Нанэ и псэ, дадэ и бзэ
план-конспект урока

Эфендиева Марина Фоновна

Современный урок родного языка и литературы

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл sovremennyy_urok_rodnogo_yazyka_i_literatury.docx52.41 КБ

Предварительный просмотр:

 

 

«Нанэ и псэ, дадэ и бзэ»

(урок - зэIуха. 2 класс)

                                   

                                                              Ефэнды Маринэ Фонэ ипхъу

                                                             МКОУ «Гимназие № 29» -м

                                             адыгэбзэмрэ адыгэ

                                                                литературэмкIэ и егъэджакIуэ

     

Налшык 2019 гъ.

         

            Псом япэу сабийр гъащIэм хэзышэр, дунейр езыгъэцIыхур, гъащIэм дахэрэ IэфIу хэлъыр къезыгъащIэр бзэращ, и анэм и бзэрщ. Бзэм и гъусэу сабийм зэхихын хуейщ адыгэ уэрэдхэр, абыхэм хэт псалъэхэр, макъамэхэр, къызэрыфэ пшыналъэхэр. Абыхэм сабийм и псэр къагъэуш, лъэпкъым кIэрагъапщIэ, и гур лъэпкъым хуэщабэ ящI.   Гъунэгъуу егъэщIэн, фIыуэ егъэлъагъун хуейщ лъэпкъым и цIыху пажэхэр: цIыху Iущхэр, лэжьакIуэшхуэхэр, акъылышхуэрэ щIэныгъэшхуэрэ зыбгъэдэлъхэр, лъэпкъым и псэукIэр нэхъыфI нэхъ зэпэща хъуным, и культурэм зыкъиIэтыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр, лъэпкъыр зэрыгушхуэ – зэрыпагэхэр. ЕджакIуэхэм егъэцIыхун хуейщ зыщыпсэу хэкур: зыхегъэщIэн хуейщ абы и дахагъыр, и IэфIагъыр, и къулеягъыр, щIэх – щIэхыурэ егъэлъагъун хуейщ и мэз дахэхэр, и псы уэрхэр, гуэлхэр, бгыхэр, къуакIэхэр, тафэхэр, губгъуэшхуэхэр, абыхэм щыпсэу псэущхьэхэр, къыщыкI къэкIыгъэхэр.

ЕджакIуэр иджым дезгъэхьэхын папщIэ Iэмалу къэзгъэсэбэпхэм ящыщ зыщ компьютерыр: ягъэхьэзыр тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гъащIэмрэ, литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуа презентациехэр, тест зэмылIэужьыгъуэхэр, кърахьэлIэ презентациехэри къыщыдогъэсэбэп урокхэм,   апхуэдэ лэжьыгъэхэм сабийхэм я бзэм зрегъэужь.   ЕджакIуэхэм утыку итыныр, зыкъагъэлъэгъуэныр яфIэфIщ, мис а хьэл – щэнхэри урокхэм деж къыщызогъэсэбэп. ГъэщIэгъуэн ящохъу джэгу - зэпеуэ урокхэр щезгъэкIуэкIым и деж, нэхъ гъэщIэгъуэныж мэхъу абыхэм я дежкIэ уэрэд цIыкIухэр жебгъэIэрэ, ар темэщIэм ехьэлIауэ зэпкъребгъэхмэ, я ныбжьым елъытауэ.

Сыт хуэдэ урокми мыхьэнэшхуэ иIэкъым ар щIебгъэкIуэкIым и щхьэусыгъуэмрэ, зэребгъэкIуэкI щIыкIэмрэ уемыгупсысмэ. Къызогъэсэбэп «синквейн», «инсерт», «кластер», «диаманта» Iэмалхэр. Мыбыхэм сабийхэр икъукIэ дехьэх икIи яфIэфIу ягъэзащIэ.  

Урокым и мурадхэр:

I.Адыгэ тхакIуэ Нало Заур и   сабий творчеством кIэщIу щыгъэгъуэзэн

2. Адыгэбзэм, къыддалъхуа ди бзэм хуаIэ хущытыкIэфIхэм зегъэужьын, ди бзэм ди гъащIэм мыхьэнэ щиIэм щыгъэгъуэзэн, абы ф1ыуэ ирипсэлъэфу, ф1ыуэ ялъагъуу еджакIуэхэр къэгъэтэджын. 3. Усэм и къеджэкIэм зегъэужьын,  тхылъ еджэным гупыж хуегъэщIын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:

I. ТхакIуэм  и сурэт, анэдэлъхубзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадыр, кином щыщ пычыгъуэ, карточкэхэр, ребусыр, псалъэжьхэр, презентациер.

