План конспект урока "Отчий дом"
план-конспект занятия (5 класс)

Разработка урока

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл plan-konspekt.docx24.31 КБ

Предварительный просмотр:

Урок кабардинской литературы с использованием ИКТ в 5 классе Темэр: Зауэм зеиншэ ищIа сабийхэм ятелъа бэлыхьыр Журт Биберд и«Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.

Егъэджак1уэр- Къалмыкъ Д.Х.

Мурадхэр: Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын. Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм пщIэ хуащIыфу, ар яхъумэным хущIэкъуу егъэсэн.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр: компьютернэ презентацэ, тхакIуэм и сурэт, зауэм теухуа тхылъхэм я выставкэ.

Урокым и екIуэкIыкIэнур. 1. ЕджакIуэхэр урокым хуэгъэхьэзырын. Урокым классым ялэжьыну лэжьыгъэхэр убзыхуауэ еджак1уэхэм я пащхьэ илъхьэн.

Егъ. Нобэ литературэ урокым дэ дытепсэлъыхьынущ ди унэ лэжьыгъэм. Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказымк1э дигу къэдгъэк1ыжынущ нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэм хьэк1экхъуэк1агъэу Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ялэжьахэм, ди ц1ыхухэм а зэманым 1ущагъэрэ л1ыгъэу къагъэлъэгъуам.

I. Литературнэ лэжьыгъэ дакъикъэ. #1057;ыт хуэдэ тхыгъэхэм щыщ мы сатырхэр? Хэт тхыгъэр зытхар? 1) « Бэгъудзэ, уи жагъуэ умыщ1, зыри къызгуры1уэкъым. Сэ апхуэдэу балигъ сыхъуакъым, къуажэр си 1эмыщ1э илъыну…» (Махъсидэ З. «Хьисэ и махуэ блэк1ахэр»). 2) «Зауэл1 фащэр ек1уу щыгъыу, Адыгэл1у шыбгъэм исщ. Джатэ 1эпщэр мес и1ыгъыу Ар зауап1эм хахуэу 1утщ». (Хьэхъундокъуэ Р. «Аузым и уэрэд») Мы дакъикъэхэм ц1ыхуит1-щым литературнэ кроссвордхэр ящ1.

Егъ. Сэ иджыпсту ролик фэзгъэлъагъунущи феплъыт. (Зауэм теухуаролик кIэщI йоплъхэр). ЦIыкIухэ, мы иджыпсту дызэплъаркъыщыхъуар сыт хуэдэ зэман?

Едж. Хэку зауэшхуэм и зэманырщ.

Егъ. Пэж дыдэщ, хэку зауэшхуэм и зэманырщ. НтIэ мыпхуэдэ зыупщIэ фхузиIэщ. Пэжщ, фэ иджыри тхыдэм фIыуэ фыщыгъуазэкъым, ауэ псоми фщIэуэ къысщохъу. Сыт хуэдэ гъэм Хэку зауэшхуэм щыщIидзар ик1и сыт хуэдэ гъэм увыIа - тIэ зауэр? Едж. Июным и 22-м I94I гъэм, махуэр тхьэмахуэ махуэу щIидзащ зауэм, Майм и 9-м I945 гъэм увыIащ. Зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс блыщIрэ зы мэхъу.

Егъ. Пэжщ. Упсэу. НетIэ дызэплъа фильмым сыт хуэдэ гупсысэм фыхуишэрэ?

Едж. Зауэр сыт щыгъуи зэрынасыпыншагъэм, бэлыхьрэ хьэзабу абыкъишэр зыхуэдэм, абы и кIэри и пэри хьэдагъэу зэрыщытым. (квантование)

Егъ. ГурыIуэгъуэщ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр, ауэ фэ дауэ къыфщыхъурэ, зауэм и кIэри щхьэ хьэдагъэ?

