"Псэр зыдэщIэращIэ гурыщIэ" - IутIыж Борис и тхыгъэхэмкIэ
методическая разработка (11 класс) на тему

Иванова Жанна Мусарбиевна

 Анэдэлъхубзэ ! Егъэджак1уэ! Урок къэсыхук1э зы мурад!

Щ1эщыгъуэу, псэм 1эщ1эмыужагъуэу

Егьэк1уэк1ыныр мы1уэху джэгу.

Псэр зыдэщ1эращ1эу зы гурыщ1э

И купщ1эр нобэ къэтхутэнщ.

Джэрмэншык 1уащхьэм щытлъэгъуахэм

Ди 1 уащхьэмахуэ щыпытщэнщ.

А насып 1уащхьэм дыдишыну,

Щ1эщыгъуэ мы дунейр тщищ1ыну

Усак1уэ, тхак1уэ, драматург 1ут1ыж Борис дыщыгугъынщ.

Фи адэжь и лъапсэ вгьэдэхэну,

Фи анэ дахэу фепсэлъэну,

Ди бзэм и лъащ1эр вгъэ1урыщ1эну,

Зэманыр гугъуми 1уэхук1э вгъэнщ1ыну.

Анэми , хэкуми, ф1ылъагъуныгъэми

Пщ1э лей сыт щыгъуи ялъывгъэсыну.

Еджак1уэ псэ къабзэ сытк1и фыхъуну

Мурадхэр хъуэхъуу ди урокым хэтлъхьащ.

Скачать:

ВложениеРазмер
Microsoft Office document icon pser_zydeshchierashchie_guryshchie.doc66 КБ

Предварительный просмотр:

Темэр:  "Псэр зыдэщIэращIэ гурыщIэ" - IутIыж Борис и тхыгъэхэмкIэ

Мурадыр:   Анэдэлъхубзэ ! Егъэджак1уэ! Урок къэсыхук1э зы мурад!

Щ1эщыгъуэу, псэм 1эщ1эмыужагъуэу

Егьэк1уэк1ыныр мы1уэху джэгу.

Псэр зыдэщ1эращ1эу зы гурыщ1э

И купщ1эр нобэ къэтхутэнщ.

Джэрмэншык 1уащхьэм щытлъэгъуахэм

Ди 1уащхьэмахуэ щыпытщэнщ.

А насып 1уащхьэм дыдишыну,

Щ1эщыгъуэ мы дунейр тщищ1ыну

Усак1уэ, тхак1уэ, драматург 1ут1ыж Борис дыщыгугъынщ.

Фи адэжь и лъапсэ вгьэдэхэну,

Фи анэ дахэу фепсэлъэну,

Ди бзэм и лъащ1эр вгъэ1урыщ1эну,

Зэманыр гугъуми 1уэхук1э вгъэнщ1ыну.

Анэми , хэкуми, ф1ылъагъуныгъэми

Пщ1э лей сыт щыгъуи ялъывгъэсыну.

Еджак1уэ псэ къабзэ сытк1и фыхъуну

Мурадхэр хъуэхъуу ди урокым хэтлъхьащ.

Урокым и


ек1уэк1ык1энур.

Ц1ыху гурыщ1эм и пл 1 анэпэ дэтхэнэми адыгзбзэ дахэр т1ат1ийм хуэдэу нэзыхьэсыф . 1у бахъэм ихь гупсысэ нэхъ къэубыдыгъуейхэри адыгэбзэмк1э къэзыпхъуэтэф 1ут1ыж Борис и псалъэхэмк1э къыщ1 эддзэнщ нобэ ди дерсыр.

Зеплъыхьри щылъщ сабий махуищ мыхъуар.-Зытет дунейр зищ1ысыр къыхуэмыщ1эу . Гупсысэу йоплъ дуней жьы дьщэ хъуар И куэщ1ым къхралъхьа упщ1э нэгъыщэм!

Упщ1э нэгъыщэ! 1упщ1у къыдгурымы1уэ гупсысэ псоми худогъэув ар. Ауэ мыгуры1уэгъуэу къытщыхъу псом я нэхъ зэхэщ1ык1ыгъуейщ ц1ыхур, дунейм къытехьа ц1ыхур.

А ц1ыхум и 1эплъэпкъыр. псатхуэр дощ1эращ1э узыншагьэм. Сыт ат1э зыдэщ1эращ1эр ц1ыхупсэр?

Дахагъэм! Гуапагъэм! Къабзагъэм! Пэжыгьэм! Ц1ыхугъэм! Ныбжьэгъугъэм!

