народные сказки "тхьэк1умэк1ыхь анэр, бажэр, дыгъужьыр"
творческая работа учащихся (5, 6, 7 класс)

Канаметова Юля Хачимовна

  Сказка на новый лад, модернизированная по мотивам  русской народной сказки с совем иным окончанием. Со  сказки "Семеро  козлят"  переделала пьесу для кукольного театра.

Скачать:


Предварительный просмотр:

ТхьэкӀумэкӀыхь анэр , бажэр, дыгьужьыр.

Зы тхьэкӀумэкӀыхь анэ псэут ,абы шыр цӀыкӀу куэд иӀэт.

Анэр . Сэ сокӀуэж си бын цӀыкӀухэм я деж, шхын Ӏэджэ яхузохь згъэтхъэжынкъэ

сэ ахэр. (тхьэкӀу. къокӀуэж тӀыркъ -тӀыркъ жиӀэу бжэм къытоуӀуэ.)

Анэр . Бжэр 1уфх , си бын цӀыкӀухэ , ар сэращ ;фи анэрщ.

Шырхэр. Мамэ , мамэ къэкӀуэжащ. (бжэр къыхуӀуах.)

Анэр . ФынакӀуэ, фыныщӀыхьэж ,сэ фызгъэтхъэжынкъэ. (Сабийхэр щӀешэж,

Зыкъом дэк1а иужьк1э къыщ1ок1хэр.)

Анэр. (Ар хъуакӀуэ щыкӀуэкӀэ и бынхзм яжриӀэрт, анэр и шыр цӀыкӀухэм щепсалъэм

дыгьужьыр блэжрэ пэт зэхихащ) . Фысакъ , си бын цӀыкӀухэ , бжэр быдэу

вгъэбыдэ, унэм псэ зыӀут къыщӀэвмыгъыхьэ. Сэр фӀэкӀа бжэр зыми хуӀувмых.

Зэхэфха, фысакъ мы щӀыпӀэм дыгьужьыжьым къыщеущыхь, сыщыту бжэр

вгьэбыдэ. (анэр дэкӀащ, )

Шырхэр Хъунщ мамэ ,уи гур умыгъэгузавэ, уэ к1уэ бдэ тэмэму дыщ1эсынщ.

Дыгъужьыр. . Уоо мы сэ слъагъур . Сыту Ӏейуэ сымэжалӀэрэ сэ. Ыхьы сытхъэжынщ

иджы. (дыгъужьыжьыр бжэм Ӏуоувэри тоуӀуэ) ТӀыркъ тӀыркъ ..

Шырхэр. Хэт ар? (шынауэ)

Дыгъужьыр. Бжэр Ӏуфх , ар сэращ, фи анэжьырщ. Бжэр псынщӀэу Ӏуфх!

(мэкӀий дыгъужьыжьыр макъ икӀакӀэ)

Шырхэр. (шынауэ , зэрызехьэ мэхъу. я нэхъыжь цӀыкӀур бжэм Ӏуоувэри

зигъэлӀыхъужьу жеӀэ.) Хьэуэ, пцӀыщ , дэ уэ удианэкъым!

Дэ ди анэм и макъыр псыгъуэ дахэщ. Удыгьужьу къыщӀэкӀынщ.

УкъыщӀэдгьэхьэнукъым , кӀуэ адэ , зыӀуегъэх!

ӀукӀ, адэ зыӀуегъэх. (зыкъомрэ бжэм деж гьумэтӀымэу щытри и Ӏуэхум зыри

къыщимыкӀым дыгъужьыжьыр ежьэжащ.)

Дыгъужьыр. Уэлэхьэ, си Ӏуэхур мыхъуа , Сыт сщӀам хъуну пӀэрэ.