Едж. Зауэм щыщIидзэм деж псори зауэм макIуэхэр, Iэщэ яIыгъыу, хэкIуэдэнум и бжыгъэр къыпхуэщIэнукъым. Аращ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр. Зауэр иуха нэужь псэууэ къэнахэр къокIуэж, ар гуфIэгъуэшхуэщ, ауэ зэи къэмыкIуэжынухэм я Iыхьлыхэм дежкIэ етIуанэ хьэдагъэщ.

Егъ. Упсэу. Пэж дыдэщ.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы рассказым фыщеджэм щыгъуэ къывгурымыIуа псалъэ къыхэкIауэ пIэрэт?

Едж. Сэ срихьэлIащ псалъиплI. Ахэр гуэншэрыкъ, цей, хуэзэж техауэ, фэIуадзэ псалъэхэрщ. Мамэ сеупщIати зищIысыр имыщIэу жиIащ. Словарнэ лэжьыгъэ.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы псалъэхэм е хьэпшыпхэм фрихьэлIэрэ?

Едж. Хьэуэ, дрихьэлIэркъым.

Егъ. Сытым къыхэкIауэ къыфщыхъурэ ар?

Едж. Ахэр къагъэсэбэпыжыркъыми зэреджэхэр тщIэжыркъым.

Ахэр жьы хъуахэщ.

Егъ. Пэжщ. Ахэр жьы хъуащ, абыхэм я пIэкIэ нэгъуэщI хьэпшыпхэр къежьащ. А къэдмыгъэсэбэпыжхэм я гъусэу я цIэхэри кIуэдыжащ. АтIэ сыт хуэдэ хьэпшыпхэр къежьауэ пIэрэ мы кIуэдыжа хьэпшыпхэм я пIэкIэ?

Едж. Цейм и пIэкIэ цыджанэ, кIэстум хуэдэхэр къежьащ, гуэншэрыкъым и пIэкIэ - вакъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ахэр IэкIэ ящIыжыркъыми хуэзэж трахыжыркъым, фэри фэIуадзэкIэ ягъэщэбэжыркъым, абы и пIэкIэ заводышхуэхэр ящIащ.

Егъ. АдэкIэ докIуэ. Мы слайдым ит псалъэхэр тэмэму зэкIэлъыфхьи псалъэуха къахэфщIыкIыт. Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и, благъэжьрэ, и. Iэпэгъум, зи, гъунэгъу зи, и, насыпщ. Пэт, и, ибгынэркъым, хьэрэ, къуажэ. Гуауэр, пщегъэгъупщэ, дахэм, псалъэ. Егъ. Мы псалъэуха къыхэфщIыкIахэр сыт зищIысыр?

Едж. Ахэр псалъэжьхэщ.

Егъ. Тэмэм дыдэщ. Сыт псалъэжьхэм къыдагъащIэр?

Едж. Ахэм дагъасэ, даущий, цIыху хэтыкIэ, дуней тетыкIэ тщIэуэ дыкъэхъунымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.

Егъ. РассказымкIэ дгъэзэжынщ. Хьэжсуф цIыкIу анэшым яшэжыныр къызыхэкIар сыт?

Едж. И адэр зауэм хэкIуэдауэ хъыбар къаIэрыхьа нэужь, и анэм, нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ, жиIэри и дыщым ишэжащ.

Егъ. Дауэ къыщыхъуа Хьэжсуф цIыкIу и анэшым зэрашэжыр, фIэфIу кIуэжа, хьэмэрэ хуэмейуэ ялъэфа?

Едж. Япэ щIыкIэ, щIашэр къыщыгурымыIуэм, гуфIэжу жэри шыгум итIысхьэри кIуащ, ауэ псори къыгурыIуа иужькIэ къэкIуэсэжурэ гугъу иригъэхьащ.

Егъ. Хьэблэм дауэ къащыхъуа Маржынэт ищIар?

Едж. Маржынэт и дыщым зэрыкIуэжар хьэблэм дэсхэм ягу къеуащ. Псом хуэмыдэу я жагъуэ хъуащ, си дыщым нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ жызоIэ си щIалэ цIыкIур, зэрыжиIар?

