Iэщlагъэхэр (урок зэIухам и план)
план-конспект урока (3 класс)
Скачать:
| Вложение | Размер |
|---|---|
| 57.5 КБ | |
| 2.52 МБ |
Предварительный просмотр:
Адыгэбзэ фIыуэ зымыщIэ сабийхэр щеджэ е 3-нэ классым щекIуэкI хъуну урокым и щапхъэ
Зытеухуар: IэщIагъэхэм я мыхьэнэм.
Мурадыр: Лэжьыгъэм цIыхум и гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм щыгъуазэ щIын. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми пщIэ, нэмыс зэрыхуэфащэр, лэжьыгъэ Iей зэрыщымыIэр ягурыгъэIуэн. Я бзэм зегъэужьын усэхэмкIэ, къуажэхьхэмкIэ, псалъэжьхэмкIэ.
Къалэнхэр:
-щIэныгъэщIэ зэрагъэгъуэтыным хуэгъэушын;
- щхьэж я Iуэху еплъыкIэр жаIэфу, укIытэ яхэмылъу егъэсэн;
- щIымахуэм теухуауэ яIэ щIэныгъэр къэпщытэжын;
- къеджэкIэмкIэ яIэ зэфIэкIым пыщэн.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: интерактивнэ доска, доска, щытхэ доска, лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр.
Iэмалхэр:
- нэрылъагъуу: къэгъэлъэгъуэн, кIэлъыплъын;
- жьэрыIуатэу: епсэлъэн, къагурыгъэIуэн, упщIэхэм жэуап етын, гукIэ зэрагъэщIахэм къеджэн, синквейн егъэщIын;
- информационнэ Iэмалхэр: презентацэ, интерактивнэ доска;
- психологим и Iэмалхэр: акъылым зегъэужьын, гъэлэжьэн, щIэныгъэ къэлъыхъуэн, щIэуэ къащIар зэпкърыхын;
Урокым нэхъыщхьэу зыхуигъасэр:
предметнэхэр:
- щIымахуэм теухуауэ яIэ щIэныгъэхэр къэпщытэжын;
- IэщIагъэ псоми мыхьэнэшхуэ зэриIэр, гъащIэм ахэр зэрызэпхам теухуауэ екIуэкI лэжьыгъэр егъэфIэкIуэн;
метапредметнэхэр:
- IэщIагъэ фIэщыгъэхэр урысыбзэкIэ зэрыжаIэмрэ я бзэмкIэ зэрагъэIумрэ зэгъэпщэн;
- IэщIагъэ темэм теухуауэ я Iуэху еплъыкIэр бзитIымкIи къебгъэIуатэ хъунущ.
Урокым и зэхэлъыкIэр:
Сэлам ехын. Урокым з эрыхуэхьэзырым кIэлъыплъын.
Бзэм зезыгъэужь дакъикъэ:
«КIу»- мэракIуэ, щакIуэ, еджакIуэ, щIакIуэ, накIуэ, къэфакIуэ, уэрэд жыIакIуэ.
ПсынщIэрыпсалъэ:
ТIыкIурэ КIукIурэ екIуу макIуэ мэракIуэхьэ.
Дунейм и щытыкIэм псалъэухаитI, щыкIэ тепсэлъыхьын.
УпщIэхэр: Нобэ уэшх къешхрэ? Уэс къесрэ? Дыгъэ къепсрэ? Дунейр щIыIэ?
ЩIымахуэм теухуауэ яджар къэпщытэжын. Текстым егъэдэIуэн.
ЩIымахуэм дунейр.
Иджыпсту щIымахуэщ. ЩIымахуэм щIыIэ дыдэщ. Махуэхэр нэхъ кIэщI мэхъу. Жэщхэр нэхъ кIыхь мэхъу. Уэс къос. Унащхьэхэми, жыгхэми, уэрамхэми уэс телъщ. Сабийхэм IэжьэкIэ, лъэрыжэкIэ къажыхь, уэскIурий ящI. ЩIымахуэм дунейр дахэщ.
