Диктантхэр 3-4 класс
материал (3 класс)

Диктантхэр къэбгъэсэбэп хъунущ ещанэ епл1анэ классхэм.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл диктантхэр 3-4 класс33.42 КБ

Предварительный просмотр:

Щ1ымахуэ.

      Ди щ1ып1эхэм щ1ымахуэр мазищ щыхъуу къалъытэ. Щ1ымахуэ жэщыр к1ыхьщ. Махуэр к1эщ1 т1эк1ущ. Дыгъэ нэбзийхэр щ1ым хуэбгъунжу къок1уэ. Абыхэм хуабэ щ1агъуэ къатыркъым. Хьэуа дыдэри мэупщ1ы1у. Хьэуар зэи бахъэншэ хъуркъым. Ар дияуэ къет1ысэхыурэ жыг къудамэхэм сытхъуу трехьэ.  1эщхэм цы хуабэ 1ув къаток1э. Бадзэ псэ махэр щ1ы1эм егъэдыкъ. Мыщэхэмрэ уашхэхэмрэ щ1ымахуэ псом мэжей.

Ди щ1ып1эр.

     Фэ пщэдджыжьым жьыуэ фыкъэтэджрэ? Абы щыгъуэ дыгъэр къызэрыщ1эк1ыр флъагъунщ. Ар япэ зытепсэр ди къурш лъагэхэр арщ. Нэхъ лъагэ дыдэхэр уэск1э щ1эгъэна зэпытщ. Абыхэм як1элъок1уэ къыр папц1эхэр. Ахэр джабэ щхъуант1эхэм п1ийуэ къащхьэщытщ. Джабэ нэк1ухэр хъун к1ырхэмрэ мэз 1увхэмк1э щ1эгъэнащ. Къуэхэм псы уэрхэр хъущ1эу къыдож. Псыхэр гъавэ бэв къыщык1 ди губгъуэ хуитхэм к1уэц1рож.

     Дэ дыщыпсэур Кавказыр арщ.

Къум.

         Фщ1эрэ фэ сыт хуэдэ щ1ып1э щы1эхэми? Гъэмахуэр пхуэмышэчыным хуэдэу, щыхуабэ щ1ып1э щы1эщ. А щ1ып1эм гъэмахуэ псом зы уэшх тк1уэпс къыщетк1ухыркъым. Пшахъуэ ф1эк1, щ1ыгулъ ф1ыц1и ят1агъуи абы щыплъагъуркъым. Пшахъуэ гъуэжьыфэр лъэгум къыщ1ощэщ. А щ1ып1эм къумк1э щ1еджэр аращ.

        Нэщ1 дыдэу п1эрэ ат1э къумыр? Зыри къыщымык1ыу ик1и зыри щымыпсэууэ п1эрэ абы? Хьэуэ, абы псэущхьи къэк1ыгъи щы1эхэщ.

Мэрак1уэ1эрысэмрэ мамкъутымрэ.

        Мэрак1уэ1эрысэр  хадэм къыщок1. Мамкъутри хадэми мэзми къыщок1. Мэрак1уэ1эрысэр п1ащэщ , хуэпапц1эу щытщ, плъыжьщ, 1эф1щ.

       Мамкъутыр хъуреифэщ, плъыжьщ, нэрынэ-нэрынэу зэрысщ, 1эф1щ.        Мэрак1уэ1эрысэри  мамкъутри щыхъур гъэмахуэрщ.

     Сэ мамкъутыр нэхъ сф1эф1щ, ар хущхъуэщи.

     Мэрак1уэ1эрысэми  мамкъутми варенэ, компот къыхащ1ык1.

Си къуажэ.

Сэ сыщопсэу Прохладнэ районым хэт Къэрэгъэш къуажэм. Ди къуажэр инщ, дахэщ, ц1ыху минихым щ1игъу дэсщ. Ди къуажэбгъумк1э блож Балъкъ псышхуэр. Къуажэм дэтщ зауэшхуэм хэк1уэдахэм щхьэк1э ягъэувауэ памятникышхуэ. Ди къуажэм дэтщ къатит1у зэтету сабий садит1, къатищу зэтету школит1. Къуажэр ц1эры1уэщ  лэжьыгъэм и  л1ыхъужьхэмк1э. Ахэр щы мэхъу. Абыхэм ящыщу Емышэ Хьэли  узыншэу къуажэм дэсщ. Ди къуажэм шэ завод дэтщ. Ди ц1ыхухэр  лэжьак1уэшхуэхэщ. Къэрэгъэш дахэ зыщ1ыр абыхэм  я ехъул1эныгъэмрэ лэжьыгъэмрэщ.  Сэ согугъэ ди къуажэм иджыри зиужьыну.