Уууу солӀэ шхын щхьэкӀэ . Сыт сщӀэн? Ааа къэсщӀащ! ГъукӀэм и деж

сыкӀуэнщи си макъыр псыгъуэ езгъэщ1ынш,. (дыгъу . и гум ирилъхьар

игъэзэщӀэну мурад ищӀащ, дыгьужьыр йок1.)

Анэр . (тхьэкӀу. къокӀуэж тӀыркъ тӀыркъ жиӀэу бжэм къытоуӀуэ,.) Сыту хуабжьэу

сеша. Бжэр Ӏуфх, си бын цӀыкӀухэ , ар сэращ , фи анэрщ. Дауэ фыщӀэса, си

дахэ цӀыкӀухэ.

Шырхэр. Мамэ , мамэ дыгьужьыжьыр къэкӀуати ди унэм къыщӀыхьэнуи бжэр

хуӀутхакъым, къыщӀэдгъэхьакъым.

Анэр . ФӀыуэ фщӀащ , ц1ык1ухэ.(ящытхъуащ тхьэкӀумэкӀыхь анэжьыр.)

Сэр фӀэкӀа нэгъуэщӀым хуӀувмых .

Шырхэр. Хъунщ, мамэ, Къэхь уи хьэлъэр уешакъэ ,мамэ. ( унэм щ1ешэж.)

(Дыгьужьыр . къанжэм и деж макӀуэ)

Къанжэр. Къеблагъэ щхъуэжь , сытым укъысхуихьа.

Дыгъужьыр. Макъ псыгъуэ дахэ схуэщ1.

Къанжэр. Анаа сыт на макъ псыгъуэ дахэ зэрыпщӀыныр ?

Ар уэкӀунукъым уэ .

Дыгъужьыр. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэр согъэшынэри аращ, Пэжкъэ, къанжэжь ц1ык1у.

Къанжэр Ныт1э , ныт1э пэжщ, пэжщ , зиусхьэн, ауэ уэээ узиинагь , узидахагъ

а макъ псыгъуэжь цӀыкӀур сыту пщӀын жызоӀэри аращ. Дыгъужьыр. Уэ жаӀэр щӀэ. (кӀиящ дыгъужьыр) .

Къанжэр Хъууунщ, хъунщ, иджыпсту ,зиусхьэн, пхуэсщӀынкъэ. .

(къеуэщ -неуэри макъ псыгъуэ дахэ хуищӀащ.)

Дыгъужьыр. Упсэу къанжэ цӀыкӀу, уэлэхьэ хъуа хуэдэм.

(дыгъужьыр йокӀыжыр).

Къанжэр. Узыншэу щхъуэжь. И макъыр зэрихъуэкӀ щхьэкӀэ езым зихъуэжыну абы хьа-хьа. (мэдыхьэшх.)

Дыгъужьыр. (Ар пабжьэм къыхэтӀысхьауэ поплъэ тхьэкӀумэкӀыхь анэр хъуакӀуэ

кӀуэным) . Зэ дэкӀынми дэкӀарэт. (абы жиӀэхэм йодаӀуэ

абы ещхьу зищӀыну хэтщ.) Си бын цӀыкӀухэ , хьа хьа, хьа.

Анэр . (шырхэм яжреӀэ) Фысакъ , си бын цӀыкӀухэ , бжэр быдэу вгъэбыдэ,

унэм псэ зыӀут къыщӀэвмыгъэхьэ. Сэр фӀэкӀа бжэр зыми хуӀувмых.

Зэхэфха, фысакъ мы щӀыпӀэм дыгъужьыжьым къыщеущыхь. сэ сыщыту бжэр вгъэбыдэ (анэр щ1ок1).

къэвгъэбыдэ. (анэр щӀэкӀащ,)

Дыгьужьыр. (дыгъужьыжьыр зыкъомрэ щытри бжэм теуӀуащ. ) Бжэр 1уфх, си бын цӀыкӀухэ ,ар сэращ ,фи анэрщ.

Шырхэр. Мамэ , мамэ къэкӀуэжащ.

