Сценарий к проведению конкурса "Сатаней гуащэ"
классный час по теме

Кидакоева Лариса Умаровна

Предварительный просмотр:

«Сэтэней гуащэ» - цIэр къалъэщыну зэпеуэныгъэм жыджэру хэт ди тхьэIухудхэм нэIуасэ зыхуэфщI:

15.03. 12

2 «а» класс - Абдулай Рамиля

                         Темыр Даринэ

2 «б» класс - КIыщ  Аринэ

                         Сатушы   Самирэ

                         Трофим  Миланэ

3 класс  –       КIыщ Лианэ

                         КIэдэкIуей  Ангелинэ

4 класс -        КIэдэкIуей Аидэ

                         Темыр Оксанэ

16.03. 12

5 класс -        КIэдэкIуей Аминэ

6 класс -        Насып Дианэ

7 «а»класс -  Ламкъуэ Мадинэ

7 «б»класс -  Абдокъуэ Сэтэней

17.03.12

8 класс -        Ажий Залинэ

9 класс -        Акъбащ Рузанэ

10 класс -      Къундет Динарэ

11 класс -       Мэчэр Маржинэт



Предварительный просмотр:

СЭТЭНЕЙ ГУАЩЭ

                 

ЛЪЭПIКЪЫР СЫТ ЩЫГЪУИ УЭРКЭ МЭГУШХУЭ.

БОГЪЭЩIЭРАЩIЭР   МЫ ДУНЕЙШХУЭР.

НЭМЫС-КIУХЬЭНКIЭ ЦIЫХУХЭР КЪУАГЪАПЩЭ,

ПСЭР ЗЫХЬЭХУАУЭ ЦIЫХУБЗ ДАХАЩЭ.

ШЭРДЖЭС БЗЫЛЪХУГЪЭ!

ШЭРДЖЭС БЗЫЛЪХУГЪЭ!

КЪЫПКЪОКI СЫТ ЩЫГЪУИ

ГУАПАГЪ,ЦIЫХУГЪЭ.

      АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ! АБЫ И ДАХАГЪ, И АКЪЫЛ ЖАН, АР НЭХЪРИ ГУАКIУЭ ЗЫЩI ЗЭРИХЬЭ ХАБЗЭ ГЪЭЩЭГЪУЭН. АДЫГЭ ХАБЗЭМ, КIУХЬЭНЫМ,НЭМЫСЫМ АР ФIЫ И ЛЪЭНЫКЪУЭКIЭ СЫТ ХУЭДЭ НЭГЪУЭЩI ЛЪЭПКЪМИ КЪАХЕГЪЭЩ. АДЫГЭ ПЩАЩЭР ЦIЫКIУ ЩIЫКIЭ ЩIАДЗЭРИ БЗАФIЭУ, АКЪЫЛЫФIЭУ, ЩЭНЫФIЭУ, ХАБЗАФIЭУ ЩЫТЫНЫМ ХУАГЪАСЭР.

АДЫГЭ ПЩАЩЭ... СЫТ ХУЭДИЗ ДАХАГЪЭ, IУЩЫГЪЭ, КЪАБЗАГЪЭ, ГУАКIУАГЪЭ КЪАПИХРЭ А ПСАЛЪИТIЫМ.

           

НЭХУЩ ЧЭРИМ «АДЫГЭ ПЩАЩЭ» УЭРЭДЫР   КЪОУЭ.

НОБЭРЕЙ ДИ ЗЭПЕУЭНЫГЪЭР, СЭТЭНЕЙ ГУАЩЭ  ФЭЩЫГЪЭЦIЭР КЪЭЗЫЛЪЭЩЫНУ ХУЕЙХЭМ ЯЩЫЩЩ:

 1.Е10-НЭ КЛАССЫМ ХЭСУ КIЭДЭКIУЕЙХЭ НАИНЭ. ГУ ЩАБЭЩ, ГУ ПЦIАНЭЩ,БЗЭ IЭФI ЗЫIУРЫЛЪЩ. ХЬЭБЛЭ САБИЙХЭР ЗЫГЪЭГУФIЭ, АДЫГЭ ДЖЭГУКIЭХЭМКIЭ ЗЫГЪЭДЖЭГУ. НАИНЭ ФIЭФIЩ ДЖЭКIУКIЭХЭР ЗЭХУИХЬЭСЫНУ, АДЫГЭ IУЭРЫIУАТЭМ ХЭПЛЪЭЖЫНУ.