Егъ. ЦIыкIухэ, нетIэ къыхэфщIыкIа псалъэжьхэм мыпхуэдэ яхэтщ «Хьэрэ пэт и къуажэ ибгынэркъым». А псалъэжьыр зыхуэпхь хъуну щIыпIэр къэвгъуэти фыкъеджэт.

Едж. Пэжу, хьэр гъунэгъу лIыжьым ишат….абзацыр. (Тхылъымк1э гъэлэжьэн)

Егъ. Хьэжсуф зэи тIэуи къэкIуэсэжащ. Щыдашыжым дауэ дэкIыжа ар?

Едж. Ар анэшым кIуэжыну хуейтэкъым. Дашыжыху къэс гъуэгыу и анэм илъэфыжырт ар.

Егъ. Апхуэдэ щытыкIэм Хьэжсуф цIыкIу изыгъэувар сыт? Дебатхэр Едж. Сэ къысщохъу мы щытыкIэм Хьэжсуф изыгъэувар и анэрауэ. Абы хуэмейуэ щIалэ цIыкIур залымыгъэкIэ и дыщым ишащ.

Едж. Сэ абы жиIамкIэ сыарэзыкъым. А псори зи лажьэр зауэрщ. Ар мыхъуамэ ахэр унагъуэ насыпыфIэу зэдэпсэунут. (дебатхэр)

Егъ. Пэжщ. Мы рассказым фыкъыщеджэм гу лъывмытауэ пIэрэ иджы щIагъуэу мыхьэнэ зрамытыж адыгэ хабзэ къыхэщу. Сыт хуэдэ хабзэт ар?

Едж. Ар зи быдзышэ зэIурылъ цIыхухэр зы анэм къилъхуам хуэдэуфIыуэ зэрылъагъуу, абы пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытырт.

Егъ. А хабзэр лIыжьым игу къэзыгъэкIыжар сыт?

Едж. ЛIыжьым зэи и тхьэкIумэм икIыртэкъым щIалэ цIыкIум и гъы макъыр. Уэ сомыгъашэ мыгъуэ, дадэ. Уэ сыкIуэну мыгъуэкъым, дадэ. Мы псалъэхэм лIыжьыр жэщкIэ ягъэжейртэкъым. КIуэуэ къишэжынути благъагъэкIэ къыгухьэртэкъым. Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэр? а) Адыгэ хабзэ б) Ц1ыхугъэ Адыгэ хабзэ – этикет Адыгэ хабзэр – ар хэкущ, хабзэщ, щэн хабзэщ. Ц1ыхугъэ – ар хьэтыр, псапэ, гущ1эгъу, гулъытэ, гукъэк1, зэхэщ1ык1, ф1ыщ1э. Мы 1уэхугъуэхэм адыгэм и гъащ1эм ща1э мыхьэнэхэм тепсэлъыхьын. Егъ. Псалъэжьхэм дащытепсэлъыхьым нетIэ «Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ» жытIащ. Сыт абы къикIыр?

Едж. Зи гъунэгъу фIыуэ зыхущытым и насыпщ, гъунэгъуфI уиIэм хуэдэ щыIэкъым жиIэу аращ. Абы и щапхъэщ Хьэжсуф цIыкIу и гъунэгъухэр. Зэгъэпщэныгъэхэр, фразеологизмхэр

Егъ. Иджыри зэ рассказым зыхуэдгъэзэжынщ. Мы рассказыр Журт Биберд щитхым къэпсэлъыкIэ къызэрыгуэкI мыхъуу худ. изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпащ. Сыт хуэдэхэм фыщрихьэлIауэ пIэрэ мыбы?

Едж. Мы рассказым хэтщ зэгъэпщэныгъэхэр (мэл хьэпIатIэу зыкIэриукIауэ, нэ сабафэхэр), фразеологизмхэр (нэр тедияуэ, игу къутауэ, н)

Егъ. Упсэу, ф1ы дыдэу къэбгъуэтащ. Рассказыр зэпкърытхын щыщIэддзэми абы и ужькIи жытIащ псомкIи къуаншэр зауэрауэ. Зауэм куэд насыпыншэ, зеиншэ ищIащ. Сэри сыарэзыщ абыкIэ. Сыт-тIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэр?