Нэхъыжь цӀыкӀур Зэ фымыпӀащӀэ абы и макъыр езгъэщхькъым.

Шырхэр. Мамэ ,мамэ къэкӀуэжащ. Аращ , ди мамэщ.

Нэхъыжь цӀыкӀум Сыту щӀэх къэкӀуэжа-тӀэ. Ӏудывмыгьэх. (бжэр къыхуӀуах.)

Дыгъужьыр. (зыщ1игъахуэри тхьэкӀумэкӀыхь цӀыкӀухэр зэтришхыхьащ.) Сытхъэжащ аращ

апхуэдэ делэхэр щыӀэху дари дытхъэнщ.(дыгъужьыжьым кӀэбгьу зищ1ащ.)

3ыми сыкъамылъагъу щӀыкӀэ кӀэбгъу зысщӀынщ. (бажэм къелъагъу.)

Бажэ Сыту nlэpэ мы щхъуэжьым зэхищ1ыхьар.( Къыкъуоплъри йок1.)

Анэр . (тхьэкӀумэкӀыхьыр къэкӀуэжащ , унэр зэхэкъутауэ кърихьэлӀэжащ, зеплъыхь

гужьеяуэ, къежыхь , къэхъуар къыщыгурыӀуэм къыщӀокӀри пхъэ дакъэм

гъуэгыу тотӀысхьэ.)

Бажэ (блэжрэ пэт къелъагъу. тхьзк1умэк1ыхьыр гъыуэ ) Сыт мыбы» хуэдизу

зыщӀэплӀэжыр, си гъунэгъу закъуэ? Сыт мыбы хуэдизу узытепыхьэр? Къэхъуар сыт?

Анэр . Дауэ сымыгъынрэ? ( и нэпсхэр къещэщэхыу гъуэгыу) Унам сыкъэкӀуэжащи , гущӀыхьэм сыкърихьэлӀэжащ, си бын цӀыкӀухэм ящыщу згъуэтыжар я лъапэ цӀыкӀухэмрэ я тхьэкӀумэхэмрэщ. Зы бзаджащӀэ гуэрым ишхащ си бын цӀыкӀу мыгъуэхэр.

Бажэр. Ар зи ӀэщӀагъэр сощӀэ сэ. Иджыпсту мы гъуэгумкӀэ сэ сыхуэзащ дыгъужьым ик1и дэслъэгъуащ абы и пэм тхьэкӀумэкӀыхьыцхэр кӀэрыпщӀауэ кӀэрылъу. Абы къыщынэмыщ1а нэгъуэщӀ зыми ищ1акъым а щӀэпхъэджагъэр. (тӀэкӀурэ гупсысэри ) Ухуеймэ, а хьэкӀэкхъуэкӀагьэр къозыщӀам хуэфащэ етщ1эжынщ.

Анэр . Хъунщ, узахуэщ.. сэ абыкӀэ сыарэзыщ.

Бажэр Ауэ пщ1эрэ , a lyэxy напэншагъэр абы зэрилэжьар дымыщӀафэ зытедгьэгьауэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар мы щӀыпӀэ псом щы1э хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я пщым и къуэдзэщ. А дыгъужьым и деж дыгъакӀуи дыхуэгъэтхьэусыхэ, бзаджащӀэри дымыщ1эу жедгъэӀэ. ИтӀанэ абы и ужькӀэ псоми ди пщыж мыщэжьым и деж тхьэусыхакӀуэ дыкӀуэнщ.

Анэр . Захуэщ ; дыкӀуэнщ .(магъ, гъыурэ макӀуэ)

Дыгьужьыр (дыгьужьыжьыр удз гъущэм хэлъу зигьэпсэхуу и гъуэм деж щылъщ) Фыкъеблагъэ. ИӀэт жыфӀэт сыт хуэдэ ӀуэхукӀэ фыкъысхуэкӀуа?

