Сценарии "Лъэтеувэ"
материал (1 класс)

 Дзахмишева Рузана Олеговна

Сценарии "Лъэтеувэ"

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл leteuve-_na_konkurs.docx29.31 КБ

Предварительный просмотр:

Нэгузыужьыгъуэ (хабзэм щыщ 1ыхьэ)

«Лъэтеувэ»

        

Егъэджак1уэр :Дзыхьмыщ1 Р.О.

Мурадхэр: 

          сабийхэм я анэдэлъхубзэм зегъэужьын, адыгэ хабзэ дахэм щыгъуазэу къэгъэтэджын;

къызыхэк1 и лъэпкъым ирипагэу щытынымк1э сабийхэр хуэущыин.

Егъэдж.:

        Сэламу щы1эм я нэхъ гуапэр фыдох, ди гуф1эгъуэм кърихьэл1а псоми. Ди хьэщ1э лъап1эхэ, сэ иджыпсту къезгъэблэгъэну сыхуейт,  нобэрей ди махуэ лъап1эр тхуэзыгъэдэхэну къэк1уа  ди сабий дыщэхэр ( сабийхэр къыщ1охьэ макъамэм щ1эту)

«Ц1ык1ухэ, псоми зэгъусэу сэлам едывгъэхыт ди хьэщ1эхэм».

Едж.:

         Фи махуэ ф1ыуэ, фыкъеблагъэ!

Едж.: «Адыгэ хабзэ» усэм гук1э къоджэ.

  1. Узогъэлъап1э, адыгэ щэн

Узогъэлъап1э адыгэ хабзэ

Лъэпкъ минхэм ф1ык1э дыкъамыщ1энт

Фыщымы1уауэ адыгэ лъапсэм.

  1. Адыгэ л1ыгъэр хабзэм и гъуэгущ,

Адыгэ напэр хабзэм и набдзэщ.

Лъэпкъым и щэныр гъуазэ тхурехъу,

Хэдмыгъэк1уадэу адыгэ лъапсэр.

  1. Пшагъуэ гуэрэнми уэ у1ущ1ащ,

Лъэпкъым и хабзэу напэр зи гъуазэ,

Сыти и уасэт дэ къэдгъэщ1ам

Утщ1ымыгъуатэмэ. Адыгэ хабзэ.

Егъэдж.:

       Фыпсэу! Ц1ык1ухэ, и1эт яжедывгъэ1эт нобэрей махуэр зытеухуар, сыт зэреджэр ди гуф1эгъуэ зэ1ущ1эм?

Едж.:

        «Лъэтеувэ».

Егъэдж.:

       Ат1э, хэт къыджи1эн, лъэтеувэ щащ1к1э сабийм и лъакъуэм  илъ лъахъэр  хэт сымэ зэпызупщ1ыр?

Едж.:

        Ар зыпызупщ1ын хуейр ди нэхъыжьыф1хэращ. Ди нанэ дахэу- лъап1эхэрщ.

Егъэдж.:

        Ат1э, дэнэ щы1э а нанэ лъап1эхэр, къэмысауэ ара, хьэмэрэ къевмыгъэблэгъауэ ара?

Едж.:

        Яжет1ащ, къэк1уэнуи дыкъагъэгугъащ.

Егъэдж.:

        (макъамэ къо1у) Нанэхэр къэсащ, фапежьэ къевгъэблагъэ, сэлам ефх, 1эпл1э хуэфщ1. Дэнэ деж дгъэт1ысыну ди нанэ лъап1эхэр?

Едж.:

          Жьант1эмк1э тыншщи дгъэт1ысынщ.

(Дисанэ)Нанэ:

        Сыту хабзэ дахэ фхэлъ. Тхьэм фыкъигъэхъу, нэхъыжьым пщ1э хувощ1, тхьэм пщ1э къыфхуищ1 Сып1ащ1эу таксик1э сыкъэк1уащ, тхьэ.

Егъэдж.:

        Ди нанэ лъап1эхэ, нобэ догуф1эм  фыкъызэрык1уам щхьэк1э, мы ц1ык1ухэм фэр папщ1э зы уэрэд ц1ык1у ягъэхьэзыращи фыкъытхуеда1уэт? («Нанэ согъэгуф1э»)

Усэ: «Сыту дахэ мы ди гъащ1эр».