Апхуэдиз хъугъуэф1ыгъуэр къудамэу къызыпык1 а  жыгым сыт ф1эфщынт?

Сэ сызэреплъымк1э а жыгьтм лъагьуныгъэк1э уеджэ хъунут.

Абы щыгъуэ игъащ1э лъандэрэ ц1ыхупсэр зыгъэп1ейтей упщ1э - лъагъуныгъэ щы1э . хьэмэрэ щымы1э?

Сэ къысщохъу лъагъуныгьэр щы1эу, а гурыщ1эр щымы1атэмэ, езы псалъэри къэунэхунтэкъым. Япэ щ1ык1э псалъэр къагупсысу ар зыф1ащыжар абы къык1элъык1уэжын хуейуэ сэ къысщыхъуркъым.

Иджыри сыт хуэдэ еплъыкIэ щы1э?


1

Лъагъуныгъэ щымьйэу жызы1э ц1ыхухэри сэ къызгуро1уэ. Узыншагъэ и1эщ е и1экъым зэрыжа1эм хуэдэщ ар. Узыншэр мысымэджауэ узыр зищ1ысыр ищ1эркъым. Лъагъуныгъэри гурэ псэк1э зымыгъэунэхуами щымьйэу къилъытэнущ.

А упщ1эм и жэуапыр 1утыж Борис и псалъэхэхмк1э естыну сыхуейт. «Дэ къытхуепс дыгьэри , мазэри . вагъуэхэри , а вагъуэхэм худэхъуэпсей къурхэри псори нэрылъагъущ. Лъагьуныгъэр нэм илъагъуркъым,абы хэти хуэзэкъым , дэтхэнэри 1ууэркъым . Сыту жып1эмэ лъагъуныгъэм и хэщ1ап1эр ц1ыхум и гуращ. Ара къыщ1эк1ынщ нэрымылъагъур ф1эщщ1ыгъуейуэ щ1ыщытыр.

Лъагъуныгъэ щы1эрэ щымьйэрэ дрипсэлъами . а псалъэм къик1ым дризэмыдауэу дзыхь хуэтшДынщ псалъалъэ зэхуэмыдэхэм:

Ди адыгэ псалъалъэм зэритымк1э , лъагьуныгъэр зыгуэрым упызыщ1э гурыщ1э лъагэ, щ1асэ жи1эу аращ.

Олег Даль и псалъалъэмк1э - это сильное желание или предпочтение кого или чего по воле и не рассудком.

Ожеговым и псалъалъэм зэритымк1э есть: любовь к родине , материнская любовь , любовь между мужчиной и женщиной.

Филосовскэ псалъэгъэнахуэм зэритымк1э нельзя произвольно ни вызвать ни прекратить ее, ни переадресовать ее на другой предмет . Выделяют чадолюбие , патриотизм, влюбленность в кого-то или во что-то.

Фэ езым сыт хуэдэ мыхьэнэ щ1эфлъхьэнт а псалъэм?        

Дэри зы пслъэухауэ псалъэгъэнахуэм иттхэ хъунут: «Лъагьуныгъэр ц1ыхупсэр зыдэщ1эращ1э гурыщ 1 эщ» жыт 1 эу.

Дэ ди ныбжьым итхэр мы псалъэм т1эк1у егъэук1ытэ, ауэ ягъэ к1ынкъым . 1ут1ыж Бориси зэрыжи1ащи ук1ытэр ц1ыхупсэм и фащэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ. Ц1ыхур шынэ мыхъуу щыук1ытэн хуей ныбжьщ дэ дызэрытыр.

«Лъагъуныгъэ» псалъэм уриук1ытэн хуейуэ сэ къэслъытэркъым. Дауэ уи анэм, хэкум , шДасэм хуэпщ1 лъагъуныгъэм узэриук1ытэнур? Мы гурыщ1эр ди деж къыщежьакъым, си гугъэмк1и ди дежи щиухынукъым . Ар къогъуэгурык1уэ дунейр къызэриухуэрэ. Абы и щыхьэтщ 1уэры1уатэм и щапхъэхэр.

Сэ сы- Сатэнейщ. Нарт псоми сыраанэщ. Сэ сп1ащ Сосрыкъуи ,Бадынокъуи, Ашэмэзи, Щауеи. Гугъуехьхэм къыхэзыш чэнджэщ щхьэпэ куэди естащ. Аракъэ анэ лъагъуныгъэ жыхуа1эжыр.

