Макъ дж, хьэрфхэу Дж,дж-хэр
план-конспект урока (1 класс)

 Дзахмишева Рузана Олеговна

Макъ к, хьэрфхэу Дж, дж-хэр егъэц1ыхун.Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гупыж хуегъэщ1ын.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл Дж,дж - хьэрфхэр14.48 КБ

Предварительный просмотр:

Темэр: Макъ дж, хьэрфхэу Дж,дж-хэр

Дызыпэплъэ ехъулIэныгъэхэр: Макъ к, хьэрфхэу Дж, дж-хэр егъэц1ыхун.Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гупыж хуегъэщ1ын.

Мурадыр: Яджа хьэрфыр зыхэт пычыгъуэр, псалъэ егъэтхын, хьэрф дж-р зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Урокыр зэрек1уэк1ыр:

1.Урокым хуэгъэхьэзырын. 2.Зэджахэм къытрагъэзэжын:

-Ди бзэр дауэ зэхэт? -Псалъэухар? - Псалъэр? -Пычыгъуэр? -Сыт хуэдэ макъхэр фщ1эрэ? (Макъзешэхэр, макъ дэк1уашэхэр.)

1)Зыщ1эдэ1у ик1и ялъагъу псалъэхэм яхэтын хуей макъхэр къагъэлъагъуэ: 1у…щхьэ(а)- 1…щхьэ(э)

Макъ дж-р къыхагъэщхьэхук1. Псалъэк1эм , псалъэкум , псалъэпэм; псалъэухам:Джулеттэ, фэтыджэн, Шэмэдж. Джулеттэ япэ классым щ1эсщ.Псалъэухар зэпкърыхын. (Псалъипл1 мэхъу, япэр, ет1уанэр, ещанэр, епл1анэр.Дж-зыхэт псалъэхэр къахутэ, пычыгъуэ бжыгъэр къыжа1э,япэ пычыгъуэр, ет1уанэ пычыгъуэр.Япэ пычыгъуэм макъзешэ а хэтщ, абы и пэм дж итщ.Мыр шэщ1ауэ къэппсэлъ хъуркъым, макъ дэк1уашэ дэгущ.

4.Физминуткэ егъэк1уэк1ын: Я 1эпкълъэпкъым зегъэужьын: Мыщэжь. Пщыхьэщlэ Хьэмзэт
…Къэушащ,мэкlий,мэгъуахъуэ, 
Жиlэ хуэдэщ:"Фо къивгъахъуэ, 
Мазищ енкlэ семышха, 
Мазищ енкlэ семыфа...!"
 

5. Пычыгъуэхэм къегъэджэн:джа, джы, дже, джи. Пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ зэралъыт:джааа, джыыы,джиии, джеее. Хьэрфыщ1эхэм щыгъэгъуэзэн:Дж, дж .Пычыгъуэхэмрэ псалъэхэмрэ къегъэджэн.

1)Макъ дж--р псалъэ зэхуэмыдэхэм къыхагъэщхьэхунк1ыу егъэсэным елэжьын. 

Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

2) Макъ дж-мрэ, хьэрф Дж,дж-хэмрэ щыгъэгъуэзэн, пычыгъуэщ1эхэри схемэхэмк1э зэхегъэлъхьэн.

Пычыгъуэ дапщэу зэхэт мы псалъэхэр?

6.Тхылъымк1э гъэлэжьэн. Нап. 60 ит къехыгъуэхэм къеджэн. Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэм гу

лъытэжын.Схемэм хуэк1уэ псалъэм къоджэхэр. Пычыгъуэк1э гуэшын, дж-р щхьэхуэу къапсэлъыж,

макъыр къыхагъэщхьэхук1ын. Рассказым хэт псалъэуха къэс зы еджак1уэ къоджэ. Упщ1эхэмк1э

зэпкърыхыжын. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

7 .Урокым ялэжьар къызэщ1экъуэжын.



По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Макъ хьэрф Къ къ

открытый урок...

Хьэрф 1у, Макъ 1у 1у

Хьэрф 1у, Макъ 1у  1у...