Урокым и план:

I.( Псом япэу сабийр гъащIэм хэзышэр, дунейр езыгъэцIыхур, гъащIэм дахэрэ IэфIу хэлъыр къезыгъащIэр бзэращ, и анэм и бзэрщ. Бзэм и гъусэу сабийм зэхихын хуейщ адыгэ уэрэдхэр, абыхэм хэт псалъэхэр, макъамэхэр, къызэрыфэ пшыналъэхэр. Абыхэм сабийм и псэр къагъэуш, лъэпкъым кIэрагъапщIэ, и гур лъэпкъым хуэщабэ ящI).  

Макъамэ къоуэ, цIыкIухэр я тIысыпIэхэм деж щытхэщ. ХьэщIэхэм зыхуагъазэри сэлам гуапэ ирах, мыпхуэдэ псалъэхэмкIи  зыхуагъазэ

                         Дэ дыадыгэу хабзэр дымыщIэм –

Ар мы лъэпкъ напэ, уей.

Дэ дыадыгэу ди бзэр дымыщIэм –

Ар емыкIу Iейкъэ, уей.

Ди адыгэбзэ, ди хабзэ дахэ

       Псалъэхэри макъамэри Жылау Арсен ейщ

Пэж дыдэщ, цIыкIухэ. АтIэ,  зыщIэм къыпыфщэ:

Ушэ, бзэрабзэ,…….( си анэбзэ  - адыгэбзэ.)

Ди псэм хуэдэр… ( адыгэбзэщ)

Жэнэтбзухэр адэ мэзхэм…….. (къыщоуш, къыщоуш). Къэбэрдей – Балъкъэрым е Хэкум и дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуауэ кином щыщ едзыгъуэ егъэплъын.

(ЕджакIуэхэм егъэцIыхун хуейщ зыщыпсэу хэкур: зыхегъэщIэн хуейщ абы и дахагъыр, и IэфIагъыр, и къулеягъыр, щIэх – щIэхыурэ егъэлъагъун хуейщ и мэз дахэхэр, и псы уэрхэр, гуэлхэр, бгыхэр, къуакIэхэр, тафэхэр, губгъуэшхуэхэр, абыхэм щыпсэу псэущхьэхэр, къыщыкI къэкIыгъэхэр).

       Сыт щыфлъэгъуар? Нэхъ фигу ирихьар? (ЕджакIуэхэр ди щIыналъэм топсэлъыхь, я унэ лэжьыгъэм ешэлIа мэхъуж).

II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын:- 1.Къагъырмэс Борис «Си щIыналъэ» усэм гукIэ къегъэджэн, нэхъыфIу еджахэр къыхэгъэщын,  

Си гур бгъэм зэрилъым хуэдэу,

Сигу сыт щыгъуи илъыр уэрщ.

Си пщIыхь IэфIым уэращ хэтыр

НэгъуэщI хэку щызгъакIуэм жэщ.

Уэ узиIэу щымытамэ,

Куэд си гъащIэм хущыщIэнт,

Ещхь сыхъунт къутам зи дамэр,

Гъуэгу бгынауэ сыкъэнэнт.

(ЕджакIуэр иджым дезгъэхьэхын папщIэ Iэмалу къэзгъэсэбэпхэм ящыщ зыщ компьютерыр: Къагъырмэс Борис «Си щIыналъэ»  усэм презентацэ ягъэхьэзырар  къагьэльъагъуэ,   апхуэдэ лэжьыгъэхэм сабийхэм я бзэм

    зрегъэужь).

Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ

2. (Сабийхэм я дежкIэ икъукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи яфIэфIщ  уэрэд цIыкIухэр жебгъэIэрэ, ар темэщIэм ехьэлIауэ зэпкъребгъэхмэ, я ныбжьым елъытауэ).