  1. Сыту дахэ мы ди гъащ1эр

Хэти ар хуэп1уэтэфын!

Дыщалъхуа ди Хэкум и хуабагъэр

Нэгъуэщ1 щ1ып1э дэ щыдмыгъуэтын.

  1. Бжьыхьэм ди гъащ1эр дыщэу елэ,

Щ1ымахуэм зэуэ хужь дещ1ыж.

Гъатхэ щ1эращ1эм дыдогъагъэ,

Гъэмахуэм хъер дэ къыдетыж.

  1. Зэманыгъуэ псоми дэ дахоплъэ,

Сабиигъуэ дахэр ди  1эпэгъущ.

Дыгъэр ди щхьэщыгумк1э къытхопсэ,

Мамырыгъэр дощ1ыр дэ ныбжьэгъу.

  1. Зэманыр к1уэтэхук1э гъащ1эм гъащ1эм хощ1,

Ди гъащ1эр к1уэхук1и балигъ дохъу.

Дэтхэнэ зыми ди къалэнщ,

Хэку ф1ы хуэтщ1эну тхузэф1ок1.

                   «Нанэ дэрэ».

Сэ си нанэу 1уэхук1э 1эзэ,

1уэхуу щы1эр зи фэ дэк1,

Жа1э уэ сынощхьыркъабзэу,

Унэр сэри сагъэпхъэнк1.

Зэми гуащэм сыхуопщаф1э,

1эф1у ар сэ дызошхыж,

Нани къаплъэурэ мэгуф1э,

1энэр къабзэу 1узохыж.

Дызо1ул1э, дызодыж.

Бостей дахэщ зды си хабзэр,

Ету ек1уу тызодзэж.

Нанэ ищ1эу хъуар дызощ1э:

Дызэпоуэ,дыздолажьэ,

Данизэ ауэ зы хуэмыщ1э,

Ар ц1ык1у1уэм хэт и лажьэ.

Егъэдж.:

        Ат1э, аращи ди зэ1ущ1эм кърихьэл1а ди хьэщ1э лъап1эхэ, ди тхьэлъэ1ур тхуэугъурлыну тхьэм къыщ1игъэк1. Фыкъеуэт 1эгум, адыгэ къафэм хуит къыхуэфщ1ыт утыкур. (къофэ дахэу къафэ ц1ык1уищ).

(Бжэм зыгуэр къытоу1уэ).

Егъэдж.:

        Сыту п1эрэ  къэхъуар, хэту п1эрэ ар, зыгуэр къедгъэблэгъэн хуейуэ къытщыгъупщауэ п1эрэ? (макъамэ къо1у, ажэгъафэр къохьэ, сабийхэм ядоджэгу).

(Азнэур)Ажэгъафэ:

         Уа, жылэ махуэ хъун, уа Сэтэней гуащэр зэхъуэхъунхэ, мыр сыт мы сыкъызрихьэл1ар. Нартхэм сэ сахэмыту гуп зэхэс ящ1у щытакъым. Сэ сыфхэмыту фи гупри гуп хъун, фи зэхуэсри зэхуэс хъун. Сыту дахэ защ1э мыбы кърихьэл1а псори. Фэ фщ1эуэ п1эрэ, сэ сыхэтми, хэт къызэрызэджэр?

Сабийхэм:

      Ажэгъафэщ!

(Азнэур)Ажэгъафэ:

           Уэ, ди тхьэурэ тхьэшхуэ, уэ Бэдынокъуэ и л1ыгъэр зыхэлъын ц1ыхухэ, куэд щ1ауэ сахэтщ сэ адыгэ лъэпкъым, жьы сыхъуащ, ауэ фэ ц1ык1ухэр фызэрыслъагъуу  си жьыгъэри, сызэрешари сщыгъупщэжащ. Аращи, фыкъеуэ 1эгум фыщымысхьу, къеуэ пшынэм, мэлычыпхъу, си лъэм  зэ  фыщ1эзгъаплъэм си гуапэщ. Феуэ 1эгум, ажэгъафэу гуп зэхэшэр къыдэфэну къытехьащ (хьэщ1эхэм щыщ къегъафэ).

