Еджак1уэхэм зезыгъэужь джэгук1эхэмрэ творческэ лэжьыгъэхэмрэ адыгэбзэ урокхэм къызэрыщагъэсэбэпыр
методическая разработка (8 класс)

Штымова Галимат Хабиловна

Еджак1уэхэм зезыгъэужь джэгук1эхэмрэ творческэ лэжьыгъэхэмрэ адыгэбзэ урокхэм къызэрыщагъэсэбэпыр

Скачать:


Предварительный просмотр:

Тема «Использование развивающих игр

и творческих заданий на уроках кабардинского языка»

Еджак1уэхэм зезыгъэужь джэгук1эхэмрэ

творческэ лэжьыгъэхэмрэ адыгэбзэ

урокхэм къызэрыщагъэсэбэпыр.

Егъэджак1уэм: Фи махуэ ф1ыуэ!

ЦIыкIухэ, сыт щыфлъагъурэ мы слайдым?

(3-нэ слайд.)

Нобэ мы ди лэжьыгъэм ирихьэл1эу фэ фи жэрдэмк1э вгъэхьэзыращ тхылъ ц1ык1у,вагъуэхэм теухуауэ. Ар щывгъэхьэзырым къэфщ1ауэ, е фщ1эуэ щытауэ, е дызэджа тхыгъэхэм фыщрихьэл1ауэ сыт хуэдэ вагъуэхэр фщ1эрэ?

Вагъуэхэм я щытып1эр, щытык1эр адыгэхэм къызэрагъэсэбэпу щытахэм щыщу сытым фыщыгъуазэ?

Сэри ,ц1ык1ухэ, фхуэзгъэхьэзыращ вагъуэ.

Джэгу-зэпеуэм щ1эддзэн ипэ къихуэу, гуп къэс зы еджак1уэ доскам ф1элъ вагъуэхэм щыщ зырыз къыф1эфх. (Доскам ф1элъщ вагъуих, тетхахэр умылъагъуу. Абы тетхэр гупхэм я ф1эщыгъэц1эхэрщ: Вагъуэкъан, Нэхущвагъуэ, Вагъуэзэшибл, Вагъуэгущэ, Вагъуэк1апсэ, Вагъуэбэ. Вагъуэ зырыз къыф1ахри къызэтоувы1эхэ.) Вагъуэхэм тетхэм фыкъеджэт. (Къоджэ къалъысахэм. Егъэджак1уам гуп къэс ст1олым трагъэувэну ф1эщыгъэц1эхэр ярет. Псори мэт1ысыж.)

Егъэджак1уэм:

Зыдогъэц1ыху нобэрей гупхэм ф1эщыгъэц1э яхуэхъуахэм я теплъэхэмрэ урысыбзэк1э зэреджэхэмрэ.

(Слайдхэр: 4, 5, 6, 7, 8,9)

Джэгу-зэпеуэр 1ыхьитхуу зэхэтщ. (10-нэ слайд.)

  • 1. «Пк1эгъуитху».
  • 2. «Насыпырыхь».
  • 3. Псалъэ зэблэдзахэр.
  • 4. Лейр къащ1э.
  • 5. Адыгэбзэр адыгэбзэк1э зэдзэк1.

«Iуэху мыублэ блэ хэсщ», - жи1ащ пасэрейм. Дублэнщ ди зэпеуэр дыщымышынэу блэмик1.

1. Щ1эддзэнщ акъылыр зэрагъэлажьэ джэгук1эк1э. Абы зэреджэр «Пк1эгъуитхущ». (11-нэ слайдым тетщ: япэ пк1эгъуэм къэпщ1эн хуей псалъэм и мыхьэнэр жыжьэу къыщрегъажьэ. 2-нэм зы т1эк1унит1эк1э нэхъ гъунэгъу ухуещ1. 3-нэм а т1эк1унит1эм аргуэру т1эк1у хохъуэ. 4-нэр нэхъ гъунэгъужу бгъэдохьэ. 5-нэр гъунэгъу дыдэ хуохъу.) Нэхъ псынщ1эу къэпщ1эху, уи к1эныр нэхъыбэ и уасэщ – 1-5, 2-4, 3-3, 4-3, 5-1.)