1эщхэр къыдохьэж.

        Сабэ гъуэжьыфэр къа1эту жэмхэр уэрамым кърок1уэж. Абыхэм я шхуэлхэм шэр из хъуащи хуэп1ащ1эу я шк1эхэм  я деж мэк1уэж. Ешауэ Аслъэни абыхэм я ужь иту къыдохьэж. Былымхэм къа1эта сабэр абы и пы1эм, и цей гъуабжэжьым къытот1ысхьэ.

      Дэнэ лъэныкъуэк1и чий куэбжэр къызэ1уахри фызхэр, щ1алэ ц1ык1ухэр жэмхэм къапожьэ. Зей къэгуохэм я макъым хуэк1уэурэ, былымхэр я пщ1ант1э дохьэж. Аслъэн лъэщу бакъуэурэ уэрамымк1э док1уей. Абы япэ ит жэм къуэлэныр мып1ащ1эурэ мэджэдэж. Жэмым пщ1ант1эжь бгынэжамк1э дидзыхыну хуежьэмэ, Аслъэн абы щ1огубжьэ, жэмыр гъуэгум тету йожьэж.

Гъатхэ.

      Махуэ уаемрэ уэс борэнхэмрэ я зэманыр ф1эк1ащ. Махуэхэр нэхъ к1ыхь ик1и нэхъ хуабэ хъуащ. Жьым зэтрихьа уэсымрэ псыхъуэм дэлъа мыл 1увхэмрэ бзэхыжащ. Щ1ымахуэр щ1ып1э хуабэхэм щизыха къуалэбзу псори: пц1ащхъуэхэри, бжэндэхъухэри, уэгунэбзухэри – ди щ1ып1эм къэлъэтэжащ. Тафэхэр, 1уащхьэхэр, къуэ к1уэц1хэр- щ1ып1э псори щхъуант1агъэм щ1игъэнащ.

      Мэкъумэшыщ1эхэр бэлэрыгъыркъым. Ц1ыхухъухэри, ц1ыхубзхэри, щ1алэхэри, нэхъыжьы1уэхэри- псори губгъуэм ихьащ. Ди гупым вэнымк1и, сэнымк1и, къитхъ щ1ынымк1и-гъатхэ лэжьыгъэхэмк1э пэшэныгъэр иубыдащ. Гъатхэм 1эщхэм мэкъури 1усри нэхъыбэу  яшхыу щытащ. Иужьк1э 1эщ псори: шыхэри, выхэри, жэмхэри хъун к1ырым нэхъ дихьэх хъуащ.

Гъатхэр къызэрык1уар.

       Март мазэр къызэрихьэрэ зыбжанэ щ1ат, ауэ дунейр хуабэ хъуртэкъым. Пщэдджыжьым дыгъэр жьыуэ къыщ1эпсырт, арщхьэк1э жьыр къыкъуэурти пшэхэр къыщхьэщихужырт. Махуэ гуэрым сэ уэф1 хъун си гугъат, ауэ зы сыхьэт нэхъ дэмык1ыу уэс къесу хуежьащ. Абы иужьк1э сэ хуабэр щ1эх къэсыным сыщыгугъыжакъым, ауэ гъатхэм и къарур зэрымыщ1эу къигъэлъэгъуащ. Уэсыр щ1этк1ук1ыурэ бзэхыу хуежьащ, псыежэхри мылыншэ хъуащ. Махуэхэр хуабэ хъуащ, жыгхэми къэт1эп1у щ1адзащ. Ц1ык1ухэм абгъуэхэр ягъэхьэзыращ, бжэндэхъухэри нэщхъыф1эу къэлъэтэжащ. Щ1ыр выжащ, колхоз трактор лъэщхэри губгъуэм ихьащ. Пщэдджыжьхэм жейр 1эф1щ, арщхьэк1э сэ жьыуэ сыкъотэджри къуалэбзухэм я бзэрабзэ макъым сода1уэ.

                                                                Псалъэ занщ1э.