Сэ сы- Мэлычыпхъущ.Лъагъуныгъэ гуащ1эм , къабзэм , нэхум сригуащэщ . Лъагъуныгъэм псэм лъэщагь хелъхьэ , ц1ыхум куэд лъегъэк1, ц1ыхур гурэ псэк1э зэпэщауэ , дахэу щытын хуейщ.

Мэлычыпхъу , мы уи чысэ ц!ык1ур зэпта щауэм сыт дыщэр из щ1ыхуэмыщ1ар?

Си чысэр къызыхэщ1ык1ар ц1ыхугум телъ фэращ.Ар зэста щауэм сэ си гум из зэрищ1ын лъагъуныгьэ и1акъым . Абы лъагьуныгъэ къысхуи1атэмэ , дыщэншэуи из хъунтЛъагъу. ныгьэ къабзэм уасэ и1экъым.

Сэ сы -Адиихущ. Ф1ылъагъуныгъэ дахэ сщ1ыри гуузуи сык1уэдыжащ. Ауэ ц1ыхубэм къахуэнащ си щауэм схузэхилъхьа гьыбзэр.

Сэ сы-Сосрыкъуэщ. Нартыжь лъахэм куэдрэ сэбэп сыщыхъуащ. Сыщогуф1ык1 цДыхум сащымыгъупщэн папщ1э , сурэтыщ1 Къалмыкъ Федор и жэрдэмк1э , схуащ!ауэ Долинск дэт щхап1эшхуэм. Ауэ нэхъ тэмэму и 1 эрэт шхап1э къудейуэ щымыту лъэпкъ музей абы къыхащ1ык1атэмэ. Абы теухуауэ гугъап1э дахэхэр къызат Джэрмэншык еджак1уэхэм я хасэмрэ абы я тхьэмадэ Джыназ Владимиррэ я жэрдэмк1э , зэхалъхьа лъэ1у письмохэм .

Сэ сы Дахэнагъуэщ. Сынасып палъытэщ . Ауэ насыпыр , гъащ1э дахэр бгьуэтын папщ1э , емызэшыжу щ1эбэнын , хуэлэжьэн хуейщ. Адыгэ лъэпкъым нобэ я дахэнагьуэу къысщохъу сэ ди анэбзэр хэкум псалъэк1и макъамэк1и щызыгъэбзэрабзэ , зи теплъи зи 1уэхущ1афи а ц1эм хуэфащэ бзылъхугьэхэу мы ди газетым щытлъагьухэри . Мыпхуэдэ ц1ыхубзхэрауи къыщ1эк1ынщ 1ут1ыж Борис «Си Дахэнагъуэ» тхылъым щигъаф1эхэр.

Хэку лъагьуныгъэм щхьэузыхь зыхуэзыщ1ахэм я щапхъэщ « 1уэдыщэк1э» зэджэ Борис и тхыгъэхэм къыхэщыж л1ыхъужьхэри. Нартыжь уардэу Сосрыкъуэ , Джатэрыхахуэ Бэдынокъуэ , Л1ыхъужь щэджащэу Андемыркъан. Телъыджэхэр зи 1эрык1 1ут1ыжым и пк1ыгъэхэм щыдолъагьу а л1ыхъужьхэр.

«1уэдыщэ» - псалъэм сыт къик! ыр?

Борис и тхыгъэхэм я псалъэгъэнахуэмк1э Гэдыщэм - адэжь шДыналъэ , Кавказ жи1эу аращ.

Мы тхыгъэм фыщеджэм сыт щ1эщыгъуэу хэфлъэгъуа?

Дызэджа тхыгъэхэм пщыхэр псори къанлыуэ , лейзехьэу щыжа1э. Ауэ мы тхыгъэм драматургам къегъэлъагъуэ ц1ыхубэм куэдрэ гуъазэ яхуэхъуа пщыф1хэри . Си гуапэу жызо1э абыхэм я ц1эр: Инал Нэху, Жанхъуэтыкъуэ Беслъэн , Идарыкъуэ Темрыкъуэ, Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ, Мысост Аслъэнбэч, Жанхъуэтыкъуэ Кушыку . Щхьэхуэу « Кушыку» драмэ и1эщ Борис. Езы пщым и сурэтри пк1ыгъэу ищ1ащ.

1уэры1уатэ закъуэрауэ п1эрэ лъагъуныгъэм и макъамэр къызыхэщыжыр?

1уэры1уатэм имызакъуэу гъуазджэм и дуней телъыджэм хэту зи гъащ1эр зыхь усаук1уэшхуэхэми , сурэтыщ1хэми , макъамэтххэми я 1эдакъэщ1эк1ым куэдрэ ущрохьэл1э анэ, хэку , щ1асэм хуэгъэза ф 1 ылъагъуныгъэм.