     2.Е11-НЭ КЛАССЫМ ХЭСУ КЭПХЭ АЛИНЭ. АЛИНЭ ЩIЫКIАФIЭЩ,ГЪЭСАЩ. ДЭIЭПЫКЪУЭГЪУ ХУЭНЫКЪУЭ ИЛЪАГЪУМЭ, И  ГУР ЗЭIУХАУЭ ЯПЫКЪУОКI. АДРЕЙ ПСОМИ ЗАКЪЫКIЭРИГЪЭХУКЪЫМ-КЪАФЭР ФIЫУЭ ЕЛЪАГЪУ,ЕЗЫРИ ДАХЭУ КЪОФЭ.

   

     3.Е8-НЭ КЛАССЫМ ХЭСУ САТУШЫХЭ СЭТЭНЕЙ. АР ЩIЫКIАФЭЩ. ГУПЦIАНЭЩ, АДЫГЭ КЪАФЭМ ДЕХЬЭХ. ЕЗЫРИ ДАХЭУ КЪАФЭХЭМ ЯЩЫЩЩ. ХЪЫДЖЭБЗ ГУРЫХУЭЩ, ЗИ КЛАССЭГЪУХЭР ЗЭРЫГУШХУЭЩ.

     4.Е9-НЭ КЛАССЫМ ХЭСУ КЪУНДЕТХЭ ДИНАРЭ.ЗЫХУЭМЫГЪЭЩIА IУЭХУ ГЪУЭТЫГЪУЕЩ. ШЫЧЭПШЫНЭМ МAКЪАМЭ ДАХЭХЭР КЪРЕГЪЭКI,АНЭШХУЭМ И ДЭIЭПЫКЪУЭГЪУЩ,АДЫГЭ ШХЫНЫГЪУЭХЭР ЗЭРАЩIЫМ ЗЫХУЕГЪАСЭ ЕМЫШЫЖУ,ПСЫМ ЩЕС КЪРУМ ХУЭДЭУ КIУЭКIАФЭ ЗИIЭ ПЩАЩЭ ЗЭКIУЖЩ.

1.ЯПЭРЕЙ ЗЭХЬЭЗЭХУЭР ЩЫДОДЗЭ

МЫБДЕЖ ДИ ХЪЫДЖЭБЗХЭМ, ЩХЬЭЖ ЗЭРЫХУЗЭФЭКIКIЭ НЭУАСЭ ЗЫКЪЫТХУИЩIЫНУЩ. ЖЮРИМ УАСЭ ИРИТЫНУЩ ДЭТХЭНЭМ И ЗЭФЭКI КЪИГЪЭЛЪЭГЪУАМИ, IЭМАЛ КЪИГЪЭСЭБЭПАМИ, НЭХЪ ГУРЫХЬУ КЪАЩЫХЪУАМИ.

АРАЩИ. ФЫКЪЫДОГЪЭБЛАГЪЭ ДИ УТЫКУМ ПЩАЩЭ ДАХЭХЭ! НЭIУАСЭ ЗЫКЪЫТХУЭФIЩIХЭТ.

2.УЭРЭДКIЭ ЗЭПЕУЭНЫГЪЭ.

     

        УЭРЭД ЖЕIЭР АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ,

         И МАКЪ ГУАКIУЭМ КIУЭРЭ ПЭТ УЕХЬЭХУ.

         ДЭ КЪЫТЩОХЪУР ДЫЛЪЭIЭСУ ДЫГЪЭМ-

         КЪЫДИТАЩИ ДЫЗЫIЭТ ДАМЭХУ.

         УЭРЭД ЖЕIЭР АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ

         ПСЭ ЗЫIУТ УДЗ ГЪАГЪЭУ МЭЖЬГЪЫРУ,

         ДЭ ДЫХЕШЭ ГУПЩЫСЭ НЭХУГЪЭМ

         КЪЫТХИЛЪХЬАУЭ ДЫМЫЩIА КЪАРУ.

         УЭРЭД ЖЕIЭР АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ,

         МЫ ДУНЕЙР КЪЫТЩОХЪУ АБЫ ЕДЭIУ.

         ЛЪЭПКЪЫМ ДИ ХАБЗЭФIХЭМ Я IУЩАГЪЫР

         ЗЫIЭТА МАКЪАМИ КЪЫТХУЕГЪЭIУ.