Едж. Сэ сызэригугъэмкIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэщ мамырыгъэр. Мамырыгъэр щыIэмэ, цIыхухэр хуиту псэунущ, лэжьэнущ, еджэнущ. Сыт щыIэ – тIэ абы нэхърэ нэхъыфI? Синквейн

Егъ. Мамырыгъэ псалъэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи синквейн дывгъэщIыт.

Едж. Мамырыгъэ Уардэ, бжьыфIэ Дыкъехъумэ, дегъэгушхуэ, дегъафIэ. Мамырыгъэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Хуитыныгъэ.

Едж. Мир Гармоничный ,прекрасный Не стоит, Движется ,Растет Нет лучше мира на земле Добро.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы дунейм мамырыгъэр фIыуэ зылъагъу псоми зэдащIэу абы дамыгъэ иIэщ. Сыт хуэдэ псэущхьэу пIэрэ ар?

Едж. Ар тхьэрыкъуэщ. Сэ куэдрэ зэхызох «Голубь мира», «Мамырыгъэм и тхьэрыкъуэ» жаIэу.

Егъ. ИIэт, цIыкIухэ, зэдвгъэгъапщэт мы доскам щыфлъагъу сурэтитIыр. (Зым итщ мамырыгъэм и дамыгъэ тхьэрыкъуэ цIыкIум къилъэтыхьу, адрейм итщ зауэ щекIуэкI щIыпIэ, сэлэтхэм Iэщэ яIыгъщ). Дэтхэнэр нэхъ хъуэпсэгъуэ?

Едж. ДауикI, тхьэрыкъуэ цIыкIу зэрытырщ. А сурэтым деж уафэр къащхъуэщ, дунейр дахэщ, тхьэрыкъуэ цIыкIум мамыру къелъэтыхь. Адрейм деж зауэлIхэр Iэщэхэр яIыгъыу зауэм Iутщ.ЗауэлIхэр ешахэщ, я нэгухэр зэхэуфащ. Дунейри абыхэм ещхьу уфащ. Хэт зауэ хуейр? (Зэгъэпщэныгъэ)

Егъ. Пэж дыдэщ. Мамырыгъэр дыщи1эм деж тхьэрыкъуэ ц1ык1ум мамыру къилъэтыхьым и закъуэкъым, ат1э слайдым зэритым хуэдэу ди дыгъэ ц1ык1ури уафэм къытхуогуф1эх. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэр иухами, ди щIыналъэм зауэ щемыкIуэкIми, иджыри апхуэдэ щIыпIэхэр щыIэщ Рефлексие.

Егъ. ЦIыкIухэ, дэ нобэ фIы дыдэу зэпкърытхащ «Адэ лъапсэжь» рассказыр Сыт нэхъ фигу ирихьауэ мы рассказым хэлъыр.

Едж. Сэ сигу ирихьащ Хьэжсуф цIыкIу и адэ лъапсэр, зыхэса хьэблэр, лъэпкъыр игу пымыкIыу къызэригъэзэжар.

Егъ. Дауэ къыпщыхъурэ, уэ пхузэфIэкIынут Хьэжсуф цIыкIу хузэфIэкIар? Мы рассказым къызэрыхэщымкIэ, ар уи ныбжьщ.

Едж. А зэманым сыпсэуамэ, сщIэртэкъым схузэфIэкIынуми, ауэ иджы зэманым схузэфIэкIынутэкъым.

Егъ. ФымыщIэ гуэр щIэуэ къэфщIауэ пIэрэ?

Едж. Сэ къэсщIащ сыт хуэдэ тхъэгъуэ нэгъуэщI щIыпIэ къыщыппэмыплъэми, уи адэ лъапсэжь, уи къуажэжь, уи лъэпкъ нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр.