ЗэдзэкIын
УпщIэхэр: ЩIымахуэм дунейр сыт хуэдэ? Махуэхэр, жэщхэр сыт хуэдэ? Уэс къесрэ? Уэсыр сытхэм телъ? Сабийхэм сыткIэ къажыхьрэ? ЩIымахуэм дунейр сыт хуэдэ?
ЩIымахуэм теухуауэ сыт хуэдэ усэ зэдгъэщIа?
АфIэунэ Лиуан и усэ «Япэ уэс» гукIэ зэрагъэщIар къегъэщIэжын.
Япэ уэс
Япэ уэсым щыгуфIыкIыу
Къуаргъхэм къалъэтыхь.
Iэжьэ цIыкIухэм, щIэкIуэрыкIыу,
ДэнкIи къыщажыхь.
Си щхьэм щIыIэ хэмыхьэну
ПыIэр къескъухащ.
Гуэщи уни зы къэмынэу
Я щхьэр къетхъухащ.
ТIум жызогъыIэ, зэгъусэу псоми жыдоIэ.
ЩIымахуэм теухуауэ зэрагъэщIа къуажэхьыр сурэт изогъэлъагъури къащIэж.
Къуажэхь
ЩабэрыкIуэ мэз кIуэрей.
(Iэжьэ).
ЩIымахуэм теухуауэ сурэт ящIыну унэ лэжьыгъэ яIам сыщIоупщIэ, ахэр доскам къыфIадзэ. Сурэтищ-плIым тегъэпсэлъыхьын. Нэхъ сурэтыфI хъуар къыхэгъэщын, адрейхэри мыIейуэ жыIэн.
УрокыщIэм хэшэн.
Унэ лэжьыгъэу егъэджакIуэм зэхилъхьэри еджакIуэхэм яритащ усэхэр зэрагъэщIэну, урокым дэIэпыкъуэгъу щыхуэхъуну.
1едж. Уэрэд цIыкIуи дэ тхужоIэ,
Мыгугъуми жытIэфын хуейщ.
Сыт хуэдэ Iуэхури дэ тщIэфу
Зедгъэсэн псоми хуейщ.
2едж. Хуейуэ щытмэ, къутар тщIыжыфу
Хуейуэ щытмэ, лъэпэд ддыжыфу
Ди закъуэу урокхэр тщIыжыфу
Псом япэ дитын хуейщ.
3едж. Ар фIы дыдэщ
ЩIакхъуэ къэбгъэкIыну,
Пхъэ пкъутэну,
Хадэ пщIэну.
4едж. СтIол, гъуэлъыпIэ пщIыну,
ГъущIым зыгуэр къыхэпщIыкIыну,
Жыг хадэ бгъэфIэну,
ЩIакхъуэ бгъэжьэну.
5едж. Ди анэхэр тхъумэу,
ЦIыхуфIу ущыту
Ныбжьэгъу куэд уиIэу
Дэгъуэщ - ахэр пщIэфыну!
Егъэдж.- Мы усэ цIыкIухэм сыт щыжыIар? Сыт зи гугъу ищIыр?
едж. - Дэ Iуэху псори тщIэфу дызэресэн хуейр. Лэжьыгъэм дыщымышынэу псоми япэ дызэритын хуейр. Лэжьыгъэ псори зэрыфIыр, зэрыдэгъуэр.
Егъэдж. - Дауэ феплърэ нобэ дызытепсэлъыхьынур сыт?
едж. - Нобэ лэжьыгъэм, IэщIагъэхэм дытепсэлъыхьынущ.
Егъэдж. -Лэжьыгъэ, IэщIагъэ куэд дунейм тетщ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, пщIэ хуэфащэщ. Лэжьыгъэ Iей щыIэкъым. Мы темэм куэд къызэщIеубыдэ. Дэ ещанэ классым псори тхуэджынукъым, ауэ ди къарум къихьыр зэдгъэщIэнщ.