 

(ЧЭЗУУЭРЭ Я УЭРЭДХЭР ЖАIЭ-

«КЪАФЭ ДАХЭ»

«АДЫГЭ ПШЫНЭ»

«АДЫГЭ ПЩАЩЭ»

3.ЕТУАНЭ ЗЭПЕУЭНЫГЪЭР:

   

         АДЫГЭ КЪАФЭ! ХЭТ ЗЫМЫЩIЭР УЭ УИ ДАХАГЪЫР? БАЛЕРИНЭ ЦIЭРЫIУЭ ГАЛИНЭ УЛАНОВЭ ЖИIЭГЪАУЭ ЩЫТАЩ ЛЪЭПКЪ КЪЭФЭКIЭХЭМ ЯЩЫЩУ АДЫГЭ КЪАФЭМ ХУЭДЭУ УДЭЗЫХЬЭХ ЩЫМЫIЭУ. КЪАФЭР-ХАБЗЭЩ, КЪАФЭР-БЗЫПХЪЭЩ, АР IУМЭТЫБЗЭЩ, АР БАМПIЭДЭХЩ. КЪАФЭР ЛЪЭПКЪ ДАМЫГЪЭЩ.

ДЭ ДИ КЪАЛЭНЩ, АДЫГЭ КЪЭСКIЭ ДИ ЛЪЭПКЪ КЪАФЭ ДАХЭР ТХЪУМЭЖЫНЫР.

 

       ФЫКЪАФЭ ПЩАЩЭХЭ! ФЫДЖЭГУХЭ ЩIАЛЭХЭ! АДЫГЭ ХЭКУМ И БЫНХЭ!

4.ЕЩАНЭ ЗЭПЕУЭНЫГЪЭР:

      УАДЫГЭМЭ,АДЫГЭЦIЭ ЗЕПХЬЭМЭ УИ ЛЪЭПКЪЫМ И ТХЫДЭ ГУАУЭР, И IУЭРЫIУАТЭ НАЛКЪУТНАЛМЭСЫР НЭГЪЭСАУЭ ПЩIЭН ХУЕЙЩ, УИ АНЭМ КЪЫБДИЛЪХУА УИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ ХУЭФАЩЭ ПЩIЭР ЕБГЪЭГЪУЭТЫН ПАПЩIЭ.

ИДЖЫПСТУ ДАГЪЭЛЪЭГЪУН ХУЕЙЩ ДИ ПЩАЩЭХЭМ АБЫКIЭ Я ЗЭФIЭКIЫР.

    (ХАБЗЭМ ТЕУХУА СЦЕНКЭ ЦЫКУХЭР КЪЭГЪЭЛЪЭГЪУЭН)

               

       5.АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭР СЫТ ЩЫГЪУИ КЪАХЭЩУ ЩЫТАЩ АДРЕЙХЭМ И IЭПЩIЭЛЪЭПЩIАГЪКIЭ. АБЫ IЭРЫКI ШХЫНЫГЪУЭ КЪЭУАТХЭР, АБЫ И ДЭРБЗЭРЫНЫМКIЭ И IЭРЫХУАГЪЫР, АБЫ КЪИГЪЭЩIА ДЫЩЭИДЭМ И ТХЫПХЪЭ ЛЪЭПКЪЫМ ЗЭЛЪАЩIЫСАХЭМ ХЭТ ЩЫМЫГЪУАЗЭРТ?

АР ЗЫЩЫДМЫГЪЭГЪУПЩЭУ,АБЫ ДРИПАГЭУ ДУНЕЙМ ДЫТЕТЫН ХУЕЙУЭ СОЛЪЫТЭ.ЕТХУАНЭ ЗЭХЬЭЗЭХУЭР ЗЫТЕУХУАР АРАЩИ,ЕЙ МАРЖЭ, ДИ ПЩАЩЭ ДАХЭХЭ ФЫДОТ УТЫКУР!

 

КIЭУХ ПСАЛЪЭ:

              «СЫАДЫГЭЩ!-ЖЫПIЭР ЗЫМ ИЩIЫСКЪЫМ.

                ХУЕЙЩ АДЫГЭУ УКЪЫЩIЭКIЫЖЫН

                ДИ АДЫГЭМ ХЭЛЪА ХАБЗЭ ДАХЭМ

                И ТХЬЭГЪУШЫР ЖЫЖЬЭ ЩЫГЪЭIУН.

                УАДЫГЭМ ЩЫТ АДЫГЭ ЩIАЛЭУ,

                УАДЫГЭМ  АДЫГЭПХЪУУ ЩЫТ.

