конспект урока
методическая разработка (5 класс)

урок: существительное

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл 5_kl_shchy1ets1er_kyzeshch1ekuezhyn.docx36.63 КБ

Предварительный просмотр:

Слайд 2 Темэ: Щы1эц1эр (къызэщ1эзыкъуэж урок)

. Мурадхэр: еджак1уэхэм щы1эц1эм теухауэ я1э къащ1ар егъэбыдыл1эжын,

-Щы1эц1э унейхэмрэ зэдайхэмрэ ;

-щы1эц1эм и закъуэ бжыгъэмрэ куэд бжыгъэмрэ;

-адыгэбзэм и падежхэр, падеж к1эуххэр;

-щы1эц1эм и склоненэ щ1ык1ит1ыр. Белджылы, мыбелджылы щ1ык1ит1ыр.

- сабийхэр зэдэщ1ыгъуу, зэдэ1эпыкъуу, я пащхьэм егъэджак1уэм къригъэува къалэнхэр зэдагъэзащ1эу, ахэр гъэзэщ1энымк1э лэжьыгъэхэр зэтрагуэшэф1, лъыхъуэфу, къагъуэтар зэрагъэу1уфу, нэхъыщхьэр къыхагъэбелджылык1ыфрэ жэуап тэмэм ятыфу егъэсэн.

- я бзэм, тхыбзэм, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын.

Слайд 3

Урокым къыщагъэсэбыпхъэщ: Адыгэбзэ тхылъыр. «Адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ зэлъытын» таблицэр, нэрылъагъу диктантыр, компьютер, интерактивнэ доскар.

Урокыр зэрек1уэк1ынур

Слайд 4

Егъэджак1уэ

Нобэрей урокыр сыхуейт Гъубж Мухьэдин и усэ едзыгъуэмк1э къыщ1эздзэну

Зи бзэр 1эф1ым уэ дэплъей,

Псалъэ дыджхэм защыдзей,

Нэмыплъ ц1ыхум уэ иумыт,

Ц1ыххэм ц1ыхуу яхущыт

___ Иджы сурэтк1э сывгъэлъагъут урокым щ1эвдзэну гукъыдэж фи1эрэ фимы1эрэ.

(смайликхэр ягъэлъагъуэ)

Слайд 5

  • Словарнэ диктант.
  • Псалъэхэм федаIуэурэ фтхы.
  • Къэфпщытэж фтхар

Слайд 6

  • калина---------зэрыджей
  • кизил-----------зей
  • облепиха-------къазмакъей
  • береза----------пхъэхуей
  • дуб------------жыгей
  • сосна----------уэздыгъей
  • клен------------кIей

ель--------------псей

Слайд 7

Еджак1эхэм

Псалъэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыхын

ЖыгышхуэмкIэ, лъэмыжымкIэ,

махуэшхуэм, жэмхэр

Слайд 8

Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

  • Псынщ1эрыпсалъэ ягъэхьэзырахэр къэпщытэжын.
  • Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр дапщэ хъурэ?(къебжэк1ын)
  • Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр хэт кърибжэк1ын?
  • Зи щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр хэт кърибжэк1ын?

Слайд 9

  • Предмет къагъэлъагъуэ:

а) плъыфэц1эм; б) щы1эц1эм; в) глаголым 2) Хэт? сыт? упщ1эр жэуап хуохъу:

а) глаголым б) плъыфэц1эм; в) щы1эц1эм

-къэфщ1ауэ п1эрэ нобэ урокым и темэр?

(Щы1эц1э къызэщ1эт1къуэжыну)

Слайд 10

- Псалъэзэблэдзым делэжьынщ

1) Ц1ык1ухэр мэзым мак1уэ.

-- Мы псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкърыдвгъэхыт?

-- Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэр къэдвгъэгъуэтыт?

(обстоятельствэ)

---Мы псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэр, лэжьыгъэ зыгъэзащ1эр къэдвгъэгъуэтыт? (сказуемэ)

--- псалъэухар и пкъыгъуэк1э зэпкъырыдохри мы япэ итищым идэтхэж.

---псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэщ (дополненэ)

-- Псыхуабэ,Къалэк1ыхь мыхэр щы1эц1э (уней)

--Именительнэ, Эргативнэ, (падеж)

-- Пунктуацэм едж: (нагъыщэхэр)

--Зэнтхъ, щ1акхъуэ, хьэк1экхъуэк1э- мыхэр щы1эц1э (зэдай)

1 о

б

9с

т

о

я

т

е

л

ь

с

т

в

э

2с

к

а

з

у

е

м

э

3п

о

д

л

е

ж

а

щ

э

4д

о

п

о

л

н

е

н

э

5у

н

е

й

6п

а

д

е

ж

7н

а

гъ

ы

щ

э

х

э

р

8з

э

д

а

й

- Щы1эц1эк1э зэджэр?

-ЩыIэцIэкIэ йоджэ, предмет къэзыгъэлъагъуэ псалъэм. Ар жэуап хуохъу Хэт? Сыт? упщIэхэм.

-ЩыIэцIэхэм грамматическэ мыхьэнэуэ яIэщ мыхэр: падежкIэ зэхъуэкIа мэхъу, закъуи куэд бжыгъи яIэщ, тIууэ зэщхьэщокI – цIэ унейрэ, цIэ зэдайрэ. -Псалъэухам пкъыгъуэ нахъыщхьэуи пкъыгъуэ етIуанэуи хоувэ. Урысыбзэм къыщхьэщыкIыу, адыгэбзэм и псалъэхэр зэщхьэщокI (щыIэцIэр) цIыху класс къэзыгъэлъагъуэрэ цIыхум емыхьэлIа псалъэ къазыгъэлъэгъуэхэу – мыцIыху класс. УпщIэ ХЭТ? – жыхуиIэр (зэхьэлIар) цIыхурщ. Адрей псалъэхэм цIыхур къыхэгъэкIауэ псэ зыIут псори хэту, предмет къэзыгъэлъагъуэм яхуэувыр СЫТ? упщIэрщ. Щапхъэхэр: ХЭТ? Анзор, ФатIимэ, летчик, журналист, сэ, дэ, анэ, нанэ, дадэ.

- Адыгэбзэм щыIэцIэр дапщэу зэщхьэщыкIрэ?

Урысыбзэм ещхьу, адыгэбзэми щыIэцIэр тIууэ зэщхьэщокI: цIэ унейрэ цIэ зэдайрэ.

- ЩыIэцIэ унейкIэ зэджэр?

Предмет щхьэхуэхэм и фIэщыгъэцIэм щыIэцIэ унейкIэ йоджэ. ЩыIэцIэ унейхэр хьэрфышхуэкIэ ятх. ЩыIэцIэ унейхэм щыщхэщ: унэцIэ, адэцIэ, географие фIэщыгъэцIэхэр, тхылъхэм, журналхэм я цIэхэр н.къ. П.п. ЩоджэнцIыкIу Алий, Бахъсэныжь, Iуащхьэмахуэ, н.къ.

- ЩыIэцIэ зэдайкIэ зэджэр?

Зэхуэдэ предмет зыбжанэ я фIэщыгъэцIэхэм щыIэцIэ зэдайкIэ йоджэ. П.п. жыг, класс, Iэщ, мастэ, кIэртIоф.

- Адыгэбзэм падеж формэ дапщэ и1эр?

Адыгэбзэм падеж формиплI иIэщ. Мис ахэр:

Именительнэ – хэт? сыт? сытыр? щIалэ(р), унэ(р)

Эргативнэ - хэт? сыт? сытым? щIалэм, унэм

Послеложнэ – хэткIэ? сыткIэ? сытымкIэ? щIалэхэмкIэ, унэмкIэ

Обстоятельственнэ – хэту? сыту? сытрау? щIалэу, унэу

-Псалъэхэр падежкIэ зэхъуэкIа щыхъум деж (щыIэцIэр) белджылы е мыбылджылы склоненэм тетынкIэ хъунущ (закъуэ, куэд бжыгъэм итынущ, белджылы склоненэм деж).