Едж. Сэ жьы хъууэ кIуэдыжа псалъэхэри ахэр жьы хъууэ бзэм щIыхэкIуэдыкIри къэсщIащ.

Егъ. Иджыри сыт къэфщIамэ арэзы фыхъунут?

Едж. Зауэм, мамырыгъэм теухуа тхыгъэхэм нэхъыбэу седжэну сыхуейт.

Егъ. (сабий къэс я пащхьэ смайлик ц1ык1у щырыщ илъщ) Иджы псори фи пащхьэм илъ смайлик ц1ык1ухэм феплъыт. Ахэр зыри зэщхькъым, зыр мэгуф1э, зыр хогупсысыхь, зыр нэщхъыцэщ. Сэ нобэ урокыр къызгуры1уащ жызы1эм смайлик гуф1эр къе1эт, псори къызгуры1уакъым жызы1эр хэгупсысыхьауэ щытыр къе1эт. Зыри къызыгурымы1уам нэщхъыцэр къе1эт.

Едж. Смайликхэр къа1эт

Егъ. Псори фIы дыдэщ. Пэжщ, цIыкIухэ, нетIэ жыфIар. Зауэ къэмыхъун щхьэкIэ балигъри сабийри тхузэфIэкI псомкIи дапэщIэтын хуейщ зауэщIэкъухэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэхэр куэдщ. Апхуэдэхэрщ зи зэранри Украинэм щекIуэкI зауэр. Дэ иджыкIэ дыкъахъумэ ди къэрал унафэщIхэм, дяпэкIи дащыгугъынщ, зауэм дыщахъумэну. Ди урокым и кIэухыу Гъубжокъуэ Лиуан и усэ псалъэкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт. ЩIэблэр топ уэ макъым зыкIи хуейкъым, Къыхэмыщту ахэр ирежей. ЩIыми, псыми, уэгуми фыщызекIуэ, Зауэ гъуэгур къыхэвмых къудей. Унэ лэжьыгъэр етын. Езыхэр зыхуей кIэухыр рассказым иратын.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

План-конспект урока "Планы на будущее"

План конспект урока по английскому языку. Класс:5Тема:Планы на будущееУчитель: Фролова Татьяна ВикторовнаУчебник: «Enjoy English » 5-6 классы. (Биболетова М.З., Трубанева Н.Н.).Цели:Уч...

ПЛАН – КОНСПЕКТ Открытого занятия отделения спортивного туризма по теме: «ПЛАНЫ И КАРТЫ, ПОНЯТИЕ О МАСШТАБЕ» с учащимися группы НП-2. Тренер-преподаватель Контора Андрей Владимирович

Дата проведения: 18 СЕНТЯБРЯ 2012 г. Время проведения: 12-20 – 13-50 Место проведения: МБОУ СОШ № 18 Вид труда: теоретическое/практическое занятие (работа с картами). Тема за...

ПЛАН-КОНСПЕКТ УРОКА План-конспект урока в 11 классе «Фотоэффект. Применение фотоэффекта.»

Урок с использованием  ЭОР. В изучении нового материала используется информационный модуль  "Фотоэффект" для базового уровня старшей школы.  В практический модуль входи...

План- конспект урока по теме "План и карта" для 6 класса

План- конспект урока  обобщающего повторения по теме "План и карта" для 6 класса...

План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча» План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча»

Цель урока: Развитие новых умений и навыков при игре в баскетбол, воспитание  дисциплинированности.Задачи урока: 1. Совершенствование  техники выполнения  передачи  мяча ...

План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча» План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча»

План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча» План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Б...

План-конспект урока изобразительного искусства 5 класс. Тема:(Конструкция и декор предметов народного быта. Русская прялка) План-конспект урока изобразительного искусства 6 класс. Тема:(Линия и пятно в графике. Стилизация животных)

План-конспект урока изобразительного искусства 5 класс. Тема:(Конструкция и декор предметов народного быта. Русская прялка)План-конспект урока изобразительного искусства 6 класс. Тема:(Линия и пятно в...