Егъэдж. - ФIыуэ тщIэн щхьэкIэ сыт тщIэн хуейр?
едж. -IэщIагъэхэм зэреджэр къэтщIэн хуейщ.
- ПсалъэщIэхэр зэдгъэщIэн хуейщ.
Егъэдж. Дэ допсэу лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр зылэжь цIыхухэм я гъусэу. Абыхэм ди гъащIэр гъэщIэгъуэн, псынщIэ, мамыр ящI.
Егъэдж. Нобэ дэ зэдгъэщIэну псалъэхэр нэхъ тыншхэращ.
ПхъащIэ. ПщафIэ. Бдзэжьеящэ. Пощтзехьэ. ЩIакхъуэгъажьэ. ЕгъэджакIуэ. Дохутыр.
Сурэтхэр езгъэлъагъуурэ псалъэхэр сэ жызоIэ, си яужь иту жаIэж, сатыркIэ жаIэ, хэчыхьауэ жаIэ.
Iэпкълъэпкъым зыщрагъэгъэпсэху дакъикъэ.
(Псори къотэдж)
Жыг хадэщ. МыIэрысейм мыIэрысэ куэд къыпыкIащ. Зы къыпызоч, тIу къыпызоч, матэм изолъхьэ. (Зырагъэзых) И лъабжьэр къыпытчыжащ, иджы лъапэпцIийуэ къыпыдоч. Зы къыпызоч, тIу къыпызоч, матэм изолъхьэ. МэтIысхэри щIым ехуэхахэр матэм иралъхьэ.
Егъэдж. IэщIагъэ псоми езым и мэ щхьэхуэ иIэжщ. КъедвгъэбжэкIыт ахэр:
6едж. ЩIакхъуэгъажьэм щIакхъуэмэ къыкIэрех.
Пхъэм елэжьым - пхъэщIэм и мэ.
7едж. Шоферым и кIагуэм бензинымэ.
КIэнфет зыщIым дэм и мэ.
8едж. Дохутырым – хущхъуэмэ гуакIуэ
ЩIым елэжьым – щIы щабэм, удзым и мэ.
9едж. Бдзэжьеящэм – тенджызым, бдзэжьейм и мэ.
I0 едж. Ауэ, зыри зымыщIэм, зы ми къыкIэрихкъым
Дыху зытрикIэми, цIыкIухэ,
ЩIагъуэкъым абы и мэр.
Егъэдж.
Фэ псори фрогушхуэ фи адэ-анэхэм я лэжьыгъэм, икIи иныкъуэхэри фыхуейщ абыхэм ящхь фыхъуну.
Я адэ – анэхэм я лэжьыгъэм тызогъэпсэлъыхь.
Зэрызэхэтхащи, лэжьыгъэ псори фIыщ, гъэщIэгъуэнщ, узыхуейр къыхэпхын хуейуэ аращ.
Адыгэхэр лэжьыгъэм зэрыхущытыр кърагъэлъагъуэу псалъэжь куэд яIэщ. Абы щыщ псалъэжьхэм сыкъыфхуеджэнщ, къарыкIхэр къэдгъэлъэгъуэнщ, иужькIэ гукIэ зэдгъэщIэнщ.
Псалъэжьхэр жыдоIэ, тетрадым идотхэ.
#1044;ыщэр и Iэм къыпощ.
#1065;Iым зы ептмэ, щэ къуетыж.
Урокыр егъэбыдылIэн.
Рассказ-къуажэхькIэ IэщIагъэхэм я цIэр къиIуэн.
