Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эхэр.
план-конспект урока (6 класс) на тему

Фиапшева Марина Арсеновна

Бжыгъэц1эм теухуауэ къащ1ам хэгъэхъуэн;

                    2.Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эк1э зэджэр яже1эн; абыхэм я

                      къэхъук1эм щыгъуазэ хуэщ1ын;

                     3.Нарт хъыбархэм зэрыщыгъуазэр 1упщ1 щ1ын, нарт хъыбархэм

                     хуа1э ф1ы  лъагъуныгъэм хэгъэхъуэн.

   

Скачать:


Предварительный просмотр:

Темэр: Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эхэр.

Мурадыр: 1.Бжыгъэц1эм теухуауэ къащ1ам хэгъэхъуэн;

                    2.Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эк1э зэджэр яже1эн; абыхэм я

                      къэхъук1эм щыгъуазэ хуэщ1ын;

                     3.Нарт хъыбархэм зэрыщыгъуазэр 1упщ1 щ1ын, нарт хъыбархэм

                     хуа1э ф1ы  лъагъуныгъэм хэгъэхъуэн.

   

                          Урокым и ек1уэк1ык1эр.

I.Сэлам ехын.

II.Блэк1а темэхэр къэпщытэжын.

Орфограммэхэр.

  Ед.пщанэ, гъу.нэгъу, къ.регъэлъагъу, макъ.у.

1.Усэм бжыгъэ зыхэт псалъэхэр къыщыгъуэтын.

   Си къуэщ ц1ык1ур къуейщ1еящэщ

   Шэнтыр щхьэк1э игъэуващ,

   Джэду шырыр къиубыдащ,

   Мыщи хуабжьу къигъэщтащ.

   Нанэ же1э: «Си псэ ц1ык1у, сыт къоузыр, сыт къэхъуа,

   Хэт уи жагъуэ уэ къищ1а?»

   - Нанэ, зыри къызэузкъым,

   Жагъуэ хъуни зэхэсхакъым.

   Еплъыт шэнтым,

   Ди хьэ Мыщи уэ к1элъыплъыт: щытхэщ ахэр щ1ым лъакъуипл1к1э

   Джэду шырри къак1эрыхукъым.

   Сэ лъакъуит1к1э къэзжыхьын,

   Сэ хьэ Мыщи сытежынт?

   Погуф1ык1ыр нанэ щэхуу:

   «Шым ушэсмэ, т1ур лъакъуихщ,

   Хыр нэхъыбэщ, нэхъ къарущ».

- Сыт хуэдэ бжыгъэ мы псалъэхэм хэтыр?

- Пл1ы, т1у, хы.

- Сыт мыбыхэм псалъэ лъэпкъыгъуэк1э дызэреджэр?

- Мы псалъэ лъэпкъыгъуэхэм дызэреджэр бжыгъэц1эщ.

- Сыт бжыгъэц1эк1э дызэджэр?

- Бжыгъэц1эк1э йоджэ предметхэр щабжк1э, ахэр зэрызэк1элъык1уэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэм.

- Бжыгъэц1эхэр я къэхъук1э я зэхэтык1э елъытауэ гуп дапщэу игуэшрэ?

- Бжыгъэц1эхэр гупипл1у егуэш:

1) зэрабж: т1у, щы

2) зэрызэк1элъык1уэ: ет1уанэ, епл1анэ

3) зэрагуэш: т1урыт1, щырыщ

4) къутахуэ: щанэ, пл1анэ.

- Я зэхэтык1э елъытауэ бжыгъэц1эхэр дауэ зэщхьэщык1рэ?

- Я зэхэтык1э елъытауэ бжыгъэц1эхэр щыуэ зэщхьэщок1: къызэрык1уэ, зэхэлъ, зэхэт.(простые, сложные, составные) Щапхъэ: зы, пщык1ущ, т1ощ1рэ т1у.

Доскам.

1)Бгъу      пщык1упл1          т1ощ1рэ пл1ы

    Тху        пщык1убгъу         минрэ щит1рэ т1у

2) Зэрабж бжыгъэц1эр падежк1э зэхъуэк1ын.

    И. (дапщэр?) тхур                      4- р

    Э.(дапщэм?) тхум                       4-м

    П.(дапщэмк1э?) тхумк1э            4-мк1э

    О.(дапщэрауэ?) тхурауэ             4-рауэ

3) Зэрагуэш бжыгъэц1э къатегъэк1ын. Сыт зэрагуэш бжыгъэц1эк1э зэджэр?

    2- т1урыт1, 6-хырых, 13-пщык1ущ-пщык1ущ, 26- т1ощ1- т1ощ1рэ хырэ.

4) Псалъэжьхэм бжыгъэц1э дэгъэувэжын.

    Япэ джалэм ущ1эмынак1э.

   Щ1ым зы ептмэ щэ къуетыж.

   И зыгъазэ зы мазэщ.

   Блэ егъапщи зэ пыупщ1.

 

 5) Еуэщ, е1эщ аби же1э

     Къурш ин лъапэм деж, псы 1уфэм

     1усащ къуажэ мэз щ1эуфэу,

     И къуажэк1эм а жылагъуэм

     Дэст щхьэхынэуи пщащэ дахэ

     Ар зэ1усэр къы1эщ1эхурт, зэхикъутэрт.