Къэдвгъэхьыт абыхэм я щапхъэ.

Композитыр Бетховин и «Луннэ сонатэр». Шостакович и «Ленинград симфониер».

Италией щыщ сурэтыщ1хэу Рафаель и «Сикстин Мадоннэрэ» , Леонардо да Винчи и «Джокондэрэ». Дуней псом ц1эры!уэ щыхъуа ди хэкуэгъу сурэтыщ1 К1ыщ Мухьэдин и «Лъагъуныгъэм и алея». «Анэм и жьауэ» сурэтхэри.

Урыс литературэм и классик Пушкин и «Евгений Онегин» романымрэ Инджылыз усак1уэшхуэ Вильям Шекспир и «Ромеорэ Джульетэрэ» романымрэ.

Хэхэс адыгэхэми я1эщ апхуэдэ щапхъэ . Мысыр усыгъэм и вагьуэ Баруди и «Лъагъуныгъэ» усэр. Дамаск щыщ Бэшхуэф1 Тамыр и «Лъагьуныгъэм и хьэтырк1э» новелл эр.

Ди адыгэ лъэпкъым и уэчыл ПащДэ Бэчмырзэ ф1ыуэ илъэгъуа хъыджэбзым пщ1ыхьым хэту хузэхилъхьа гъыбзэр.

Щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Къардэнгьущ1 Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгьагърэ» пьесэр.

Лъэпкъ драматургием и классикэ хъуа 1ут1ыж Борис и «Тыргьэтауэ» трагедиер , «Кхъужьебэ» пьесэр.

К1ыщ. Алим и «Кхъужьей къудамэми» 1у. Борис и «Кхъужьеибэ» драмэми къыщы1уэта гупсысэмрэ мы кхъужьей жыгымрэ сытк1э зэпха?

Кхъужьей жыгыр, сэ сызэреплъымк1э , ди адыгэ хэкум и дамыгъэщ. Адыгэ унагъуэм къуэ къыхуалъхуамэ кхъужьей жыг хухасэу щытащ. ижь-ижьыж лъандэрэ а жыгым лъэпкъыр щ1ы1э-уаем пхъэ гъэсынк1э, гьаблэми и пык1эхэмк1э къригъэлащ.

Адыгэм кхъужьейр ди хэку дамыгъэщ , адрей лъэпкъхэм я1эу п1эрэ апхуэдэ жыг? 

Урысейм пхъэхуей - березэр я1эщ. Алыджхэм лавр жыгыр. Дагъыстэнхэм хьэиуэ Айвар. Канадэм блашэ -клен жыгыр я1эщ.

Хъарзынэщ! Мы дунейшхуэм хэку дамыгъэу ит жыгхэр тхьэм игьэбагъуэ. Анэ .хэку ,щ1асэ лъагъуныгъэр 1уэры1уатэми гъуазджэми щагъэф1а гурыщ1эщ. А гурыщ1эхэм щыщ дэтхэнэра ц1ыхум и дежк!э нэхъ лъап1эу къэвбжыр?

Дауи , дэтхэнэ зыми псэ къытхэзылъхьэ анэм и лъагъуныгъэращ. Ц1ыху нэсу зызыбжыжым къэзылъхуам япэ зыри иригъэщынукъым, езы анэми и гур сытым дежи быным хуэгъэзащ. Зыгуэрхэри егупсысынк1э мэхъу : «анэ зи бын хыф1эзыдзи . адэ-анэ къэзымылъытэж быни щы1эщ жи1эу» .Ауэ дунейшхуэр зытезы1ыгъэр апхуэдэ мыхъхумыщ1агъэракъым ат1э ф1ыращ.

Анэм зи псэ хуэкъабзэ 1ут1ыж Борис мыпхуэдэ псалъэхэр и1эщ :

« Си анэр ф1ыуэ солъагъу» жыпЬныр гъэмахуэм гъатхэр къык1элъок1уэ е ек1ыпц1эм мыЬрысэ къыпыкЬркъым жыпЬурэ удэуэным ещхьщ . Анэхэр ф1ыуэ ялъагъу къудейкъым ,ф1ыуэ ялъагьур гум и закъуэщ щыпсэур. Модрейхэр зэрыщыту дэ тщыщ. Е дэ дызэрыщыту абыхэм дащыщщ. Ахэм я гуф1эр ди гуф1эщ . Ахэм я узыр ди узщ. Ахэр щыл1эк1э дэ ди зыгуэрхэр зыдахьри ,ахэм я зыгуэрхэр дэ ди псэм къыддэпсэууэ къыхонэ»

Усэ «Анэпсэ»1Ут1ыж Борис ейр ягъэзащЬ.