1) Абы хъэлат хужь щыгъщ. ЩIакхъуэ, булкэ егъажьэ. (ЩIакхъуэгъажьэ)
2) Абы пхъэм шэнт, стIол къыхещIык#1055;хъэм и мэ къыкIэрех. (ПхъащIэ)
3) Абы хъэлат хужь щыгъщ. Хущхъуэ, мастэ куэду иIэщ. ЦIыхухэм йоIэзэ, фIыуэ яхущытщ. (Дохутыр)
4) Ар лIы мышынэщ. Ар тенджызым щызокIуэ, бдзэжьей куэду къеубыд.
(Бдзэжьеящэ)
5) Абы сабийхэр ирегъаджэ. Тхылъ, тетрадь куэду зэрехьэ. ЦIыкIухэр фIыуэ елъагъу. (ЕгъэджакIуэ)
6) Газет, жэурнал куэду кърехьэкI, цIыхухэм яхуегуэш. Ахэр егъэгуфIэ.
(Пощтзехьэ)
7) Абы шхын IэфIу епщэфI. ЦIыху куэд егъашхэ. (ПщафIэ)
Синквейн егъэщIын IэщIагъэм ехьэлIауэ.
ЕгъэджакIуэ
Губзыгъэ, гуапэ
Ирегъаджэ, егъасэ, еущий
Сабийхэр фIыуэ зылъагъу цIыху
Ныбжьэгъу.
Унэ лэжьыгъэ: IэщIагъэхэр зэгъэщIэн. Нэхъ ягу ирихь гуэр сурэту щIын.
Оценкэхэр
Рефлексие
ЕгъэджакIуэм:
ЦIыкIухэ, ди лэжьыгъэхэр псори зэфIэкIащи, фэ къызэрыфлъытэмкIэ къывэхъулIамрэ къывэмыхъулIамрэ, фигу ирихьамрэ иримыхьамрэ къэтщIэнщ. Фи партэхэм телъ тхылъымпIэ цIыкIухэм смайлик хуэкIуэхэр ивощIыхьри доскам кIэрывогъауэ.
Узыншэу фыщыт, цIыкIухэ!
Предварительный просмотр:
По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Урок окружающего мира "План и карта"
Тема урока /занятия/мероприятияКартаАвтор учебника, по которому ведётся обучение (если имеется)А.А.Вахрушев и др.Классификация урока/занятия/мероприятия в системе образовательных мероприятий (ти...

Урок русского языка "План текста" 2 класс по программе Н.Ф.Виноградовой
Урок открытия новых знаний...

Технологическая карта урока русского языка "План текста" (УМК "Начальная школа XXI века», 2 класс).
Цель урока: формирование у обучающихся знаний о плане текста, умения составлять план текста.Задачи урока: Дидактические:1) дать представление о плане тексте;2) познакомить учащихся с правилами со...

УМК: «Начальная школа XXI века» под редакцией Н.Ф.Виноградовой. 2 класс. Окружающий мир. Место урока в учебном плане: 1 урок в теме «Россия – твоя Родина.
Цели урока:Обучающие:- подвести детей к осознанию понятия Родина;- раскрыть некоторые формы проявления любви к Родине;- расширить кругозор обучающихся; - обогатить словарный запас обу...
Технологическая карта урока русского языка «План текста» (УМК "Школа России", 2 класс)
Цель урока: формирование у обучающихся представления о плане текста, умения составлять план текста.Задачи урока:Дидактические:1. Дать представление о понятии «план» текста.2. Научить соста...

Spotlight 2 Урок 1 Hello - План, презентация + 4 видео
Скачать этот и другие классные материалы по Spotlight можно в моей группе ВК Teacher's Joy https://vk.com/public215551444...

Урок-зэIуха "Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар".
Предметым ехьэлIауэ ящ1апхъэхэр (образовательные):- IуэрыIатэр зищIысымрэ ар къызэрежьа щIыкIэмрэ теухуауэ еджакIуэхэм ящIэмкIэ зыкъегъэпщытэн; зыщыгъуазэр къэхутэн.-зэджа текстыр зэпкърахыфу са...