12-нэ слайдым тетщ:

  1. Ар – псалъэухам и пкъыгъуэщ. (Егъэджак1уэр къоджэ, еджак1уэхэр мэгупсысэ.)

Еджак1уэ гуэрым: Абык1э къыпхуэщ1энукъым, псалъэухам и пкъыгъуэхэр 5 мэхъу.

  1. Ар – псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэкъым.

Еджак1уэ гуэрым: Иджыри къыпхуэщ1энукъым, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр 2, пкъыгъуэ ет1уанэхэр – 3 мэхъу.

  1. Ар – сказуемэм епхауэ къок1уэ.

Еджак1уэ гуэрым: Иджыри жэуап пэж пхуетынукъым – сказуемэм епхауэ къок1уэ подлежащэм нэмыщ1к1э пкъыгъуэ ет1уанэхэм щыщу дополненэмрэ обстоятельствэмрэ.

  1. Ар – л1эужьыгъуэ зыбжанэу еугуэш.

Еджак1уэ гуэрым: Иджы гуры1уэгъуэ хъуащ, сыт щхьэк1э жып1эмэ дополненэр гупит1 къудейуэщ зэригуэшыр: прямойрэ косвеннэу. Л1эужьыгъуэ зыбжанэ хъур обстоятельствэрщ.

Егъэджак1уэм: Тэмэмщ. Пк1эгъуипл1ым и к1уэц1к1э жэуапыр къэфщ1ащ. Ар баллит1ым хуок1уэ. Етхуанэми деплъынщ, жэуапыр къэфщ1амик1.

  1. Ар – дауэ? дапщэщ? дэнэ? сыт щхьэк1э? упщ1эхэм жэуап хуохъу. (Еджак1уэ къегъэджамэ, нэхъыф1щ.)

Егъэджак1уэм: Упщ1э псори къыщыхьауэ п1эрэ мыбдеж? Къэтхэр хэт къыджи1эн?

Еджак1уэ гуэрым: сыт лъандэрэ? сыт пщ1ондэ? сыт щыгъуэ? дэнэ деж? дэнэк1э? сытым къыхэк1к1э? сыт мурадк1э? н.

Егъэджак1уэм: Жыт1ахэм ипкъ итк1э , тхужы1эну п1эрэ нобэ ди урокыр зытеухуар?

(Жэуапыр – обстоятельствэ – къытредзэ и к1э дыдэм деж.)

Егъэджак1уэм: Адэк1э ди лэжьыгъэхэр обстоятельствэм епхауэ щытынущ, а темэр къызэщ1эзыкъуэж щытык1э я1эу.

«Насыпырыхь» зыф1этща зэпеуэм щ1ыдодзэ. Упщ1эхэр 9 мэхъу. Гупхэм чэзууэ езыхэр зыхуей упщ1эр (бжыгъэр) къыхах, упщ1эм сэ сыкъоджэ, фэ жэуап ивот. (13-нэ слайд.)

(Псори слайдхэм тетщ. Ебланэ упщ1эр къызэрызэ1уахыу егъэджак1уэм же1э ар къызэ1узыха еджак1уэхэм я насып къызэрик1ар – зыми хэмыту баллит1 къахь. Адэк1э: адыгэхэм блым теухуауэ жа1эр, я1эр къэщ1эн хуейщ – ар гупым я унэ лэжьыгъэщ.

9-нэ упщ1эр иужь дыдэ къызэ1уахмэ, нэхъыф1щ.)

Егъэджак1уэм: 60 гъэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым щаухуауэ щыта телескопыр дунейпсом илъэс пщык1уийк1э щынэхъ ину щытащ, иужьк1э США-м щаухуащ абы нэхърэ нэхъ иныж. Телескопым теухуауэ ущеджэ хъунущ слайдым тет сайтым и адресымк1э. (23-нэ слайд.)