                УАДЫГЭМ ИРИПАГЭ ЛЪЭПКЪЫМ

                АДЫГАГЪЭМ И ГЪУЭГУ ЩЫПКЪЭМ ТЕТ.

ФЫЩЫТ СЫТ ЩЫГЪУИ НЭЖЭГУЖЭХЭУ, УЗЫНШЭХЭУ,ЩЫПКЪЭХЭУ. ФЫРЫРЕIЭ СЫТ ЩЫГЪУИ ФИ ДАХАГЪЭР, ФЫМЫГЪЭКУЭДЫЖ ЗЭИКI АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭР ЦIЭРЫIУЭ ЗЫЩIА АДЫГЭ НЭМЫСЫР.                                            



Предварительный просмотр:

Сэтэней гуащэр ищхьэ классхэм зэрыщек1уэк1ар.

Хэзышэ  псалъэ:

         

       Адыгэ бзылъхугъэ !Мы псалъэхэм къарыкI мыхьэнэм кууэ дривгъаплъи девгъэгупщысыжыт.Сыту мыхьэнэшхуэ иIэ а псалъэм? Сыт хуэдиз гуапагъ,хуабагъ къыщхьэщихурэ а псалъэм!

          Сэ къысщохъур бзылъхугъэр дунейм и дыгъэу,и мазэу.Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми щапхъэ трихыпхъэщ адыгэ бзылъхугъэу зи цIэ жыжьэ Iуахэм.Ахэм ящыщхэщ акъыл жан зиIэ дахагъ зыкIэрылъ адыгэ бзылъхугъэу еджагъэшхуэхэр тхакIуэхэр зытетхыхьхэр.

          Ахэр узэрыпагэ,узэрыгушхэ   цIыхубзхэщ.1989гьэм Мэзкуу щекIуэкIа дахэхэм я щэплъыкыныгъэм текIуэныгъэр къэзыхьа Мельтем Хьэкъэрар, оперэ-уэрэджыIакIуэ Черкесскэ Марие,балет-къафакIуэ Черынэ Людмилэ,профессор цIэрыIуэ Абыкъу Фатимэ,усакIуэ цIэрыIуэ Балъкъэр Фоусэт,еджагъэшхуэ академик Бэчыжь Лейлэ нэгъуэщ куэди.Дэ зэман тхуримыкъуну къыщIэкIынщ псори къедбжэкIыну.Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ,ахэр адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэ бзылъхугъэщ.

         

        Нобэ е 6-нэ

 классым хэс пщащэ цIыкIухэм яхуейщ «Сэтэней гуащэм» и щапхъэ хъуну,я зэфэкI ,я акъыл жан дагъэлъэгъуну.Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэ бзылъхугъэ нэсу щытыным хущэкъу пщащэхэр утыкум фыкъыдогъэблагъэ.

 

 Нэхущ Чэрим «Адыгэ пщащэ»

 

1.ГуфIэр зи щIасэу,жаIэр тIу зымыщIу пщащэ жан,пщащэ жан ,пщащэ гуапэу Кык Жэнэт.

2.Гуапагърэ хьэл-щэн дахэрэкIэ гъэнщIа ,гу  къабзэрэ псэ къабзэрэкIэ псыхьа Ламкхъуэ Мадинэ.

3.Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэу,псоми нэгу зэлъыIухакIэ япыкъуэкI.Жьыми щIэми ядэIэпыкъуэгъу КIэдэкIуей Сабинэ.

                 

         Мы пщащэхэм я Iуэхур зэрагъэзэхуэну,Сэтэней гуащэр къыхахыну хуитыныгъэ зэтта хьэкумыщIэ гупыр:

     

-Сэтэней гуащэ зэпеуэныгъэ класс нэхъыщхьэхэм щекуэкIам текIуэныгъэр къыщызыхьа е 10-нэ классым хэс КIэдэкIуей

 Наинэ.

     

 -Псом нэхърэ нэхъ гуапэу,гуакIуэу къыхэща Кэпхэ Алинэ.

       

-ЩэныфIэу акъылыфIэу зыкъэзыгъэлъэгъуа Къундетхэ Динарэ.

     

-А псоми  закъыкIэримыгъэхуу зэпеуэм хэта Сатушы Сэтэней.

       1.ЩIыдодзэр ди зэхьэзэхуэр. НэIуасэ зыкъытхуэфщI ди тхьэIухудхэ!Хуит фхудощIыр ди утыкур.(визитная карточка,стенгазета)

-чэзууэрэ пщащэхэр утыкум кърашэ.

