Сценарий "Къан хабзэ."
материал

Сценарий внеклассного часа "Къан хабзэ"

Скачать:

ВложениеРазмер
Microsoft Office document icon kan_habze.doc55.5 КБ

Предварительный просмотр:

                                             

                                            Къан хабзэ.

Зы л1ы губзыгъэ гуэрым дунеягъэк1э щи1эр зы щ1алэ закъуэт. Ауэ сыт,  адэм игъащ1э псом зэригъэпэща  мылъку т1эк1ум хэджэгухьурэ щ1алэр хьэулеиным, зэраныным, мыхъумыщ1агъэ щ1эным дихьэхат. И къуэ закъуэр зыхыхьа  шагъырафэ, тутынафэ гуп мыхъумыщ1эр щилъагъум, адэм мурад ищ1ащ, к1асэ хъуами хабзэм къызэрищтэмк1э  и къуэр къану итыну.

Ар хамэ къуажэм щыпсэу и ныбжьэгъу, л1ыгъэк1э зи ц1эр гъэнщ1а л1ы ц1эры1уэ гуэрым деж ишащ. Атэлыкъыр ик1эщ1ып1эк1э  къаным и гъэсэным и ужь ихьащ. Мыгувэуи абы и къаныр зек1уэ здришэжьащ. Гъуэмылэр щаухым ахэр пщы1э бгынэжа гуэрым деж пщэф1эну, загъэпсэхуну  къыщызэтеувы1ащ.

                ( Атэлыкьым же1э)        

-Уэ си къан, хуабжьу дымэжэл1ащ, уэ пхъэ ласк1э т1эк1у зэхуэхьэси маф1э зыщ1эгъэст, сэ апщ1эндэху пхъэ гъур мэзым къыщ1эсхынщ, дыпщэф1энщи т1эк1у дедзэкъэнщ.

( Йок1ыр, куэд мыщ1эуи къегъэзэж, пхъэ гъур т1эк1у и1ыгъыу)

( Щ1алэр бгъук1э щылъщ, зы шхий гуэр и жьэм жьэделъхьэ, ироджэгу, т1эк1уи дзапэ уэрэд же1э.

-Мыр  сл1ожь, си къан, маф1э щхьэ умыщ1арэ?

-Уэлэхьи си гъащ1эм маф1э лъэпкъ схуэмыщ1а ик1и схуэмыщ1ыну.

Уи гугъи уэ куэд!

-Ара? Ат1а-а, сэ маф1э сщ1ыху уэ къуэк1ийм дэлъади псы т1эк1у къыдэх дрипщэф1эну.

(Щ1алэр кьотэдж, пэгуныр къещтэри зрелъэфыхьри егъэувыж.)

-Уэлэхьи си гъащ1эм зы псы пэгун къэзмыхьа,ик1и къэзмыхьыфыну, мы сибгри мэкъутэ,( и бгым йопхъуэри 1ушэ хуэдэу зещ1) мы пэгунышхуэмк1э псы кьыпхуэ1этын 1агъ! Уэи хъунтэм ар! ( Егъэувыжри мэгъуэлъыж)

-Ат1э , сэ п1астэр зэ1ызудыху уэ лыр къыпыупщ1и гъажьэ, нэхъ щ1эх ди шхыныр хьэзыр хъунщ.

(Щ1алэм  къотэджри дзасэр къещтэ, йоплъ, йоплъри егъэт1ылъыж).

-Хьы, уаи хъуатэм аргуэру  ар! Уэлэхьи си гъащ1э псом  схуэмыгъэжьа ик1и схуэмыгъэжьэну, яжьэм сф1ыхэхуэурэ лыр 1исраф сф1эхъунущ 1эгъ!  ( Мак1уэри лъэныкъуабэу зегъэук1урииж).

- Хъунщ т1э, нэгъуэщ1 зыри щыпхуэмыщ1энук1э, 1энэр къэгъэуви къытегъэувэ шхыныр, дышхэнщ.

- Уэлэхьи а 1энэр зи хьэлъагъ схуэмыгъэувыну, си бгыр къыре1уэнт1ык1 бжес1а къудеи! ( И бгыр уз хуэдэу зещ1, --- Уэуэу мыгъуэ , 1ыхь. (Жи1эурэ къызэф1от1ысхьэ.)

- Хъунщ т1э, ауэ мы зыр зэгъащ1э,си къан, мылажьэ ягъашхэркъым. ( Л1ыр шхэри къэтэджыжащ.).