Егъэджак1уэм: 3-нэ лэжьыгъэм дынэсащ. Абы зэреджэр «Лейр хэгъэк1». (24-нэ слайд. Щэхуу макъамэ къоуэ.)

Зым къигъуэтар ет1уанэ гупым жи1э хъунукъым.

Лейуэ хэбгъэк1 хъунухэр, щ1эхъунур.

  1. Нэхущвагъуэр лейщ, ар планетэщ, адрейхэр вагъуэ гупщ.
  2. Нэхущвагъуэр лейщ, ар «вагъуэ» псалъэ 1ыхьэмк1э еух, адрейхэр абык1э къыщ1едзэ.
  3. Нэхущвагъуэр лейщ, ар Н-к1э къыщ1едзэ, адрейхэр В-к1эщ къызэрыщ1идзэр.
  4. Нэхущвагъуэр лейщ, алфавитк1э ар адрей щым и ужьк1эщ къыщык1уэнур.
  5. Вагъуэбэр лейщ, ар пычыгъуищщ зэрыхъур, адрейхэр пл1ы мэхъу.
  6. Вагъуэбэр лейщ, абык1э адыгэхэм гъэм и зэманхэр ягъэбелджылыт, адрейхэмк1э ягъэбелджылытэкъым.
  7. Вагъуэбэр лейщ, абы хэт хьэрф дэк1уашэ псоми я макъыр жьгъыжьгъщ, адрейхэр апхуэдэкъым – дэгуи жьгъыжьгъи хэтщ.
  8. Вагъуэзэшиблыр лейщ, ар хьэрф дэк1уашэк1э еух, адрейхэр хьэрфзешэщ зэриухыр.
  9. Вагъуэзэшиблыр лейщ, абы ударенэр иужь ит пычыгъуэм щытохуэ, адрейхэм иужь ит пычыгъуэм ипэ къихуэм тохуэ.
  10. Вагъуэзэшиблыр лейщ, абы и зы пычыгъуэр хьэрфипл1 мэхъу, адрейхэм хэт пычыгъуэхэр хьэрф т1урытщ зэрыхъур.
  11. Вагъуэзэшиблыр лейщ, а зыращ бжыгъэц1э зыхэтыр, адрейхэм хэткъым.

Егъэджак1уэм: 4-нэ лэжьыгъэм дыкъэсащ. Мыхэр т1у мэхъу, ауэ дгъэзэщ1энур зыщ. Ет1уанэр хьэщ1эхэм ейщ. Жэуапыр нэхъапэ къэзытыр – ток1уэ.

Псалъэ зэблэдзахэм – е палиндромхэм – урик1уэуи укърик1уэжуи укъеджэ мэхъу, къарык1ыр зэтемыхуэу. Доплъ япэ палиндромым. (25-нэ слайд.)

1а. Дыгъэм и плъыфэ, дыщафэ.

1б. Жьэпкъ щ1агъ къыздек1уэк1ыр.

Жэуапыр: гъуэжь – жьэгъу.

Егъэджак1уэм: Жэуапит1ым языр обстоятельствэу хэту псалъэуха зырыз фотх.

(Еджак1уэхэм псалъэуха зырыз ятх, зыбжанэ къоджэж. Обстоятельствэр къагъуэт, я мыхьэнэ елъытак1э сыт хуэдэ л1эужьыгъуэми жэ1э, обстоятельствэу къэк1уар сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэми жы1эн .)

Егъэджак1уэм: Дынэсащ и к1эм. (26-нэ слайд.) «Адыгэбзэр адыгэбзэк1э зэдзэк1» - ар дауэ?

Слайдым тет псалъэухам щыгъэпщк1уащ псалъэжь, псалъэжьым хэт псалъэ псори синонимк1э е къезэгъ жы1эк1эк1э зэхъуэк1ауэ. Сыт хуэдэ псалъэжьу п1эрэ щыгъэпщк1уар псалъэухам?

