Мастер-класс на кабардинском языке.
план-конспект урока (3 класс)

Ещанэ классым щек1уэк1а мастер-класс.

 

Темэр: 1уэхугъуэ гугъухэр, зэхэзэрыхьахэр зэхэгъэк1ыныр адыгэбзэ дерсым къызэрыхэщыр.

 

Мурадхэр:

-Лэжьыгъэ гугъухэр, зэхэзэрыхьахэр къэдгъэщ1к1эрэеджак1уэхэм ахэр зэхагъэк1ыфу егъэсэн, абы теухуауэ ящ1эхэри къегъэгъэлъэгъуэн;

-Псалъэщ1эхэр егъэщ1эн, а псалъэхэр щыуагъэншэу ятхыфу егъэсэн;

-Я бзэм зегъэужьын;

-Еджак1уэхэм я бзэр ф1ыуэ зэралъэгъун, зэрахъумэн, пщ1э лей зэрыхуащ1ын хуейр къагурыгъэ1уэн.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл master-klass_dlya_3_klassa.docx91.97 КБ

Предварительный просмотр:

Ещанэ классым щек1уэк1а мастер-класс.

Темэр: 1уэхугъуэ гугъухэр, зэхэзэрыхьахэр зэхэгъэк1ыныр адыгэбзэ дерсым къызэрыхэщыр.

Мурадхэр:

-Лэжьыгъэ гугъухэр, зэхэзэрыхьахэр къэдгъэщ1к1эрэеджак1уэхэм ахэр зэхагъэк1ыфу егъэсэн, абы теухуауэ ящ1эхэри къегъэгъэлъэгъуэн;

-Псалъэщ1эхэр егъэщ1эн, а псалъэхэр щыуагъэншэу ятхыфу егъэсэн;

-Я бзэм зегъэужьын;

-Еджак1уэхэм я бзэр ф1ыуэ зэралъэгъун, зэрахъумэн, пщ1э лей зэрыхуащ1ын хуейр къагурыгъэ1уэн.

Къэбгъэсэбэпыпхъэхэр: компьютер, интерактивнэ доска, проектор, лэжьыгъэ зэрыт карточкэхэр, сурэтхэр, жыгсурэт, доска, ребусхэр зэрыт карточкэхэр, щхьэф1элъхьэ (таж– корона) сабий къэс.

Мастер-классым и ек1уэк1ык1эр:

Еджак1уэ: -Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Псомизэгъусэу:Ф1охъус апщий!

Егъэджак1уэ:Ещанэклассым щедгъэк1уэк1ыну мастер-классымфыкъыдогъэблагъэ!

1 лэжьыгъэ:

-Ц1ык1ухэ, нобэди хьэщ1эхэм язгъэлъагъунусыхуейщадыгэбзэдерсымлэжьыгъэгугъухэр, зэхэзэрыхьахэркъыщызгъэщ1ыурэ, фэахэр зэрызэхэвгъэк1ыфыр. Фыхьэзыр? Щ1ыдодзэ.

-Ц1ык1ухэ, доскамк1э псорифыкъаплъэт.Сыт мыбыщыфлъагъур?

-Псалъэухахэр.

-Сыт а псалъэухахэм гъэщ1эгъуэну хэфлъагъуэр?

-Псалъэм и п1эк1э сурэт ц1ык1у хэтщ.

-Мис а сурэтхэр псалъэк1э зэфхъуэк1ыурэ псалъэухамфыкъысхуеджэ.

Псалъэухахэр:

Дэ дихадэм   (к1эрт1оф)  хэтсащ.

Сэ   (мамкъут) сшхыну сф1эф1щ.

                        (бжьыныхур) сырщ.

       (бэдрэжанхэр) ашыкымитлъхьащ.

Губгъуэмхасащ  (къэбыстэ),         (пхъы),       (нащэ),         (бжьын).

https://avatars.mds.yandex.net/i?id=43dc7f4ab4aeaf6cbbf2a21b89e3968c538fe35c-4220100-images-thumbs&n=13

                       (мэрак1уапц1эр) сэбэпщ.

-Иджы ц1ык1ухэ мы псалъэщ1эхэр илъэс ет1уанэ хъуауэкъэдгъэсэбэп  «Псалъалъэ» тетрадышхуэм зэрытщ1 хабзэмдытетуиттхэнущ. (Япэсурэтхэр к1эрагъапщ1э, ит1анэ я ц1эр урысыбзэк1э ятх, иужьк1э адыгэбзэк1э ятх).

-Хьэрфзэгуэтхэрхъуреймивгъэувэ.

-Дывгъэгъэ1ут, ц1ык1ухэ, а хьэрфхэм я макъхэр.

-Фи «Псалъалъэхэр» ст1олыбгъум деж вгъэт1ылъыж.

2 лэжьыгъэ:

-Иджыпсту т1урыт1урэ фылэжьэнущ. Файлымилъ тхылъымп1э зэпыупщ1ахэр (пазлхэр) къифхынурэсурэт къыхэфщ1ык1ынущ. Сурэтым и ц1эр иужьк1э къыжыф1энущ.