- Неуэ, т1э , щ1алэ, ди гъуэгу 1ыхьэ хэдгъэщ1ынщ.( йок1ыж,  щ1алэми Уэху мыгъуэ жи1эурэ 1энэмк1э еплъэк1ыурэ, и 1эхэр абык1э иший хуэдэурэ, и ужьым иту йок1ыж)

- Апхуэдэуэ атэлыкъымрэ и къанымрэ куэдрэ зэры1уэтащ. Дауэ ищ1ми атэлыкъым и къаныр  сыт хуэдэ 1уэхуми, лэжьыгъэми хуигъэсащ. Зы махуэ гуэрым щ1алэр губжьауэ къыщ1охьэж.

- Дотэ, уэ куэдым сыхуебгъэсащ, куэдми сыхуэбущиящ. Уеблэмэ зэпеуэхэми тек1уэныгъэ къыщысхьу себгъэсащ, Ауэ, жы1эт,  сыт хуэдэ тек1уэныгъэ къэзмыхьами си ц1эр зыми ф1ык1э жа1эркъым. Щхьэ къысхуамыщ1рэ псоми пщ1э?

-Ей, си къан, 1уэхушхуэщ а жып1э 1уэхур езыр. Пщ1эмрэ щ1ыхьымрэ к1уэдыжыгъуаф1э щхьэк1э къэгъуэтыгъуаф1экъым ар.  Зэгъащ1э, щ1алэ, пщ1эмрэ щ1ыхьымрэ къазэуркъым ик1и къабэныркъым, ар къалэжь, къахьэху, къыбгуры1уа?.

- Ат1э.Дотэ, хэк1ып1и 1эмали зимы1э 1уэхугъуэу ара а жыхуэп1эр?

- Сыт щ1имы1эр, си щ1алэ, и1эщ, ауэ ар уэращ зэлъытар, Ар насыпышхуэщ, къэплъыхъуэнуи гугъущ, къэбгъуэтами зехьэгъуейщ.

Апхуэдэурэ зэманыр щынэсым атэлыкъым  щ1алэр  адэм  къыхуишэжащ, абы гуф1эгъуэ джэгушхуэри  иращ1эк1ащ,джэк1уак1уэ къэфак1уэхэми утыкур яубыдащ.

 (Адэмрэ къуэмрэ къохьэ. )_

- Ямылейуэ л1ы ухъуащ.  ( къуэр зэпеплъыхь, и дамэхэр еубыдри).   Ауэ жы1эт, сыт си  щ1алэ, уэ бгъэхъар, сыт насыпу къытхуэпхьар?

- Мис, си адэ, дыщэ ахъшэ сэ уэ  къыпхуэсхьащ.( Ахъшэр къэп ц1ык1у илъу ирет)

( Адэм зы жьгъей кьыхехри хыф1едзэ, ар щилъагъук1э щ1алэр мапхъуэри же1э)

- Хьэуэ, хьэуэ, ди адэ,хыф1омыдзэ, хъункъым ар, мыр гугъу сехьу си  пщ1энт1эпск1э къэзлэжьащ.

-Афэрым , си щ1алэ, афэрым. Мис иджы къыбгуры1уащ уи лэжьыгъэк1э  къэблэжьар зэрылъап1эр..   Ауэ зэгъащ1э, мыр насыпкъым, мыр уэсэпсщ.

Насып ухуеймэ лъыхъуэ уемызэшу акъыл, лъыхъуэ гущ1эгъу, лъыхъуэ зэхуагъэ- пэжыгъэ, ц1ыхугъэ, адыгагъэ! А псоми зэреджэжыр- Л1ыгъэщ!.

- Хъунщ, си адэ лъап1э,  укъызогъэгугъэ семызэшу сэ ар къэслъыхъуэну.! Къинэмыщ1к1э , си ныбжьэгъуи , си ц1ыхугъи абы къыхуезджэну!

( Ик1ыж хуэдэу зещ1) –

- Гъуэгу махуэ ,Си щ1алэ, гъуэгу махуэ! Сэри нобэ си насыпщ.  ( залым захуегъазэри)

-Жыф1эт, адэ –анэм дежк1э  сыт насыпу щы1э зэрыхуейм хуэдэу хъуа и быным и ужь иплъэн нэхърэ!

- ( Щхьэщэ ещ1ри йок1уэтэк1, адрей хэтахэри къохьэжри щхьэщэ зэгъусэу ящ1ыжри йок1ыжхэр).

           

      (мальч.)

____Уэ маржэ хъужынхэ! Ди гуф1эгъуэ зэпеуэм щ1ыдодзэ. Хэт нэхъ жан, хэт нэхъ жьак1уэ, хэт нэхъ 1ущ?.Фыкъихьэ утыкум.                      

____Ат1а-а, девгъэплъыт ,хэт нэхъ псынщ1эу мыпсалъэфрэ?

Къыхэдзэ Тембулэт.