  1. Егъэджак1уэр классым къыщ1ыхьэри къыджи1ащ: «Нобэ еджак1уэ зэ1ущ1э ди1энущ».
  2. Мэкъумэшыщ1эм къуажэдэсхэм къажри1ащ: «Гъавэ 1ухыжыныр зы тхьэмахуэк1э духынущ».
  3. «Хэт урикъуэ?» - жи1эри къызэупщ1ащ жьак1э хужь зытет л1ыжьыр.
  4. «Дэ зауэ дыхуейкъым!» - жа1э гуащ1эрыпсэухэм.
  5. «Илъэс дапщэ ухъурэ?» - жи1эри еупщ1ащ офицерыр щ1алэ ц1ык1ум. Щ1алэ ц1ык1ум п1ащ1эу жэуап къитащ:  «Илъэс пщык1ущ сохъу».
  6. «Пщэдейрэ пщэдеймыщк1эрэ дылажьэмэ, мэкъуауэныр доух», - жи1ащ бригадирым.
  7. Л1ыжьыр иувык1ри жи1ащ: «Сэри зэ зыщызгъэзэнщ мы губгъуэ хуитым».
  8. «Си адэр зауэм щы1эщ», - жи1ащ хъыджэбз ц1ык1ум.
  9. Пощтзехьэм куэбжэм къыдэмыхьэу конверт щ1ыхушхуэр къишийри жи1ащ: «Нобэ Москва къик1а письмо къыфхуэсхьащ».

                                                    Лиуан и псалъэ.

       Егъэджак1уэр Лиуан къеупщ1ащ: «Дыгъуасэ школым щхьэ укъэмык1уарэ уэ?» Ц1ык1ухэр я ныбжьэгъум дежк1э еплъэк1ащ. «Сигу къыдэмыжу сыкъэнат», - жи1ащ Лиуан. Егъэджак1уэм ар и гуапэ хъуакъым. «Ущысымаджэм деж, дохутырым хъыбар егъэщ1эн хуейщ», - жи1ащ абы. Лиуан плъыжь хъуащ. «Т1ысыж», - жи1ащ егъэджак1уэм. Абы ищ1эрт Лиуан жи1эр зэрымыпэжыр.

      Лиуан школым къыщ1эмык1уар есэпымк1э и унэ лэжьыгъэр хуэмыгъэзэщ1ауэ арт. Егъэджак1уэм а 1уэхур Лиуан и ныбжьэгъухэм я пщэ ирилъхьащ. А махуэ дыдэм ныбжьэгъухэр къызэхуэсащ. Лиуан псалъэ быдэ итащ пэж ф1эк1а жимы1эжыну. Ныбжьэгъухэр абы есэпымк1э дэ1эпыкъунхэу зэгуры1уащ. Лиуан и псалъэр игъэпэжащ.

         

                                                              Жыггъэк1ым деж.

«Дэ дыкъыщ1эк1уар пщ1э хъунщ уэ», - жи1ащ Заур. Жыггъэк1ыр къытхэплъащ. Ар асыхьэтым жыг къудамэ гуэр зэпиплъыхьу щыст. Лэныстэ гъцмыщ1э гуэррэ сэ къуаншэрэ ауэ щ1ым деж щылът. «Фынак1уэ си гъусэу», - жи1эри къэтэджащ жыггъэк1ыр. Дэ абы я ужь диту хадэм дыхыхьащ. Жыгыщ1э дэгъуэхэр дэнэ лъэныкъуэк1и сатыр занщ1э дахэу  плъагъуу гъэк1ат. «Мис мыхэр, - жи1ащ хадэгъэк1ым къэувы1эри, - шафранщ». Абы дэ жыгхэм чэзууэ дабгъэдишэурэ къыджи1ащ ахэр къызэрыт1эп1, къызэрыгъагъэ щ1ык1эхэр. А махуэм дэ дымыщ1а куэд къэтщ1ащ жыгхэмрэ абыхэм зэран яхуэхъу хьэп1ац1эхэмрэ я 1уэхук1э. Дыкъыщык1уэжым жыггъэк1ым жыг ц1ык1уитху ди школ хадэм щыхэтсэну къыдитащ.

                                                   Пщы пагэм и хъарбыз шхык1э.