Псалъэм папщIэ.

Белджылы склоненэ Падежхэр

Закъуэ бжыгъэ Куэд бжыгъэ

И.п. уадэ-р уадэ-хэ-р

Эрг.п. уадэ-м уадэ-хэ-м

Посл.п. уадэ-м-кIэ уадэ-хэ-м-кIэ

Обст.п. уадэ-ра-уэ уадэ-хэ-ра-уэ

Мыбелджылы склоненэ

И.п.- уадэ

Эрг.п. - уадэ

Посл.п.- уадэ-кIэ

Обст.п. - уадэ-у

Слайд 11

Падежхэр гъуащэри яхуэув упщIэхэр зэхагъэзэрыхьащи, зэрывгъэгъуэтыж:

  • Послеложнэ падеж Хэт? Сыт? Сытыр?
  • Эргативнэ падеж Хэту? Сыту? Сытырауэ?
  • Именительнэ падеж ХэткIэ? СыткIэ? СытымкIэ?
  • Обстоятельственнэ падеж Хэт? Сыт? Сытым?
  • Сыт хуэдэ урокхэм щызэхэтха падеж псалъэр?

Слайд 12

-письмо «Лъэ1у».

Дэ нобэ пощтзехьэм хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я лъэ1у иту тхылъ къыт1эригъэхьащ. Мис ар (къоджэ письмом):

Си ныбжьэгъу ц1ык1у! Сэлам гуапэ узох!

Сэ хуабжъу сохъуапсэ ди адэжьхэр щыпсэуа Хэку дахэм къыщыхъу щ1эблэщ1эр сц1ыхуну, абыхэм я псэук1эхэр къэсщ1эну.

Сыволъэ1у фи унагъуэц1эр, ц1эр, фыщыпсэу адресыр иту мы си тхыгъэм жэуап къефтыну. Хуабжъу сыпоплъэ фи жэуапым.

- Хэт хъэт дахэк1э жэуапыр итхми деплъынщ. Дахэу щхьэж и унагъуэц1эр, ц1эр, щыпсэу щ1ып1эр.

Егъэджак1уэм зырызурэ ярита напэ иратхэ:

Ущыпсэу къэралыр .________________________

Къалэр, къуажэр .________________________

Уэрамыр, унэм и № .________________________

Унагъуэц1эр .________________________

Ц1эр: .________________________

II. ц1ык1ухэ мы ттхахэр щы1эц1э уней хьэмрэ зэдай.

  1. Письмом ита лъэ1ум и жэуапу ятхахэм къоджэхэр, щыуагъэхэр къыхагъэк1ыж, нэхъ дахэ дыдэу тхар къыжа1э.

Тестхэр:

1. Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэкъым:

а) дополненэр

б) сказуемэр

в) подлежащэр

2. Щы1эц1э защ1эу къэк1уа сатырэр къыхэгъэщ:

а) дуней, ар, къафэ, псы, ф1ыуэ

б) пщащэ, уэрэд, псысэ, макъамэ, хэку

в) йоджэ, мажьэ, хабзэ, усэ, дахэ

3. Псалъэухам и пкъыгъуэхэр я бжыгъэк1э мэхъу:

а) 3

б) 4

в) 5

4. Пунктуацэм едж:

а-) псалъэ зэпхар

б) нагъыщэхэр

в) падежхэр

5. Адыгэбзэм и падежхэм хыхьэркъым:

а) именительнэ

б) родительнэ

в) эргативнэ

Слайд 13

Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ

  • Иджы цIыкIухэр дыкъотэдж,
  • Хуэму ди Iэхэр доIэт,
  • Мис IэштIымыр псоми дощI,
  • Iэгум Iэпэр щыдокъуз,
  • Ар хуит занщIэу къыдощIыж.
  • Iэхэр захуэу идохьэх,
  • ЛъэныкъуитIымкIи доплъэкI.
  • Лъапэ цIыкIукIэ дэ доув,
  • Дыгъэм дэ зыхудоший.
  • Захуэу псори доувыж,

Лэжьэн адкIэ щIыдодзэж.