Вындыжь Мариерэ (псалъэхэр) Даур Аслъэнрэ (макъамэр) зэдатха уэрэдым сабийхэр егъэдэIуэн, уэрэдыр зыщIэхэр дегъэжьуун. Уэрэдыр щыIукIэ, «Танцы над Эльбрусом» кинофрагментым, е сурэт гъэлъэгъуэныгъэм егъэплъын. (Мыбы лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я къафэ къегъэлъагъуэ.)

Лъэпкъ къэс фIэфIу яIэщ къафэ,

Щхьэж и къафэ къыдофэж.

Дэ ди къафэр, сыти жыфIэ,

Псоми нэхърэ нэхъ дахэжщ.

Ежьу: Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ,

Дызэхэзыхыр дэ фыкъыддэфэ, уей.

Сыту дахащэ си лъэпкъ пшыналъэр,

Ар зэхэпхауэ пхуэубыдынкъым уи лъэр, уей.

Къытхуашамэ дэ нысащIэ,

Псоми дощIыр пщIантIэ джэгу.

Къафэ дахэм уещI гумащIэ,

Дади къофэ, хуеуэу Iэгу.

Зэманыр къывэмэщIэкIым отрывоккIэ зэфIэкI хъунущ, ауэ къэгъэлъэгъуэныгъэм лъэпкъ куэд зэрыхэтым гу лъегъэтэн хуейщ. Сыт хуэдэ лъэпкъхэр хэта? КърабжэкI. Дэтхэнэ лъэпкъми езым сыт  иIэж? – бзэ.

Сыт бзэр зищIысыр? – ар цIыхур къызыхэкIа лъэпкъым и фащэ нэхъыщхьэщ. Сыт хуэдэ   бзэхэр фщIэрэ? Вджырэ? Нэхъ къывгурыIуэр сыт хуэдэра?

Дэ сыт хуэдэ лъэпкъ дыкъызыхэкIар? – Адыгэ лъэпкъым.

Ди анэдэлъхубзэр сыт хуэдэ? – Адыгэбзэщ.

Дадэ и бзэр? –Адыгэбзэщ. Нанэ – щэ?

КъыфхуэщIэну пIэрэ нобэ ди урокым и темэу щытынур? – Дадэ и бзэр къыбжаIэнущ, ауэ нанэ и псэм  хуэшэн хуейщ. Хэт нанэ и псэр? – сэращ, си шыпхъу цIыкIурщ, си папэщ, нэгъуэщIхэри. Фэ псори сыт хуэдэбзэ фызэрыпсалъэр? – Адыгэбзэщ. Иджыри зэ девгъэгупсысыт икIи жыдывIэIэт нобэ ди темэу щытынур? Нанэ и псэ, дадэ и бзэ.  Пэжщ.  А усэ цIыкIур ди тхакIуэ Нало Заур фэр цIыкIухэм папщIэ иусащ.

З. (Гъунэгъуу егъэщIэн, фIыуэ егъэлъагъун хуейщ лъэпкъым и цIыху пажэр,  лъэпкъыр зэрыгушхуэ – зэрыпагэр).

Компьютерыр къэгъэсэбэпкIэрэ Нало Заур и гъащIэмрэ и сабий усэхэмрэ теухуа презентацием сабийхэр егъэплъын. Езы Заур и псалъэмакъ зэхегъэхын  компьютерымкIэ.

4. (ЕджакIуэхэм утыку итыныр, зыкъагъэлъэгъуэныр яфIэфIщ, мис а хьэл – щэнхэри урокхэм деж къыщызогъэсэбэп).

Усэм е егъэджакIуэр, е езы сабийхэм щыщу нэхъ гъэхуауэ къеджэфыр къегъэджэн, е компьютерымкIэ  къеджэу егъэдаIуэн - Iэмалхэр гъунэжщ.

  5.Усэм къыщеджэкIэ, нэхъ хэIэтыкIауэ жыIэпхъэ псалъэхэр щIэтхъэ. Сыт а псалъэхэр адрейхэм макъкIэ нэхъ къыщIыхэгъэщыпхъэр?

Сэ си нанэр папэ янэщ

И псэр адыгэпсэщ.

Сэ си дадэ папэ ядэщ

И бзэр адыгэбзэщ.

Адыгэпсэ, нанэ и псэ,

Сыту упсэ дахэ!