      2.«Си гум къыхих усэр.»

  (етIуанэ зэхьэзэхуэр зытеухуар-усэ гъэхуауэ къеджэнырщ.)

   Дэтхэнэ зы цIыхуми иIэщ езым фIыуэ илъагъу,усэ и псэм къыхихауэ.Усэ къызэджэнур бзэм,е хабзэм теухуауэ щытыпхъэщ.

     

      3.Адыгэ уэрэд.

    Сыту гухэхъуэ адыгэ макъамэм ущедэIукIэ. Сыту куэдым уригъэгупщысрэ. Едывгъэтыт ди утыкур пщащэ зэкIужхэм, девгъэдэут я макъ жьгъырухэм.

   

«Адыгагъэ»

     

«Адыгэ пшынэ»

   

 «Адыгэ къафэ»

 

     4.Сочиненэ.

  1. «Сыадыгэщ сэ, зэхэфхрэ?»
  2. «Узигъащ1эщ адыгэбзэ».
  3. «Уэрыншэу сэркIэ щымыIэ гъащIэ».

    5.Адыгэ къафэ.

Адыгэ къафэм нэхърэ нэхъ дахэу сыт щыIэ! Сыту удахьэхрэ псым щес кърум ещхьу, зи бгыр псыгъуэу, адыгэ фащэ зэкIужхэр зыщыгъхэу утыкум къихьэ адыгэ пщащэхэр.

     6.Зэхьэзэхуэр икIэм  носыр, ауэ дэ къэтщIакъым иджыри ди пщащэхэм я акъыл жаныр здынэсыр. ФIыуэ ящIэу пIэрэ ахэм ди адыгэ хабзэр?

  1. Сыт нэмысым къикIыр?
  2. Дауэ ягъэлъапIэрэ хьэщIэр адыгэхэм?
  3. Адыгэхэм лIыгъэм сыт кърагъэкIыр?
  4. Хъыбархэм сыт хуэдэ увыпIэ щаубыдрэ ди гъащIэм и деж?
  5. Адыгагъэм къикIыр сыт?
  6. Сыт хуэдэ пIщэ хуэщIыпхъэ нэхъыжьым?
  7. Адыгэ Iэнэм и хабзэр.
  8. Адыгэ псалъэ.
  9. Адыгэ къафэхэр.
  10. Адыгэхэр-хэт ахэр?

     7.Зэхьэзэхуэм хэтахэм я дэIэпыкъуэгъухэр.

(хабзэм теухуа сценкэ цIыкIухэр къэгъэлъэгъуэн)

        Ди зэхьэзэхуэр икIэм нэсащ. Пщащэ цыкIухэм я зэфIэкIыр дагъэлъэгъуащ. Хэт нэхъ къыхэжэныкIами къэтщIэнщ мыгувэу. Псоми зыфхузогъазэ, фхузэфэкI къэвмыгъанэ, зыхуэвгъасэ хабзэ дахэм зыхэфлъхьэ нэмыс лъапIэр, нэIуасэ зыхуэфщ ди адыгэ тхыдэм, дривгъэпсалъэ ди бзэ бейм, дывмыгъэгъэпуд зэи ди щхьэр.

  1.  

 


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Сценарий для проведения Последнего звонка

Литературно-музыкальный вечер для проведения Последнего звонка в 11 классе...

Сценарии для проведения школьных мероприятий

Сценарий концерта ко Дню матери. Сценарий вечера-встречи выпускников Сценарий проведения митинга, посвященного Дню Победы. Сценарий открытия месячника оборонно-массовой и военно-патриотической работы....

Методические рекомендации и разработки сценариев по проведению спортивных и культурно-массовых мероприятий.

Брошюра, выпущенная к августовской конференции учителей. 2013г. Сценарии военно-спортивных игр "Зарница", "Орлята" и развлекательного праздника "Масленица"....

Сценарий для проведения домашнего праздника «Песенный марафон».

Цели: развивать музыкальные, сценические и танцевальные способности; показать ценность семейных отношений....

Сценарий для проведения выпускного бала

стихи, конкурсы, загадки  для проведения бала...

Сценарий для проведения театрализованного представления

Сценарий для проведения театрализованного представления по теме: "Планета английского языка". Тема выступления:...

Сценарий по проведению мероприятия на тему "Род марии" ("Состязания между родами")

Мероприятие "Род марии" можно провести в школе между учащимися, имеющими родственные отношения. Желательно привлечь и родителей учащихся. Дети показывают и развивают свои способности....