   

                            (мальч)

____Дзыдзэм дзыгъуэм зыщридзым

     дзыгъуэм псыдзэм зыхидзащ-----2 раза.

        (Дев.)

____Дзыгъуэр псыдзэм щ1игъэнащ,

  Ар щилъагъум дзыдзэр гъащ._____2 раза.

                                          (Дев.)

____      Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ,

        Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ,

                                        (мальч)

_______1эпхъуалъэ ф1ыц1э псырылъэ ц1у

             Псырылъэ ф1ыц1э 1эпхъуалъэ ц1у

                              _______Мо шк1э бур ди шк1э ?

                          Мо хъун к1ырыр уи хъун к1ыр?

         

                 _______ Гъук1эр бгъук1э къапк1эри

                            Пк1элъейм дэпк1еижащ.

                           

                                                 (Мальч.)

___________ Ат1ааа,  иджы къызжеф1эфыт, сыт ц1ыхум нэхъыбэу хэлъын хуейр?

        _(мальч)

                               _____Акъыл.

                                 _(мальч)

                             ______-Афэрым узахуэщ.

                                                          (Дев.)

_______ Сэ абы теухуауэ псалъэжь вжес1эфынут.

                            _(мальч)

                      ___ Еуэ т1э,  ешажьэ.

                                       (Дев.)

_____ Акъылым уасэ и1экъым, гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым.

                                       _(мальч)

    ____Акъалыр былымщ, былымыр- уэсэпсщ.

                                  (Дев.)

________Ц1ыхур зыхъумэ 1ыхьэр акъылщ.                                  

______Акъыл зимы1эм насып и1экъым.

(Дев.)

________Акъылыншагъэрэ насыпыншагъэрэ зыщ.

                                          _(мальч)

______1ущ и акъыл и гъуэмылэщ.

       _________Уэ маржэ хъужынхэ, иджы хэт нэхъ хъыбар гъэщ1эгъуэн къыджи1эфын т1э?

                    _(мальч) _____Уэлэхьи, сэ вжес1эфынмэ хъыбар гъэщ1эгъуэн дыдэ. Еуэщ, е1эщ абыи, жэщ къыттехъуат жи …..

________ Уэлэхьи, пэжым ар. Жэщи мэхъу, дунейри къызэ1ыхьэ си гугъэщ.  

               ____Ар дауэ къызэрыпщ1ар.

        ____Плъагъуркъэ 1агъ, мо къуаргъхэр лъахъшэу къызэрыт1ысар?

                   Дунейр къызэрызы1ыхьэнум и нэщэнэщ ар.

             _____Уэлэхьи пэжым ари.  Сэри сощ1э дунейр  къыщызэ1ыхьэнум               и зы нэщэнэ .

                  ____  Жы1эт.

             ____  Махуэр уэмрэ дыгъэр гуащ1эу къепсамэ, уэлбэнэнущ.

           ________Ат1аа, деуэнщ, де1энщи, щхьэж и унэ и бжэнлъакъуэщ жыхуа1эращи, дежьэжынщи нэхъыф1щ.     Ауэ зы хъуэхъу ди тхьэмадэм къыджи1энум девгъэда1уэ.

                              Рамазан

________Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм

                   Узыншагъэ фи1эу

              Фи1э ф1ыгъуэр здэвгуэшу

               Махуэ жагъуэ фимы1эу,

              Пщ1э зыхуэфщ1ыр нэхъыжьу,

                        Фи лъэр щ1эк1ыу,

                         Флъэк1ыр влэжьу,

                         Фи пщ1эр уэру,

 Фи къарур уардэу, Ф1ым и гъуэгум фытету
                      Фызыхуейм фи 1эр лъэ1эсу

               Фыпсэуну сывохъуэхъу.

Иджы къык1элъык1уэ  зэхуэзэм ф1ык1э дызэхуэзэну Тхьэм жи1э.

                        ( йок1ыжхэр).

_______Хьэщ1эхэри ежьэжащ. Арыххэуи адэм къуэр игъэунэхуну къреджэ.

             

                      Ущыадыгэр                    

адыгагъэ  

пхэлъыхущ


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Духовно-нравственное воспитание школьников на основе культурных традиций своего народа (адыгэ хабзэ) «Нравственные уроки»

Программа "Духовно-нравственное воспитание школьников на основе культурных традиций своего народа (адыгэ хабзэ) «Нравственные уроки»...