Адыгэбзэ, дадэ и бзэ,

Сыту убзэ дахэ!

ФщIэрэ фэ абы и лIыгъэр,

Ар йопсалъэ дыгъэм.

Сыту фIыщэт, уэ ди дыгъэр

Узэрыадыгэр!

Усэр къазэрыщыхъуам теухуауэ псалъэмакъ ядегъэкIуэкIын.

 Сыт усэм нэхъ фигу ирихьар?

Сыт хуэдэ гурыщIэ дахэхэмкIэ гъэнщIа усэр?

Къэгъэпсэуныгъэ усэм хэтым гу лъегъэтэн.

III. Яджар егъэбыдылIэн.  

(ГъэщIэгъуэн ящохъу гупкIэрэ гуэшауэ щылажьэм и деж).    

Гуп – гупу сабийхэр гуэшауэ лэжьыгъэ етын.

Япэ гупым. Дэгъэхуа псалъэхэр дэтхэж: Зи псэр къабзэм ибзэр дахэщ

ЕтIуанэ  гупым. Псалъэжьыр нэгъэсыж.

Зи нэхъыжь едаIуэ  и Iуэху мэкIуатэ. 

Ещанэ гупым.   Я мыхьэнэкIэ  зэзэгъ псалъэхэр екъуакIэ зэпыщIэ.

Сыт хуэдэ псэр?                                                                  Сыт хуэдэ бзэр?

                                                         Щабэ

IэфI

къабзэ  

дахэ

ПСЭ                                                 шэрыуэ                                      БЗЭ

дыдж

махэ

къулей

быдэ

ЕплIанэ гупым.  Нэхъыжьхэм пщIэ, гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэм теухуа псалъэжь ятхын.

ГупиплIри ягъэзэщIа лэжьыгъэхэр къазэрыгурыIуам тегъэпсэлъыхьын.

IV. Яджар къызэщIэкъуэжын.

(Сыт хуэдэ урокми мыхьэнэшхуэ иIэкъым ар щIебгъэкIуэкIым и щхьэусыгъуэмрэ, зэребгъэкIуэкI щIыкIэмрэ уемыгупсысмэ. Къызогъэсэбэп «синквейн», «инсерт», «кластер», «диаманта» Iэмалхэр. Мыбыхэм сабийхэр икъукIэ дехьэх икIи яфIэфIу ягъэзащIэ).  

  Бзэм теухуа   кластер

 

 

Синквейн.

Бзэ.

Къулей, шэрыуэ

Дропсалъэ, дрогушхуэ, дрогупсысэ

Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ.

Псэ.

VI. Унэ лэжьыгъэр:                    

   1.Усэр   гукIэ зэгъэщIэн.  

2.Си анэшхуэхэр.

Си адэм и анэр.                                                Си анэм и анэр.

_____________________________                ______________________________

Уи нанэхэр  сыт хуэдэ? ______________, _____________, ________________.

Сыт нанэхэм  ящIэр? __________________, _______________________.

Уи нанэхэр уэ  дауэ къыпхущыт?  _____________________________________

 Нанэхэм  уэ дауэ уахущыт? __________________________________________

2.Си адэшхуэхэр.

Си адэм и адэр.                                                Си анэм и адэр.

_____________________________                ______________________________

Уи дадэхэр  сыт хуэдэ? ______________, _____________, ________________.

Сыт дадэхэм  ящIэр? __________________, _______________________.

Уи дадэхэр уэ   дауэ къыпхущыт?  _____________________________________

__________________________________________________________________

Дадэхэм уэ дауэ уахущыт ____________________________________________

3.Сэри усэ зэхызолъхьэ. ____________________________________________

Зэман къанэм Нало Заур и усэ дахэ цIыкIухэми щыгъэгъуэзэн.

VI. Вывод. Урокым зэрылэжьахэм тепсэлъыхьыжын.  НэхъыфIу лэжьахэр къыхэгъэщын. НэхъыфIыжу лэжьэфынухэри къахэгъэщхьэхукIын.  Мыбы я ныбжьым щытхъур яфIэфIщ. Ящытхъун, ауэ уащIыщытхъур къагурыгъэIуэн.

Зэман къанэм Нало Заур и усэ дахэ цIыкIухэми щыгъэгъуэзэн.