Слайд 14 Ребусхэр (плаъэр хэту псалъэуха зэхэлъхьэн)

Слайд 15 Псалъэухар зыхуэдэр гъэбелджылын

Слайд 16

ДИ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр дахэщ, къулейщ. (А,э)бы къу(ы)..ршхэмрэ мэзхэмрэ щыкуэдщ. (Е,йэ)вропэ псом щынэхъ лъагэщ ………………. …. . Ди мэзхэм щIэсщ псэу(ы)..щхьэ зэмылIэужьыгъуэ куэд: бажэ, дыгъужь, тхьэкIумэкIыхь, кIэпхъ, нэгъуэщIхэри. Зэрыджэ, мы, кхъужь, къущхьэмышх - ахэр псори ди мэзхэм щогъуэт. Къэбэрдей-Балъкъэрым щожэх Балъкъ, Бахъсэн, Шэджэм, Шэрэдж, Аруан, Тэрч, нэгъуэщI псыхэри.

Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэщ ……… . Инщ, дахэщ Налшык паркыр. Абы жыг зэмылIэужьыгъуэ куэд итщ.

Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху лъэпкъ куэд щопсэу.

Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ахэр щхьэхуитхэщ, зэхуэдэхэщ икIи ди щIыналъэр (е,йэ)..фIэкIуэным хуолажьэ.

Сэ Налшык, Iуащхьэмахуэ и дахагъэм сропагэ. Ди хьэщIэхэр Iуащхьэмахуэ докI.

Слайд 17 Псалъэжьхэр урысыбзэк1э зэдзэк1ын.

  • Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып-

Почет старца, счастье молодца.

  • Бзэгур гум и тэрмэшщ-

Язык- переводчик сердца.

  • Дыщэм хэс нэхърэ лIыжь зыбгъэдэс-

Лучше в доме иметь старика , чем в золоте купаться.

  • Акъылыр нэмыс, былымыр насыпщи-

Ум-честь,богатство- счастье.

Урокыр къызэщ1эзыкъуэж лэжьыгъэ (рефлексия)

  1. Сыт нобэ урокым дызэлэжьахэр?
  2. Сыт хуэдэ гуры1уэгъуэхэр дихьэщ1а нобэ?
  3. Сыт хуэдэ лэжьыгъэхэм нэхъ фыдихьэха?
  4. Дэнэ къыщывгъэсэбэпыну нобэ къэфщ1ахэр?
  5. Хэт сыт нобэ лъэк1ар?

___ Иджы сурэтк1э сывгъэлъагъут урокым фызэрыщ1эк1ыж гукъыдэжыр.

___Абы зыгуэрк1э зихъуэжа урокыр ек1уэк1ыху?

___ Сыт ар къызыхэк1ар? (смайликхэр ягъэлъагъуэ)

Слайд 19

  • Унэ лэжьыгъэ:
  • Письмом жэуап етыжын.

Къалэжьа пхъэщхьэмыщхьэхэр жыгым ф1алъхьэж.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

План - конспект урока в форме презентации в программе Power Point на немецком языке по теме " Немецкая пресса для подростков" и конспект урока в программе Word к УМК И.Л.Бим., Л.В.Садомовой " Шаги 5" для 9 класса.

Презентация конспекта урока на немецком языке  в программе Power Point по теме "Немецкая пресса для подростков" и конспект в программе  Word показывают некоторые приёмы работы по теме "СМИ" ...

ПЛАН-КОНСПЕКТ УРОКА План-конспект урока в 11 классе «Фотоэффект. Применение фотоэффекта.»

Урок с использованием  ЭОР. В изучении нового материала используется информационный модуль  "Фотоэффект" для базового уровня старшей школы.  В практический модуль входи...

План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча» План – конспект урока по физической культуре в 7 классе Тема: «Баскетбол. Ловля, передача и ведение мяча»

Цель урока: Развитие новых умений и навыков при игре в баскетбол, воспитание  дисциплинированности.Задачи урока: 1. Совершенствование  техники выполнения  передачи  мяча ...