Антонимы
методическая разработка (5 класс) на тему

Тхашугоева Арина Аскербиевна

Театрализованный урок кабардинского языка в 5 классе

Скачать:

ВложениеРазмер
Microsoft Office document icon antonimher.doc64.5 КБ

Предварительный просмотр:

Адыгэбзэ

5 « А » класс

Антонимхэр

( театрализованнэ урок)

        

        

Мурадхэр:        1. Псалъэм и мыхьэнэм теухуауэ ящ1эм хэгъэхъуэн.

                2. Антонимхэм бзэр шэрыуэ, къулей зэращ1ым гу лъегъэтэн.

                3. Теплъэгъуэхэр ягъэзащ1эк1эрэ я бзэм зегъэужьын.

                4. Ф1ы лэжьыным, хьэл-щэн дахэ зыхалъхьэным хуэущиин.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: таблицэхэр, сурэтхэр, ребусхэр.

Урокым и ек1уэк1ык1эр

  1. Урокым и щ1эдзап1эр

Егъэджак1уэм: Фи пщэдджыжь ф1ыуэ! Си гуапэу хъыбар фызогъащ1э, нобэ ди хьэщ1эщ театр-дадэр.

Шекспир зэгуэрым жи1эгъащ:

«Дунейр – театрщ зэрыщыту».

Ауэ и пщ1ыхьи къыхэхуакъым,

Урокыр дэ театр тщ1ыну.

Артистхэр нобэ щ1алэ дыдэщ,

Утыку къихьэнк1и къимык1уэт.

Къик1ащи ахэр 1уэры1уатэм,

Къыдэхъуэпсэнт Шекспир ищ1атэм.

Театр-дадэм: 1уэры1уатэм жып1а?! Хуабжьу гъэщ1эгъуэнщ! И1эт псынщ1эу зыкъэзывгъэц1ыхут, фи мурадхэм щыгъуазэ сыфщ1ыт!

Еджак1уэхэм зыкърагъэц1ыху:

Сэ сы – Сэтэнейщ                        Сэ сы – Сосрыкъуэщ

Сэ сы – Мэлэчыпхъущ                        Сэ сы – Бэдынокъуэщ

Сэ сы – Дахэнагъуэщ                        Сэ сы – Ашэмэзщ

Сэ сы – Хьэцацэщ                        Сэ сы – Батрэзщ

Сэ сы – Щхьэцф1ыц1эщ                Сэ сы – Лъэпщщ

Сэ сы – Уэрсэр-нанэщ                        Сэ сы – Уэзырмэсщ

Сэ сы – 1эдиихущ                        Сэ сы – Щэуейщ

Уэзырмэс: Щыгъын ф1эдзап1эм къыщыщ1идзэу жа1э театрым! Дэ ар адыгэбзэ урокым къызэрыщыщ1идзэр уи ф1эщ тщ1ыну дыхуейщ.

Сэтэней: Псалъэм къик1ыр умыщ1эмэ, омонимхэм, синонимхэм ущымыгъуазэмэ, сыти уи театр?! Утыкуи укъихьэфынукъым, укъихьак1и, шэрыуэу упсэлъэфынукъым.

Лъэпщ: Гъущ1ыр бгъэплъмэ, къэбгъэш мэхъу! Псалъэм и мыхьэнэр ф1ыуэ пщ1эмэ, уи бзэр къулей мэхъу!

Хьэцацэ:         Артист дыхъуну дэ дыхуейщ,

                Антонимхэри дызыхуейщ.

                1ейри пц1ыри 1эщ1ыб тщ1ынщ,

                Ф1ырэ пэжрэ 1эпэгъу тщ1ынщ.

  1. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

Егъэджак1уэм:         Мурадхэм дыхуишэнущ

                        Унэ лэжьыгъэр къэпщытэным.

                        «Сатуущ1эмрэ щ1алэмрэ» теплъэгъуэм

                        Ди гуапэщ лъысмэ ди утыкур.

(Еджак1уэхэм ролк1э гуэшауэ «Сатуущ1эмрэ щ1алэмрэ» теплъэгъуэр къагъэлъагъуэ)

Езыгъэк1уэк1ым: Зы щ1алэ л1ыщ1ак1уэ ежьэри, шыхъуэм илъэск1э хуэл1ыщ1ащ.

Шыхъуэм: Мыр уи л1ыщ1апщ1эщ, дяпэк1и укъысхуэл1ыщ1эмэ, уи пщ1э стек1уэдэнкъым.

