомыгъанэ.

4.ЩIакхъуэм пщIэ хуэщI. ЩIакхъуэм пщIэ хуэзымыщIым напэ иIэкъым.

4. Уэрэд «Хуэсакъ щIакхъуэм».

По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Урок-игра по кубановедению Хлеб мой вкусный, хлеб душистый

Урок - ирга  по кубановедению, где  учащиеся  знакомятся с  трудом  хлебороба. Учащиеся  делятся  на  группы  и  соревнуются....

Технологическая карта урока по ФГОС "Про хлеб и кашу,про чай и кофе" УМК "Перспектива"

Рассказать, откуда берутся хлеб, каши, чай, кофе; воспитывать уважение к хлебу, к труду людей, связанному с производством хлеба и других продуктов....

Урок. Окружающий мир. Как хлеб на стол приходит. 1 класс. УМК "Школа XXI века"

Задачи урока "Как хлеб на стол приходит": познакомить детей с этапами выращивания хлеба в прошлом и настоящем, с профессиями людей, участвующих в данном процессе, воспитывать уважение к людям этих про...

Урок по родному языку (русскому) 3класс ( на основе рабочей программы по учебному курсу «Родной язык» для 1-4 классов, «Школа России»).

Цели: закрепить понятие о местоимении, о роли местоимений в речи.Планируемые результаты:предметные:распознавать местоимения среди других частей речи;определять лицо и число местоименийметапредметные:п...

«Реализация межпредметных связей на уроках русского (родного) языка и родной литературы»

laquo;Реализация межпредметных связей на уроках русского (родного) языка и родной литературы» Цель мастер-класса: познакомить педагогов с методами и приёмами проведения интегрированного ур...

Конспект урока по родному (русскому) языку «Кто друг прямой, тот брат родной»

Конспект урока по родному (русскому) языку 3 класс на тему «Кто друг прямой, тот брат родной»...

«Реализация межпредметных связей на уроках русского (родного) языка и родной литературы»

-Нужна ли интеграция?-Что дает нам межпредметная интеграция?-Как строить интегрированный урок и какие приёмы в нем использовать....