«Анэпсэ».

Гупсысэм гупсысэ кърохъуэ ...

Гу узыр бгъэ узым йот1 ыхь ...

Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ ... Быныпсэр анэпсэм йопщ1ыхь ...

 Анэпсэр ар псынэщ... Ар псысэщ...

Ар псатхьэщ... Ар тхьэхэм я тхьэжщ...

 А тхьэр тщхьэщытыхук1э тхуэупсэу ,

 Дэ сытри тлъэк 1 ын дигугъэжщ...

Анэпсэр тщхьэщык1мэ, ит1анэ

 Нэхъ щ1ы1эу мо дыгъэри къопс...

Уэ сытри бдэхуабэт, си Нанэ

 Зэмык1ури зэк1у пщ1ыфыу ушхэпст...

 Гъэ пл1ыщ1ыр хэщ1ауэ гъуэгуанэм ,

 Сэ гъащ1эм мыр хьэкъ къысщищ1ащ: Балигъ ц1ыхур щыхъур и анэр

Дунейм щехыж махуэр аращ.

Бзэщ!эныгъэм елэжь еджагъэшхуэхэм зэрыжа1эмк1э, дунейм зэбгъэщ!эну нэхъ гугъу дыдэу тет бзитхум ящыщщ адыгэбзэр. Ауэ ар жи1э хъунущ мы адыгэм . Мыпхуэдэ бзэ дахэк1э тха усэр къызэгуры1уэм и насыпщ. И насыпщ и анэм ибзэри и анэм и псэри зэхещ1ык1ри .

Щыху къэск1э езым и Дуней еплъык1э я1эжыну хуитщ . Сэ къызэрысщыхъумк1э , мы усэ закъуэм ф1эк1а имытхами 1ут1ыж Борис ф1ыуэ слъагъунт. Хэкум бэракъ хуа1этмэ ,анэ псоми мы усэр яхуэп1эт хъунущ.

Ат1э ди гупсысэхэр къызыщ 1 эдвгъэкъуэжыт .

Сыытк 1 э лъап 1 э анэ лъагъуныгъэр ц 1 ыхум и гъащ 1 эм?

Сэ сызэригугъэмк1э анэ гулъытэмрэ 1эф1ымрэ щ1ап1ык1а ц1ыхум и хэкуми щ1асэми пщ1э лей хуищ1ынущ. Псалъэжьым зэрыжи1эщи «Хэкум емык1у къылъысмэ ,. псэр умылъытэу къыщыж.»

Сэри абы щ1ызгъунт. Сэ сы-Тыргъэтауэщ. Илъэс 2500 ипэк1э си хэкум щхьэузыхь зыхуэсщ1ащ. Сыхуейт нобэрей щ1эблэм хэкум лъагъуныгъэ узыншэ хуэфщ1ыну , адыгэм ди жьэгу маф1эр зыхэвмыгъэк 1 ыжыну.

Тыргъэтауэ, уэ уи щапхъэм тету зи гъащ 1 эр зыта ц1ыхущ 1ут1ыжым балладэ зыхуитха Щоджэнц1ык1у Алии. Псэр зэритыным шэч къытезымыхьэ усак1уэр псэхэхым зэрелъэ1ур зыщ:

« Зэ закъуэ дыгъэм и нур хуабэр Мы си пкъым тегъэпсэж Зэ закъуэ анэм и 1э щабэр Си нат1эм къытелъхьэж, Адыгэ лъахэу хэку щ1эращ1эм Си нит1ыр 1угъэплъэж. Насып уэрэдк1э си лъэпкъ мащ1эм Гур зэ хуэгъэусэж.»

Мыпхуэдэ гурыщ1эщ усак1уэм и уэрэдыр уахътыншэ зыщ lap.

Хэку лъагъуныгъэм и хьэтырк1э ц1ыхум хузэф1эк1ыр , щалъхуа щ1ыналъэм хуи1э лъагъуныгъэр нэхъри псэк1э щызэхищДэр , ар абы пэ1эщ1э хъуа нэужьщ. Къуалэбзурэ пэт ди хэкум гъатхэу ,

дунейм и щ1эрэщ!эгъуэм къолъэтэж. Ауэ хьэжрэту дунейжьым щикъухьа и бынхэм къыщагъэзэжынум лъахэ анэр пэплъэурэ , илъэси 140-рэ дэк1ащ. Ди хэкум исхэми хэхэсхэми адыгэ псоми зы зытщ1ын щхьэк1э 1ущыгъэ зэрытхэлъынум къыхуезыджэ сонет и1эщ 1ут1ыж Борис.