Анэр . Зы бзаджащӀэ гуэрым си шыр цӀыкӀухэр ишхащ. (гъуэгыу)

Дыгьужьыжьыр И дзэхэр зытрегъауэ) Ей, и насыпыр къыстекӀуащ си дзапэфӀанэм

ар къызэрыӀэрымыхьамкӀэ. ТхьэкӀумэкӀыхь тхьэмыщкӀэм и жагъуэ

зыщӀар мы дуней нэхум щыпсэун хуейкъым! Сэ сылӀкъым ар

къызэрысшӀэу цӀыкӀу- цӀыкӀуу сымычатхъэмэ. Ауэ жыӀэ

тхьэкӀумэкӀыхь , хэт шэч зыхуэпщӀыр?

ТхьэкӀумэкӀыхьыр. Сэ сщӀэкъым , хэт теслъхьэнуми , лъэужь лъэпкъ къэнакъым.

Дыгьужьыжьыр (гупсысэ хуэдэ) Ым Ым, щхьэмыпэщ уи Ӏуэхур.

Хэту пӀэрэ а щӀэпхъэджагьэр зыщӀэфынур. Хэт ищ1эн , ар мыщэм

1эщ1эщ1ыхьынк1и хъунущ абы ф1ыуэ елъагъу лыр.

Сэ нобэ сыщыхуэзам абы и пз псори тхьэкӀумэкӀыхьыцкӀэ щӀэгъэнат.

Ауэ умыгузавэ , сэ иужь сихьэнщ а Ӏуэхум, архэтми игъуэтынщ

хуэфащэ Ӏыхьэр. Иджы кӀуэ кӀуэжуи унэм. Тхьэм пщимыгьэгьупщэкӀэ.

Бажэр ( къыӀукӀыжхэри зэплъыжахэщ) Сыту напэншэ дыдэ ар , езым ишхащ

тхьэкӀумэкӀыхь шырхэри итӀани и къуаншагьэр нэгъуэщӀым трелъхьэр.

Дауи езым зэрыжиӀэм хуэдэу тщӀынщ. Къуаншагьэр зыбгъэдэлъым хуэфа.щзр етщӀэнщ. НакӀуэ иджы мыщэм и деж дыгьакӀуэ (Ахэр дыгъужьым и демч къыщӀокӀыж , мыщэм и деж макӀуэ. ТхьэмыщкӀагьыу къащыщ1ар жраӀэ)

Мыщэм ФыкъакӀуэ , фыкъыщ1ыхьэ; мыр сыт , тхьэкӀумэкӀыхь цӀыкӀу

къэхъуар сыту хуабжьэу унэщхъей?

Анэр . Зы бзаджащ1э гуэрым си шыр цӀыкӀухэр ишхащ (гьуэгыу)

Мыщэм Пэжщ, къэхъуар гуауэщ, напэншагъэ дыдэщ. (гупсысэу щытщ)

Ар зыщӀар къызэрысщӀэу псэууэ и фэр тесхынщ. СьӀт фхуэсщӀэн

хуабжьэу гузэвэгьуэшхуэ къыпщыщӀащ си тхьэмыщкӀэжь мыгъуэ.

сэ абы и Ӏуэху зесхуэнщ , хъыбар гуэр къысӀэрыхьэми , уэзгьэщӀэнщ.

Узыншэу , Ӏуэхур щӀэмынэн тхьэм ищӀ.

(Бажэмрэ тхьэкӀуэмэкӀыхьымрэ унэм къэк1уэжащ,зэпсалъэу зыкъомрэ щытщ. ик1и я Ӏуэхум и ужь ихьащ. абыхэм мурад ящӀащ, тхьэкӀуэмэкӀыхь шыр цӀыкӀухэм хьэдэӀус хуащӀыну . ИкӀи хьэкӀэкхъуэкӀэ псори кърашэлӀэну. Абы иужькӀэ абыхэр мазэ псокӀэ зыхуагьэхьэзыращ хьэдэӀусым.)

