Тестовая работа 9 класс
тест (9 класс)

Шорова Елизавета Хабасовна

Тестовая работа 9 класс 

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл Тест 9 класс 20.82 КБ

Предварительный просмотр:

                                        Тест лэжьыгъэ

1. Синтаксисым едж:

а) псалъэухар

б) псалъэ зэпхар

в) псалъэ зэпхари  псалъэухари

2. Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэкъым:

а) дополненэр

б) сказуемэр

в) подлежащэр

3. ЩыIэцIэ защIэу къэкIуа сатырэр къыхэгъэщ:

а) дуней, ар, къафэ, псы, фIыуэ

б) пщащэ, уэрэд, псысэ, макъамэ, хэку

в) йоджэ, мажьэ, хабзэ, усэ, дахэ

 4. Псалъэухам и пкъыгъуэхэр я бжыгъэкIэ мэхъу:

а) 3

б) 4

в) 5

5. Пунктуацэм едж:

а) псалъэ зэпхар

б) нагъыщэхэр

в) падежхэр

6. Псалъэ зэпхакъым:

а) хадэм деж

б) псы щIыIэ

в) пIащIэу макIуэ

7. Адыгэбзэм и падежхэм хыхьэркъым:

а) именительнэ

б) родительнэ

в) эргативнэ

8. Псалъэухам пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъуу къэкIуэфынущ:

а) пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр

б) пкъыгъуэ етIуанэхэр

в) пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэри пкъыгъуэ етIуанэхэри

9. Псалъэуха убгъуащ:

а) Бжьыхьэ щIыIэ. б) Шыр щыщащ. в) Пщащэр къофэ

10.Нагъыщэхэр гъэувыжын:

Адыгэ къафэ адыгэ къафэ
Адыгэм псэ иӀэм  иӀэр уэращ Адыгэ щӀылъэ адыгэ уафэ  
ЖиӀэм Алий  жезыгъыӀэр уэращ

11. КъэIуэтэныгъэ и лъэныкъуэкIэ псалъэухахэр мэхъу:

а) лIэужьыгъуитI

б) лIэужьыгъуищ

в) лIэужьыгъуиплI

12. Сказуемэщ:

а) лэжьыгъэр къыщыхъу зэманыр къэзыгъэлъагъуэр

б) лэжьыгъэ зыгъэзащIэ предметыр къэзыгъэлъагъуэр

в) предметым ищIэр, илэжьыр, къыщыщIыр къэзыгъэлъагъуэр

13. Подлежащэ зыхэт псалъэухар къыхэгъэщ:

а) Тхылъым соджэ.

б) ХьэщIэхэр къэсащ.

в) Ныбжьэгъур къезгъэблэгъащ.

14. Хуэзыгъэуш псалъэухам хыхьэркъым:

а) Iуэхугъуэ гуэр къэзыIуатэр

б) чэнджэщ зыхэлъ псалъэухар

в) лъэIу зыхэлъ псалъэухар

15. Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъукIэ йоджэ:

а) упщIэ зырызым  жэуап хуэхъу псалъэхэр

б) упщIэ зэхуэмыдэхэр зыхуэув псалъэхэр

в) зы упщIэм жэуап хуэхъу псалъэхэр

16. Обстоятельствэу къэкIуа псалъэ гупыр къыхэгъэщ:

а) дахэ, гъэщIэгъуэн, гъуэзэджэ, хуабэ

б) фIыуэ, псынщIэу, пщыхьэщхьэм, екIуу

в) сурэт, щыгъэ, гъатхэ, мазэ, вагъуэ

17. Псалъэухам и грамматическэ лъабжьэщ:

а) подлежащэмрэ сказуемэмрэ

б) дополненэмрэ определенэмрэ

в) сказуемэмрэ обстоятельствэмрэ

18. Псалъэ зэпхар къокIуэ:

а) пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъуу

б) псалъэ занщIэу

в) нэхъыщхьэрэ кIэрыдзэну

19. Зэрызыхуагъазэ псалъэ зыхэтыр къэгъэлъагъуэ:

а) Адыгэ къафэр сигу ирохь.

б) Уигу ирихьрэ адыгэ къафэр?

в) Адыгэ къафэ, си гум урохь.

20.Нагъыщэхэр гъэувыжын:

Адыгэ къафэ  лъахэр зыгъафIэ

 МылIэжыныпсэ зыми Iумыт

Уэ уи макъамэу дунейгъэдахэм
ЩӀэдэӀум и псэм зэуэ зехъуэж

21. Псалъэ занщIэр дагъэувэ:

а) скобкэм

б) зыми дагъэувэркъым

в) кавычкэм

22. Псалъэухам и пкъыгъуэ етIуанэкъым:

а) подлежащэр

б) определенэр

в) обстоятельствэр

23. Псалъэуха мыубгъуащ:

а) ПсынщIэу уоджэф.

б) Бжьыхьэр йокI.

в) Телевизорыр мэлажьэ.

24. Подлежащэу нэхъыбэрэ къокIуэ:

а) щыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ

б) цIэпапщIэмрэ глаголымрэ

в) щыIэцIэмрэ цIэпапщIэмрэ

25. ЗэрыупщIэ псалъэухащ:

а) Iуэхугъуэ гуэр къэзыIуатэр

б) щIэупщIэныгъэ зыхэлъыр

в) унафэ къызыхэщыр

26. Псалъэуха къызэрыкIуэщ:

а) Адыгэ къафэр дахэщ, екIущ.

б) Бжьыхьэр къихьащ, жэщыр кIэщI хъуащ.

в) ЕгъэджакIуэр къыщIыхьащ, еджакIуэхэр къэтэджащ.

 Псалъэхэм псалъэуха къыхэщIыкIын, зэпкърыхын:

1)щIэдэIу, и, псэ, къафэ, зехъуэж ;  2)блэху, къафэ, ди, дыгъэ,  щреIэ


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Тестовая работа по теме "Функции. Их графики и свойства" 10 класс

Назначение теста – оценить общеобразовательную подготовку по математике учащихся 10 классов общеобразовательных учреждений по теме: «Связь между свойствами функции и графиком»...

Тестовая работа для учащихся 11 класса. Подготовка к ЕГЭ .

В работе представлены материалы для подготовки к ЕГЭ. Вопросы части А и части В....

Тестовая работа по математике в 8 классе за 1-полугодие.

Я предлагаю тестовую работу  по математикедля учащихся 8 класса ( 2 варианта)...

Тестовая работа по алгебре за 1 полугодие в 10 классе.

Предлагаю полугодовую работу в форме теста по алгебре в 2-х вариантах...

Тестовая работа по теме "Механическая работа. Энергия", 6 класс, предмет "Физика и химия"

Тестовая работа по теме "Механическая работа. Энергия" (предмет "Физика и химия", 6 класс) разработана в четырех вариантах, в каждом варианте 10 заданий....