Гъ.:

         Ц1ык1ухэ, хэт жри1эн ажэгъафэм – нобэ ди гуф1эгъур зытеухуар сыт?

Сабийхэм:

         Дощ1э, ди Данизэ ц1ык1у лъэтеувэ худощ1.

 Сабийхэ ажэгъафэр яхэту  хъурей защ1ри мыр жа1эурэ мэджэгу:

Сэ сок1уэ,

Сэ сожэ,

Щытхэм сахолъадэ,

Абыхэм сахэдэмэ, къыхызох….

(зы къыхахри, а къыхахами апхуэдэурэ же1э)

(Азнэур)Ажэгъафэ: 

           Арауэ къыщ1эк1ынщ мо хьэлыуэ 1энэр зыхуаубар, 1ау зиунагъуэрэ, сикъимыгъафэу мы си пэ к1ыхьым мэ гуэр къыщ1ехьэ. Ауэ фщ1эуэ п1эрэ ар къэвлэжьын зэрыхуейр. Хэт къызжи1эн, сыт хуэдэ сабийхэра тхьэлъэ1ум  ямыгъак1уэхэр? Сыт хуэдэ хьэл- щэн хэлъын хуей  сабийм, фщ1эуэ п1эрэ?

Едж.:

          Дощ1э,абы жы1эмыда1ухэр, къуейщ1ейхэр, зэранщ1ак1уэхэр ягъак1уэу щытакъым.

Егъэдж.:

        Пщ1э зыхуэтщ1у ди ажэгъафэ, дэ ди гъэсэн ц1ык1ухэр щыгъазэщ ди хабзэ дахэм. Хабзэм теухуауэ сыт фщ1эрэ?(псалъэжьхэмк1э, къуажэхьхэмк1э зэпоуэ).

Сабийм теухуа псалъэжьхэр.

  • Бын зимы1эм и гу1эгъуэщ.
  • Быныр и фэрэ и ныбэрэ щумыгъащ1э, ауэ зыщыгъэук1ытэ.
  • Сабий  макъ зыщ1эмы1ук1 унэр бэнщ.
  • Сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ.
  • Сабий зыгъасэ хасэм хок1ыж.
  • Сабийм насып къыдок1уэ.
  • Сабий къэбгъэпц1эну ф1ыкъым.
  • Щ1эблэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ.
  • Ц1ыху зып1 ц1ыху уасэ хон.
  • Уи быным пщ1эуэ хуэпщ1ыр уи жьыщхьэ бгъуэтыжынщ.

Адыгэ хабзэм теухуа псалъэжьхэр.

  • Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ.
  • Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э хъунщ.
  • Жьант1эм ущ1эмыкъу, пхуэфащэмэ къыплъысынщ.
  • Нэхъыжь к1элъыджэркъым- к1элъок1уэр.
  • Щэным я нэхъ дахэр тэмакък1ыхьщ.
  • Нэмысыншэр насыпыншэщ.
  • Унэ к1уэц1ым нэмыс ущимы1эмэ, унэ щ1ыбым ущи1эххэкъым.
  • Ц1ыхур нэмысыф1эмэ, ф1эл1ык1 и1эщ.

 

        Псалъэ шэрыуэхэр.

  • Уи хабзэ хамэ хэку умыхь.

Уи мыхабзи зыдумыгъэхьэх.

  • Акъылыр Тхьэм и тыгъэщ,

Щ1эныгъэр уи лэжьыгъэщ.

  • Щ1эныгъэр зыри и уасэкъым,

Гъэсэныгъэр дыщ1ымыгъумэ.

  • Ц1ыхур зыгъэдахэр щыгъыркъым-

И дуней тетык1эрщ.

(Азнэур)Ажэгъафэ:

           Ф1ыгъуэр зыхуищ1эн ц1ык1ухэ: апхуэдиз хабзэ- бзыпхъэ дахэ щыфщ1эк1э, фэри хьэл- щэн дахэ фхэлъ хъунщ. Хуабжьу сигу вгъэзэгъащ. Адыгэ джэгук1э фщ1эуэ п1эрэ?