Бажэ Сыт мыгъуэр уи Ӏэмал си тхьэмыщкӀэжь мыгъуэ , хьэдэӀус хуэдгъэщ1ыж

уи цӀыкӀухэм.

ТхьэкӀуэмэкӀыхь. Упсэу, бажэ цӀыкӀу, уэр мыхъуам дауэ сыхъунут сэ?

(Мащэ куу къатӀри мафӀэ ин иращӀыхьащ. Пхъэр исын иуха нэужь къуацэ - чыцэкӀэ ягъэбыдэжащ. И гущӀыӀум алэрыбгъу траубгъуэжащ. ИтӀанэ псоми къеджэну кӀуахэщ.)

Бажэ Нобэ тхьэкӀуэмэкӀыхьым и хьэдэӀусщи фыкъекӀуэлӀэну къыволъэӀу.

(Псори къекӀуэлӀащ . Псом и ужькӀэ мыщэжьыр къэкӀуащ.)

Бажэ ФынакӀуэ , фынеблагъэ.

Къанжэр . Псори къэсащ . Дэнэ здэщыӀэр дыгьужьыр

Макъхэр (зэрызехьэу) Дэнэ абы къыщиджэдыхьыр?

Дэнэ здэщы1эр дыгъужьыжьыр?

Къанжэхэр Хьэдыгъуэдахэщ , Хьэдыгьуэдахэщ ,зэӀущӀэ псом аращ дыгъужьым

пщӀэуэ къытхуищӀар.

Бадзэхэр Зэгуэпыгъуэщ, бэмпӀэгъуэщ.

Мыщэр ГурыӀуэгъуэщ, сэ си тетыгъуэм къебийуэ аращ ар къыщӀэмыкӀуар.

Бажэ тхьэкӀум. Фыкъэмыгубжь , ди хьэщӀэ лъапӀэхэ! Фэ фытӀысхэ .

Дэ иджыри зэ дыкӀуэнщ.

ТхьэкӀуэмэкӀыхь Дыгъужьыжь дэ хуабжьу дынольэӀу щӀыхь къытхуэпщӀу ди

хьэдэӀусым унэкӀуэну.

Бажэ . (еджахэщ аргуэру) Зи щ1ыхьыр ин дыгьужьыжь, зэхуэсахэм я цӀэкӀэ ,

псом хуэмыдэжу хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми дипщ мыщэжьым и цӀэкӀэ

бжетӀэну ди пщэ къыдалъхьаш,; уэ ди хьэдэӀусым унэмыкӀуэм

и жагьуэ ззрыхъунур.

Дыгъужьыжь Сэ хуабжьэу сызэщымыщхъущ, ауэ тетыр щылъаӀуэкӀэ и жагъуэ

схуэщӀынкъым .

Бажэмрэ тхьэкӀумэкӀыхь . КъокӀуэ ди пщышхуэ.

ТхьэкӀуэмэкӀыхь ФынэтӀыс ди хьэщӀэ лъапӀэхэ. Дыгьужьыжьри иджыпсту

къэкӀуэнущ.

Бажэ Мес къокӀуэ пщым и къуэдзэри. (дыгьужьым жриӀэу)

КъакӀуэ ,ди хьэщӀэ лъапӀэ. тӀысыпӀэ хэха уиӀэм нэтӀыс, зи

щӀыхьыр ин. (Йохуэх. МэкӀий )

Дыгъужьыжь. Сес, сыкъевгъэл.

Псоми (ХьэщӀэхэр зэрогъэкӀий) Ар сыт? Сыт ар зищӀысыр?