  • Лэжьыгъэ зыщ1умыдзам хьэпщхупщ псыгъуэ к1ыхь гуэрым т1ысып1э щищ1ащ.

Жэуапыр: Iуэху мыублэ блэ хэсщ.

Егъэджак1уэм: Пэ зи1эм к1эи и1эщ. Iуэху мыублэ блэ хэсщ – жыт1эри къыщ1эддзати, абык1и духащ.

Къэфхьа вагъуэ бжыгъэхэр фыбжыжмэ, тек1уар занщ1эу нахуэ хъунущ.

Егъэджак1уэм: Нобэрей дерсым зи гугъу щытщ1а вагъуэхэр уэгум исхэщ. Уеплъ пэтми зумыгъэнщ1у уатхьэкъу абыхэм.

Апхуэдэу вагъуэ нур дахэр къащхьэщех"Лъэпкъым и вагъуэхэр" зыф1этща слайдым къыщыгъэлъэгъуахэм(27-нэ слайд).

Хэт сымэ хъуну мыхэр?

Фэ ц1ык1ухэр абыхэм фехъуапсэу фадэплъейуэ, зэгуэр ди лъэпкъым и вагъуэу фылыдыну сывохъуэхъур.


Предварительный просмотр:


Подписи к слайдам:

Слайд 1

Еджак I уэхэм зезыгъэужь джэгук I эхэмрэ творческэ лэжьыгъэхэмрэ адыгэбзэ урокхэм Бахъсэн курыт еджап I э №1 адыгэбзэмрэ литературэмк I э и егъэджак I уэ Щтым Хьэлимэт и мастер-класс

Слайд 2

Мурад нэхъыщхьэр: еджак I уэхэр дэзыхьэх I эмал гъэщ I эгъуэнхэр, джэгук I эхэр къэбгъэсэбэпурэ я творческэ гупсысэк I эм, зэф I эк1хэм зегъэужьын.

Слайд 4

Вагъуэкъан Юпитер

Слайд 5

Нэхущвагъуэ Венера

Слайд 6

Вагъуэзэшибл Большая Медведица

Слайд 7

Вагъуэгущэ Кассиопея

Слайд 8

Вагъуэк I апсэ Андромеда

Слайд 9

Вагъуэбэ Телец

Слайд 10

Теуэгъуэхэр 1. «Пк I эгъуитху». 2. «Насыпырыхь». 3. Псалъэ зэблэдзахэр. 4. Лейр къащ I э. 5. Адыгэбзэр адыгэбзэк I э зэдзэк I .

Слайд 11

Джэгук I эм и хабзэр: япэ пк I эгъуэм къэпщ I эн хуей псалъэм и мыхьэнэр жыжьэу къыщрегъажьэ; 2-нэм зы т I эк I унит I эк I э нэхъ гъунэгъу ухуещ I ; 3-нэм а т I эк I унит I эм аргуэру т I эк I у хохъуэ; 4-нэр нэхъ гъунэгъужу бгъэдохьэ; 5-нэр гъунэгъу дыдэ хуохъу. Нэхъ псынщ I эу къэпщ I эху, уи к I эныр нэхъыбэ и уасэщ – 1-5, 2-4, 3-3, 4-2, 5-1. Пк I эгъуитху

Слайд 12

Ар – псалъэухам и пкъыгъуэщ . (б.5) Ар – псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэкъым. (б.4) Ар – нэхъыбэм сказуемэм епхауэ къок I уэ. (б.3) Ар – л I эужьыгъуэ зыбжанэу еугуэш. (б.2) Ар – дауэ? дапщэщ? дэнэ? сыт щхьэк1э? упщ I эхэм жэуап хуохъу. (1б.)

Слайд 13

1 2 3 4 5 6 7 8 9 "2 насыпырыхь" 2

Слайд 14

1 Обстоятельствэхэр дауэ иугуэшрэ я мыхьэнэ елъытак I э? Обстоятельствэхэр я мыхьэнэ елъытак I э егуэш: щ I ып1э, зэман, щхьэусыгъуэ, мурад, лэжьыгъэм и къэхъук I э обстоятельствэхэр.