     Ар къутахуэу зэхэщащэрт.

  - Сыт хуэдэ бжыгъэц1э мы усэм зи гугъу ищ1ыр?

  - Къутахуэ бжыгъэц1э.

  - Сыт къутахуэ бжыгъэц1эк1э зэджэр?

  - Къутахуэ 1ыхьэхэм я бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэм къутахуэ бжыгъэц1эк1э йоджэ.                                                       1 , 2 ,  4

 6) Къутахуэ бжыгъэц1эхэм къеджэн:   2   4    5

7) Щы1эц1эмрэ бжыгъэц1эмрэ зэгъусэу къеджэн.

    Тхылъ(2), жыг(4), шы(6), бзу(10), мэл(100).

8) Псалъэухам хэт бжыгъэц1эр зэрыхэува пкъыгъуэр къэгъэлъэгъуэн.

    Щоджэнц1ык1у Алий 1990 гъэм къалъхуащ.

    Тхылъу къашар т1ощ1щ.

2.Карточкэк1э диктант егъэтхын.

  6, 9, 15, 17, 20, 150, 53, 1983, 2009.

III. Темэщ1эр егъэджын.

1. Хэзышэ псалъэ.

   - Къэдвгъэщ1эжыт, ц1ык1ухэ, бжыгъэц1эр сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэ?

   - Бжыгъэц1эр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ.

   - Я къэхъук1э елъытауэ дауэ игуэшрэт бжыгъэц1эр?

   - Пл1ыуэ егуэш.

   - А зи гугъу фщ1а бжыгъэц1эхэм щыщу дэ нобэ зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эхэм щыгъуазэ зыхуэтщ1ынущ. Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эхэщ предметхэр щабжк1э, абыхэм я зэк1элъык1уэк1эр къэзыгъэлъагъуэр. Зэрызэк1элъыку1э бжыгъэц1эхэр зэрабж бжыгъэц1эм къыток1. Щапхъэ: пщ1ы – епщ1анэрей.

 Ауэ иджыпсту фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ бжыгъэц1э зэхэлъхэм я къэхъук1эр.

  1. Псалъэ къызэрыхъу префикс е псалъэ къызэрыхъу суффикс – анэ,- анэрей – хэмк1э.

Е – щ – анэрей

  1. Бжыгъэц1э зэхэтым зэрызэк1элык1уэ бжыгъэц1эк1э къыщытек1к1э, суффикс – анэ, - анэрей зыпыувэр иужь дыдэ ит бжыгъэц1эрщ.

Т1ощ1рэ етхуанэ (25), щэрэ пл1ыщ1рэ еханэрей (146).

Зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эр псалъэухам щыхэувэм и деж определенэу хоувэ. Игъэбелджылы щы1эц1эм ипэ иту къок1уэ.

Ещанэ жэщым Сосрыкъуэ дыгъур къиубыдащ.

Гу зылъытапхъэ: Езанэ, япэ зэрызэк1элъык1уэ бжыгъэц1эхэм щыщу езанэ-р къыщагъэсэбэпыр бжыгъэц1э зэхэтырщ.

 

Япэ увып1эр- т1ощ1рэ езанэр

Япэ, япэрей – бжыгъэц1эхэр къызытек1ар зэрабж бжыгъэц1эхэркъым, ат1э еигъэ ц1эпапщ1э я-мрэ щы1эц1э пэ-мрэщ.

2. Яджар егъэбыдыл1эн.

    Лэжь. 93, 94 (7) – тхыгъэк1э гъэзэщ1эн.

3.Къызэщ1эзыкъуэж лэжьыгъэ.

   Зы мы1эрысей жыгышхуэ щытщ. Абы къудамэ пщык1ущ тетщ. Къудамэ пщык1ут1ым мы1эрысэ хырых япытщ. Мы1эрысэхэм я зы джабэр хужьщ, адрей джабэр ф1ыц1эщ. Епщык1ущанэ къудамэм зы мы1эрыси къыпык1акъым. Мы1эрысэ дапщэ пыт къудамэ пщык1ут1ым?

Сосрыкъуэ уэрэдыр къоуэ и сурэтхэр къредзэ.

Иджыпсту, ц1ык1ухэ, езыр-езыру фызэджа нарт хъыбарыр зэрыфщ1эжыр къэтхутэнщ.

Нарт хэкужьым зи лъэ вакъэ изылъхьэ къэмынэу псори Хьэрэмэ 1уащхьэ деж щызэхуэсауэ хэку хасэ ин щрагъэк1уэк1ырт.

- Сыт мы нарт хъыбарым и ц1эр?

- «Сосрыкъуэрэ Емынэжьрэ».

- Мы хъыбарым Сосрыкъуэ шыхэр жэщ дапщэк1э щигъэхъурэ?

- Жэщищ.

- Дэнэт фызыжь ц1ык1ур зыщыпсэур?

- Хы Т1уащ1эм.

- Иужь дыдэ пщэдджыжьым шы гуартэр шыщ1э дапщэк1э нэхъыбэ хъурэ?

- Зык1э.

- Мы хъыбарым псэущхьэхэр сыт Сосрыкъуэ къыщ1ыдэ1эпыкъур?

- Сытым дыхуигъасэрэ?

IV.Оценкэ гъэувын.

V.Унэ лэжьыгъэ етын.

  §21. лэжь.94