Щ1алэм: Шыхъуэм илъэсит1-щык1э сыхуэл1ыщ1эмэ, мылъку схуэхъунщ. Дыщэ сомыр унэ нэщ1ым къыщ1эзмынэу си гъунэгъум схуихъумэну селъэ1унщ (и гъунэгъум йолъэ1у)

  1. Дыщэ сом къэсл1ыщ1ащи, си хьэтыр къэплъагъумэ, къыпхуэзгъэнэнут, сэ иджыри зы илъэск1э сыл1ыщ1энут.

Гъунэгъум: 1ау, сэ къысхуумыгъанэмэ, хэт къыхуэбгъэнэн? Гъунэгъу щ1ыжа1эр апхуэдэ гуэркъэ. Къысхуэгъанэ, пхуэсхъумэнщ, укъыщыщ1эупщ1э, уэстыжынщ.

Езыгъэк1уэк1ым: Апхуэдэу щ1алэр илъэсит1и, илъэсищи шыхъуэм хуэл1ыщ1ащ, илъэс къэс дыщэ сом къритыр и гъунэгъум иригъэт1ылът.

Щ1алэм: Къэсл1ыщ1ар мылъку схуэхъунщ, сек1уэл1эжынщи, къэсшэнуми, и чэзу хъуащ (Щ1алэр къок1уэжри и гъунэгъум жре1э)

  1. Сыхуей хъуащи, дыщэр къызэптыжамэ, сыбгъэунат. Схуэпхъумащи, Тхьэр арэзы къыпхухъу.

Гъунэгъум: Сыт дыщэ? Сыт пхуэсхъумар? Дапщэщ къыщызэптар? Уи дыщэ сытеплъакъым, мыхъун жумы1э!

Щ1алэм: 1ау, зиунагъуэрэ, «дыщэр схуэхъумэ» щыбжес1эм «пхуэсхъумэнщ» жып1эри с1ыпхати.

Гъунэгъум: Сэ сыбгъэхъумэн дыщэ уи1э уэ? Дэнэ къыздипхар?

Щ1алэм: Сыл1ыщ1эурэ, илъэс къэс дыщэ сом къэзлэжьащ.

Гъунэгъум: Къэблэжьами хъарзынэщ, ауэ сэракъым зэбгъэхъумар. Зыгуэрым сыхэпгъэгъуэщащ!

Езыгъэк1уэк1ым: Сыт ищ1энт. Щ1алэм и щхьэр  къыф1эхуауэ гъунэгъум деж къыдэк1ыжащ. (Утыкум йок1ыжхэр)

Егъэджак1уэм: Гъунэгъуф1 и1эу жып1э хъуну щ1алэм? Сыт хуэдэ хьэл-щэн 1ей дэфлъэгъуа абы? (Еджак1уэхэм жэуап къат)

Доскам ит псалъэ зэпхахэр зэвгъапщэт:

дыщэ сом – ц1ыху дыщэ

  1. Дэтхэнэра «дыщэ» псалъэм и мыхьэнэ дыдэр къызэрык1ыр?
  2. Ц1ыху дыщэ» жи1эмэ дауэ къывгуры1уэрэ? (Еджак1уэхэм жэуап къат)

Театр-дадэм: Сыныфхоплъэри, сынывохъуапсэ! Сэ жьы сыхъуащ, ауэ фэ фыщ1алэщ, жьы къыщепщэри фщ1экъым. Фыпсэу ф1ымрэ 1еймрэ зэхэвгъэк1ыфу, пц1ым пэжыр тевгъак1уэу, фымынэпсейуэ, фыхьэлэлу. Фылъэщщ, фыкъарууф1эщ, фыбланэщ щ1эныгъэк1э!

Егъэджак1уэм: Уэри Тхьэм утхуигъэпсэу Театр-дадэ!

  1. Темэщ1эр егъэджын

Егъэджак1уэм: Хъуэхъу зэхэфхам щыщ псалъэхэр доскам ф1элъ 1упхъуэм и лъабжьэм итщ. Языныкъуэхэр 1упхъуэ хужьым, языныкъуэхэр – ф1ыц1эм. (Еджак1уэхэр кърегъаджэ)

ф1ы                        1ей

пэж                        пц1ы

хьэлэл                нэпсей

  1. Сыт хуэдэ щытык1эхарэ дэ тхэлъын хуейр? (Еджак1уэхэм жэуап къат)

Егъэджак1уэм антонимк1э зэджэр яжре1э.