Сонет. 1 уащхьэмахуэ.2003 № 6 .напэ 65(1.3)

 Сыту хуабжьу тхыдэм ущыпсэхэк1уадэт Ди лъэпкъ нобэ псомк1и щэджэщэн хуея. Кхъэхалъэншэщ. жа1э, зи псэ хым хэк1уадэр,-Уэ зэгуэр хы лъащ1эр псэхэмк1э псеящ. Ф1ыкъым тхыдэтегъэр, ауэ нэгу щ1эк1ахэм Дере хэзымых лъэпкъыр к1уэуэрэ- мэк1уэд... Адыгэ жылак1эу дунейм щикъухьахэм Дэ къытщ1оджэ нобэ л1ыхъужьыпсэ куэд: «Маржэ хъужыхэнхэ , зыхэвгьэлъ ди л1ыгъэр! Ауэ л1ыгъэм япэ ирырещ 1ущыгъэр!»

Ди блэк1ар т1щ1эжу , ди къэк1уэнум щыуагъэ дэзымыгъэщ1ын 1ущыгъэу Борис зыщ1эхъуэпсыр , адыгэ лъэпкъым тхьэм къыдбгъэдилъхьэ.Адэ-анэм. хэкум папщ1э зи псэр зытыфыну ц1ыхум щ1эмыфыгъуэжу и щ1асэми щхьэузыфхь зыхуищ1ыфынущ. А гурыщ1эм ухуэзыхъумэ тхыгъэщ дэ иджы щ1эдджык1а 1ут1ыж Борис и «Мазагъуэ» трагедиер.

А гупсысэхэм щыхьэт тохъуэ е XVI- л1эщ1ыгьуэм Жаней хэкум и дзэпщ , тхьэмадэ Гъущ1ыпсэ кърымыдзэ- семэнхэм у1эгьэ ящ1ауэ и псэм еджэу здытелъым , къитыжа уэсятыр, илъэс дэк1ауэ, ипхъу Мазагъуи гухэлъ ищ1ахэр.

Мазагъуэ щыщ пычыгъуэ ягъэлъагъуэ.

Хэку лъагъуныгъэр тенджызу . шДасэм хуа!э лъагъуныгьэр тк1уэпсу къызыщыхъу л1ыхъужьхэм я псалъэмакъ дедэ1уащ. Сыт хуэдэ гупсысэхэм фыхуаша . мы теплъэгъуэмрэ езы драмэмрэ?

Жанэ Мусарбиевнэ , мыпхуэдиз жыт1ам зыри къимык1ыу ара?

Сыт, Назир, узэрымыарэзыр?

Хэку лъагъуныгъэр ц1ыхум и дежк1э лъап1эу жыдо1э , иджыпету ита л1ыхъужьхэми абык1э тхьэ ща1уэж. Сыт-т1э, Мазагъуэ Жамболэт щхьэк1э и псэр щ1итыр? Къызэрыщ1эк1амк1э , и адэми хэкуми нэхъапэ ирегъэщ абы и лъагъуныгъэр.

Кхъы1э сэ езгъэт абы жэуап. И адэм и уэсятыр езым нэхърэ нэхъыф1у Жамболэт хуэгъэзэщ1эну , хэкур нэхъ лъэщу хуэхъумэну егупсыса къыщ1эк1ынщ Мазагъуэ. Жамболэт яук1амэ , езы ц1ыхубз пкъы махэм мащ1эт хузэф1эк1ынур.

Сэри жыс1э хъуну? Мазагъуэ и пкъы махэр зэкъым хэку лъагъуныгъэм щхьэузьгхь зэрыхуищ1ар. Мы трагедием сыщеджэм , сэ т1эк1у сигъэгубжьат ар Темболэт дэк1уэну арэзы зэрыхъуам щхьэк1э, ауэ абы ф1ыуэ илъагъу Жамболэт итауэ игугъа уэсятыр игъэзэщ1эну хэтауэ аращ. Лъагъуныгъэк1э гъэнщ1а и гур зэрышДалэу Жамболэт ейщ, гущ1эгъуншэу жьыгъэм теплъаджэ ищ1ыф пкъыращ абы жагъуэл! Темболэт къыхуигъэнэну и гугъэр.