Шхынхэр зэримыпэсу пщы щы1ащ. Абы и пщыл1хэм куэдрэ мэл, былым яригъэук1ырт. Абыхэм кърах ныбапхъэ, к1эт1ий, лъэсыгъуэхэр пщым и пщыл1хэм яшхыну унафэ ищ1ырт. Езы пщым ишхыну зэрипэсыр дзажэ, куэ, блатхьэхэрт. «К1уэц1 лъэпкъ сывмыгъэлъагъу», - жи1эрт абы, зызэф1ишу. Зэгуэрым пщым хъарбыз ирагъэшхыну унафэ ищ1ащ. Пщыл1 щ1алэм хъарбызыр иубзытащ, хъарбызыкур езым къигъанэри бзыгъэхэр пщым иритащ. «Дэнэ щы1э хъарбызыкур?» - жи1эри к1иящ пщыр. Щ1алэр абы и к1ий макъым щышынакъым. «Пщыхэм к1уэц1 яшхрэт1э?» - жи1ащ абы. Пщыр зэгуэпащ, абы жи1эн игъуэтакъым.

 

                             

                                                                    Унэ лэжьыгъэ.

Щхьэгъубжэм къы1ут жыгышхуэм и тхьэмпэхэр жьы щабэм хуэмурэ щ1игъэхъаерт. Толэ и унэ лэжьыгъэр игъэзащ1эу щхьэгъубжэм и гъунэгъуу щыст. Ст1олым тхылъ, тетрадь телъхэт. Щ1алэ ц1ык1у гуэр щхьэгъубжэм къытеу1уэри къеджащ: «Нак1уэ Толэ, топ дыджэгунщ». Толэ топ джэгун ф1эф1 дыдэт, арщхьэк1э хущ1ыхьэртэкъым. «Сэ си унэ лэжьыгъэр сухакъым», - жи1ащ абы. Т1эк1у дэк1ауэ Толэ щхьэгъубжэмк1

 Дэплъри щ1алэ ц1ык1уищым топыр кърахуэк1ыу илъэгъуащ. Асыхьэтым абы сыт нэхъри нэхъ къищтэнт а ц1ык1ухэм яхэлъэдэну, ауэ зиубыдащ. Ар и унэ лэжьыгъэм ерыщу бгъэдэсащ ик1и игъэзэщ1ащ. «Мис иджы сыджэгуми хъунущ», - жи1ащ Толэ, арэзыуэ. Куэд дэмык1ыу ар топыр къезыхуэк1хэм яхэхутащ.

                                                                 Зэрызыхуагъазэ.

  1. Гуащ1эрыпсэухэ, мамырыгъэм и бэракъыр лъагэу ф1эт!
  2. Щ1алэхэ, фымыбэлэрыгъыу ерыщу феджэ!
  3. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэ, тхылъхэр фыхуэсакъыу зефхьэ.
  4. Ныбжьэгъухэ, зауэм и щ1эгъэстак1уэхэм я мурад  ф1ейхэр зэпыудыным фыщ1эбэн!
  5. Си Москва, си Москва, сыту удахэ уэ!
  6. Тек1этыт, щ1ымахуэ зэшыгъуэ, гъатхэр къэсащ.
  7. Иужьрей зэманым сыт хуэдэ ехъул1эныгъэ уи1э, ныбжьэгъу?
  8. Мат1э, дапщэщ уэ къалэм ущык1уэну уи гугъэр?
  9. Хэт нобэ ди классым щыдежурнэр, ныбжьэгъухэ?
  10. Классым фыныщ1ыхьэж, ц1ык1ухэ, егъэджак1уэр къыдоджэ.
  11. Пагуэ, а нобэ лъагэу щхьэпрылъэта кхъухьлъатэ инхэр плъэгъуа?
  12. Къак1уэ, Азрэт, къеблагъэ, т1ыс, зыгъэпсэху, хъыбар къыджы1э.
  13. Аращ нт1э, ныбжьэгъу, пщэдей  уэрэ сэрэ дызэгъусэу гъуэгуанэ дытеувэнущ.

                                                       Щ1эныгъэ.