Едж.:

     Дощ1э: Пы1э къуэдзэ. Чыбжэ зэпекъу. Епк1э- елъэ. н.

(Азнэур)Ажэгъафэ:

          Фыпсэу ц1ык1ухэ, хуабжьу сигу вгъэзэгъащ. Псалъэжьк1и къуажэхьк1и зэпеуэнк1э фыхъарзынащ. Хуабжьу си ф1эщ фщ1ащ Данизэ ц1ык1у  и лъэтеувэм фэ фыхэтыну зэрыфхуэфащэр (щ1ок1ри Данизэ ц1ык1у и 1эпэр и1ыгъыу кърешэ утыкуми, нанэ ирет).

Егъэдж.:

        Щ1эддзэнщ, ат1э Данизэ ц1ык1у и япэ лъэбакъуэр едгъэчыным. Ди нанэ лъап1эхэу ди нэхъыжьыф1хэ, фэрщ а 1уэхур зи пщэ итлъхьэр.(Нанэм хабзэм тету сабийр утыкум кърешэри щ1акхъуэ хъурейр и1ыгъыу йохъуэхъу).

Егъэдж.:

       Ди хьэщ1э лъап1эхэ, сабийр зек1уа иужьк1э, хьэлыуэ 1энэр ягъэувырти, тралъхьэрт 1эмэпсымэ зэмыл1эужьыгъуэхэр. Сабийм къищта 1эмэпсымэр зыхуэунэт1а 1эщ1агъэр абы и нат1э хъуну жа1эрт, ирилэжьну, теунэну.

           «Лъэтеувэ» усэр.

Дэ ди Данизэ,

Ди псэр, дин эр,

Зек1уагъащ1эщи-

Догуф1э:

Абы хуащ1ыр

Лъэтеувэ.

Яубащи хьэлыуэ 1энэ,

Щащыху бгъуф1э,

Зыхэдэнур

Трагуашэ:

Пшынэ, мажьэ,

Тхылъ, тепщэч,

Щыгъэ, ахъшэ,

Щ1ы1у, 1уданэ…

Сщ1эжкъым

Тралъхьар ит1анэ,

Хуейуэ хъуар,

Зывмыгъэгувэу

Фыкъеблагъэ,

Инщ ди унэр,

Флъагъунщ

Данизэ  къыхихынур,-

Къэфщ1энщ Данизэ  зэрыхъунур.

 Иджыпсту Данизэ  ц1ык1у хэдгъэдэнщ, а къомым( абы япэ къихуэу «Лъэтеувэ» усэм къоджэ, ит1анэ сабийр 1энэм то1эбэр, 1эщ1агъэ къыхихам папщ1э, сабийхэр йохъуэхъу .

              Хъуэхъу

Лъхугъэ дыгъэу дыгъэ щыгъэ,

Лъынэ хуэдэу убагъуэ,

Зы узи къомы1эу,

У1умахуэрэ ужьэнахуэу,

Хахуэныгъэр уи бжаблэу,

Благъэу уи1эр бгъэгуф1эу,

Нанэ урищ1асэу,

Дадэ уригупсэу,

Уи анэ зэрышынэ умыхъуу,

Уи адэ зэрыгугъэм утету,

Тхьэм удигъэлъагъу.

 Ажэгъафэмрэ егъэджак1уэмрэ  йохъуэхъу:

Аж.: Лэжьыгъэм хъерыр къытхуихьу,

Егъ.: Ди бынхэр хъерым щымыщ1эу,

Аж.: Дахэк1ейхэр ди хъыджэбзу,

Егъ.: Дэ нэхъ быдэ къэрал щымы1эу,

Аж.: Ди вы гъэшхахэр гуф1эгъуэ нышу,

Егъ.: Матэу ди1эр фо ныбэ защ1эу,

Аж.: Гъащ1эр щыдахэу, дыгъэр щыгуф1эу, ф1ыгъуэр щыбатэу,

Зэгъусэу: Хъуэхъу жыт1ахэр псоми тхуэ1умахуэну, дэ абык1э дохъуахъуэ!

Егъ.: Нанэхэм щыщ къегъафэ ажэгъафэм. Нанэм  Данизэ  ц1ык1у бостей ирет. Псори къофэ, джэгу ящ1.