Сэ сызэреплъымк1э ц1ыхум хэкум хуи1эн хуей лъагъуныгъэр нэхъыбэу къызэпкърык1ыр акъылымрэ хьэкъымрэщ. Щ1асэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъыбэу зыдэушэр гуращ. Акъылыр к1ыхьу мэгупсысэ. Ар гупсысэну зэман иримыту гур нэхъ щ1эх поджэж гъащ1э архъуанэм и к1эрахъуэм.

Абык1э сэри сыарэзыщ. Нэхъ жэр дыдэу дунейм тетыр ц1ыхугуращ. Сэ сигум хэлъ Жамболэт щаук1ым , акъыльш япэ сигур къэсащ, бзылъхугъэ си пкъы махэри къыздихьри . Ауэ сэ си ф1эщ мэхъу си лъагъуныгъэм Жамболэт хэкум хуи1э лъагъуныгъэ маф1эр нэхъ иныжу зыщ1игъэнэну, си адэми сэри ди хъуапсап1эхэр нэрылъагъу ищ1ыну.

Абы шэч къытозымыгъэхьэн тхьэлъанэ пхуэсщ1ащ сэ Мазагъуэ!

Фи псалъэмакъымк1э къызгуры1уащ сэ «Мазагъуэ» трагедием фи гур зэригъэп1ейтеяр. Ди гъащ!эм мы Туэхугъуэхэр етпхыжмэ . сыт хуэдэ гупсысэм дыхуэк1уэнт?

Адэ-анэр хэкур тхъмэну , къару лей къытхэзылъхьэ , псэр зыдэщ1эращ1э гурыщ1эщ ф 1 ылъагъуныгъхэр.

Апхуэдэ гупсысэм «Мазагъуэ» драмэм имызакъуэу ущрохьэл1э 1ут1ыж Борис и «Адэжь лъапсэ» гъэпсыгъэм.

Тхьэ иным псори къигъэщ1ащ .

Мо уэгури , щ1ыгури , якум дэлъри.

Къару мык1уэщ1и къыдитащ

Ф1ы къытхуишэнырт и гухэлъри .

А къару ину мы Дуней

Тхьэм иухуар зытезы1ыгъэр

Зэреджэр псалъэ дахэк1ей

А гумм щьщгъаф1эрщ «Лъагъуныгъэ!»

Зэи апхуэдэу и щхьэр течауэ ди литературэм къыщымыгъэлъэгъуа а гурыщ1эр щегъаф1э 1ут1ыж Борис и «Гущ1агъщ1элъхэр» тхылъми . Псэр зьщэщ1эращ1э гурыщ1э къабзэм и гупсысэхэр Дахэнагъуэ и образымк1э къигъэлъэгъуащ . А ц1ыхубз дахащэм иригъэлеинк1э темышыныхьу, щытхъу хуигъэшыр ф1эмащ1эу усак1уэм хипщащ дахагъэр, щабагъэр, хуабагъэр, гуапагъэр, 1ущабагъэр, къабзагъэр; хуэмыухыжыххэр абы и теплъэрщ- ар псысэщ , мазэщ, дыгъэщ.

Сыт зищ 1 ысыр гъащ 1 эр?

Гъащ1эр ар ц1ыхугъэщ

Армэ, иугъащ1э къэдгъэшД лъагъуныгъэр.

Зэщ1опщ1ыпщ1э пщэдджыжь уасэпс лъагъуэр, Дыгъэ бзий пшынэбзэхэр мэзу Лъагъуныгъэм и уарэд абрагъуэщ Мы дунейри псэк1э дегъэжьу.

Аргуэру уи нэр къысхуолыд Аргуэру си 1 эр уэ уоубыд

Сыбошэ губгъуэ къэгъэгъам Уо1эзэ сигу уэ быу1ам.

Лъагъуныгъэр гухэм я гъэрып1э-тхъап1эщ, Мы дунейм щымыщу хащ1ыхьа хэщ1 ап!эщ.

Сэ си гур шык1эпшынэщ, Уэ уы пшынауэ 1 эзэщ, Уэрэдым я нэхъ дахэр Щаусыр гухэлъ лъахэрщ.

Ди дерсыр.