      Дэ автобусхэм, маф1эгухэм дот1ысхьэри дызыхуейм док1уэ. Ди кхъухьлъатэшхуэхэр хьэуам хэту щыхуарзэк1э  уак1элъыплъын къудейуэ гухэхъуэщ. Ди губгъуэ инхэм комбайн 1урыщ1эхэм гъавэ бэвыр щы1уахыж. Ди  унэм дыщ1эсу Москва къыщапсэлъхэм радиок1э дода1уэ. Ди дохутыр 1эзэхэм ди узыншагъэр яхъумэ. Унэ дызыщ1эсхэр электроуэздыгъэхэм къагъэнэху. Ди къалэшхуэхэм дэт унэ зэтет дэгъуэхэр лъагэхэщ ик1и дахэ дыдэхэщ. Ди1эну п1эрэт  апхуэдэ ехъул1эныгъэхэр, щ1эныгъэр къэдгъэсэбэпыфу щымытамэ? Хьэуэ, ди1энутэкъым, ныбжьэгъухэ. Щ1алэгъуалэхэ, щ1эныгъэр дэ ди ныбжьэгъу пэжщ. Абы и мыхьэнэ иныр зэик1  зыщывмыгъэгъупщэ. Ц1ык1ухэ, щ1эныгъэр насыпщ. Ди хэку щ1эращ1эм и ехъул1эныгъэшхуэр щ1эныгъэр къэдгъэсэбэпурэ хыдогъахъуэ.

                                                                Москва и пщэдджыжь.

Пщэдджыжьым жьыуэ паркышхуэм адэк1э дыгъэм зыкъыще1эт. Москва и теплъэ дахэм зыкъызэ1уех. Къалэ гъуэзэджэр 1уащхьэлъэ щ1ып1э дахэм тетщ. Абы и гъунэ жыжьэхэр мэз щхъуант1э ф1ыц1афэмк1э къэухъуреихьащ. Лъэмыж телъыджэхэр псы щ1эращ1эм зэпрыдзащ. Куэду зэтет унэхэмрэ, хъым ещхьу, щ1ып1э 1эджэхэм щызэблэдза уэрамхэмрэ уахоплъэ.

 Махуэ нэщхъыф1эр къэушу арщ. Гъущ1 гъуэгу куэдхэмк1э япэрей пщэдджыжь маф1эгухэр вокзалхэм къек1уэл1ащ. Абыхэм къарык1а ц1ыху гуп 1увхэм уэрамхэр ясеящ. Дакъикъэ къэс ц1ыхуу уэрамым къыдыхьар 1эджэк1э нэхъыбэ мэхъу. Машинэ зэк1элъхьэужьхэр уэрам бгъуф1эхэм дэз къохъу. Дэнэ щ1ып1и къик1а ныбжьыщ1э ц1ык1ухэр Москва и школ бжьыф1эшхуэхэм гуапэу ирагъэблагъэ.


                                                             
Сыбыр к1уэ гъуэгумк1э

Москва уик1ыу Сыбыр ущык1уэк1э, гъэщ1эгъуэн куэд плъагъунущ. Маф1эгур къалэшхуэхэм, къуажэхэм, станцхэм яблож. Жэщк1э гъущ1 гъуэгум и лъэныкъуит1ымк1и къуажэхэм я уэздыгъэ нэхухэр къыщоц1у. Ауэ маф1эгур мэз 1ув иным щыхэлъади куэдрэ къохъу. Абы щыгъуэ щхьэгъубжэм удэплъмэ, вагоныр бгы дурэш зэвым дагъэлъэда хуэдэу, къыпф1ощ1. Станцышхуэхэр къалэ дыдэм хуэдэщ. Дэнэк1э уплъэми, электроуэздыгъхэр зэщ1облэ. Унэр инщ. Маф1эгур дакъикъипщ1 хуэдизк1э увы1ауэ щотри аргуэру йожьэж. Арыххэурэ Уралыбхэми унос. Абыхэм я дахагъым узы1эпешэ. Урал узэпрык1мэ, Сыбыр ущы1эу аращ. Ипэк1э а лъахэр тутнакъхэр зыща1ыгъ щ1ып1эу щытащ. Иджы ар хэку къулейщ ик1и нэщхъыф1эщ. Сыбырым и къалэхэм умыц1ыхужыну захъуэжащ.

                                                               Тайга.