  1. Ф1ымрэ 1еймрэ теухуа псалъэжьыр хэт дигу къигъэк1ыжын? (Доскам кърегъатхэ, антонимхэр щ1атхъэ)

  1. Темэщ1эр егъэбыдыл1эн

Еджак1уэм: Феда1уэт иджы Театр-дадэм фхуигъэхьэзыра хъыбарым.

Къэт1ыси шхэ

Зы щхьэхынэрэ зы лэжьэрейрэ зэдежьащ: «Зыгуэр къэдгъэхьэрычэтынщ», - жари. Гъуэгу тетурэ, я гъуэмылэ хьэзырыр къа1эщ1эухэри, пщэф1эн хуей хъуащ. Мэз лъапэм деж щет1ысэхати, лэжьэреим жи1ащ:

  1. Сэ мэзым сыхыхьэнщи, пхъэ къыщ1эсхынщ, уэ апщ1ондэху маф1э зэщ1эгъэст.

Пхъэ къыщ1ихри, мэзым къыхэк1ыжащ лэжьэрейр. И гущ1ы1у дэгъэзеяуэ щхьэхынэр щылъщ.

        - Маф1э щхьэ умыщ1арэ?

        - Сы1эшмэкъугущи, маф1э схуэщ1ыркъым, 1угъуэми си нэр щ1есык1, - жи1ащ щхьэхынэм.

        - Хъунщ, сэ сщ1ынщ маф1э, - жи1ащ лэжьэрейм. - Уэ псынащхьэм к1уэи, 1усыпс къэхь.

        Щхьэхынэр къызэф1эт1ысхьащ:

        - Сешащи, си лъэр щ1оху: псыхьэ сумыгъак1уэ.
Псынащхьэм к1уэри, лэжьэрейм псы къихьащ.

  1. Сэ мырамысэ сщ1ыху, уэ лыр гъажьэ, - жри1ащ лэжьэрейм щхьэхынэм.
  2. Лыр езгъэсынк1э сошынэ, схуэгъэжьэнукъым, - жи1эри зигъэук1уриижащ щхьэхынэм.

Абык1и щыхэмызагъэм, лэжьэрейм мырамысэри ищ1ащ, лыри игъажьэри, тхьэрыкъуэф 1энэм къытрилъхьащ.

  1. Къэт1ыси, шхэ. Ар пхузэф1эк1ынкъэ? - еджащ лэжьэрей щхьэхынэм.

Зрилъэфыхь зищ1ри, щхьэхынэр мырамысэмрэ лы гъэжьамрэ ет1ысыл1ащ:

    - Зы 1уэхутхьэбзи пхуэсщ1ыфакъым нобэ лъандэм, уи зы лъэ1у нэхъ мыхъуми пхуэзмыщ1эмэ, жылэм ягу къызэбгъэнщ. Уи хъэтыр слъагьунщи, сыбдэшхэнщ, - жи1ащ щхьэхынэм.

Егъэджак1уэм: Упсэу! Къыхагъуэтэфыну п1эрэ ди артистхэм уи хъыбарым антонимхэр? (Еджак1уэхэм жэуап къат)

  1. Хъыбарым щыщ зы псалъэуха къистхащи, и пкъыгъуэк1э зэпкърыфхыт.

  ант.                        ант.

Зы щхьэхынэрэ зы лэжьэрейрэ зэдежьащ.

Егъэджак1уэм: Лэжьыгъэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэжь фигу къигъэк1ыжа хъыбарым? (Еджак1эхэм жэуап къат)

«Улажьэмэ, лыжь  пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ»

  1. Мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэхэр жыф1эт. (Улажьэмэ – умылажьэмэ)

Егъэджак1уэм: Антонимхэр куэду къыщыхьащ псалъэжьхэм. Ф1ым дыхуэзущий псалъэ 1ущ куэд къытхуигъэнащ пасэрейм. Феда1уэт нарт щауэхэр Уэрсэр нанэм пщащэ тхьэ1ухудхэр зэриущийм.

Уэрсэр нанэм: Фыкъызбгъэдыхьэт мыдэ, си тхьэ1ухудхэ! Сэ гъащ1эшхуэ къэзгъэщ1ащ, пасэрейм жи1а 1ущыгъэхэм щыщ вжес1энщ. Ат1э, зэрыжа1эщи, жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щ1э зэрымысым насып илъкъым.

Хьэцацэ: Уи псалъэ ф1ык1э у1ыгъ нанэ, сэри насыпым теухуауэ зы псалъэжь сощ1э.