Анэм худи 1э лъагъуныгъэр бгыщхьэ хужьым къыщежьэ псынэпс къабзэщ. Хэку лъагъуныгъэр тенджызщ- ф 1 ылъагъуныгъэр тенджызыр зымыгъэгъущ!, псы ежэх гуак1уэщ. Апхуэдэ лъагъуныгъэхэрщ дунейм къытехьа ц1ыхуми и псэр зыдэщ1эращ1эр. Дунейпсо адыгэ хасэм и вице-президент. КъБР и ц1ыхубэ тхак1уэ , Урысей Федерацэм щэнхабзэмкЬ щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ . «Ьащхьэиахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ- 1ут1ыж Борис и анэ къэзылъхуам , и хэку 1уэдыщэм , ф1ылъагъуныгъэ- Дахэнагъуэм зи псэр щЬзытыфыну ц1ыхущ . абыхэм яхуи1э лъагъуныгьэм абы и псэр дэмыщ1эращ1эмэ. зы ц1ыху изакъуэ апхуэдиз зэф1эк! иЬнтэкъым . А ц1ыху зэчийлыр , лъэпкъыл1 щэджащэр нобэ дэ хьэщ1э лъап1эщ. Борис! Кхъы1э хуитдыкъэщ1 зыпхуэдгъэзэну.

Сэ си анэшхуэр къур1эн йоджэ ,абы куэдрэ жи1эу зэхызох: «зыгуэр уэ ф1ыуэ плъагъумэ , е умылъагъумэ, зыгуэрым уигъэп1ейтеймэ , е гупсэхугъуэ къуитмэ, зыгуэрым уигъэдыхьэшхмэ, е уигъагъмэ абы щыгъуэ уэ уыц1ыхущ» жи1эу.

Апхуэдизу ди гур зыгъэп1ейтея гурыщ1эхэр , адыгэбзэ дахэмк1э зыгъэшэрыуэ 1ут1ыж Борис , хьэрфышхуэк 1 э ятх «Ц1 ыху» ц 1 э лъап 1 эр гъащ 1 эм и гъуэгуанэ мытыншым куэдрэ щызезыхьэн тхьэм уищ1.

Дунейм дахагъэу тетыр къэзыщыпыфу псэ къабзэ зи1э 1ут1ыж Борис, 1уданэ телъыджэк1э уи гупсысэм къытепшурэ зэ1ущ1а уи тхыгъэ дахэхэр вагъуэпэбжрэ уахътыншэ ухъу.

А

дыгэбзэм, адыгэпсэм и лъащ1эр зыгъэ1урыщ1эф уэ уи гур зэхуэпхъэм я нэхъ пажэхэм уи 1эр лъэ1эсу, апхуэдэ гухэхъуэрэ хуитыныгъэ нэсрэ тхьэм къуит .

Зи нэхъуэпск1 къызыщ1имыхыжу 1эдэж ящ 1а усак1уэхэм пэ1эщ1э тхьэм уищ1.

Нэхъ хъуэпсап1э ин дыдэу уи «Гущ1агъщ1элъхэм» и 1уащхьэр къохъл1эну.

Щ1 агъыбзэ щ 1 эмылъу.

Мып1аск1уэу.

Мып1астхъэу.

Гуапэрэ гуапэу.

Щабэрэ щабэу.

У и 1эр тхьэм зыригъак1уэ ф1эк1а умыщ1эу утхэну, утхэну, утхэну.

Тхьэм къыпхузэпищэ.

Тхьэм жи!э.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Конспект урока внеклассного чтения для 11 класса Тема: Жизнь богата человеком (по рассказу Бориса Екимова «Возвращение»)

Тема:Жизнь богата человеком (по рассказу Бориса Екимова «Возвращение»).Тип урока:урок-беседа.Цели: - выявление художественного мастерства и нравственной проблематики рассказа;-формирование умени...

Урок по теме: «Народ и власть». (По трагедии А.С.Пушкина «Борис Годунов», одноименной опере М. Т.Мусоргского и «Истории государства Российского» Н.М.Карамзина).

Цели урока:прививать учащимся навыки сопоставительного анализа произведений разных видов искусства; совершенствовать умение работать по группам; развивать речь учащихся, умение конспектировать....

Внутренняя и внешняя политика Бориса Годунова

Конспект урока в 7классе по теме"Внутренняя и внешняя политика Бориса Годунова"...

Презентация "Правление Бориса Годунова"

Данная презентация будет полезна учителям коррекционных школ VIII вида. Материал составлен по учебнику Б. П. Пузанова, О. И. Бородиной. История России: для 8 кл. специальных (коррекционных) образовате...

Борис Ельцин на фоне истории своей страны

Данная презентация была подготовлена к юбилею первого президента России....

Урок литературы в 8 классе "Отрывок из "Бориса Годунова"

Урок литературы в 8 классе "Отрывок из "Бориса Годунова"  (презентация на три урока). Программа Т.Ф.Курдюмовой. Музыкальные файлы - приложение к презентации....