3 лэжьыгъэ:

-Иджы, ц1ык1ухэ, гуп-гупуфылэжьэнущ. Къызыщывгъэхъу тхак1уэ фыхъуауэ, тхыгъэмфелэжьыну фи пщэмкъыдалъхьауэ.

Япэгупымурысыбзэтхыгъэр адыгэбзэк1э зрадзэк1ыурэ ятхынщикъытхуеджэжынщ.

Ет1уанэ гупым адыгэбзэк1э тхатхыгъэр урысыбзэк1э зрадзэк1ынщи  къытхуеджэжынщ.

Ещанэгупыр «Нур» журналым ребус фыщрихьэл1ауэ къызыщывгъэхъуидапхуэдиз фхуэщ1ыжми девгъэплъ.

Япэгупым и тхыгъэр:

Осень.

Пролетело лето. Наступила осень. Пришла пора убирать урожай. Аслан и Мурат копают картофель. Остальные дети собирают лук, чеснок, капусту, перец, морковь и другие овощи.

Бжьыхьэ.

Гъмахуэрблэлъэтащ.Бжьыхьэркъихьащ. Гъавэ 1ухыжыгъуэри къэсащ. АслъэнрэМуратрэ к1эрт1офыр къат1ыж. Адрей ц1ык1ухэм зэхуахьэсыжбжьын, бжьыныху, къэбыстэ, шыбжий, пхъы, нэгъуэщ1 хадэхэк1хэри.

Ет1уанэ гупым и тхыгъэр:

Мамкъут.

Дэ дихадэммамкъутхэтсащ. Ар 1эф1щ ик1и сэбэпщ. Сэмамкъут сф1эф1у сошх. Си анэммамкъутваренэегъавэ.

Малина.

В нашем саду мы посадили малину. Она вкусная и полезная. Я люблю есть малину. Моя мама варит малиновое варенье.

4 лэжьыгъэ:

Доскам жыгсурэт ф1элъщ.

-Ц1ык1ухэ, мы ст1олым телъсурэтхэр гупит1у вгуэшынущ. Жыгхэм къапык1эр ищхьэмк1э к1эрыволъхьэ, щ1ым къыщык1хэр и лъабжьэм.

-Зы псалъэк1э къыжыф1эт мыбыхэм я ц1эр. (Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэк1)

-Мы къэна сурэтит1ыр щхьэ к1эрывмылъхьарэ? (Ахэр мэрак1уэщ).

5 лэжьыгъэ:

-Ц1ык1ухэ, жыгхэм я ц1э зэдгъэщ1ауэ щытахэр фщ1эжу п1эрэ?

Иджыпстуфызгъэджэгунущ, гупхэрфызэпезгъэуэнущ. Доскам к1эрылъ карточкэхэмжыгхэм я ц1эхэр урысыбзэк1э тетщ, фэ адыгэбзэк1э къыжыф1эн хуейщ.Нэхъыбэзыхуэзыхьэсыр ток1уэ.

Япэгупым къыщыщ1эддзэнщ.

(Еджак1уэхэм жыг пщык1ут1ым я ц1эр къыжа1эн хуейщ).

6. Унэлэжьыгъэетын:

-Ц1ык1ухэ, сэсыхуейтфэ адыгэбзэк1э нэхъыбэрэфыпсэлъэну. Урысыбзэпсалъэкъыхэвгъыхьэмэ, а псалъэр адыгэбзэк1э зэвдзэк1ыжурэ фызэрыпсэлъэнумяужьфит. Ит1анэ фи ехъул1эныгъэхэр къызжеф1эжынщ.

-Абы нэмыщ1к1э, ц1ык1ухэ, мы хьэпшыпхэрдэнэщыфлъэгъуар? Фщ1эуэ п1эрэ фэабыхэм я ц1эр? А хьэпшыпхэряпэмкъагъэсэбэпущытащ. Фи дадэнанэхэм, нэхъыжьхэм ящ1э къыщ1эк1ынщ. Абыхэм феупщ1и, хьэпшыпхэм я ц1эхэр фщ1эуэ фыкъак1уэ.

7.Оценкэ яхуэгъэувын.

-Нобэфызэрылэжьамси еплъык1эр мы напэ ц1ык1ум къигъэлъэгъуэнущскретчыр тевгъэк1мэ.

-Фэдауэкъыфщыхъуанобэрей мастер-классыр?

7.Рефлексие.

-Ц1ык1ухэ, фыкъыдэк1и си дежфыкъэув.

Мыртажщ (корона). Фи щхьэм щхьэрыфт1агъэурэ фи бзэр ф1ыуэ щ1эфлъагъур къыджеф1э.

-Ц1ык1ухэ, нобэ ф1ыдыдэуфыкъыздэлэжьащ.

Берычэтбесын.

-Мы саугъэтхэркъэвлэжьащ.

-Хьэщ1эхэм ф1охъусефхыж.

-Узыншэуфыщытхэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Мастер - класс на уроке русского языка

Фрагмент урока по теме: "Имя прилагательное"...

Презентация буквы Ж для 1 класса на кабардинском языке

Чтобы познакомить детей с буквой и звуком Ж окажет большую помощь данная презентация....

Скороговорки на кабардинском языке

Можно использовать в 1 -4 классах...

Пословицы на кабардинском языке

Можно использовать в 1-4 классах...