Уэрсэр нанэм: Жы1эт, дахэ!

Хьэцацэ: «Нэмысым насып къыдок1уэ»

Уэрсэр нанэм: Пэж дыдэщ. Адэк1э фыкъызэда1уэт. «Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщ1эм гъуэгу ет», - жи1ащ пасэрейм. Чэнджащэ щыуэркъым. Сэ фызыжьым вжес1эхэри щхьэпэ фхуэхъунщ.

Сэтэней: «Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щ1эращ1эщ».

Щхьэф1ыц1э: «Дахэ и щ1агъ фо щ1элъщ».

Дахэнанъуэ: « Пщэдеирей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу.»

1эдииху: «1ей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъ».

Мэлэчыпхъу: «Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ»

Уэрсэр нанэм: Фыпсэу, псалъэ 1ущ куэд фощ1э. Я нэхъыжь и унафэ я хъыджэбз екъутэ жевмыгъэ1э! Дунейм дахэу фытет.

  1. Унэ лэжьыгъэр етын

Унэ лэжьыгъэр тыгъэ къыфхуещ1 Театр-дадэм. «Тыгъэ» щ1ыжыс1эри къывгурызгъэ1уэнщ. Псалъэжьхэр зэрыт тхылъымп1э щхъуэк1эплъык1эхэр фхуигъэхьэзыращи, зефхьэнщ.

Урок къык1элъык1уэм къыздэфхь, антонимхэр щ1эфтхъауэ, фи щапхъэуи зы-т1ущ пыфтхэ.

        Псалъэм мыхьэнэ куэд и1эу къызэрык1уэр, омонимхэм, синонимхэм, антонимхэм бзэр къулей зэращ1ыр зыщывмыгъэгъупщэ!

  1. Урокым ялэжьар къызэщ1экъуэжын

Егъэджак1уэм: Артист ныбжьыщ1эхэр нобэ утыку зэритар Театр-дадэм игу ирихьауэ си гугъэщ. Абыхэм я зэф1эк1ым щыщу зыщ  къамыгъэлъагъуари, ар ди урокым и к1эух тщ1ынщ, нобэ длэжьамрэ ф1ыуэ къэтщ1амрэ уэрэд ц1ык1ук1э къызэщ1эткъуэжынщ.

Ди урокыр ик1эм нэсащ,

Къыджа1ахэри къыдгуры1уащ.

Ф1ымрэ 1еймрэ зэхэдгъэк1ынщ,

Ар антонимхэм къыдагъэщ1ащ.

Къофэ дахэу мес 1эдииху,

Хет1э дахэу месыр Щэуей,

Къэмыфэфи дэ къытхэмыт,

Зы гупышхуэу фызэрубыд!

Дджынщ дэ ф1ыуэ ди бзэ къулейр,

Плъагъунщ ф1ыуэ ди Къэбэрдейр.

Щхьэхи еши къытхэмык1ын,

Унэ лэжьыгъэри ф1ыуэ длэжьын.

  1. Урокым и к1эух

        

17 – нэ курыт еджапIэ

« Си бзэ- си псэ, си дуней!»

къалэ зэпеуэ

        


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Особенности антонимии и синонимии у дошкольников с общим недоразвитием речи

Одним из направлений в работе по формированию лексики у детей с ОНР является развитие антонимии и синонимии.Выполнение заданий на подбор антонимов и синонимов требует достаточного объема словаря...

Разработка открытого урока русского языка по теме "Антонимы"

Урок проведен в 11 классе специальной ( коррекционной) школы-интерната. На уроке использовалась интерактивная доска....

Урок по теме Антонимы 5 класс

Урок по теме "Антонимы" 5 класс...

Антонимы

Презентация урока очень красочная...

Русский язык в 5 классе Урок Тема: « Лексика. Синонимы. Антонимы.».

Урок по русскому языку в 5 классе на тему:   "Лексика. Синонимы. Антонимы."...

Методическая разработка логопедического занятия в 3-ем классе "Использование антонимов в работе с пословицами и поговорками"

Конспект логопедического занятия по коррекции дисграфии, обусловленной  нарушением языкового анализа и синтеза для учащихся  3 класса (СКОУ VII вида)....

Антонимы. Словарь Антонимов

Задачи:Повторяя знания об антонимах, учащиеся закрепят умения и навыки находить их в тексте, использовать в речи;Работая с учебником, учащиеся углубят свои знания об антонимах, их роли в тексте;Анализ...