Инщ, къулейщ  ик1и бжьыф1эщ тайга мэзышхуэр. Илъэс куэд зи ныбжь жыгышхуэхэм я щхьэк1эхэр апхуэдизк1э 1уву зэхуэк1уэжащи, дыгъэр къыпхыпсыркъым. Тайгам гъуэгум лъэс лъагъуи здэщымы1э щ1ып1э 1эджэ и1эщ. Жыг зэрамыщ1эжхэр ирищ1ык1а уэ е жьы  хъууэ езыр-езыру ибэтыжахэу зэхэлъу уащрихьэл1э куэдрэ къохъу. Хьэк1экхъуэк1эхэр тайгам нэхърэ нэхъ хуиту щыпсэу щ1ып1э куэд бгъуэтынкъым. Къудамэ гъуахэр захигъэщ1ыщ1эу мыщэжьыр мэз к1ыф1ым к1уэц1рок1. К1эпхъым зы жыг щхьэк1эм къилърэ адрейм лъэуэ, къудамэ к1ыхьхэм ирижэу махуэр егъак1уэ. Дыгъужьхэм къагъэщта щыхьыр и бжьабэр тригъэщхъауэ мэлъей. Тайгам псышхуэ куэд зэпрож. Абыхэм я гъунэгъуу пхъэзыгуэх завод инхэр щолажьэ. Мъзпыупщ1хэм пхъэр, псым къыхадзэурэ, езыхэр зыхуейм нэс кърагъэхь. Тайга мэзым къэралым хэхъуэшхуэ кърет.

 

                                                                 Сентябрь мазэ.

Сытк1э къэпщ1эну сентябрь мазэр къызэрысар? Ди хэкушхуэм щыпсэу ц1ыхухэм а зы упщ1э дыдэм жэуап  зэмыл1эужьыгъуэхэр иратынк1э хъунущ.

 Север жыжьэм щыпсэухэм уеупщ1мэ, жа1энщ: «Нэхъ к1асэ дыдэу лъэтэж къуалэбзухэр лъэтэжащ, псори уэсым щ1игъэнащ».

 Югым щыпсэухэм жа1энур нэгъуэщ1щ. Абыхэм я деж сентябрыр хуабэщ. Ц1ыхухэм псым зыщагъэпск1.

 Ди къэралым и кум исхэм я дежк1э сентябрыр бжьыхьэпэ мазэщ. Дунейр щ1ы1эты1э мэхъу. Жыг тхьэмпэхэр гъуэжь хъуурэ къыпыхуу хуожьэ.

 Апхуэдэу ди хэкум и щ1ып1э зэпэжыжьэхэм дунеифэр щызэхуэмыдэ щхьэк1э, ди ц1ык1ухэм я 1уэхур зыщ. Ахэр псори сентябрым ипэ махуэм школхэм йок1уэл1эж.

                                                 


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Урок литературного чтения в 3-4 классах по темам "Мари калык муро. Мыскара влак." (3 класс), "Мари калык муро. Такмаквлак." (4 класс)

Урок проводится в малокомплектной школе на марийском языке. Урок посвящен использованию культуры, обычаев, традиции марийского народа в учебно-воспитательной работе. Культурно- педагогическое наследие...

Разработка урока литературного чтения во 2 классе Автор Пушкарных Людмила Ивановна, учитель начальных классов МОУ «СОШ № 17» г. Палласовки Волгоградской области 2 «А» класс 2010/2011 учебный год УРОК ЛИТЕРАТУРНОГО ЧТЕНИЯ (2 КЛАСС, СИСТЕМА Л.В. ЗАНКОВ

Разработка урока литературного чтения во 2 классеАвтор Пушкарных Людмила Ивановна,учитель начальных классовМОУ «СОШ № 17»г. Палласовки Волгоградской области2 «А» класс 2010/2011 учебный год...

Конспект урока по русскому языку в классе комплекте (1-2 класс) Тема урока: 1 класс Прописная буква З. 2 класс Проверяемые и не проверяемые гласные в корне слова

Конспект урока по русскому языку в классе комплекте (1-2 класс). По теме: 1 класс Правописание буквы З. 2 класс Проверяемые и непроверяемые гласные в корне слова. Поможет учителю при работе с двумя кл...

Примеры математических ребусов: 1 класс, 2 класс, 3 класс, 4 класс, в картинках, с ответами

Родина ребуса — Франция. Именно в этой стране в 16 веке был издан первый сборник ребусов, составленный Этьеном Туаро. В переводе с латинского rebus означает — «при помощи вещей». К настоящему времени ...

Технологическая карта изучения темы по математике "Разряды и классы. Класс единиц и класс тысяч" 3 класс

Технологическая карта изучения темы по математике "Разряды и классы. Класс единиц и класс тысяч" 3 класс...