Мыщэ . Ар зэхамыха щӀэпхъэджагьэщ. ГъэпцӀагъэ инщ тхьэк1умэк1ыхь

уэ пщӀар (къэгубжьауэ)

Къанжэ ГъэпцӀагьэщ, гьэпцӀагъэщ. (къилъэтыхьурэ)

Псоми Напэншагъэщ, напэншагьэщ

Мыщэ Мы напэшагъэр зищГысыр къыджефТэ армырам си дзапэм

фыӀэщӀэкӀынкъым. (губжьауэ)

ТхьэкӀуэмэкӀыхь. Зэ, зэ зи щӀыхьыр ин ди хьэщӀэ лъапӀэхэ.

ТхьэкӀуэмэкӀыхь Фи макъыр вгъэувыӀэт .

Мыщэ ЖыӀэ сынодаӀуэ.

Бажэ Зэ,зэ, ди пщышхуэ , умыгубжь. Напэнщагъэ зыщӀар дэракъым дыгъьужь

бзаджэнаджэращ. Аращ тхьэкӀуэмэкӀыхь цӀыкӀухэр зышхар. Сэ си щхьэкӀэ

сыӀууащ ар тхьэкӀуэмэкӀыхьым и унэм къыщыщӀэкӀыжым, и пэр

тхьэкӀумэкӀыхьыцхэр кӀэрыпщӀауэ. Абы къыщынэмыщӀауэ ,зи щӀыхьыр

ин мыщэжь ,абы жиӀэрт а къэхъуа щӀэпхъэджагъэр уэ пщӀауэ.

Мыщэ . Ахьааа ар ? АтӀэ , аращ уэ пхуэфащэр. (Кумбым бгьэдохьэ) Уихуа ныбжьэгъу, мис иджы жьэ. Аращ уэ напэншэм пхуэфащэр. (къуацэхэр тредзэ).

Иджы псори фынакӀуэ тхьэкӀумэкӀыхьым и хьэдэӀусым дыхэшхыкӀынщ. (Псори йокӀхэр).


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Внеклассное мероприятие для 5,6,7 классов по сказам П.П.Бажова «Любимые сказы Бажова».

Цели мероприятия:познакомить с жизнью и творчеством знаменитого уральского сказочника П.П.Бажова;перечитать любимые сказы;выяснить, какова основная мысль этих произведений и в чем заключается их...

«Сказы- самоцветы» ( Итоговый урок по сказам П.П. Бажова. 5 класс.)

Итоговый урок по сказам П. Бажова поможет учащимся в игровой форме  не только систематизировать и повторить материал по теме, но и пробудит интерес к творчеству уральского писателя,  б...

Презентация в уроку внеклассного чтения "Сходства и отличия народной сказки и авторской на примере сказа П.Бажова"Серебряное копытце"

В презентации представлены иллюстрированные этапы урока: повторение жанров УНТ; подготовка к восприятию-знакомство с биографией П.Бажова; работа над содержанием текста; работа с иллюстрациями; сравнен...

Урок по сказу П. П. Бажова "К заветным сокровищам души..." (О главных героях сказа П. П. Бажова "Медной горы Хозяйка")

Урок литературы  в 5 классе в рамках поточно-группового обучения. Напрвление "Литература и творчество"...

ЛЕВША - НАРОДНЫЙ УМЕЛЕЦ И ПАТРИОТ СВОЕЙ РОДИНЫ. МАСТЕРСТВО И ТАЛАНТЛИВОСТЬ РУССКОГО НАРОДА. (По сказу Н.С.Лескова "Левша".)

ЛЕВША - НАРОДНЫЙ УМЕЛЕЦ И ПАТРИОТ СВОЕЙ РОДИНЫ. МАСТЕРСТВО И ТАЛАНТЛИВОСТЬ РУССКОГО НАРОДА. (По сказу Н.С.Лескова "Левша".)        ЦЕЛИ:- заинтересовать учащихся лич...

Народные умельцы сказа "Левша"

Народные умельцы сказа "Левша"...