Слайд 15

Гъэмахуэ жэщыкум Вагъуэбэр къуэк I ып I эмк I э къыщоблэ. 2 Жэщыкум – сытым щыгъуэ? Зэман обстоятельствэ Къуэк I ып I эмк I э – дэнэк I э? Щ I ып I э обстоятельствэ

Слайд 16

Гъатхэм Вагъуэбэр щ1ым къыхэк1ырт, щ1ымахуэм хыхьэжырт. 3 Гъатхэм - дапщэщ? Зэман обстоятельствэщ Щ1ымахуэм - дапщэщ? Зэман обстоятельствэщ

Слайд 17

Вагъуэк I апсэр 10-нэ л I эщ I ыгъуэ лъандэрэ ф I ыуэ яц I ыху вагъуэ гупщ. 4 10-нэ л I эщ I ыгъуэ лъандэрэ – сыт лъандэрэ? Зэман обстоятельствэщ Ф I ыуэ – дауэ? Лэжьыгъэм и къэхъук I э обстоятельствэщ

Слайд 18

Ищхъэрэ Вагъуэр, Вагъуэзэши-блыр, Шыхулъагъуэр адыгэхэм сыт щыгъуи гъуазэу я I ащ. 5 Сыт щыгъуи – дапщэщ? Зэман обстоятельствэщ

Слайд 19

Вагъуэкъаныр зэрыжыжьэ дыдэм къыхэк I к I э щ I ым щы I э телескопхэмк I э ядж. 6 Зэрыжыжьэ дыдэм къыхэк I к I э – сытым къыхэк I к I э? Щхьэусыгъуэ обстоятельствэщ

Слайд 20

7 Пасэм щак I уэхэмрэ зауэл I хэмрэ здаунэт I а щ I ып I эр вагъуэхэмк I э мыгъуащэу къагъуэтырт. Пасэм – дапщэщ? Зэман обстоятельствэщ Мыгъуащэу- дауэ?Лэжьыгъэм и къэхъук I э обстоятельствэщ.

Слайд 21

8 Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэр обстоятельствэу къак I уэрэ? Обстоятельствэу къок I уэ: наречиер, эргативнэ, послеложнэ падежхэм ит щы I эц I эр, щы I эц I эм послелог и гъусэу, ц I эпапщ I эхэр, деепричастиер, деепричастнэ оборотыр, инфинитивыр.

Слайд 22

9 Вагъуэгущэм, Вагъуэбэм, Вагъуэзэшиблым телескопк I э деплъыну Къэрэшей-Шэрджэсым дык I уащ. Деплъыну – сыт мурадк I э? Мурад обстоятельствэ Къэрэшей-Шэрджэсым – дэнэ? Щ I ып I э обстоятельствэ

Слайд 23

Европэми Азиеми щы I э телескопхэм я нэхъ иныр Къэрэшей-Шэрджэсым 1960 гъэхэм щаухуащ. https://ru.wikipedia.org/wiki/ Специальная_астрофизическая_обсерватория_РАН

Слайд 24

3. Лейр хэгъэк I . Вагъуэгущэ Вагъуэзэшибл Нэхущвагъуэ Вагъуэбэ

Слайд 25

4. Псалъэ зэблэдзахэр. (Палиндром * бар – раб.) гъуэжь - жьэгъу 1а Дыгъэм и плъыфэ, дыщафэ. 1б Жьэпкъ щ I агъ къыздек I уэк I ыр.

Слайд 26

5. Адыгэбзэр адыгэбзэк I э зэдзэк I . Лэжьыгъэ зыщ I умыдзам хьэпщхупщ псыгъуэ к I ыхь гуэрым т I ысып I э щищ I ащ. I уэху мыублэ блэ хэсщ.

Слайд 27

Лъэпкъым и вагъуэхэр