Адыгэбзэр мэбзэрабзэ

Адыгэбзэр убзэрабзэм,
Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри.
Бзум усэныр ягу къокIыжри,

Ди джэд къомыр зэдокъакъэ,
КъытхуакIэцIри дыщэ къакъэ.

Си анэр нэхъри мэхъур гуапи
Дегъэшх IэфIу лэкъум хуабэ.

 Дунейм щынэхъ дахэр сыт?

 Дунейм щынэхъ дахэр хэт?
Адыгэ хъыджэбзыращ.
Абы нэхъ дахэжыр сыт?
Адыгэшу къабзэращ.
Адыгэшыр зыгъэдахэр хэт?
АдыгэлI губзыгъэращ.
Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
И бзэр — адыгэбзэращ.

ФГОС-м ипкъ иткIэ куэд дыдэ Iэмалу къыщызгъэсэбэпащ  мы урокым. Апхуэдэ  Iэмалхэр сэбэп хъуащ еджакIуэхэм     щIэныгъэу яIэм хэгъэхъуэнымкIэ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ и лъэныкъуэкIи  сэбэпышхуэщ  мыхэр.  Псори къыбдигъэпсынщIэу Iэмал хьэлэмэти щыIэщ: сабийхэр, дэзыхьэх, я зэфIэкI елъытауэ, гуп-гупурэ гуэшауэ гъэлэжьэным  ахэр ирегъасэ сыт хуэдэ Iуэхури зэтрагуашэрэ ягъэзащIэу, иужькIэ псори зэгъусэу хэплъэжрэ я лэжьыгъэ щхьэхуэхэр зэхалъхьэжу. Апхуэдэу лэжьыгъэр ебгъэгъэзащIэмэ, Iуэхушхуэр нэхъ псынщIэу зэрызэфIэкIым, зым ищIэм гуп псом я лэжьыгъэм и фIагъыр зэрелъытам гу лъатэнущ икIи сабийхэр сытми жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэдыхьэу есэнущ. Абы къищынэмыщIауэ, гуп къэс хэтынкIэ хъунущ еджэнми лэжьэнми темыгушхуэ сабийхэр. Я ныбжьэгъухэр къазэрыкъуэтыр зыхащIэмэ, ахэри лэжьыгъэм нэхъ хэшэгъуафIэ мэхъу, Iуэхуми нэхъ тогушхуэ, щыуэнкIэ шынэхэркъым, я щыуагъэхэр ныбжьэгъухэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ зэрызэрагъэзэхуэжыфынур ящIэри.

 Арауэ къыщIэкIынщ китайхэм щIыжаIэри: «КъызжепIэмэ – сщыгъупщэнущ, сыбгъэлъагъумэ – сигу изубыдэнущ, сыбгъэщIмэ (сыбгъэлэжьмэ) – сщIыуэ (сщIэуэ) сесэнущ».

         Тхыгъэм къиIуатэр цIыкIухэм къазэрыгурыIуар упщIэкIэрэ къэхута хъуащ.

  Зытеухуа Iуэхугъуэхэм жьэрыIуатэу сурэтхэр хуащIащ. Тхыгъэм хэт цIыхухэм сабийхэм хуаIэ щытыкIэр наIуэ ящIащ. Усэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къахутащ.

Урокым  материалхэр куэду къыщIэхьам и щхьэусыгъуэр зыщ - егъэджакIуэм зыхуей къызыхихын къигъуэтын папщIэщ .

         КъысфIощI цIыкIухэр мыпхуэдэ урокхэм щIэмызэшыхьу, яфIэгъэщIэгъуэну. Иджыри адрей урокхэм сыт къыщытщIэну ди бзэм,  ди хабзэм,  ди лъэпкъым теухуауэ   жаIэу  пIащIэу къытхуэкIуэмэ,  ди лэжьыгъэр пщIэншэкъым.

 

 

 1. Анэдэлъхубзэр етIуанэ классым. (ЕгъэджакIуэхэм папщIэ чэнджэщхэр).

 2. Адыгэбзэр 1 – нэ классым.  (ЕгъэджакIуэхэм папщIэ).

 3. Современные педагогические технологии в преподавании кабардинского языка и литературы (Методические рекомендации.  КБГУ – 2011).